ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Июль, 2021

Ди  къалащхьэм  и  теплъэр нэхъри  зыгъэдэхэну  хьэщIэщ

2021-07-10

  • КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек бадзэуэгъуэм и 8-м зыщиплъыхьащ 1905 гъэм щыIа Революцэм и цIэр зезыхьэ Республикэ полиграфкомбинатыр щылажьэу щыта унэм. Мы зэманым ар зэрагъэпэщыж, иджырей хьэщIэщ абы къыщызэIуахыну я мураду. Республикэм и УнафэщIыр яIущIащ инвестицэ компанием и лIыкIуэхэм, Налшык къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Ахъуэхъу Таймураз икIи инвестицэ проектыр гъэзэщIа зэрыхъум тепсэлъыхьащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Хужь-фIыцIэ-яжьафэ

2021-07-10

  • Америкэм къыщалъхуащ икIи щыпсэуащ. Адыгэщ! Хамэ щIыпIэм къыщыхъуа щIалэщIэм зэрыадыгэр щхьэ къыфIэIуэхун хуей?! Ар лъым и къарущ. Аращ дунейм хэгуэша адыгэр дызэпызыщIэжри.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Щэнхабзэ

«Спартак-Налшыкым» аргуэру и тренер нэхъыщхьэщ Биджиев Хьэсэнбий

2021-07-10

  • Мыгувэу щIэзыдзэну Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щекIуэкIыну зэхьэзэхуэмрэ къэралым и кубокыр къэхьыным теухуа зэпеуэмрэ «Спартак-Налшыкыр» хыхьэнущ Биджиев Хьэсэнбий и тренер нэхъыщхьэу. Апхуэдэ хъыбар вэсэмахуэ къытIэрыхьащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол

ПсэщIэ  къызэрыхыхьэж    Iэмалщ

2021-07-10

  • Лэжьыгъэм, еджэныгъэм, унагъуэр зыхуей хуэгъэзэным зыкъыдигъахуэу, цIыхур щIыпIэ хэха гуэрым, зыщигъэпсэхун, и узыншагъэр щызэтригъэувэжын папщIэ, зэрыкIуэм «рекреацэ туризм»-кIэ йоджэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

КъБР-м и ТВ

2021-07-10

  • 1КъБР „Мир“ канал
  • Блыщхьэ, бадзэуэгъуэм и 12
  • 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 6.35 «Си гукъэкIыжхэр» (адыгэбзэкIэ) (12+)
  • 7.15 «Зэманым декIуу» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
  • 7.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+)
  • 8.20 «Хэкужьыр зыгъуэтыжахэр» (адыгэбзэкIэ) (12+)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Нэтынхэр

ФокIадэ мазэм ДАХ-м и Зэхуэсышхуэ екIуэкIынущ

2021-07-10

  • Ди газетым зэрытетащи, бадзэуэгъуэм и 3-м Мейкъуапэ щекIуэкIащ Ду-нейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэм и зи чэзу зэIущIэ. Абы хэтащ Тырку, Иордание, Сирие къэралыгъуэхэм, Адыгэ, Къэрэшей-Шэрджэс, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм, Ставрополь, Краснодар щIыналъэхэм щыIэ хасэ къудамэхэм я лIыкIуэхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Лъэпкъ Iуэху

ЩIэблэм  я щапхъэ

2021-07-10

  • ЦIыхухэр я теплъэкIэ зэрызэмыщхьым хуэдэу, я хьэл-щэнкIи, я IуэхущIафэкIи зэхуэдэкъым. Абы къыхэкIыу тхузэфIэкIыркъым гулъытэ лей зыбгъэдэлъ цIыху гуащIафIэхэм зэман-зэманкIэрэ я гугъу дымыщIу. Псом хуэмыдэу ар махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу зи дуней тетыкIэ укIэлъыплъыну Iэмал зыхуэбгъуэт, къэплъыхъуэми, дагъуэ гуэри щIыхуэпщIыфын щхьэусыгъуэ зыдумылъагъу цIыхуу щытмэ. Апхуэдэщ  си дежкIэ си адэ шыпхъу Феня.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди нэхъыжьыфIхэр

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2021-07-10

  • ГъэщIэгъуэнщ
  • Бзэ дапщэ зригъэщIэфыну цIыхум?
  •  Лондон дэт колледжым лингвистикэмкIэ и профессор Хадсон Дик 2003 гъэм и жэпуэгъуэм упщIэ игъэуват: «Полиглотхэм ящыщу хэт бзэ нэхъыбэ дыдэ зыщIэр?».
  • «Си адэшхуэрагъэнщ!», — къыхуитхыжащ абы США-м щыпсэу зы щIалэм, и цIэ-унэцIэр къраIуэну зэрыхуэмейр кIэщIэту.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис