ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Май, 2022

Гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэкIэ гъэнщIат

2022-05-05

  • Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ я махуэшхуэр щагъэлъэпIащ Налшык къалэм. Абы теухуа дауэдапщэхэр къызэригъэпэщащ КъБР-м и Профсоюзхэм я федерацэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Тхылъыр. Тхыгъэр. ЩIэныгъэр

2022-05-05

  • ЦIыхум IэщIагъэ хуэхъунур сабий щIыкIэ белджылыщ. Пасэу къопIэжьажьэ апхуэдэ нэщэнэхэр. Ди тхыгъэр зытеухуа бзылъхугъэм хузэфIэкIащ щысабийм иухуа нэкъыфIэщI дунейр нэрылъагъуу къипсэун. Абы и натIэм къритхар езыр хагъадэу къыхихами ярейт.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

КъБКъУ-р дунейпсо  пщалъэм хохьэ

2022-05-05

  • Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр иджыблагъэ дунейпсо щIэныгъэ пщалъэм хыхьащ. Зи гугъу тщIы мардэр къызэзыгъэпэщар Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэрщ (ООН), зытеухуари щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм я лэжьыгъэр жылагъуэм и зыужьыныгъэм зэрытелажьэр къэхутэнырщ (гъэунэхуныгъэхэр 2030 гъэ пщIондэ екIуэкIыну траухуащ).

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Я гур зэпэджэжу

2022-05-05

  • Бгыжьхэр зыщIэдэIуа усыгъэр зэ- ман джэрпэджэжым зэIэпех-зэIэпелъхьэ. Псэр зыгъэпIейтей, узыгъэхуабэ, узыгъэхъуапсэ, къару пхуэхъу, узыIэт сатырхэр Iуащхьэмахуэ хиIыгъэм хуэдэщ жьы къабзэм. Илъэс къэс «Жан» литературэ зэгухьэныгъэм иригъэкIуэкI «Чегет усэ дыкъыщоджэ» («Чтения на Чегете») пшыхьхэр «Усыгъэм и къекIуэкIыкIэ» («Круговорот поэзии») проектым щыщщ. Усыгъэр зыфIэфI-хэр 2700-рэ лъагапIэм япэу щызэхуэсауэ щытащ 2018 гъэм — усакIуэ, «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ Къаныкъуэ Заринэ гукъэкI ищIат усыгъэр лъагапIэм щигъэIуну. 60 гъэхэм абы щаухуауэ щыта «Ай» шхапIэм я усэхэм къыщеджэу, уэрэдхэр щыжаIэу щытащ Высоцкий Владимир, Визбор Юрий сымэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

КъуэщIысокъуэхэ: тхыдэмрэ нобэрей гъащIэмрэ

2022-05-05

  • Урыс тхыдэтх цIэрыIуэ Ключевский Василий зэгуэр итхыгъащ: «Адэжьхэм я дуней тетыкIам щыгъуазэ защыхуэтщIым деж, дэ абыхэм я къуэрылъхухэм я гъащIэрщ къэтхутэри зэдгъащIэри. НэгъуэщIу жыпIэмэ, дыкъызытекIахэм я псэукIар щыдджкIэ, ди щхьэкIэ зыдогъэунэхуж, дызыхуэдэр къыщIыдогъэщыж, щIэрыщIэу нэIуасэ зызыхудощIыж. Зи блэкIар зымыщIэ цIыхум зытет дунейм щищIэри щилэжьри нэсу зэхищIыкIынкIэ Iэмал иIэкъым, къыщежьэри зыхущIэкъури къыгурыIуэнукъым. ЦIыхум цIыхукIэ ущеджэнур абы къегъэжьапIэ хуэхъуам и хъуэпсапIэхэм къыпищэу, ар гъащIэм хипщэу щытмэщ. Адэжьхэр псэущ я цIэр къитIуэхункIэ, я IуэхущIафэхэм пытщэхункIэ». Пэжагъ ин зыхэлъ мы псалъэхэр гум куэдрэ къыдредзей лъэпкъхэм я къекIуэкIыкIам теухуауэ тхылъыщIэ дунейм къытехьэху. ИпэжыпIэкIэ, адыгэ жылэм и гъащIэм къыпызыщэ Iуэхугъуэу, цIыхубэр зэзыгъэплъыж къэхъукъащIэу зыкъыуагъэлъытэ апхуэдэ лэжьыгъэшхуэхэм. Ара ды-дэщ дызэгупсысар иджыблагъэ «Принт Центр» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIа, «КъуэщIысокъуэхэ: тхыдэмрэ нобэрей гъащIэмрэ» фIэщыгъэ зиIэ тхылъыр щытлъэгъуам.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ

Макеевкэ щыщ ныбжьыщIэхэм зрагъэгъэпсэху

2022-05-05

  • «Какваз.РФ» IуэхущIапIэм и жэрдэмкIэ, Кавказ Ищхъэрэм и зыгъэпсэхупIэхэм я нэгу зыщрагъэужь Донбассым къраша сабийхэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Шыгъажэ лъэхъэнэщIэр къызэIуах

2022-05-05

  • Щэбэт кIуам Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм къыщызэIуахащ шыгъажэ лъэхъэнэщIэр. Дунейм и щытыкIэр уэлбанэрилэу зэрыщытым емылъытауэ Налшык и ипподромым цIыхур изт. Республикэм и цIыхухэр хуэзэшат шыгъажэм. Къыхэдгъэщынщи, япэ шыгъажэ махуэр купщIафIэ хъуащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Шыгъажэ

Къалэм псэщIэ къыхагъэхьэу

2022-05-05

  • Гъатхэм дунейр дощIэращIэ. Гъэм и зэман нэхъ дахэ дыдэ зыхужыпIэкIэ ущымыуэну пIалъэм ирохьэлэ къалэм дэт псыутххэр щыщIагъэнэжри. Мэлыжьыхьым и 27-м, гуфIэгъуэ щытыкIэм иту ЗэгурыIуэныгъэм и утым и деж ахэр къыщызэIуахыжащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

КъыкIэрыхухэри хагъэщIэфыркъым

2022-05-05

  • «Спартак-Налшык» (Налшык) – «Алания-2» (Владикавказ) — 0:0. Налшык. «Спартак» стадион. Мэлыжьыхьым и 30-м. ЦIыху 200 еплъащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол