Я гур зэпэджэжу
2022-05-05
- Бгыжьхэр зыщIэдэIуа усыгъэр зэ- ман джэрпэджэжым зэIэпех-зэIэпелъхьэ. Псэр зыгъэпIейтей, узыгъэхуабэ, узыгъэхъуапсэ, къару пхуэхъу, узыIэт сатырхэр Iуащхьэмахуэ хиIыгъэм хуэдэщ жьы къабзэм. Илъэс къэс «Жан» литературэ зэгухьэныгъэм иригъэкIуэкI «Чегет усэ дыкъыщоджэ» («Чтения на Чегете») пшыхьхэр «Усыгъэм и къекIуэкIыкIэ» («Круговорот поэзии») проектым щыщщ. Усыгъэр зыфIэфI-хэр 2700-рэ лъагапIэм япэу щызэхуэсауэ щытащ 2018 гъэм — усакIуэ, «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ Къаныкъуэ Заринэ гукъэкI ищIат усыгъэр лъагапIэм щигъэIуну. 60 гъэхэм абы щаухуауэ щыта «Ай» шхапIэм я усэхэм къыщеджэу, уэрэдхэр щыжаIэу щытащ Высоцкий Владимир, Визбор Юрий сымэ.
- Чегет щыIуащ усыгъэр адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ, шэшэныбзэкIэ, ингушыбзэкIэ. Ар теухуауэ щытащ усыгъэм и махуэм. Iуэхур даIыгъащ КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министерствэм, «Ростелекомым», «Чегет» кIапсэ гъуэгу комплексым.
- — Илъэс къэс догъэщхьэхуэ хэт и усэ дыкъеджэнуми е сытым теухуауэ щытынуми. Нобэрейр Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм я бзэхэм хухэтхащ, жиIащ Къаныкъуэ Заринэ пшыхьыр къыщызэIуихым.
- — Чегет усыгъэр зэрыщыIур куэд и уасэщ. Мыбдеж усэ къыщеджэхэм, щIэдэIухэм я гур псыхьа мэхъу гуапагъэкIэ. Мыр гупсэхугъуэщ икIи гъэсэныгъэщ. Ди IуэхущIапIэм литературэ, гъэсэныгъэ, тхылъ Iуэху зэрыщызетхуэм къыхэкIыу, дэри фи пшыхьхэм докIуэ. Къапщтэмэ, «Жан» зэгухьэныгъэм щевгъэкIуэкI Iуэхухэр щхьэпэ защIэщ. УсакIуэ нэхъыжьхэм ятхахэр вгъэIуми, нэхъ щIалэIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм къыщеджэн утыку фахуэхъуми, анэдэлъхубзэр хъумэным фытелажьэми — псори йокIуэлIэж щIэблэ гъэсэныгъэм. Ар уасэ зимыIэщ, — жиIащ «Общество книголюбов» зэгухьэныгъэм и унафэщI Шинкарёвэ Ната- лье.
- Режиссёр, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Гумэ Маринэ тепсэлъыхьащ усэ пшыхьхэр зэраублауэ щытам, зэрызиужьам, и мыхьэнэм.
- — «Гъэм и теплъэгъуэхэр» зыфIэтща усэ пшыхьхэм къыпызыщэщ мы Iуэхури. ЦIыхухэм усыгъэ нэсыр едгъэцIыхунырщ ди мурадыр. Ди усакIуэ нэхъыжхэм ятхахэр къыдощтэжри дыкъоджэж, цIыхубэм захыдогъэх. Щхьэж и усэ къеджэкIэ иIэжщ мыбдеж щызэхуэсхэм, усыгъэм псэ зэрыхалъхьэ Iэмалхэр зэрызэмыщхьыр сфIэфщ. КупщIэ зиIэ, узыгъэгупсысэ усэхэр ди куэдщ усакIуэ пажэ-хэм ятхауэ, зи усэбзэр хуиту къызэрыкI нэхъ щIалэIуэхэми гугъэ дагъэщI. Ауэ псалъэхэр мыхьэнэншэу зэзыгъэпцIхэри щыIэщ, мыхъумыщIэр утыку къащIыну и ужь иту. Апхуэдэм зыщытхъумэн хуейщ. Ди пшыхьхэм щыдогъэлъагъуэ фIыр, дахэр, екIур.
- — Сэ илъэс къэс Чегет усэ сыкъыщоджэ. Пэжым ухуеймэ, илъэс псом гурэ псэкIэ сыпоплъэ мы Iуэху дахэм, мыбдеж щызгъуэтащ ныбжьэгъухэр. Дызэрызэхуашэсым и хъыбарыр къызэрысIэрыхьэу щIедзэ си гуфIэгъуэм: абы зэрызыхуэзгъэхьэзырыр, сыкъызэджэну усэхэр къызэрыхэсхыр, гъуэгу дытетыху зэхэтхыну гушыIэ дахэхэр, шхапIэм я ерыскъы IэфIыр, канаткэм дызэрисыр, усыгъэу сызыщIэдэIур — псори сызыгъэнщIщ. СфIэфIщ унагъуэ дахэм хуэдэу дызэрызэхэтыр! — жиIащ Мэкъуауэ Ислъам.
- Байсултановэ Инарэ, Ислъам и псалъэхэм къыпищэу, къыхигъэщащ Усыгъэм и махуэр щагъэлъэпIэнум ИлъэсыщIэм хуэдэу зэрыпэплъэр.
- — Усыгъэр сэркIэ гум и зыщIыкIэщ. Абы сыщопсэу, сепсыхь, сегъэхуабэ. Дауи, мыбдеж усэ сыкъыщеджэныр сэркIэ пщIэщ, — къыхигъэщащ абы.
- ЕгъэджакIуэ Кульбаевэ Ларисэ жиIащ усыгъэ пшыхьхэм и гуапэу зэрыхэтыр, «Жан» зэгухьэныгъэм иригъэкIуэкI Iуэхугъуэхэм зэрыкIэлъыплъыр икIи ар и еджакIуэхэм щапхъэу зэрахуигъэлъагъуэр.
- Гуманитар техникэ колледжым щылажьэ Къардэн Анжелэ иригъаджэхэр щIыгъуу хэтащ пшыхьым. Студентхэу Нахчиевэ Селимэрэ Узиевэ Лианэрэ шэшэныбзэр Чегет щагъэIуащ. Мазуренкэ Маринэ къеджащ иджыблагъэ къыдэкIа и усэ тхылъым итхэм щыщ. Хэкум, гухэлъым, цIыхухэм я зэхущытыкIэхэм, щIыуэпсым теухуат Мэкъуауэ Ислъам, Байсултановэ Инарэ, Жыгуэ Иннэ, Беслъэней Ленэ, МэшылI Жаннэ, Гугъуэт Заремэ, ТекIужь Заретэ, Джэду Сэчинэт, Шэрдан Лилианэ сымэ къызэджахэр.
- КъыкIэлъыкIуэу усыгъэм и пшыхь щрагъэкIуэкIыну къыхахащ Шэрэдж щIыналъэр. Гуэл щхъуантIэхэм ирагъэблэгъэнущ ди гъунэгъу республикэхэм щыщ хьэщIэхэри.
- Гугъуэт Заремэ.
- Сурэтыр Шыбзыхъуэ Астемыр трихащ.