ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Тхылъыр. Тхыгъэр. ЩIэныгъэр

2022-05-05

  • ЦIыхум IэщIагъэ хуэхъунур сабий щIыкIэ белджылыщ. Пасэу къопIэжьажьэ апхуэдэ нэщэнэхэр. Ди тхыгъэр зытеухуа бзылъхугъэм хузэфIэкIащ щысабийм иухуа нэкъыфIэщI дунейр нэрылъагъуу къипсэун. Абы и натIэм къритхар езыр хагъадэу къыхихами ярейт.

  • Япэ уэзджынэр къызыхуеуэну сабийр и анэм IэпэкIэ иIыгъыу ешэ. Дзыгъуанэ Зэчий ипхъу Верэ апхуэдэ махуэм къызыпхидзат балигъ щэн: «Еджэнур сэращ. Си закъуэ сыкIуэ щIэмыхъунур сыт? ЕджапIэри гъунэгъубзэщ…»
  • Гукъинэжу зыщIэтIысхьа курыт еджапIэр (Нарткъалэ) къиуха нэужь, илъэситIи лэжьэжауэ, Верэ Москва кIуащ и щIэныгъэм щыпищэну. Гъуазджэхэмрэ щэнхабзэмкIэ къалащхьэм щыIэ университетыр къыхихат абы (МГУКИ).
  • Ухэмыхьауэ зыхэпщIэнукъым псым и куупIэр. Къалащхьэм щыIэ еджапIэ нэхъыщхьэм щIэхуа щIалэгъуалэр я дуней къэухькIи я хьэл-щэнкIи «зэмыфэгъу» защIэт. МыкъызэрыгуэкIыу зыхэхуа а ныбжыщIэхэм защIилъагъукIыжырт, дауи, Нарткъалэ икIа пщащэм. Верэ фIэгъэщIэгъуэну гу зылъитэрати, курыт еджапIэм щигъуэта щIэныгъэр утыку укъизымынэ-хэм ящыщт. ДяпэкIэ мызэ-мытIэу ар иригуфIэжынущ езыр зыхэджыкIа лъэхъэнэм иIа лъабжьэ къызыхуэтыншэм. Пэж дыдэуи гурыфIыгъуэт ар: совет къэралышхуэм нэхъ нэфIэIуфIэ дыдэу зэригъэпэщахэм ящыщщ щIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмрэ я ухуэкIэр. ЩIыналъэ пхыдзахэм икIауэ зи щIэныгъэр Москва щызыузэщI щIалэгъуалэр къыхэхутэрт щэнхабзэм и курыкупсэм. Театр цIэрыIуэхэм щагъэлъагъуэ балетыр, оперэр, спектаклхэр; тхылъ хъумапIэхэм щагъэтIыгъуэ тхыгъэ хьэлэмэтхэр; музей зэхуэмыдэхэр… Дэтхэнэ зыри щIэныгъэ дерст. Верэ игурэ и щхьэрэ зэтелъу хэзэгъащ а гъащIэм. Дипломыр IэщIэлъу республикэм къигъэзэжа нэужьи, абы къилъыхъуар тхылъ е тхыгъэ здыщызекIуэ Iэна-тIэщ. Апхуэдэу щылэжьащ Аруан щIыналъэм къыщыдэкI «Маяк» газетым. (Верэ и анэ Кулидан «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм и корректору зэрыщытар гъуащэртэкъым).
  • Крупская Н. К. и цIэр зезыхьэ (иджы Мэлбахъуэ Т. Къу. и цIэр зыфIащыжа) республикэ библиотекэ нэхъыщхьэми щылэжьащ Верэ. Тхылъымрэ щIэныгъэ къудамэхэмрэ запимыгъэIэщIэу къыхихырт Дзыгъуанэм (Джырандокъуэ) и лэжьапIэ IэнатIэхэр. Апхуэдэу илъэс 14-кIэ щылэжьащ 1997 гъэ лъандэрэ республикэм щыIэ ЩIыналъэ щIэныгъэ центрым (КБНЦ РАН). А Институтым щIэныгъэ-техникэ информацэхэмкIэ иIэ къудамэм и нэхъыщхьэт Верэ. Джырандокъуэм иджы къеIуэтэж: «Ди унафэщI Иуан Пётр хьэлэмэту иухуат мэкъумэш хозяйствэхэм щIэныгъэ техникэр къыщагъэсэбэп зэрыхъуну Iэмалхэр. Гупыр дыдихьэхауэ делэжьырт а унэтIыныгъэщIэм. Компьютерхэр иджыри къежьатэкъым а зэманым…»
  • 90-гъэхэм къыздахьа щIэщыгъуэ зэхуэмыдэхэм ящыщ зыщ технологиещIэхэр. Апхуэдэ лэжьэкIэщIэм и фIыгъуэ дыдэу Джырандокъуэ Верэ ирагъэблэгъащ КъБР-м щыIэ мэкъумэш академием (иужьыIуэкIэ КIуэкIуэ В.М. и цIэр зыфIащам). А зэманым академием и ректору лэжьа ФиIэпщэ Борис и тхылъхэр зыбжанэрэ Москва, Дон Iус Ростов къалэхэм къыщыдэкIат Джырандокъуэр редактору.
  • Республикэм и мэкъумэш академием и япэ газетыр — «Академическая жизнь» (иджыпсту — «Университетский вестник») цIыхухэм яIэрыхьащ 2005 гъэм. Газетым и редактор нэхъыщхьэт Джырандокъуэр. КъыдэкIыгъуэхэр гъэщIэгъуэну ухуат, газетыр щIалэгъуалэм зэIэпахырт. Мэкъумэш еджапIэ нэхъыщхьэм щIэныгъэ щызэзыгъэгъуэтхэм я зэхэтыкIэр, гупсысэкIэр, я дуней зэхэщIыкIыр, я щIэныгъэ къэухьыр, хэбгъэзыхьмэ, япкъ иралъхьэ щыгъынхэр… Псоми, щхьэж и плIанэпэ иIэжу, тетхыхьырт «Университетский вестник»-р. Верэ куууэ хэпщIат академием щекIуэкI щIэныгъэ лэжьыгъэм.
  • Тхыгъэ мыинхэр, щIэныгъэ лэжьыгъэ убгъуахэр (диссертацэхэр) псори щIэкIырт Джырандокъуэм и «редактор кхъузанэм». Верэ езым бгъэдэлъыр пасэрей (классикэ), жыпIэнурамэ, академие хъэтI зиIэ тхыбзэ шэрыуэт. Ар зыхэплъэжа тхыгъэхэм гунэмыс къахэкIыртэкъым. Верэ и лэжьэгъу нэхъыжь, биологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор Къуэжокъуэ Мухьэмэд жиIэрт: «Джырандокъуэр зэджэжа тхыгъэхэм уи нэр уфIыцIауэ гъуэгу епт хъунущ».
  • «Университетский вестник» газетым студент-щIалэгъуалэр уэру къришалIэрт Верэ. Газет лэжьыгъэм къыдэкIуэу Джырандокъуэр илъэс зыбжанэкIэ елэжьащ «Седьмой регион. ЩIэныгъэ Iуэхухэр» альманахым. Студентхэм, аспирантхэм, щIэныгъэрылажьэхэм я Iэдакъэ къыщIэкIахэр тхылъым щихуэр Джырандокъуэм зэригъэзэхуэжа нэужьт.
  • Иджыпсту мэкъумэш академием и ректор, илъэс зыбжанэкIэ Джырандокъуэр зыдэлэжьа Апажэ Аслъэн жеIэ: «ЩIэныгъэ куу зыбгъэдэлъым и зэфIэкIыр лъагэщ. Дапщэщи пщIэ лей хуэтщIу дыдэлэжьащ Верэ».
  • Тхылъымрэ тхыгъэмрэ зи натIэ къритхахэрщ апхуэдэу къупащыпауэ щIэныгъэм хуэлажьэр. Верэ и унагъуэ насыпри къызэрыкIуар щIэныгъэм и гъуэгукIэрэщ. Джырандокъуэ Михаил (Верэ щхьэгъусэ хуэхъунур) езыр иджыри МГУКИ-м и аспиранту, Москва здишат Дзыгъуанэхэ я пхъур Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэлэжьэну зэрыщIэупщIэ тхылъыр… Апхуэдэу зэрыцIыхуауэ щытащ зэщхьэгъусэну къызыхуиуха ныбжьыщIитIыр.
  • Верэ къыздигъэзэжа Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщыщымыщIар лэжьыгъэ IэнатIэхэм я закъуэкъым. ЩыщIакъым цIыху гулъытэ. Дзыгъуанэ-Джырандокъуэм и гуащIэдэкIыр фIыщIэншэтэкъым. Ар хэтщ УФ-м и журналистхэм я зэгухьэныгъэм. Урысейпо зэгухьэныгъэхэм я къудамэу КъБР-м щыIэ «Русское географическое общество»-м и журналхэм щIэх-щIэхыурэ уащрохьэлIэ а зэгухьэныгъэм хэтхэм — тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Джырандокъуэ Михаилрэ Джырандокъуэ Верэрэ — зэщIыгъуу ягъэхьэзыра лэжьыгъэхэм. Верэ и къэпсэлъэныгъэ гъэщIэгъуэнхэр дунейпсо, урысейпсо зэхуэсхэм мызэ-мытIэу щыIуащ.
  • Джырандокъуэ Верэ и гуащIэдэкIыр ЩIэныгъэм и дунейм зыбжанэрэ къыщалъытащ щIыхь тхылъ лъапIэхэмкIэ. КъБР-м щыIэ мэкъумэш академием Джырандо-къуэ Верэ щылэжьащ дызэрыт гъэм пщIондэ. Куэд щIакъым ар зыхэта гупымрэ студентхэмрэ дахэу къызэрырагъэжьэжрэ. Езыми игу сыт щыгъуи мэкъумэш академиер фIы защIэкIэ илъщ. Верэ унэм зэрыщIэсуи зэпигъэуркъым а еджапIэм зэрадэлажьэр.
  • Джырандокъуэ Михаилрэ Верэрэ илъэс унагъуэ дахэ яухуащ. Абыхэм бынитI зэда-пIащ: Русланрэ, Заремэрэ. ТIури экономистщ, я IэщIагъэкIэ мэлажьэ. Адыгэ-бзэфI яIурылъщ Джырандокъуэ зэрыбыным.
  • Накъыгъэм и 5-р Джырандокъуэ Верэ къыщалъхуа махуэщ. Пасэу зыхуигъэувыжауэ щыта щIэныгъэ лъагъуэм сыт щыгъуи хуэпэжщ ар. ГуащIэ хьэлэлкIэ Верэ иролажьэ фIыуэ илъэгъуа IэщIагъэм. Дехъуэхъунщ и гукъыдэжым хэмыщIыну!
  •  
  • Къармэ Iэсият.