|
Май, 2022
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Кавказ зауэм хэкIуэда Адыгэхэм я фэеплъ махуэм ирихьэлIэу цIыхухэм зэрызахуигъазэр
2022-05-21
- Си лъэпкъэгъу лъапIэхэ!
- Нобэ, Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 158-рэ щрикъум, ди щхьэр яхудогъэщхъ адыгэ лъэпкъым и тхыдэм къыхэщыж Iуэхугъуэ нэхъ гуузхэм ящыщым, лъыгъажэ гуащIэм хэкIуэдахэм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм
Лъэпкъыр къызэфIэщIакъым
2022-05-21
- Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 158-рэ ирикъуащ. Ар тхыдэм къыхэнащ лъыгъажэ мыухыжкIэ гъэнщIа къэхъугъэ бзаджэу. ИлъэсищэкIэ екIуэкIа зауэр зэрыувыIэрэ куэд щIами, абы лъэпкъым къридза уIэгъэр нобэр къыздэсым кIыжакъым. А гуIэгъуэшхуэм уздегупсыс къудейм уегъэтхытх, цIыху хейхэм къраха леймрэ гущIэгъуншагъэмрэ пхузэгъэзахуэркъым.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ДАХ
БлэкIам и теплъэхэр
2022-05-21
- Налшык дэт Лъэпкъ музейм иджыблагъэ къыщызэIуахащ Сочэ къалэ щыщ сурэтыщI Iэзэ ХьэщIэмыз ФатIимэ и IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Гъэлъэгъуэныгъэхэр
Сыт къыдэхъулIа?
2022-05-21
- Накъыгъэм и 21. Зы махуэкъым абы гум къигъэкIыжыр. Зы илъэскъым икIи илъэси 158-м щIигъуа хэхэс гъащIэ хьэлъэракъым. Икъухьа хъуа, узым, гъаблэм зэтриукIа адыгэхэм я закъуэкъым абы узригъэгупсысыр. Лъэпкъыр а махуэ лыгъэм еувэлIэху екIуэкIа зауэ мыгъуэри лъыгъажэри гум къэмыкIыжын плъэкIкъым, ар щызэхэпхкIэ, тхам укъыщеджэкIэ. Залымыгъэрэ гъэпцIагъэкIэ хэкур зрагъэбгына нэхъыбэри, Iэбжьанэ-лъэбжьанэр хагъанэу адэжь щIыналъэр тхуэзыхъума нэхъ мащIэм я фэм дэкIари гум къегъэкIыжыр накъыгъэм и 21-м. И мылъкум траукIыхьу кхъухьым ирадзари, зи псэр зыта анэм и бгъэм къыщIахыжа сабий быдзафэри… Накъыгъэм и 21-м уигу къегъэкIыжыр Тыркум и щIыпIэ БэдыргэкIэ зэджэм ирагъэтIысхьэгъа, техьэгъуэм зэтриукIа адыгэ къуажэ 13-ри. Нобэ абы кIуэхэм адыгэ кхъэхалъэхэрщ ялъагъур.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Адыгэгум къеуэн щигъэтакъым
2022-05-21
- Нобэ адыгэу дунейм тетыр мэщыгъуэ зэман жыжьэм Урысей пащтыхьыгъуэм кърищIылIа зауэ гущІэгъуншэм хэкIуэда ди лъэпкъэгъухэм папщIэ. Лъэпкъ тхыдэм увыпIэшхуэ щызубыд Iуэхугъуэщ илъэси 101-кIэ екIуэкIа зауэжьыр. Зи хэку зрагъэбгына, зи щIыпIэр зыфIагъэкIуэда цIыху мин бжыгъэ куэд адэжь щIыналъэм пэIэщIэрэ, я адэжь лъахэм къыщIэхъуэпсу дунейм ехыжащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Нахь зэпэблагъэ тыхъуным илъэмыдж
2022-05-21
- Урыс къэралыгъошхоу дзэ зэтегъэпсыхьагъэ зиIэм илъэсишъэм ехъурэ ячIыгу къагъэгъунэзэ, къушъхьэчIэс адыгэхэр зыпэуцужьыхэ нэуж Кавказыр зыштэнэу гухэлъ зиIэ империем зэрэтемыкIощтхэр къагурыIуагъ. Адыгэм инахьыбэр хъугъэм еуцолIагъэп, шъхьакIор ашхышъугъэп, къяджэгъэ хэгъэгум игъогу тетэу псычIэгъ хъугъэр бэдэд, нэмыкI къэралыгъохэм ащымыгупсэфхэу, зым икIыхэмэ, адрэм кIохэзэ, хьадэгъур хымэ чIыгум изыгъотагъэри макIэп. Ащ тетэу тилъэпкъ тхьамыкIэгъошхоу лъэпкъ гъэкIод заор ыухыгъ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
ЛIэщIыгъуэхэм къахэна лIыгъэ
2022-05-21
- Мы сурэтым ит адыгэ дзэпщищым ящыщу, щытыр — Къарзэдж Шырыхъукъуэ Дыгъужьщ. Нэхъ IупщIу жыпIэмэ — Къарзэдж Шырыхъу и къуэ Дыгъужь. Ар къуэкIыпIэ адыгэхэм я дзэпщу щытащ, Кавказ зауэм и кIыхьагъкIэ лъэпкъым и шэпэIудзу псэуа адыгэпщхэм ящыщщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Тхыдэ
ТIасхъэщIэхым и гукъэкIыж
2022-05-21
- Кавказ зауэжьым и лъэхъэнэм пащтыхь Николай е I и унафэ щхьэхуэкIэ Кавказым къагъэкIуауэ щытащ штабс капитан Торнау Ф., адыгэхэр цIыху бжыгъэу зэрыхъур, къуажэхэр здэщыс щIыпIэхэр, жылагъуэхэм уезышалIэ гъуэгухэр, къуршыпс Iэлхэм я икIыпIэхэр, нэгъуэщIхэри IупщIу зэхэхауэ зэрыт топографическэ картэ зэхигъэувэну. Ар адыгэ Хэкур къизэуну къигъэкIуа дзэм сэбэп хуэхъунут.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ГукъэкIыжхэр
Джолан — тхыдэм и дерс
2022-05-21
- Адыгэхэм хамэ хэгъуэгур анэнэпIэсым хуагъадэ. Урыс-Кавказ зауэжь лъэхъэнэм зи хэкур зрагъэбгына ди лъэпкъэгъухэм Уэсмэн къэралыгъуэр къызэрыпежьам псори фIыуэ дыщыгъуазэщ. Мыбдеж я нэгу щыщIэкIамрэ яшэчамрэ иримыкъуа нэхъей, адыгэхэм псэхугъуэ щагъуэтакъым КъуэкIыпIэ Гъунэгъуми. Ди лъэпкъым къыхуэгущIэгъунша гъащIэр абдежми къащыщысхьакъым. Дауэ мыхъуами, хэкум гъазэрэ еплъэкIрэ щыIэтэкъым, зыгуэрурэ псэун, гъащIэм пыщэн хуейт.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Тхыдэ
Адрейхэм къахэзыгъэщ нагъыщэ
2022-05-21
- Тхыдэдж-бзэщIэныгъэлIхэм я нэхъыбэм къызэралъытэмкIэ, адыгэхэр лъэпкъ нэхъыжь дыдэхэм ящыщщ. Ауэ щыхъукIи, абыхэм куэд щIауэ яIэщ ахэр адрейхэм къахэзыгъэщ нагъыщэ нэхъыщхьэхэм халъытэ ныпри.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
БжыгъэкIэ куэд мыхъуми
2022-05-21
- Адыгэхэр лъэпкъ нэхъыжь дыдэхэм ящыщщ. Абыхэм я тхыдэр апхуэдизкIэ жыжьэ зоIэбэкIыжри, адыгэхэм я блэкIам елъытауэ, дэтхэнэ зыми зи гугъу ящIхэр дыгъуасэрей хъыбарщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Хэкур щыгъэфIа усэхэр
2022-05-21
- XX, XXI лIэщIыгъуэхэм я зэблэкIыгъуэ лъэхъэнэм дунейм къыщыхъуа демократие зэхъуэкIыныгъэхэм яжь къыщIихуащ хэхэс адыгэ литературэми. Ар лъэхъэнэщIэ хыхьащ. Ауэ лъэхъэнэ щыIащ Тыркум щыпсэу адыгэхэр я бзэкIэ еджэн дэнэ къэна, я анэдэлъхубзэкIэ уэрамхэм щыпсэлъэну хуит ямыщIу щекIуэкIа. Апхуэдэу щыт пэтми, ди лъэпкъэгъухэм щIэныгъэ зиIэу къахэжэпхъыкIхэм къахэкIырт адыгэбзэкIэ тхэфу, къеджэфу зезыгъэсахэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Къалэхэу Гёнен ыкlи Маняс ис черкесхэр игъэкlыныр
2022-05-21
- Къалэхэу Гёнен ыкlи Маняс шъольырхэм ащыпсэурэ черкесхэр япсэупlэхэм арагъэкlыныр, хэгъэгу кlоцlым ахэр щызэбгырыщыныр, Тыркуем ишьхьафит зао зыщыкlорэ лъэхьаныр, Кемалистхэм ягъусэу зэуапlэхэм ащызэуагъэу, Къохьапlэ Гъунапкъэм идзэ ипэшагъэу Черкес Этхем Бей зыщаумысыгъэу ыкlи Анкара хабзэр Грекхэм защтекlуагъэр 1922-рэ илъэсым щызерехьылlэх. Империер Лъэпкъ Къэралыгъоу зыщтехьагъэ пlалъэм шынэгъончьагъэр яушъхьагъоу къалэхэу Гёнен, Маняс ыкlи Бандырма шъольырхэм арыт къуаджэхэр 1922-рэм, 1923-рэ илъэсым ыкlэух нэсэ, Черкес къуаджэхэр япсэупlэхэм арагъэкlыгъэх, хэгъэгум и Къокlыпlэ, Якурэ Антолие икъуаджэхэм, ишъольырхэм ахагощагъэх. Илъэс тешlагъэу унашъор зэблахъугъ, гъэгощыныр зэтырагъэуцуагъ, былыми, псэукlи, зытепсэукlыни ямыlэжьэу къэнагъэ Черкесхэр кlочlаджэу хъугъэхэу япсэупlагъэхэм агъэзэжьыгъ. Псэупlэр Ягъэбгынэн хъугъэ шlагъэр цlыфхэм зэхамыхыгъэм фэдагъ, рыгущыlагъэхэп. Лъэхьаным щыlагъэ Черкес пэрытхэми амакъэ къырагъэкlыным енэгуягъэх. Ыпэкlи ыужкlи фэдэ щымыlагъэу плъытэ хъущт, хымэ чlыгум ар иапэрэ декумент лъэш, Хасэхэу Черкес Зыкlыныгъэ ыкlи Темыр Кавказ Обществэм икlэщакlохэм ащыщэу тхакlоу Мехмет Фетгери Щеоню Тыркуеми и Парламент фигъахьыгъэ джэпсалъэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
ХьэкIувхэр псэ быдэт
2022-05-21
- Куэдым къалъытэ Кавказ зауэр 1864 гъэм накъыгъэм и 21-м иухауэ. Ауэ дэфтэрхэм къызэрыхэщыжымкIэ, щхьэхуитыныгъэм щIэзэуа адыгэхэм яхэтащ я щIыгу къихьахэм зэман кIыхьым къриубыдэу къеныкъуэкъуа, уеблэмэ XIX лIэщIыгъуэм и кIэхэм нэсыху Уры- сей къэралыгъуэжьым щыщу зыкъэзымылъыта, унагъуэ-унагъуэкIэрэ бгыхэм зыдэзыгуэша гуп щхьэхуэхэр. ХьэкIувхэрщ зи гугъу тщIыр (кIахэ адыгэхэм «хьэкIуцу», урысхэм «хакучи» жаIэрт). Ахэр шапсыгъхэу къалъытэрт, зэрыпсалъэу щытари абыхэм я бзэрщ, тIэкIу зэхъуэкIа хуэдэу къыпщыхъункIэ хъунуми.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2022-05-21
- Фи пащхьэ итлъхьэ уситIыр зи IэдакъэщIэкIыр Мыз Радик Борис и къуэрщ. Псыгуэнсу къуажэм къыщалъхуащ, и IэщIагъэкIэ агрономщ. Радик ящыщкъым лъэпкъ Iуэхум, республикэм, къэралым щекIуэкIхэм хуэдэгу-хуэнэфхэм. Ирогушхуэ адыгэм и блэкIам, дяпэ ита лIыхъужьхэм, иропIейтей ди нобэм, ди щIэблэм я пщэдейм. Радик усакIуэу зыкъилъытэжыркъым, ауэ и гум, и псэм щыщIэр тхылъымпIэм иритхэмэ нэхъ фIэкъабылщ. Нобэ фи пащхьэ идолъхьэ абыхэм ящыщ зы.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Лъэпкъ Iуэху
|