Шыгъажэ лъэхъэнэщIэр къызэIуах
2022-05-05
- Щэбэт кIуам Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм къыщызэIуахащ шыгъажэ лъэхъэнэщIэр. Дунейм и щытыкIэр уэлбанэрилэу зэрыщытым емылъытауэ Налшык и ипподромым цIыхур изт. Республикэм и цIыхухэр хуэзэшат шыгъажэм. Къыхэдгъэщынщи, япэ шыгъажэ махуэр купщIафIэ хъуащ.
- Псори зэхэту япэ шыгъажэ махуэм зэхьэзэхуибл екIуэкIащ. Ипэ жэщым къешха уэшхым сабалъэ лъагъуэр псыф ищIати къызэдэжэхэр жыджэру, гуащIэу екIуэкIащ. Гулъытэ хэха яхуэфащэт хабзэ хъуауэ сытым дежи ягъэджэгу саугъэтхэм ехьэлIа зэпеуэхэм.
- ЛъэхъэнэщIэр къызэрызэIуахым и зэхьэзэхуэмкIэ ирагъэжьащ мы гъэм и къызэдэжэхэр. Абы щызэпеуащ илъэсищ зи ныбжь шыхэр. Къызэдэжэм пашэныгъэр щиубыдащ Индарокъуэ Алихъан и шэщым къыщIаша Кинг Пауэр. «Донской» шы щагъэхъу заводым къыщалъхуа хакIуэр къызэдэжэм щIимыдзэ щIыкIэ нэхъ лъэщхэм хабжэрт. Абы игъэпэжащ къыхуаIэ гугъэхэр. Зэныкъуэкъуныгъэм и япэ секундым щегъэжьауэ и кIэм нэсыху абы гъунэгъу дыдэу яужь къитащ «Донской» шы заводым къыщалъхуа Ультиматум. Ещанэу къэсащ нэгъабэрей къызэдэжэхэм къарикIуамкIэ хакIуэ нэхъыфIу къалъытауэ щыта Юнкер. Метр 1800-м шэч къызытумыхьэн текIуэныгъэ Кинг Пауэр щызыIэригъэхьащ. АрщхьэкIэ къызэдэжэм и кIэухым ар къыхэзыгъэзыхьа Ультиматум и жыджэрагъым тепщIыхьмэ, «Анилинэ» зэпеуэм щытыкIэм зыщихъуэжынкIэ хъунущ.
- «Струна» саугъэтым щIэбэнащ япэу шыгъажэ лъэхъэнэм ипподромым и лъагъуэхэм къытехьа классическэ къызэдэжэм хэтынкIэ хъуну шыбзхэр. Зэхьэрхуэрэгъухэр гупышхуэ хъуртэкъым. Зэпеуэм щIимыдзэ щIыкIэ пашэу къалъытэрт Манн Яков и шэщым щыщ Осетинкэрэ Сэкрэкхэ я шы заводым и цIэкIэ зыкъэзыгъэлъагъуэ Рашен Мунрэ. ШитIри нэхъапэм хэтат хабзэ хъуауэ ягъэджэгу саугъэтхэр къэхьыным ехьэлIа зэпеуэхэм. Ауэ лъэхъэнэщIэм и пэщIэдзэм Рашен Мун нэхъ хуэхьэзыру къыщIэкIащ. Къызэдэжэм зэрыщIидзэу и хьэрхуэрэгъухэм япэ ищащ Бахъуэ Мухьэмэд и гъэсэныр икIи финишым апхуэдэу нэсащ. Къыхэдгъэщынщи, Осетинкэм теса Каппушев Мырзэбэч елъытауэ Щоджэн Iэдэм зэ закъуи щIопщыр къищтакъым. Ещанэу къэса Мастери Леди Осетинкэм зыкъомкIэ къыкIэрыхуащ. Рашен Мун мыпхуэдэ текIуэныгъэшхуэ къызэрихьар щыхьэт тохъуэ щытыкIэфI иджыпсту зэритми, адэкIи плъапIэфIхэр зэриIэми. Ар хэтынущ «Аналогичный» саугъэтми «Окс»-ми. Налшык ипподромым имызакъуэу нэгъуэщIыпIэхэми къыщыжэну къыщIэкIынщ.
- Хабзэ хъуауэ къыхалъхьэ зэпеуэхэр зэхуащIыжащ «ЩIэдзэкIэ» саугъэтымкIэ. Абы къыщызэдэжащ илъэсищым щIигъуа шыхэр. Зэхьэзэхуэхэм уахэплъэмэ, кIэух гъэщIэгъуэн зэрыщыIэнум шэч къытепхьэртэкъым. УпщIэ нэхъыщхьэу щытыр япэ къызэдэжэм дапхуэдизу хуэхьэзыр Манн Яков и шэщым щыщ Прауд Мейкер. КъызэрыщIэкIамкIэ, тренерыр щIэгузавэр лъабжьэншэтэкъым.
- Къызэдэжэм зэрыщIидзэу япэ ищащ Манн адрей и гъэсэн Глори Лайн. Япэ метрхэм къыщыщIэдзауэ абы жыджэрагъышхуэ къигъэлъагъуэрт. Финиш лъагъуэм ар и хьэрхуэрэгъухэм фIыуэ ящхьэщыкIауэ техьат. Ауэ а зэманым Сыжажэ Тимур зытес Терек Стар гъунэмкIэ екIуэтэкIащ икIи зэщхьэщыкIыныгъэр игъэмэщIащ. Иужьрей метрхэм ар зыпкъкIэ щхьэщыкIыжащ Глори Лайн. Иужь къит и хьэрхуэрэгъум зэрызричар зыхэзымыщIа Глори Лай зыри хуэщIэжакъым. Ещанэу къэсащ финиш лъагъуэм къыщытехьэм Терек Стар зэран къызыхуэхъуа Акцент. Абы теса Улубаев Хьэмзэт зэжьэхэуэ къимыгъэхъун папщIэ лъэныкъуэкIэ и шыр иригъэкIуэкIащ икIи текIуэныгъэр IэщIэкIащ.
- Псори зэхэту а махуэм екIуэкIащ шыгъажибл. Зэхьэзэхуэм и саугъэт фондыр сом мин 650-рэ хъууэ щытащ.
- Къэхъун Бэч.