Cэ мы дунейм сыкъыIэпоху зы налъэу
2022-06-04
- Гугъуэт Заремэ
- Гущэкъу
- Зэгуэр, гъатхэкуу, тхурабзат
- гущэкъу,
- Дыкъытемыхьэ щIыкIэ мы дунейм.
- Пщэдджыжьу дыгъэр къиплъэри
- ди нэIу,
- Ди Iэгум трипхъат лэдэх щыкъуей…
- Сэ гъатхэ къэс си Iэгур соIуэтыж,
- Пщэдджыжь къэсыхуи дыгъэ
- тызогъапсэ.
- Уи Iэгу лэдэххэм ещхь сымыгъуэтыж,
- ГущапIэм къыхэсхауэ, лэдэх кIапсэ…
- Аргуэру гъатхэщ. Гъатхэ укIытэхщ.
- НысащIэ джанэщ щIылъэм
- зыщитIагъэр.
- Нэхущым гъатхэ дыгъэм сыIуплъэху,
- Уи псалъэ жылэ си гум
- къыщогъагъэ.
- 5.05.2020
- * * *
- Къуажэр хьэ банэ макъым
- Iуэщхъуурэ щIожеикI.
- Мы си гупсысэ къакIуэр
- Жэщым къыхокIиикI.
- Мы си гупсысэ къакIуэм
- Уи цIэр изоудэкI.
- Жэщым сIэта и кIапэм
- ГъащIэ къеублэрэкI.
- ПщIыхьым къыхэхуа псалъэр
- Жэщым и куэщIым илъщ.
- Уафэм къыщыщIэзгъалъэ
- Вагъуэхэр щIыIэмылщ.
- Жэщым и щIыфэ щIыхум
- КъыщытрищIэм нэху,
- Си гум ущыIурехри,
- Уи нэм сыщIэмыплъэф.
- 7.05.2020
- Адыгэшым и нэр
- Адыгэшым и нэм сыщIэтынт,
- Си псэр бгыжьхэм куэдрэ
- щыпIейтейуэ.
- И нэ вагъуэм IэфIу сыщыжейуэ,
- Адыгэшым и нэм сыщIэтынт.
- Сыдилъынти, псым адрыщI сикIынт,
- ТкIуэпсхэр жьы къэплъам
- щызэбгрыспхъыу,
- Мы си нэкIум зэлъа защIэ теспхъэу,
- ГъадэщIыдэм гъуэгу щызэпысчынт.
- Адыгэшым и нэм сыщIэтынт,
- Шы лъэ макъ хьэуам
- щызущыкъуейуэ.
- Уафэр зэрыщIэншэм срибейуэ,
- Адыгэшым и нэм сыщIэтынт.
- Адыгэшым и нэм сыщIэтынт,
- СызэIубыр псынэпс щIыIэмылу.
- ГъащIэр сухыхункIэ си гум уилъу,
- Адыгэшым и нэм сыщIэтынт.
- 14.01.2022
- * * *
- Уи бгъафэм, лъахэ, сыщIэгъапщкIуэ,
- КъыщысхуэщIыIэкIэ дунейр.
- Си жэщыр щIэщхъукIэ
- къомыгъаскIэ,
- Аращ, си лъахэ, сызыхуейр…
- Къысщхьэщыувэ къуршу, бгыжьу,
- Псыкъелъэу къыстещащэ зэм.
- Уи тафэр си гум щыубгъужи,
- КъыхэзгъэщIыкI сурэтхэр пшэм.
- Илъэсхэм Iуащхьэу заупэпцIыр,
- Си лъахэ, узошалIэ псэр,
- Си щхьэцыр тхъуарэ, сэ сылъапцIэу,
- КъезбжэкIыу уи лъэс
- лъагъуэу сщIэр.
- Уи щIыфэр мэзмэ, сыныхохьэ,
- Уи псыжьхэр нэпсмэ, срахьэх.
- Уи бгыжьхэм я щхьэщыгуи сохьэ,
- Сыкъемыхыжу, сыкъохуэх.
- ИтIани, жьыбгъэкIэ сыпхъуати,
- Лажьэншэу, лъэгум сынехьэх.
- УзгъэфIэжыну сыкъэплъхуати…
- Уэ сыбогъафIэ, сыджэлэху.
- Уи бгъафэм, лъахэ, сыщIэгъапщкIуэ,
- Уэ къыздэпхъумэурэ си щэху.
- Уэ къыппощэщыр вагъуэр хъуаскIэу,
- ПщIыхь гъуэгукIэ уафэм сынихьэху.
- 16.05.2020
- * * *
- Илъэсхэм сащхьэдохуэх,
- Сыщхьэдохуэх гупсысэм.
- Шыхулъагъуэм зыкърешэх,
- ЩIылъэ зэшам къеIусэу.
- Мы си гур мэхъу щIыIэрыс,
- Хиубыдауэ жьыбгъэм.
- Зэманым и Iуфэм Iусщ,
- ДэкIуэсыкIауэ си бгъэм.
- Илъэсхэм сащхьэдохуэх,
- КъыпызбжыкIыху уи лъагъуэр.
- Шыхулъагъуэм зыIэпегъэху
- Уэгум имыхуэж вагъуэр.
- 27.05.2020
- * * *
- Псалъэр куэдыщэт… куэдыщэт…
- Сигу къиуIэн хуэдизт.
- Сэ сыгъэпщкIуат, сымыщIэт,
- Пхуэдэхэр уафэм изт.
- Псалъэр куэдыщэт… куэдыщэт,
- Псалъэхэм я кур нэщIт.
- Си гур упщIыIурт, сыпIыщIэрт,
- Щымыр нэгъуэщIт… нэгъуэщIт.
- Уэ угъунэгъут… ужыжьэт,
- Сэ си лъэбакъуэм хэщIт.
- Си гур губжьыжт иныжьу,
- Си гум умыхъут и фIэщ.
- Си гур си Iэгу изгъапщкIуэрт,
- (Ари гъэпщкIупIэ хъунт?!)
- Си цIэрти, телът уи напщIэм,
- Хъуапсэурэ къехуэхын.
- Псалъэр куэдыщэт… куэдыщэт,
- Сигу къиуIэн хуэдизт.
- Псалъэм къарыкI сымыщIэу,
- Си гур уи деж щыузт.
- 22.02.2021
- * * *
- Сигу щIыIэм ущохуабэ,
- Уигу хуабэм сыщодий.
- УщыщIэзгъапщкIуэм напIэм,
- Нэхущым зеукъуэдий.
- Згъэзэжурэ жыг хадэм,
- Уэшх щабэм сыщIодэIу.
- Сигу щIыIэм жиIэр пщIатэм,
- Ухишэу и тхьэлъэIу!
- Уэшх щабэр гукъэкIыжым
- ЛъоIусри, мэщащэ.
- Сигу щIыIэм къыщочэжри,
- Гукъанэр мэхъу тIууащIэ.
- Сигу щIыIэм и къеуэкIэм
- Жэщ щIыхур ещI жеиншэ.
- Уигу хуабэм и щIыIэкIэм
- Дунейр щIохъукI зеиншэ.
- 13.05.2022
- * * *
- Псалъэу щыIэр щIэкIуэдэжт
- уи нитIым,
- Макъыу щыIэр зэщIэувыIыкIт.
- Щыбэуэжт дунейр уи нитIым хуиту,
- Щыкъэбзэжти, уэщIым зэпрыкIт.
- СыIурихырт, уи нэ кугъуэм ситу,
- СыIурихти, мы дунейм зихъуэжт.
- КъызэупщIыжынутэкъым нитIыр,
- Сэ си пэжыр щIылъэми щыпэжт.
- Си илъэсхэм сызэпрыкIыжти,
- Уи нэхэм мы си гур щIэспIыкIыжт.
- Уэ гъуэгуанэ жыжьэр
- уигу къэкIыжти,
- НапIэм сыщIэбгъапщкIуэу,
- уIукIыжт.
- 30.05.2020
- * * *
- Пщэдджыжь пшэплъым хызодзэж
- си пщIыхьыр,
- Сигу жьэражьэм уи цIэр къресыкI.
- Си зэманым уи деж зыщеплъыхьыр,
- ГъащIэм уи лъэ макъым
- къыхебжыкI.
- Си щIалэгъуэр щоубзэж уи нитIым,
- Си гур ирищIыкIыу зэхуэдитI.
- НапIэр Iэти, сыгъэбауэ хуиту,
- Сэ иджыри къыспэщылъщ гъащIитI.
- Нытызогъэзэжри лъапэпцIийуэ,
- Сынытоувэжыр къэткIуа гъуэгу.
- Хьэуа щIыIэ изогъэх си джийми,
- Си щIалэгъуэм сыщIоплъэж и нэгу.
- 21.09.2020
- * * *
- Сэ сощIыр уи гур тхьэлъэIупIэ,
- Аращ мы щIылъэм щынэхъ къабзэр.
- Абы сришэурэ укIыпIэ,
- КъысIуегъэкIэж си адэжьхэм я псэ…
- Сэ сощIыр уи гур тхьэлъэIупIэ,
- И плъыфэр уи нэхэм щыслъагъуу.
- Гупсысэм сехьри зыщIыпIэ,
- Ар зыхащIауэ тхьэхэр магъыр…
- Сэ сощIыр уи гур тхьэлъэIупIэ,
- Уи пащхьэ ситмэ, уи Iэгу сиплъэу.
- Уи цIэр толъэтри си Iупэм,
- СыкIэлъопхъуэж итIани, си Тхьэ!
- 29.07.2021
- * * *
- СыкъыIэпохур мы
- щIымахуэ жэщым,
- Уигу щабэм сыкIэзызу сыхохуэж.
- Жэщ щIыхум и бэуэкIэм
- сыпэлъэщкъым,
- Нэху щымэ, зэхэсхынухэр мыпэж.
- Нэху щымэ, сисыжынущи
- сэ пшэплъым,
- Мы къалэм ипхъуэтэнури
- нэгъуэщIщ.
- Аргуэру жэщым… жэщым
- сыщыхэплъэм,
- Си нэгум щIэкIыжынущ илъэс щэщI.
- ИтIани… вагъуэ пщтырхэр
- къыстелъалъэу,
- Уи лъахэм жэщ къэсыхукIэ согъэзэж.
- Мы си гум къыхэIэбэу налъэ-налъэу,
- Схъумэнущ щэхуу жэщкIэрэ зы пэж.
- 21.12.2020
- * * *
- Уи нитIым сыщIокIуадэри собзэх,
- Усэпкъыу фIэкI, нэгъуэщIу
- сыщыIэжкъым.
- ЩIымахуэ шылэм уи нэхэр псэхэх,
- Жэнэтым лъапэпцIийуэ срашэжу?!
- НэгъуэщIу сыпсэунути, сощхьэх,
- Си джийм хьэуа Iубыгъуи
- схуемыгъэхыу.
- Уи напIэр Iэти, уи гум сегъэхуэх,
- Жэщ къэскIэ хуабэу
- сыщыIуребгъэхыу.
- Уи напIэр Iэти, уи гум сегъэхуэх,
- Гукъуэпсхэм саубыдрэ сахэкIэжу.
- Сэ уи щымыкIэр, пщIэрэ,
- си фIэщ мэхъу,
- Сэ уи щымыкIэм псэкIэ сыщопэжыр.
- Уэ уи щымыкIэм сэри сыхохьэж,
- Уигу пцIанэм си тхьэлъэIур
- есшэкIауэ.
- Уи нитIым мы си гъащIэм
- сыщоплъыж,
- Нэ кугъуэм си псэр IэфIу щыхэкIауэ.
- Уи деж
- Жэщым сыщегъэпщкIури уи деж,
- ХоункIыфIэ хьэуам шэху уэздыгъэр.
- Къалэр зэрыпцIанэу хешэ жейм,
- Жэщым къыщхьэщохьэри удыгъэ.
- ГъащIэр зэрыщыту зы жэщ куэщIщ,
- Уафэм из гухэлъыр зы бэуэгъуэщ.
- Пшэплъым дыщисыжкIэ, си цIэр
- фIэщ
- Пщэдджыжьыпэу зэтехуа
- ди плъэгъуэм.
- Махуэр си Iэпкълъэпкъым
- щоупщIыIу,
- Жэщыр зи куууагъым сыкъыхишу.
- Сэ тызолъхьэ гъащIэм и гущIыIу,
- Си гур къыщычэну илъэсищэ.
- 17.01.2021
- Уи нитIырщ пэжыр
- Уи нитIырщ пэжыр, уи
- нитIырщ сщIэжыр,
- Аргуэру уи псэр къысIукIэжу.
- Иджыри къэс дунейр мылъхуэсщ,
- Иджыри къэс сылъэсщ, сылъэсщ.
- Зы псалъэр пIалъэу,
- сыналъэ-налъэу,
- Уи нитIым уафэ къыщIэзгъалъэу.
- Хьэуам си гъащIэр щызудэжрэ,
- Мы си гум къуэпсу укъыхэжу.
- ИтIанэ, уи гум сылъоIэсыр,
- СыщIыIэрысрэ сымафIэсу…
- Уи нитIырщ сщIэжыр, уи нитIырщ
- пэжыр,
- Армырам, лъэужь сиIэжкъым.
- Сэ махуэ къэскIэ зы псэ схокIыр,
- Си Iэпкълъэпкъ хамэр къезэвэкIыу.
- ИтIани, плъагъурэ, сыпсэущ,
- Уи нитIыр схуохъури къару гуэр.
- 30.01.2021
- * * *
- Сигу узолъхьэри, сесыр щIыIэм,
- ЩIыIэм сисурэ, псэ къысIуокIэ.
- Уае щыхъукIэрэ, мылыр гъуджэу,
- Уи цIэ щэхум къуэпскIэ сыхокIэ.
- Хьэуа щIыIэр щIызокIэр нэкIум,
- Нэм щIалэгъуэр къыщIоукIуриикI.
- Щыгъэу зблэри ислъхьащ си Iэгум
- ГукъэкIыжхэри, къыпызобжыкI.
- Си гу лъащIэм укъыщыузу,
- ГукъэкIыжым сыхокIэзызэ.
- Уэсыр къесрэ, мазэр изу,
- Жэщ мыжейм пэрызодзэ усэ.
- 9.02.2022
- * * *
- Уэшхыр аргуэру къешхыу,
- Уэшхыр къысщыдыхьэшхыу.
- Сыбгынэжа пщыхьэщхьэм
- Уи гур щызэрыбгъэшхыу.
- Жьы, уэ узэрыбауэм
- Си гур къыхэщIыкIауэ.
- Сэ сыщихьыжым гуауэм,
- Уи гур щыкIа-щыкIауэ.
- Псалъэр ещэщэхыжу,
- Си гум уихужу, уихужу…
- Уэшх къыстешха нэужьи,
- Уафэ уIам сеплъыжу.
- Жьыбгъэ сызыгъэпIыщIэм
- Си гум зыщиутхыпщIу.
- Махуэ нэбэнэушэм
- Жэщым къэхъуар имыщIэу.
- Пшэплъым лъапцIэу сыхыхьэу,
- Пшэплъым сахуэ сыщыхъуу.
- Зиухыжарэ… бжьыхьэу…
- ФIыуэ слъэгъуар слъагъу мыхъуу.
- 22.05.2022
- ЩIыIэ
- Си нитIыр щIыIэщ, щIыIэщ, щIыIэщ,
- Мы сыздэщыIэм сыщымыIэ.
- Дунейр иныIуэщ, сигу къиуIэу,
- Сумылъагъуж, укъызэплъыIуэм.
- Зэманыр мащIэщ, мащIэщ, мащIэщ,
- Сыщыпсэуакъыми игъащIэм.
- Дунейр мэджэгу, дунейр мэпIащIэ,
- Сэ сигу щIэпхъуар гукъеуэ защIэщ.
- Ухуейми жыIэ, жыIэ, жыIэ,
- Псалъэр изыIуэщ, си гурщ ныкъуэр.
- Сигу щIэпхъэум сыкъыщоувыIэ,
- Мы сыздэщыIэм сыщымыIэ.
- 19.01. 2022
- * * *
- Уи Iубахъэр есшэкIат уэс налъэм,
- ЩIымахуэкум жиIэрт таурыхъ хужь.
- ГъащIэ псо ихьынут гухэлъ пIалъэм,
- Къиувэжмэ жьыбгъэр ди лъэужь.
- Си нэбжьыцым щыткIужат
- уэс налъэ,
- НапIэм щIигъэпщкIуэжри
- гукъэкIыж.
- Мы дунейр гукъанэм къигъэпсалъэу,
- Уэсыр къыптещащэу уIукIыжт…
- ЩIымахуэкум щхьэхьу сыздихьауэ,
- Си псэр хужьу уэсым къыIукIэжт.
- Уэ щIымахуэм ухэзэрыхьауэ,
- Уэсу уи нэбжьыцым сыщыткIужт.
- 10.12.2021