ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

КъБКъУ-р дунейпсо  пщалъэм хохьэ

2022-05-05

  • Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр иджыблагъэ дунейпсо щIэныгъэ пщалъэм хыхьащ. Зи гугъу тщIы мардэр къызэзыгъэпэщар Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэрщ (ООН), зытеухуари щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм я лэжьыгъэр жылагъуэм и зыужьыныгъэм зэрытелажьэр къэхутэнырщ (гъэунэхуныгъэхэр 2030 гъэ пщIондэ екIуэкIыну траухуащ).

  • Дунейпсо пщалъэм къитIасэ еджапIэ нэхъыщхьэхэр къыхэзыхыр «Times Higher Education» зи фIэщыгъэ журналырщ. Ар тхьэмахуэм зэ къыдокI, къытехуэ тхыгъэхэри зытеухуар щIэныгъэ нэхъыщхьэм епха хъыбархэрщ, абы къыщыхъу Iуэхугъуэхэрщ. «Times Higher Education» журналыр дзыхь нэхъ зыхуащI, пщIэ зиIэ щIэныгъэ журналищым языхэзщ. Япэ итыр «Quacquarelli SymondsWorld University Rankings» журналымрэ «Дунейпсо университетхэм я академие пщалъэ» (ARWU) жыхуиIэмрэщ. Журналым иригъэкIуэкI къэхутэныгъэхэм нэхъыбэу тегъэщIапIэ ящIыр еджэныгъэм хэлъ фIагъым и закъуэкъым, абы къехутэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэныгъэм хуащI хэлъхьэныгъэри, абыхэм яIэ мыхьэнэри, ар цIыхубэм зэралъэIэсри, жылагъуэ-экономикэ зыужьыныгъэм зэрыхэтри.
  • 2022 гъэм «The University Impact Rankings» и щIэныгъэ пщалъэм еджапIэ нэхъыщхьэхэм ящыщу къилъытэу къэралищэ 106-м я щIэныгъэ-егъэджэны-гъэ IуэхущIапIэ 1400-м я цIэр къриIуащ. Урысейм щыщ еджапIэ 96-рэ хиубыдащ абы.
  • ЩIэныгъэ пщалъэр университетхэм лэжьыгъэ щрагъэкIуэкI IэнатIищым еухуэ: къэхутэныгъэм — щIэныгъэм и жыпхъэм зэризагъэр, абы унэтIыныгъэ зыбжанэ зэрызэрипхыр, зэIумыбзу, ауэ дунейпсо мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэхэр зэрызэфIихыр къэлъытауэ; жылагъуэмкIэ унэтIауэ зэрыщытым — университетым иригъэкIуэкI лэжьыгъэр дунейпсо экономикэм, жылагъуэ щыIэкIэм, цIыхубэ зэхэтыкIэм зэрахуэщхьэпэр къэлъытауэ; унафэ зегъэкIуэным икIи бжьыпэр Iыгъыным — Iэмалхэр шэщIауэ къэгъэсэбэпыныр, университетым иригъэкIуэкI къэхутэныгъэхэр еджэныгъэм хэпщэныр, жылагъуэ гупсысэкIэр унэтIыныр. Ахэр езы университетхэм хэIущIыIу ящIа я ехъулIэныгъэхэм, «Elsevier» IуэхущIапIэми зэхуихьэс библиометрие материалхэм тращIыхь. Псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, «Elsevier» IуэхущIапIэр дунейм щыцIэрыIуэ тхылъ тедзапIиплIым языхэзщ, щIэныгъэ журналу къыдэкIым къытехуэ тхыгъэхэм я Iыхьэ плIанэм хуэдиз тридзэу.
  • ЩIэныгъэ пщалъэм къилъытэн икIи хэхуэн папщIэ университетым IуэхугъуиплIым теухуа тхылъымпIэхэр игъэхьэзырын хуейщ.
  • «Times Higher Education» журналым и аналитикхэм къызэратымкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и лэжьыгъэр жылагъуэм и зыужьыныгъэм зэрытелажьэм (ЦУР) теухуауэ пэрытхэм ящыщщ: узыншагъэр хъумэнымрэ ефIэкIуэныгъэмкIэ — 3, цIыхум щIэныгъэфI бгъэдэлъхьэнымкIэ — 4, лэжьыгъэ IэнатIэ пэрыувэнымрэ хэхъуэ зэгъэгъуэтынымкIэ — 8, зыужьыныгъэм хуэунэтIауэ IуэхугъуэщIэ къэгъуэтынымкIэ — 17 хуагъэуващ.
  • ЩIэныгъэ пщалъэм ипкъ иткIэ, КъБКъУ-р 1001+ гупым хэхуащ. А гупым хэтщ Мэзкуу дэт политехникэ къэрал университетыр, Ивановэ дэт, химиемрэ технологие хуэIухуэщIэхэмкIэ къэрал университетыр, Къэзан дэт лъэпкъ щIэныгъэ-технологие университетыр, нэгъуэщIхэри. УФ-м и еджапIэ нэхъыщхьэ 96-м щыщу КъБКъУ-м 60-нэ увыпIэр иIыгъщ.
  • ШУРДЫМ Динэ.