ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Август, 2021

Сымаджэхэм я щытыкIэр нэхъ тынш щащIу

2021-08-31

  • Мы махуэхэм республикэм щыIащ УФ-м и Президентым и деж граждан жылагъуэм зыщегъэужьынымрэ цIыхухэм я хуитыныгъэхэмкIэ щылажьэ советым хэт, Лышх узыфэхэр зыпкърыт сымаджэхэм дэIэпыкъуэгъу яхуэхъу «Здравствуй» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Борововэ Иринэрэ а IуэхущIапIэм КИФЩI-м щиIэ жылагъуэ къудамэхэм я пашэ, «Светлячок» фIэщыгъэр зиIэ онкоблогер цIэрыIуэ Келехсаевэ Оксанэрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Узыншагъэ

Автовокзалыжьым и пIэкIэ – сквер

2021-08-31

  • ЦIыхубэ транспортыр къыгуэхыпIэ имыIэу къалэ гъащIэм зэрепхам шэч хэлъкъым. Налшык къызэIуаха «Ищхъэрэ» автовокзалыщIэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм псалъэмакъ зэхуэмыдэхэр иращIэкIащ. Иджыри абы теухуа упщIэхэр зиIэри мащIэкъым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

«APKBR.RU» («Адыгэ псалъэ») электрон газетыр махуэ къэс къыдокI

2021-08-31

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм адыгэбзэкlэ къыщыдэкl газет закъуэм — «Адыгэ псалъэм» — нобэ иlэ мыхьэнэр къыпхуэмылъытэн хуэдизу инщ! Иджырей технологиехэр тепщэ щыхъуа, урысыбзэрэ инджылызыбзэкlэ хъыбар куэд къыщытlэрыхьэ, дуней псом щекIуэкIыр ди Iэгу илъ телефоным къыщидджыкI зэманым адыгэ литературэбзэ къабзэ а «бэджыхъым» щызыгъэпсалъэр «Адыгэ псалъэ» газетым и электрон къыдэ- кIыгъуэм и закъуэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъыбар гуапэ

Си еджапIэ — си къежьапIэ

2021-08-31

  • Зэпэщу ирохьэлIэж
  • Пщэдей, фокIадэм и 1-м, ди республикэм и школхэм, гъэсапIэхэм гуфIэгъуэ щытыкIэм иту яублэнущ 2021 — 2022 гъэ еджэгъуэщIэр. Сабийхэм я гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэм къриубыдэу зыхуей хуагъэзэжа, зэпэщ ящIыжа еджапIэхэм, сабий садхэм я бжэхэр хуиту къызэIуахыжынуж, нэхъапэм зэреса мардэхэм тету. ЩIэуэ къежьа уз зэрыцIалэ лIэужьыгъуэу «коронавирус» фIэщыгъэр зиIэм пэщIэувэн мурадкIэ, школ унафэщIхэми, егъэджакIуэхэми, гъэсакIуэхэми — сабийхэм ядэлажьэхэм ящыщ куэдым мастэхэр зыхрагъэлъхьащ. «Роспотребнадзор»-м къигъэув хабзэхэр ткIийуэ ягъэзащIэу, гъэ еджэгъуэщIэм зэрыщIидзэм и нэщэнэ япэ уэзджынэри къеуэу, ди щIыналъэм и егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IуэхущIапIэхэм лэжьэн щIадзэж.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Егъэджэныгъэ

IэнатIэ куэдым хуэIэижь

2021-08-31

  • ШыщхьэуIум и 30-м и ныбжьыр илъэс 80 ирикъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэрал, спорт IэнатIэхэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа, Налшык къалэм и Iэтащхьэу, КъБР-м и Президентым и чэнджэщэгъуу илъэс куэдкIэ псэхьэлэлу лэжьа, футболымкIэ ди «Спартак» командэр къыщызэрагъэпэщам япэ дыдэу хыхьахэм ящыщ зы, абы и капитану щыта, СССР-м спортымкIэ и мастер пщIэшхуэ зыхуэфащэ Сыжажэ Валерэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

ЩIалэхэм Налшык къагъэзэж

2021-08-31

  • «Спартак-Налшык» (Налшык) – «Легион Динамо» (Мэхъэчкъалэ) – 1:1 (1:0). Налшык. «Спартак» стадион. ШыщхьэуIум и 29-м. ЦIыхуи 150-рэ еплъащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол

ЕгъэджакIуэхэм я республикэпсо чэнджэщапIэ

2021-08-28

  • Налшык дэт, ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ я творчествэмкIэ уардэунэм шыщхьэуIум и 26-м щекIуэкIащ ди республикэм и егъэджакIуэхэм я пленарнэ зэIущIэ ин.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Егъэджэныгъэ

Казбек и Адыгэ пщэфIапIэр

2021-08-28

  • дыгей Республикэм укIуа нэужь, уагъэлъагъунрэ узэрыдахьэхынрэ я куэдщ. Иджыблагъэ сыщыщыIам хуабжьу сфIэгъэщIэгъуэн хъуат КъуэкIыпIэ музейм и Кавказ Ищхъэрэ къудамэу Мейкъуапэ дэтым и пщIан-тIэм пIалъэкIэ къыдагъэува Адыгэ пщэфIапIэр. Ар щIыпIэ куэдым цIэрыIуэ щыхъуа «Матэ» адыгэ кхъуейр зыщI Цышэ Казбек къигупсыса проектхэм языхэзт. «Лъэужь» зыфIища а Iуэху дахэм и купщIэмрэ и мыхьэнэмрэ къытхуиIуэтат езым абы щыгъуэм. Зыпэрыт Iуэху къызэрымыкIуэм хуиIэ творческэ бгъэдыхьэкIэр дгъэщIэгъуауэ дыкъэкIуэжат. Куэд дэмыкIыу Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ Налшык къэкIуати, ди хьэщIэщым къедгъэблагъэри, зи яужь итхэм нэхъ гупсэхуу тедгъэпсэлъыхьащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Егъэджэныгъэм и фIагъыр къэIэтынырщ школым и къалэн нэхъыщхьэр

2021-08-28

  •  КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Езауэ Анзор шыщхьэуIу зэIущIэр къызэIуихащ. И пэублэ псалъэм ар къызэхуэсахэм щехъуэхъуащ гъэ еджэгъуэщIэмкIэ, IэнатIэм хэт дэтхэнэми узыншагъэрэ ехъулIэныгъэрэ иIэу лъэхъэнэр ирихьэкIыну зэригуапэр къыхигъэщащ. АдэкIэ абы псэлъапIэр хуит хуищIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Республикэм и УнафэщIым зэрыжиIамкIэ, гъэ еджэгъуэ блэкIар хьэлъэу щытащ ди къэралми республикэми я дежкIэ, дызэрыт эпидемилогие щытыкIэ къызэрымыкIуэм къыхэкIыу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Егъэджэныгъэ

Урысейм и щIалэгъуалэр КъБР-м щохьэщIэ

2021-08-28

  • Дунейпсо ломоносовскэ клубым къызэригъэпэща проект гъэщIэгъуэным ипкъ иткIэ, шыщхьэуIум и 21-м Къэбэрдей-Балъкъэрым щыхьэщIащ Урысейм и хэ-гъэгу 16-м щыщ щIалэгъуалэ зэчиифIэхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Щхьэгуащэ гущэуи Тхьэр зыдэбгэным, лъы бахъае гущэри къызэрыдох…

2021-08-28

  • (ВытхьэкIумэ Къамболэтрэ Выжькъуапэ зауэмрэ я гъыбзэр)
  • Анэм и нэпсыр мащIэу къекIуами, абы гу лъитауэ имыгъэхыщIэ щыIэу къыщIэкIынкъым. Пэжу, щыIэщ бын, игу илъыр къызыхуэIуатэ, анэм и гур псалъэ дахэкIэ фIы къэзыщIыжыф. ЩыIэщ бын, апхуэдэ псалъэхэр зыхузэмыгъэпэщ, и гущIэм зигъазэми, къызыхудэмышей, къызыхимыгъэщу зыгъэв. Ауэ, хьэкъыр аращи, анэм и нэпсым дунеижьыр къегъэпсалъэ. Анэр гуIэмэ, щIыри догыз, ауэ сытми жаIакъым. Я хъыбар зэхахыжами, езыхэм я нэгу щIэкIыпами, къэзылъхуа анэхэмрэ анэшхуэхэмрэ я щхьэ кърикIуахэр ягу къыщридзэжкIэ, ди нанэхэм нэпс гуащIэхэр щIагъэкIыу, гъыбзэ кIыхьхэр хузэпащэу зэрыщытар сэ къэслъагъужыну игъуэ сихуащ. Гъэрибщыс хуащIу илъэсым зэ, гъатхэкухэм деж, цIыхубз нэхъыжьхэм къыхалъхьэрти, зи цIэ къащIэжи, щIэблэ ямыщIэу яIэщIэхужаи къамыгъанэу КъурIэн хуагъазэу, жьэрымэ хуагъэууэ нэху щыху зэхэст. Жэщ ныкъуэр тхьэлъэIурэ духьэкIэ ягъэкIуа нэужь, нэхущнэгъым зыкъызэкIэщIитхъыху гъыбзэ кIыхьхэр кърашу къэнэжа уахътыр ягъакIуэрт. Гъэрибщысхэм деж щыжаIэ гъыбзэ гущIыхьэхэм, и пшыналъэм зэчырым и пкъыр щIэту, щабэрэ пхуэмыIуэтэну дахащэу зэпадзыжхэм ящыщт Выжькъуапэ деж щекIуэкIа зауэм хэкIуэда цIыхубз лажьэншэхэм я гъыбзэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Тхыдэ

Гулджан къызыхэкIар зэи щыгъупщэркъым

2021-08-28

  • Тырку Республикэм щыцIэрыIуэ уэрэджыIакIуэ Алтан (Бэгъущэ) Гулджан (Gulcan) и цIэр зэхэзымыха зы адыги щыIэу къыщIэкIын-къым. Иджыпсту псоми тIэщIэлъ гаджетхэр сэбэп мэхъу ди лъэпкъэгъухэм хамэ къэралхэм щаIэ псэукIэмрэ ехъулIэныгъэхэмрэ къэтщIэнымкIэ. Гулджан Инстаграмым щиIэ напэкIуэцIым иджыблагъэ кърилъхьа видео теплъэгъуэм иджыри зэ ди гур хигъэхъуащ. Адыгэ фащэкIэ зэщыхуэпыкIа ныбжьыщIэ цIыкIухэр щIыгъуу адыгэ уэрэдхэр концертым щыжиIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Щэнхабзэ

Адэжь хэкуми Бибарс щоджэгу

2021-08-28

  • Израилым и адыгэ къуажэ Кфар-Камэ щыщ футболист цIэрыIуэ Натхъуэ Бибарс шыщхьэуIум и 5-м и адэжь щIыналъэм — Сочэ къалэм — щыджэгуащ. «Фыщт» стадионым щызэIущIащ Краснодар крайм и «Сочи» футбол командэмрэ Сербием и «Партизан» гупымрэ. Ди лъэпкъэгъу футболист цIэрыIуэм иджы япэу къыхуихуауэ аращ ди лъахэм щыджэгуну.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол

Ислъамым и нур

2021-08-28

  •  Мулид мазэ лъапIэр
  • Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа Мухьэмэд бегъымбарыр дунейм къыщытехьа мазэ лъапIэр къэблэгъащ. Мы гъэм ар тохуэ жэпуэгъуэм (октябрым) и 18-м.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Дин Iуэху

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2021-08-28

  • Зы сампIэм ситI зэдихуэркъым
  • Зы жьэм жьэдыхьэр жьищэм жьэдохьэ. Псалъэр псынщIэу хэIущIыIу зэрыхъум теухуащ.
  • Зы лIыр джэдыгуибгъурэ лIибгъур джэдыгуншэу. Зым Iыхьэ Iэджэ лъос, зы Iыхьи ялъыскъым Iэджэм.
  • Зы сампIэм ситI зэдихуэркъым. Пашэныгъэр, бжьыпэр, тетыгъуэр убыдыным зэхуэдэу хущIэкъухэр зэгъусэу зэдекIуэкIыфыркъым.
  • Зы хьэнэф зы хьэнэф и пщыжщ. Унафи хабзи яIэжкъым: зым зыр кърехуэкI — я Iуэху зэIумыбзщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис

« Раньше