КъуэщIысокъуэхэ: тхыдэмрэ нобэрей гъащIэмрэ
2022-05-05
- Урыс тхыдэтх цIэрыIуэ Ключевский Василий зэгуэр итхыгъащ: «Адэжьхэм я дуней тетыкIам щыгъуазэ защыхуэтщIым деж, дэ абыхэм я къуэрылъхухэм я гъащIэрщ къэтхутэри зэдгъащIэри. НэгъуэщIу жыпIэмэ, дыкъызытекIахэм я псэукIар щыдджкIэ, ди щхьэкIэ зыдогъэунэхуж, дызыхуэдэр къыщIыдогъэщыж, щIэрыщIэу нэIуасэ зызыхудощIыж. Зи блэкIар зымыщIэ цIыхум зытет дунейм щищIэри щилэжьри нэсу зэхищIыкIынкIэ Iэмал иIэкъым, къыщежьэри зыхущIэкъури къыгурыIуэнукъым. ЦIыхум цIыхукIэ ущеджэнур абы къегъэжьапIэ хуэхъуам и хъуэпсапIэхэм къыпищэу, ар гъащIэм хипщэу щытмэщ. Адэжьхэр псэущ я цIэр къитIуэхункIэ, я IуэхущIафэхэм пытщэхункIэ». Пэжагъ ин зыхэлъ мы псалъэхэр гум куэдрэ къыдредзей лъэпкъхэм я къекIуэкIыкIам теухуауэ тхылъыщIэ дунейм къытехьэху. ИпэжыпIэкIэ, адыгэ жылэм и гъащIэм къыпызыщэ Iуэхугъуэу, цIыхубэр зэзыгъэплъыж къэхъукъащIэу зыкъыуагъэлъытэ апхуэдэ лэжьыгъэшхуэхэм. Ара ды-дэщ дызэгупсысар иджыблагъэ «Принт Центр» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIа, «КъуэщIысокъуэхэ: тхыдэмрэ нобэрей гъащIэмрэ» фIэщыгъэ зиIэ тхылъыр щытлъэгъуам.
- НапэкIуэцI щиплIым щIигъу тхылъ теплъафIэм къызэщIиубыдащ КъуэщIысокъуэхэ къакIуа тхыдэ гъуэгуанэм, щыпсэуа щIыпIэхэм, къызытекIахэм ятеухуа тхыдэ къэхутэныгъэхэр, къыщыхьащ лъэпкъым щыщу зи цIэ фIыкIэ Iуа цIыхухэм ехьэлIа очеркхэр, лIакъуэ щIэныгъэм къызэригъэувым тету къыщыкIуащ лъэпкъхэр унагъуэ-унагъуэкIэрэ зэхэзытхыкI икIи къудамэу зэхэзыгъэкIыж тхыгъэшхуэр. Къыхэгъэщын хуейщ тхылъым щIэнгъуазэ гъэпсыкIэ зэриIэр, ар зэхэзыгъэувахэм мыхьэнэ зрат Iуэхугъуэхэр едзыгъуэ-едзыгъуэурэ зэрызэхэгъэщхьэхукIар.
- ЩIэнгъуазэм пэублэ псалъэ хуэзыщIа КъуэщIысокъуэ Борис зэритхымкIэ, лэжьыгъэм и нэхъыбэр зэхуэзыхьэсари, очеркхэр зэзыгъэпэщари, лIакъуэ жыгыр зэхэзыгъэувари дунейм ехыжа КъуэщIысокъуэ Данилщ. «Ауэ къэхутэныгъэ щебгъэкIуэкIкIэ, зыгуэрхэр щыпIэщIэкI щыIэщ. Псори зэхуэдэу арэзы пхуэщIыркъым. Тхылъым къызэщIиубыда IуэхугъуэхэмкIэ дунейм ехыжам пщэрылъ имыхьу, дэри ди цIэр щIыдгъумэ игъуэу къэтлъытащ, упщIэ къыхэкIмэ, дэри жэуап ттыфын хуэдэу», — етх Борис.
- КъуэщIысокъуэхэ унагъуэ 411-м нызэрыхьэс лIакъуэшхуэщ. Лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ хъыбархэм къызэрыхэщымкIэ, я къуэпсыр Шапсыгъым къыщожьэ. ЗэраIуэтэжымкIэ, Беслъэн ПцIапцIэ зекIуэ щыIа-уэ къыщыкIуэжым, и лъапсэм бийр къекIуалIэри зэтригъэсхьауэ къекIуэлIэжат. Iэуэлъауэ зи цIэ щымыIэу зиплъыхьу здэщытым, пщым сабий макъ къызэхихащ. ЩIалэ цIыкIур пщым зришалIэри, и унэм къыщыхъуауэ яIуэтэж. КъуэщIысокъуэхэ я нэхъыжьхэм жаIэжу зэрыщытамкIэ, щIалэ цIыкIур Хьэтх КъуэкIасэ и бынщ. Хьэтхыр Дэуеипщым къиукIа нэужь, и быныр Къэбэрдейм къэкIуауэ щытыгъащ… Хъыбарым тегъэщIапIэ хуэхъун архив тхылъымпIэ щымыIэми, адэжьхэм хуэсакъыурэ яхъума IуэрыIуатэр щIэблэм деж къахьэсащ, иджы абы и увыпIэ тхылъми щигъуэтащ.
- Апхуэдэу щIэнгъуазэм Нэгумэ Шорэ и «Адыгэ лъэпкъым и тхыдэ» тхыгъэшхуэм къыщыкIуа зы Iуэхугъуэ щешэщI. Зи гугъу тщIыр Алхусар СэщIэсокъуэ и цIэу хъыбархэм къыхэщ лIыхъужьырщ. Ардыдэм топсэлъыхь Къардэн Чэлимэт и «Къэбэрдей пщы къудамэхэм я тхыдэ» къэхутэныгъэми. ГъэщIэгъуэн хъунт Алхусар СэщIэсокъуэкIэ зэджэр КъуэщIысокъуэхэ зэрепха щIыкIэр къэпхутэну — унагъуэцIитIыр зэпэджэжу арауэ пIэрэ хьэмэрэ я Iуэху зэхэлъ, жыпIэу.
- Архивым къыхахыжу щIэнгъуазэм къыщыкIуа тхылъымпIэхэри хуабжьу хьэлэмэт дыдэщ икIи узыблэплъыкI мыхъунщ. Апхуэдэу тхылъыр зэхэзыгъэувахэм я лIакъуэ жыгым кърамышэлIэфами, архивхэм КъуэкIасэ Аисэ и цIэм ущыхуозэ. АбыкIэ жытIэну дызыхуейр зыщ: щIэнгъуазэр зи IэдакъэщIэкIхэм къащIэхъуэ щIэблэм Iуэху къыхуагъанэ, лъэпкъым и къекIуэкIыкIар нэсу къахутэну, иджыри къыздэсым утыку имылъа тхыгъэхэр къралъхьэну къыхураджэ щIыкIэу.
- КъуэщIысокъуэхэ благъагъэкIэ лъэпкъ куэд дыдэ къапыщIащ. «Адыгэжьым и шхуэлыр кIыхьщ, Iыхьлыр и куэдщ», — жаIэ. Шэч хэлъкъым, КъуэщIысокъуэхэ я мызакъуэу, мы тхылъыр куэд дыдэм хьэлэмэт зэращыхъунур, уеблэмэ хэмыхуа е дэхуа щыIэмэ, къыхагъэхъуэжынкIэ Iэмал зэрыщыIэнур.
- ГуащIэшхуэ зрахьэлIа мы къэхутэныгъэр нэхъыжьхэм нэхъыщIэхэм зэрызыхуагъазэ псалъэ лIэужьыгъуэщ, жыпIэмэ, щыуагъэ хъуну къыщIэкIынкъым. ЦIыхум унагъуэ щIызэригъэпэщри, щIэблэкIэ щIэхъуапсэри, лъэужьыншэрэ къупщхьэншэрэ мыхъун папщIэщ, и цIэр къэкIуэну лъэхъэнэхэм хэмыкIуэдэжын щхьэкIэщ. Мы тхылъым щымыIэж нэхъыжьхэм я макъ къыхоIукI, лъэпкъым и щIалэгъуалэр цIыху хуэдэу дунейм тетыну, адыгагъэр зэрахьэну, цIыхугъэм иригъуэзэну, лIакъуэ-ри ягъэбэгъуэну къыхуриджэу. Ар зэхэзыщIыкIын щIэблэ КъуэщIысокъуэхэ зэраIэм шэч хэлъкъым.
- Тхылъыр бжыгъэкIэ мащIэ дыдэ хъууэщ дунейм къызэрытехьар. Ауэ абы и мыхьэнэр къыпхуэмылъытэну инщ, КъуэщIысокъуэхэ хуэдэ лъэпкъ куэд мыпхуэдэ щIэнгъуазэ зэхэгъэувэным хуигъэушыным, я лъабжьэр къэхутэным я IуэхукIэ.
- ШУРДЫМ Динэ.