ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Налшык и Мей хьэблэр

2022-06-04

  • КъБР-м и Iэтащхьэр лэжьыгъэ IуэхукIэ Москва щыIущIащ ДОМ.РФ-м и унафэщI Мутко Виталий.

  • ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм псэупIэ ухуэныгъэхэр зэрыщекIуэкIым, федеральнэ щIыхэр къызэрагъэсэбэпым, аукционхэр къызэрызэрагъэпэщым, социальнэ объектхэр щаухуэну щIы Iыхьэхэр пщIэншэу зэрыратым, ПсэупIэ-ухуэныгъэ кооперативым и проектхэр зэрагъэзащIэм.
  • Щхьэхуэу и гугъу ящIащ республикэр ДОМ.РФ-м и гъусэу япэу зи ужь ихьа проект иным – «Мей» фIэщыгъэр зиIэ иджырей хьэблэ цIыкIу Налшык щыухуэным. НэхъапэкIэ зэрызэгурыIуахэм тету лэжьыгъэхэр Iыхьэ-Iыхьэу зэпыудауэ зэуэ унэтIыныгъэ зыбжанэкIэ ирагъэкIуэкI. Ухуэныгъэм хухаха щIыналъэм щрагъэкIуэкIыну лэжьыгъэхэм теухуа япэ аукционыр мэкъуауэгъуэм и кIэм ирихьэлIэу къызэрагъэпэщыну траухуащ.
  • — Мей районым хуэдэ проект япэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэу аращ. Проектыр ДОМ.РФ-мрэ щIыналъэ властымрэ зэгъусэу ягъэзэщIэнущ. ЩIыпIэ къыхахам ухуэныгъэхэр зэрыщекIуэкIынур УФ-м ухуэныгъэмкIэ и министерствэмрэ ДОМ.РФ-мрэ зэгъусэу зэхалъхьа, ЩIыналъэхэм комплекснэу зегъэужьынымкIэ щыIэ мардэхэм тету яубзыхуащ. Проектыр щагъэзащIэкIэ къагъэсэбэп ДОМ.РФ-м и Iэмал зэхуэмыдэхэр, ухуэныгъэр нэхъ псынщIэу щIэдзэным, инвесторхэм я мылъкуу трагъэкIуадэр гъэмэщIэным, щIыналъэм зегъэужьыным икIи къэгъэщIэрэщIэжыным теухуа лэжьыгъэхэр щIэгъэхуэбжьэным хуэунэтIауэ, — къыхигъэщащ Мутко Виталий.
  • Иджырей убзыхуныгъэхэм къызэрыщагъэлъагъуэмкIэ, зы унэм и щIыхьэпIэхэм яIэ къат бжыгъэхэр зэхуэдизкъым, ухуэныгъэхэм я пщIантIэхэм машинэхэр щыплъагъунукъым, къищынэмыщIауэ, социальнэ объектхэр дащIыхьынущ. Гектар 15,5-рэ хъу щIыналъэм метр зэбгъузэнатIэу мин 84-рэ хъу псэупIэхэр щаухуэнущ. МикрорайоныщIэм поликлиникэ, егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэр, апхуэдэуи узыншагъэр щрагъэфIэкIуэж физкультурэ комплекс дащIыхьыну я мурадщ.
  • КъБР-м и Iэтащхьэм Мутко Виталийрэ «ДОМ.РФ-м и лэжьакIуэ гупымрэ фIыщIэ яхуищIащ щIыналъэм къыщыхалъхьэ жэрдэмхэр сыт и лъэныкъуэкIи къызэрыдаIыгъым икIи ахэр гъэзэщIа хъунымкIэ зэгурыIуэу зэрызэдэлажьэм папщIэ.
  • — ДОМ.РФ-м нэхъапэкIи пыщIэныгъэ худиIащ, абы кърикIуахэми арэзы дыкъищIащ. Нобэрей зэIущIэм дыщытепсэлъыхьащ Налшык и инфраструктурэ проектхэм хэтлъхьэн мылъку иджыри дызэрыхуейм, абы и лъэныкъуэкIэ Iуэхугъуэ зыбжанэкIи зэгурыIуэныгъэхэр зэтщIылIащ. Ахэри псэупIэ ухуэныгъэхэм пытщэным дытезыгъэгушхуэ хэкIыпIэфIщ, — жиIащ КIуэкIуэ Казбек зэIущIэм кърикIуам ипкъ иткIэ.