|
Май, 2022
Иужьрей уэзджынэм и махуэм теухуа хъуэхъу
2022-05-26
- ПщIэ зыхуэсщI ныбжьыщIэхэ!
- Нобэрей махуэр фи гъащIэм къыхэхуэну Iуэхугъуэхэм ящыщу нэхъ гукъинэхэм, псэр зыгъэпIейтейхэм, мащIэуи узыгъэнэщхъейхэм халъытэ. Фэр папщIэ нобэ къоуэ Иужьрей уэзджынэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу
Езым я гъащIэ гъуэгум тоувэ
2022-05-26
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и школхэм дыгъуасэ иужьрей уэзджынэхэр къыщеуащ. Мы гъэм республикэм и еджапIэхэм я епщыкIузанэ, ебгъуанэ классхэм щIалэрэ хъыджэбзу мин пщыкIутIрэ ныкъуэм щIигъу къыщIокI.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Егъэджэныгъэ
ЛIы быдэу, Iэрыхуэу Зывгъасэ, вагъуэплъхэ!
2022-05-26
- Къэралым и курыт школ псоми иужьрей уэзджынэр дыгъуасэ, накъыгъэм и 25-м, къыщеуащ. Махуэшхуэм епха гуфIэгъуэ зэIущIэхэр екIуу, дахэу щекIуэкIащ ди республикэм и еджапIэхэми. Курыт школыр къэзыух ныбжьыщIэхэм я дежкIэ иужьрей уэзджынэм и зу макъ жьгъырур сабиигъуэмрэ балигъ гъащIэмрэ я зэпылъыпIэщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Егъэджэныгъэ
Урысейм и хьэрычэтыщIэхэм я махуэмкIэ КIуэкIуэ Казбек зэрехъуэхъур
2022-05-26
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и хьэрычэтыщIэхэу пщIэ зыхуэтщIхэ!
- Фи махуэмкIэ сынывохъуэхъу!
- Республикэм и хьэрычэтыщIэхэр ди экономикэр зыгъэкIуатэ къарущ, абыхэм лэжьапIэ IэнатIэхэр къызэрагъэпэщ, цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным я гуащIэ халъхьэ. ФIыщIэ щхьэхуэ фхуэфащэщ псапэ зыпылъ, псэукIэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIа нэгъуэщI Iуэхухэми жыджэру фызэрыхэтым папщIэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу
ЩIэныгъэлI, къэхутакIуэ цIэрыIуэ ЗэкIурей Аслъэн
2022-05-26
- Техникэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, Экологиемрэ гъащIэм и шынагъуэншагъэмкIэ дунейпсо академием, ТранспортымкIэ Урысей академием я академик ЗэкIурей Аслъэн ФуIэд и къуэр ящыщщ ди республикэм и IэщIагъэлI пашэхэм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Англосаксхэм укъагъэпэжынукъым
2022-05-26
- 19-нэ лIэщIыгъуэм Британием нэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ и министрым жиIэгъащ: «Инджылызым иIэкъым игъащIэкIэ и ныбжьэгъухэри, игъащIэкIэ и бийхэри. Абы иIэр игъащIэкIэ и сэбэп зыхэлъхэрщ». ЛIэщIыгъуэхэм къагъэлъэгъуащ ар а хабзэм зэрытемыкIыр. НэгъуэщIу жыпIэмэ, англосаксхэм псом япэ ирагъэщыр езыхэм я фейдэрщ: зыгуэрхэр къыщыппахынум и деж уи ныбжьэгъуу фэ зэтрагъэуэнущ, ауэ къыпхуэмеижмэ — къоплъыжынукъым. Тхыдэр абы куэдрэ щыхьэт техъуащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Махуэку
Сатыр зыбжанэкIэ
2022-05-26
- Языныкъуэхэм я деж абыхэм нэхъыбэ къыщыбощIэ тхыгъэшхуэхэм нэхърэ.
- Нэхъ мыгъуагъэр
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Махуэку
Гъатхэм и пшыхь
2022-05-26
- «Жан» зэгухьэныгъэм иригъэкIуэкI «Гъэм и теплъэгъуэхэр» усэ пшыхьхэм къыпащэу, Сэралъп Мадинэ и Арт-унэм гъатхэр щагъэфIащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Пашэхэмрэ къыкIэрыхухэмрэ
2022-05-26
- Тхьэмахуэ блэкIам зэхэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и чемпионатым и гуп нэхъыщхьэм и етIуанэ джэгугъуэм хыхьэ зэIущIэхэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Футбол
ЦIыкIураш
2022-05-26
- Пшынэр и Iэпэгъущ
- Пшынэ Iэпэр IэкIуэлъакIуэу зыгъэджэгу, пшынэ бзэрабзэм и гур хэзыгъахъуэ ныбжьыщIэ цIыкIу фэдгъэцIыхунущ. Къуэдзокъуэ Самир Зеикъуэ щыщщ. Къуажэ школ №4-м и 4-нэ классым щоджэ. Илъэсищ мэхъу пшынэм гу хуищIауэ еуэн зэрыщIидзэрэ. Зэгуэр и анэшым здашэжауэ Самир абы къыщилъэгъуащ зи Iэпэхэр щIэуа икIи къамыгъэсэбэпыж къэзан пшынэ цIыкIур. Ехъуапсэри я унэм къихьащ. Ар игъэтIылъыртэкъым. Зыгуэрхэр къригъэкIыну и ужь зэритым и анэм гу лъитати, Джэдгъэф ФатIимэ и «Пшыналъэ» ансамблым ишащ. Куэд дэмыкIыу гъэсакIуэм къажриIащ: «Пшынэ хузэвгъэпэщ, фи щIалэ цIы- кIур пшынауэ хъунущ». Илъэсрэ ныкъуэкIэ гупым хэтащ. Иджы щоджэ Налшык щыIэ сабий макъамэ школ №2-м. И гъэсакIуэр Кхъуэжь Мадинэщ.
-
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
|