ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Макеевкэ щыщ ныбжьыщIэхэм зрагъэгъэпсэху

2022-05-05

  • «Какваз.РФ» IуэхущIапIэм и жэрдэмкIэ, Кавказ Ищхъэрэм и зыгъэпсэхупIэхэм я нэгу зыщрагъэужь Донбассым къраша сабийхэм.

  • Сабий 35-м иджыблагъэ зыщрагъэплъыхьащ Iуащхьэмахуэ лъапэ. Ахэр щагъэгъуэзащ Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм апхуэдиз зи лъагагъ бгым зэхэуэ гуащIэхэр зэрыщекIуэкIами.
  • «Кавказ.РФ»-м и лэжьакIуэхэм, зыгъэпсэхуакIуэхэм зезыгъэплъыхь IэщIагъэлIхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ я гъусэу, ныбжьыщIэхэр кIапсэ гъуэгукIэ драшеящ метр 3500-кIэ. «Мир» къэувыIэпIэм деж абыхэм хуиту заплъыхьащ, апхуэдэуи Iуащхьэмахуэ бгым теухуа Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэнхэм щIагъэдэIуащ.
  • «ИкъукIэ псори сигу ирихьащ. Япэу слъагъуу аращ мыпхуэдэ бгы абрагъуэхэр. ЗыхэсщIэ гурыщIэхэр къысхуэмыIуэтэнщ», — жиIащ илъэс 12 зи ныбжь Даниил.
  • Азау аузым деж ныбжьыщIэхэм балъкъэр лъэпкъ шхыныгъуэхэм щыщ ирагъэшхащ икIи «Кавказ.РФ» IуэхущIапIэм къыбгъэдэкI тыгъэхэр иратащ.
  • Iуащхьэмахуэ лъапэ къыщыщIэж нартсанэпс ирафа нэужь, ахэр щыIащ Тырныауз къалэм и гимназие №5-м. Абдежым ахэр щрагъэдэIуащ Хэку зауэшхуэм теухуа уэрэдхэмрэ хъыбархэмрэ.
  • — Балигъми хуэмыхьынщ мы сабийхэм я нэгу щIэкIам хуэдэ. А цIыкIухэм я гур фIы яхуэтщIын щхьэкIэ я нэгу зедгъэужьыну мурад тщIащ. Ди гупым хэтхэм фIыщIэ яхузощI зэман кIэщIым къриубыдэу ахъшэ зэхуахьэсу, Донбассым щекIуэкI зэхэуэхэм къыхаша сабийхэм мыпхуэдэ Iуэху дахэ къызэрыхузэрагъэпэщам папщIэ, — жиIащ «Кавказ.РФ»-м и генеральнэ унафэщI ТIымыжь Хьэсэн.
  • Фигу къэдгъэкIыжынщи, Донецк ЦIыхубэ Республикэм хыхьэ Макеевкэ къалэм щыщ сабийхэм мы зэманым я узыншагъэр щрагъэфIакIуэ икIи зыщрагъэпсэху Налшык къалэм дэт «Лэгъупыкъу» санаторэм. Илъэси 6-15 зи ныбжь цIыкIухэр дохутырхэмрэ психологхэмрэ я нэIэм щIэтщ. КъищынэмыщIауэ, школ программэм къыкIэрымыхун папщIэ, ахэр ирагъаджэ.
  • БАГЪЭТЫР Луизэ.
  • Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ