ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Апрель, 2022

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ я махуэшхуэм и щIыхькIэ цIыхухэм зэрехъуэхъур

2022-04-30

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
  • Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ я махуэшхуэмкIэ си гуапэу сынывохъуэхъу! Ар ипэжыпIэкIэ цIыхубэ махуэшхуэщ, сыт хуэдэ щIэблэми фIыуэ ялъагъуу. Накъыгъэ махуэшхуэр и нэщэнэщ цIыхур зэкъуэувэну, лэжьыгъэфIхэр я IэрыкIыу псэуну зэрыхущIэкъум. Къэбэрдей-Балъкъэрым щопсэу сыт хуэдэ Iуэху гугъури тэмэму зэфIэзыгъэкIыф цIыху лэжьакIуэшхуэхэр, зэчий зыбгъэдэлъхэр, мурад дахэ зиIэхэр. Апхуэдэхэм я фIыщIэ куэд хэлъщ экономикэмрэ социальнэ IэнатIэмкIэ ди республикэм зыIэригъэхьэ ехъулIэныгъэхэм, зыгъэпсэхуакIуэхэм, Iуэху зезыхьэ хьэрычэтыщIэхэм ди щIыналъэр къызэрыхахым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу

НэщIикIыж хьидым теухуа КъБР-м и Iэтащхьэм и хъуэхъу

2022-04-30

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу муслъымэнхэм си гум къыбгъэдэкIыу сохъуэхъу ислъам диныр щызекIуэ дунейм  пщIэшхуэ зыщыхуащI махуэшхуэ нэхъыщхьэхэм ящыщ НэщIикIыж хьиду Рэмэдан мазэр зэриухам щыхьэт техъуэмкIэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу

Шэрджэсхэр  Налшык  щохьэщIэ

2022-04-30

  • Мы махуэхэм Дунейпсо Адыгэ Хасэм къригъэблагъэри Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщаплъыхьащ КъШР-м щыIэ Али-Бердыкъуэ къуажэм и курыт школым и 8-11-нэ классхэм щеджэ ныбжьыщIэхэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ЗэIущIэхэр

Узыгъэгушхуэ,  къару  къыпхэзылъхьэ  уиIэмэ

2022-04-30

  • И теплъэ уардэмкIэ, и утыку итыкIэ, гуп хэтыкIэ екIумкIэ, и артист IэзагъэмкIэ, сценэм щигъэлъэгъуа образ гъэщIэгъуэнхэмкIэ къилэжьауэ Шыбзыхъуэ Басир иIэщ хъугъуэфIыгъуэ ин — ар театреплъхэм я лъагъуныгъэрщ. ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артист пажэм и ныбжьыр мы махуэхэм илъэс 70 ирикъуащи, ди гуапэу дохъуэхъу дяпэкIи ехъулIэныгъэ иIэну, узыншэу, гукъеуэншэу лъэпкъым хуэлэжьэну, и унагъуэм хуэпсэуну.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ

Дунейпсо тхыдэм халъхьа пцIы

2022-04-30

  • Франджы пащтыхь Наполеон Бонапарт и зекIуэхэм (1798 — 1801 гъэхэм) я фIыгъэкIэ къэунэхуауэ жыпIэ хъунущ щIэныгъэм и къудамэщIэ — египтологиер. Мысырым (Египетым) и щэхухэр къатIэщIыну зэрехьэжьа щIэныгъэлIхэм куууэ яджащ а щIыпIэ телъыджэм къыщыщIаха мывэхэм тедза иероглифхэр. Анадолэмрэ Щам Ищхъэрэмрэ щIащыкIагъэххэти, а пасэрей цивилизацэхэм я гъущIынэтххэр зэщымыщу, бзэ щхьэхуэу къахутащ. А лъэхъэнэ дыдэм дунейм щIыпIэ-щIыпIэкIэ къыщыщIатIыкIыжащ пасэрей лъэпкъыжьхэм я къалэхэмрэ хьэпшыпхэмрэ: майем, ащырхэм (Ассирия), шумерхэм, илэунхэм (Троя). Европей археологхэр къызэрехьэжьэри, КъуэкIыпIэр зэхатIыхьу, Библием къыхэщыж лъэп-къыжьхэмрэ ахэр щыпсэуа къэралыгъуэхэмрэ къыщIатIыкIыжыну мурад быдэ ящIащ. Члисэм а Iуэхум хуиутIыпщат мылъкушхуэ. «Сыт хуэдизи тевгъэкIуадэ, илъэс бжыгъэкIи лIэщIыгъуэкIи фылъыхъуэ, ауэ ди тхылъ лъапIэм къыхэщыж къэралыгъуэ кIуэдахэр къэвгъуэтыж», — къыхуащIат археологхэм унафэ. Апхуэдэу къэунэхуащ «Библие археологием и зэгухьэныгъэр».

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2022-04-30

  • ГъэфIапщIэ
  • Джэгум щытекIуахэм хуащI тыгъэхэращ. ХьэщIэхэр, джэгум хэтхэр зэрагъафIэ Iэмалщ.
  • ХьэщIэм щылъысым деж, гъэфIапщIэм хьэщIапщIэкIэ йоджэ. ГъэфIапщIэхэр джэгур зи джэгум я Iыхьлыхэм кърахьэлIэрт, зытыр джэгу тхьэмадэращ. ХьэтиякIуэр и гъусэу ар утыкум иувэрти, джэгур щиухым деж е джэгур зэриух удж хъурейм и пэ къихуэу гъэфIапщIэхэр итырт. Джэгу тхьэмадэм хьэтиякIуэм жриIэрт джэгу хасэм и унафэкIэ хэт сыт хуэдэ гъэфIапщIэ лъысами. ХьэтиякIуэм ар ину гупым яжриIэжырт: хэт сыт лъысами, абы и цIэ-унагъуэцIэр, зыщыщ къуажэр. Езым и цIэкIэ хьэтиякIуэм щIигъужырт хъуэхъу дахэ. ХьэтиякIуэм и дэIэпыкъуэгъухэм гъэфIапщIэхэр утыкум кърахьэ, зи цIэ ираIуэр утыкум къихьэурэ хасэм щыщ нэхъыжьым кърет. Дэтхэнэ зыми и цIэр жаIэу иратыху, пшынауэхэр пшынэ йоуэ, гъэфIапщIэр зылъысар лIы цIэрыIуэу, пщащэ цIэрыIуэу щытмэ, пшынауэхэм нэхъ зрагъэIэту йоуэ, пщIэ зэрыхуащIыр къагъэлъагъуэу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис

ЗэпыщIэныгъэхэм пащэ

2022-04-30

  • Хабзэ дахэ зэрыхъуауэ, илъэс къэс ирагъэкIуэкI «Къунакъ» лъэпкъ проектым и мыгъэрей лэжьыгъэр иригъэжьащ. Гъэм и нэхъ щIэрэщIэгъуэ гъатхэм ирагъэкIуэкIыну мурад ящIа Iуэхум иджы хэтщ щIалэ 18, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм (адыгэхэм, балъкъэрхэм, урысхэм, тыркухэм, азербайджанхэм, нэгъуэщIхэми) ящыщу. Ахэр ди республикэм и районхэм къыхашащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Нып гъэфIэж пшыхь

2022-04-30

  • 2010 гъэм, Адыгэ ныпыр зэрыщыIэрэ илъэси 180-рэ щрикъум ирихьэлIэу,  дауэдапщэ иращIэкIауэ щытащ. Абы щегъэжьауэ, илъэс къэс, мэлыжьыхьым и 25-м ныпым и махуэр лъэпкъым егъэлъапIэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

КъуэкIыпIэ Жыжьэм  къыщыхожаныкI

2022-04-30

  • Владивосток къалэм дэт КъуэкIыпIэ Жыжьэ федеральнэ университетым мэлыжьыхьым и 25 — 27-хэм щекIуэкIащ Урысей Федерацэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ и зэхьэзэхуэ. МахуищкIэ зэхэта зэIущIэхэм я хьэлъагъ елъытауэ зэщхьэщыхауэ щыта гупипщIым саугъэт нэхъыщхьэхэм щыщIэбэнащ къэралым и щIыналъэ 47-м къикIа зи ныбжьыр илъэс 24-м нэс спортсмен щIалэщIэ 350-м нэблагъэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт

ИрикIуэнущ лIыхъужьхэм я щIэблэр

2022-04-28

  • Накъыгъэм и 9-м Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIынущ «Полк ажалыншэ» Iуэху иныр. Мы гъэм онлайн мыхъуу, цIыхухэр уэрамым ирикIуэнущ зэрыгушхуэ я адэшхуэхэм я сурэтхэр яIыгъыу. КIуэкIуэ Казбек и телеграм-каналым къритхащ республикэм исхэр махуэшхуэ нэхъыщхьэм зэрыригъэблагъэр, зэгъусэу «Полк ажалыншэм» хэтыну къызэрыхуриджэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТекIуэныгъэ

И адэшхуэхэм  я дэфтэрхэр  наIуэ къещI

2022-04-28

  • КIуэкIуэ Казбек телеграм-каналым дыгъуасэ щытепсэлъыхьащ Хэку зауэшхуэм хэта и адэшхуэхэм я зауэ гъуэгуанэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТекIуэныгъэ

Жылэ закъуэм къикIыкIа жыг абрагъуэ

2022-04-28

  • Къафэм и бзэ щэхумкIэ дуней псом епсэлъахэм ящыщщ «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым и къэфакIуэ пэрыту илъэс куэдкIэ къекIуэкIа, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Битокъу Оксанэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЗэчиифIэхэм  я  вагъуэбэ

2022-04-28

  • Анэдэлъхубзэр зэрырагъэдж Iэмалхэр егъэфIэкIуэнымкIэ, и бзэр дихьэхыу сабийм егъэджынымкIэ, лъэпкъым бгъэдэлъ псэкупсэ къулеягъым щIэблэр ешэлIэнымкIэ, и хабзэр, тхыдэр фIэгъэщIэгъуэну иджыным хуэшэнымкIэ лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI ди республикэм. Лъэпкъпсо мыхьэнэ зиIэ а Iуэхум хуэгъэпса зэхуэс дахэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Налшык. «Си бзэ — си псэ, си дуней» республикэпсо фестивалым хэту, «ЗэчиифIэхэм я вагъуэбэ» зэпеуэ хьэлэмэтым адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ усэ къыщеджащ абыкIэ щIыпIэ Iыхьэхэм пашэ щыхъуа ныбжьыщIэхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Егъэджэныгъэ

Лъэпщокъуэхэ: акъужьымрэ жьэгу мафIэмрэ

2022-04-28

  •  Выгу зекIуапIэт Аруан щIыналъэр. Хуэрэджейхэр щыгъагъэрт хужьыпсу. Псынащхьэхэр къыщыщIэжырт мыутхъуэу. Вабдзэжьхэр щызэрахьэрт мыулъийуэ. МафIэгухэри зыщIыпIэкIэ къыщыгъуагъуэрт: къепщылIэпIат иджы мы лъахэм гъущIгъуэгухэр. Тафэ акъужьым къихь даущхэм хэщхьэукъуэурэ ужьгъэрт псыщхьэлхэр. Дохъушокъуэхэ я къуажэм (иджы Къэхъун) и щхьэлыжьхэр псыхъуэ мывэхэм я дзапэ уэрэдт.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ГуащIэ зиIэу, гъащIэ зимыIа

2022-04-28

  • ТхакIуэ цIэрыIуэ ДыщэкI Мухьэмэд къызэралъхурэ илъэси 120-рэ ирокъу
  •  Шэрджэс литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщ зыуэ зэрыщытым и мызакъуэу, зэчиишхуэрэ хьилмышхуэрэ зыбгъэдэлъ цIыхуу щытащ ДыщэкI Мухьэмэд. ЖыIэгъуейщ икIи къэлъытэгъуейщ абы ди лъэпкъым хуи- лэжьар, литературэмрэ щэнхабзэмрэ хэлъхьэныгъэу хуищIар, тхакIуэу, усакIуэу гъуэгу махуэ тригъэхьар.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Фэеплъ