Сабийхэм я нэкIэ
2022-06-04
- СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ музейм бэрэжьейм къыщызэIуахащ «Дунейр сабийхэм я нэкIэ» фIэщыгъэм щIэт гъэлъэгъуэныгъэ-зэпеуэ. КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ, сурэтыщI цIэрыIуэ Ткаченкэ Андрей и цIэкIэ зэхашэ а Iуэху дахэр илъэс пщыкIуплI хъуауэ ди щIыналъэм щрагъэкIуэкI.
- КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин зэIущIэр къыщызэIуихым, ар къызэзыгъэпэщахэм, адэ-анэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ фIыщIэ псалъэкIэ захуигъэзащ.
- — Сурэт щIыным дихьэхыу, ар къайхъулIэу сабий нэхъыбэ диIэхукIэ нэхъыфIщ, дэ зэрытхузэфIэкIкIэ абыхэм защIэдгъэкъуэну дыхьэзырщ,- жиIащ Къумахуэм.
- КъБР-м и Парламентым щэнхабзэмкIэ и комитетым и унафэщI Къумал Заурбэч сурэтыщI ныбжьыщIэхэм ехъуэхъури, сабийхэм я зыгъэпсэхугъуэ пIалъэм мыпхуэдэ Iуэху дахэкIэ зэрыпежьар зэригуапэр къыхигъэщащ.
- — Сэ Ткаченкэ Андрей гъунэгъуу сцIыхуакъым, ауэ абы и къуэ Александр си ныбжьэгъу пэжщи, срогушхуэ, — жиIащ Налшык къалэ администрацэм и унафэщI Ахъуэхъу Таймураз.
- КъБР-м и Iэтащхьэм и чэнджэщэгъу Уянаевэ Iэминат гъэлъэгъуэныгъэм утыку къыщрахьа сурэтхэр къызэрымыкIуэу игу зэрырихьар ибзыщIакъым.
- — Балигъхэм сабийхэр тхъумэу къытщыхъуж щхьэкIэ, езы сабийхэращ дунейр зэтезыIыгъэри дыкъэзыхъумэри. А гупсысэм сэ сыхуашащ мы сурэтхэм,- жиIащ Уянаевэм.
- Зэпеуэм щытекIуахэр пшыхьым щагъэлъэпIащ.
- Къумахуэ Мухьэдин къызэхуэсахэм яригъэцIыхуащ уэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэ Куэцэ Идар. Абы накъыгъэм и 9-м, ди къэралым и уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэм я гъусэу, Ут плъыжьым деж уэрэд щыжиIат. КъБР-м и Iэтащхьэм къыбгъэдэкI фIыщIэ тхылъыр министрым щIалэщIэм иритыжащ.
- Ткаченкэ Андрей ипхъу Маринэ, мы гъэлъэгъуэныгъэм хэтын щхьэкIэ, щIыпIэ жыжьэ къикIыжри къэкIуэжат.
- — Ди унагъуэм дежкIэ хуабжьу гуапэщ ди адэм апхуэдэ пщIэ зэрыхуащIыр, зэралъытэр. Ар зыщIэжхэм я фIыгъэ хэлъщ и цIэр зэрыжаIэрейм, ар цIыхухэм зэращымыгъупщэм, — жиIащ Маринэ. Апхуэдэуи абы къыхигъэщащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министру илъэс куэдкIэ лэжьа Фырэ Руслан. Арат зэпеуэ-гъэлъэгъуэныгъэм и зэхэублакIуэу щытар.
- Гъэлъэгъуэныгъэм щыплъагъур гукъыдэжыр къэзыIэт, фIым ущызыгъэгугъ, плъыфэкIэ бей сурэтхэт. Сыт хуэдэ сабийхэм ялъагъур, жыпIэмэ, телъыджэщ, гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэкIэ, дыхьэшх макърэ гущIэгъукIэ, гупсысэщIэрэ къабзагъэкIэ гъэнщIа дунейщ. Я псэ къабзагъыр мыкIуэщIу, нэшхуэгушхуэу а цIыкIухэм я зэфIэкI адэкIи хагъэхъуэну ди гуапэщ.
- Щомахуэ Залинэ.
- Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.