Гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэкIэ гъэнщIат
2022-05-05
- Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ я махуэшхуэр щагъэлъэпIащ Налшык къалэм. Абы теухуа дауэдапщэхэр къызэригъэпэщащ КъБР-м и Профсоюзхэм я федерацэм.
- Накъыгъэм и 1-р дэ къыддокIуэкI пщIэ хуэтщIу, насыпрэ фIыгъуэкIэ дыщыгугъыу. Сыт хуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр екIуэкIми, ар фIыуэ ялъагъу махуэшхуэу къонэж.
- ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм и ихьэпIэм щежьэри, аллее нэхъыщхьэм ирикIуащ плакатхэр, транспарантхэр яIыгъыу цIыхуищэ бжыгъэхэр – властым и органхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, профсоюз унафэщIхэмрэ пашэхэмрэ, студентхэмрэ школакIуэхэмрэ, къалэдэсхэр. Ар екIуэкIащ «Мамырыгъэрэ Лэжьыгъэрэ!», «Дунейм нацизм щымыIэу!» къыхуеджэныгъэхэм щIэту.
- Псэр зыдэушэ гъатхэм и щIэрэщIэгъуэ дахэм, а махуэ щIэщыгъуэм цIыхухэм гушхуэныгъэ къахилъхьэрт. Пщэдджыжь дыгъэпсым зиIэтырт, Гъатхэм, Лэжьыгъэм я махуэшхуэр зыгъэлъэпIэну къызэхуэсахэм я нэгухэм гукъыдэжымрэ дэрэжэгъуэмрэ къищырт. ГуфIэгъуэм зэкъуигъэуват гъащIэ гъуэгуанэ кIыхь къызэпызыча нэхъыжьхэри къэкIуэнур зей щIалэгъуалэри.
- Зэхыхьэ гуапэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м и Профсоюзхэм я федерацэм и унафэщI Амщокъуэ ФатIимэт, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Говоров Сергей, Налшык къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Ахъуэхъу Таймураз.
- Усыгъэм и аллеем деж зекIуэр щиухри, махуэшхуэ концертым щIидзащ. Абы еплъахэм я гукъыдэжыр къаIэтащ Налшык къалэм и сабий творческэ гупхэм, КъБР-м и уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэм.
- Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ я махуэшхуэр щагъэлъэпIащ, абы теухуа гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр щекIуэкIащ республикэм и щIыналъэ псоми.
- УЭРДОКЪУЭ Женя.
- Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.