Зыгъэпсэхугъуэ махуэм
2021-07-10
- ГъэщIэгъуэнщ
- Бзэ дапщэ зригъэщIэфыну цIыхум?
- Лондон дэт колледжым лингвистикэмкIэ и профессор Хадсон Дик 2003 гъэм и жэпуэгъуэм упщIэ игъэуват: «Полиглотхэм ящыщу хэт бзэ нэхъыбэ дыдэ зыщIэр?».
- «Си адэшхуэрагъэнщ!», — къыхуитхыжащ абы США-м щыпсэу зы щIалэм, и цIэ-унэцIэр къраIуэну зэрыхуэмейр кIэщIэту.
- Абы жиIэрт и адэшхуэ итальянецыр блэкIа лIэщIыгъуэм и 10-нэ гъэхэм Сицилием къикIыу Америкэм зэрыIэпхъуар, ар зэи школ зэрыщIэмысар, ауэ бзэхэр зэман кIэщIым къриубыдэу къызэрипхъуатэр. ЩIэныгъэ зимыIэ сицилиецым и ныбжьыр щыхэкIуэтам бзэ 70 ищIэрт, абыхэм ящыщу 56-м иритхэфу, иреджэфу.
- Ар Нью-Йорк щыIэпхъуам и ныбжьыр илъэс 20 хъууэ арат. ГъущI гъуэгу вокзалым хьэлъэзехьэу щылажьэу арати, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ куэдым ящыщ цIыхухэм ирихьэлIэрт, арагъэнщ бзэхэм яхуищIа лъагъуныгъэр къызыхэкIар.
- Хьэлъэзехьэм и Iуэхур фIы дыдэу екIуэкIырт, ахъшэ хъарзыни къилэжьырт, зэрихьэлIэ цIыхухэм елъытауи, бзэщIэхэр къищIэрт. Абы и къуэрылъхум зэрыжиIэжымкIэ, 50 гъэхэм адэшхуэмрэ къуэрылъхумрэ дунейр мазихкIэ къызэхакIухьащ. Сыт хуэдэ къэрал къыщымыхутами — Венесуэлэ, Аргентинэ, Норвегие, Англие, Португалие, Италие, Грецие, Турция, Сирие, Египет, Ливие, Мароккэ, ЮАР, Пакистан, Индие, Таиланд, Малайзие, Индонезие, Австралие, Филиппинхэр, Гонконг, Японие — дадэр цIыхухэм зэрепсалъэ бзэр фIыуэ игъэшэрыуэрт.
- Таиландым щынэсам лIыжьым тай бзэр ищIэртэкъым, ауэ тхьэмахуитI щыIати, я къэкIуэжыгъуэм ирихьэлIэу псэлъэф хъуат. Тхыгъэр къэзытх и къуэрылъхум дзэм къулыкъу щищIэу Таиландым зы илъэсрэ ныкъуэрэ щыIауэ къэкIуэжати, абы зэрызригъэщIам нэхърэ нэхъыфIу зэгуэр тхьэмахуитIкIэ а къэралым щыIа дадэр псалъэрт.
- Полиглотым и къуэрылъхум жиIэрт, бзэхэр фIыуэ зыгъэшэрыуэр и адэшхуэм зэримызакъуэр, атIэ абы и адэжри бзэуэ щэм нэблагъэ ищIэу зэрыщытар.
- Хадсон профессорым и упщIэм и жэуапу цIыхухэм къыхуатхащ итальян кардинал Меццофанти Джузеппе (1774-1849) бзэ 72-рэ ищIэу зэрыщытар, абыхэм ящыщу 39-мкIэ шэрыуэу псэлъэфу къызэрекIуэкIар. Апхуэдэ дыдэу венгр зэдзэкIакIуэ Ломб Като (1909-2003) бзэ 17-м ирипсэлъэфырт, иджыри 11-кIэ къеджэфырт. Нэмыцэ Кребс Эмиль (1867-1930) бзэ 60 ищIэрт, псалъэм папщIэ, ермэлыбзэр тхьэмахуи 9-м къриубыдэу зригъэщIат. Абыхэм яхыубжэ хъунущ бзэ 24-рэ зыщIэу щыта нэмыцэ щIэныгъэлI Энгельс Фридрихи.
- Апхуэдэ цIыху щэджащэхэм «гиперполиглот» яфIищащ Хадсон Дик. Абыхэм профессорым яхебжэ бзих е нэхъыбэ зыщIэхэр. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ЩIы хъурейм и языныкъуэ плIанэпэхэм щыпсэухэм бзитху шэрыуэу зыщIэхэр яхэтщ. Псалъэм папщIэ, Швейцарием къэралыбзиплI щыIэщ, ахэри ящIэ, етхуанэу инджылызыбзэри нэхъыбэм зэрагъащIэ.
- Лингвистхэм, психологхэм, нейробиологхэм зэхагъэкI апхуэдэ цIыхухэм я щхьэкуцIым и зэхэлъыкIэр нэгъуэщIу арарэ я егугъуныгъэкIэ зэрагъэщIэрарэ. Псалъэм папщIэ, Шлиман Генрих дунейпсо коммерсанту зэрыщытым къыхэкIыу бзэ 15 зригъэщIэн хуей хъуащ, къимыгъэсэбэпу хъуртэкъыми. ЗэрыжаIэжымкIэ, кардинал Меццофанти Италием зэрыщыпсалъэ бзэ нэхъ цIыкIухэм ящыщ зыгуэр зы жэщым зригъэщIат, пщэдджыжьым щхьэпылъэ ящIыну зы щIалэ-щIэпхъэджащIэм и иужьрей псалъэхэм щIэдэIужын хуейти.
- Бзэ куэд зыщIэ цIыхухэм ятеухуауэ мыаэрзыныгъэ къэзыIуатэхэр сыт щыгъуи щыIэщ. Апхуэдэу языныкъуэхэм шэч къытрахьэ Меццофанти бзэ 72-рэ ищIэу зэрыщытам. А къомыр зэбгъэщIэн папщIэ зэман дапщэ текIуэдэну? Бзэ къэс псалъэ мин 20 зэрыхэтыр къэплъытэмэ, цIыхум зы дакъикъэм къриубыдэу зы псалъэ зэрыхузэгъащIэм тепщIыхьмэ, бзэ 72-рэ зэбгъэщIэн папщIэ илъэситхурэ ныкъуэкIэ махуэ къэс сыхьэт 12-кIэ убгъэдэсын хуейщ. Апхуэдизыр зэбгъэщIа нэужьи, пщымыгъупщэжу урипсэлъэфын щхьэкIэ, зэман дапщэ тебгъэкIуэдэн хуей?!
- Лингвистхэм къызэралъытэмкIэ, абы пхузэфIэмыкIын хэлъкъым. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, Массачусетскэ технологие институтым (США) щылажьэ Флинн Сюзаннэ къызэрилъытэмкIэ, цIыхум и акъылыр бзэ дапщи хузэгъэщIэн хуэдэу ухуащ, зэман хурикъумэ. Гарвард университетым (США) щыщ Пинкер Стивени бзэ куэд зэбгъэщIэным ямылей хэлъу къыщыхъуркъым, ауэ зи ухуэкIэкIэ зэщхь бзэхэр пфIызэхэзэрыхьынкIэ хъунущ.
- Китайм щыIэ Германие посольствэм зэдзэкIакIуэу щылэжьа, нэмыцэ гиперполиглот Кребс и щхьэкуцIым щхьэхуэныгъэ гуэрхэр иIэу къахутащ. Ауэ ар иIэу къалъхуарэ бзэ 60-м щIигъу зригъэщIа нэужь, апхуэдэу хъуарэ зыми ищIэркъым.
- Дохъушокъуэ Синэ.
- Жьынду Iущым и таурыхъхэр
- Жыг ку гъуанэ
- Дыгъэр къухьэри, гъэмахуэ пщыхьэщхьэр къихьащ. Жыгым идз ныбжьхэр нэхъ кIыхь хъуауэ, мэзыр щIыIэтыIагъэм зэщIещтэ. Нанэ лъэтэкIэ сигъасэрт. Сэ сыжьынду пIырыпIыжь цIыкIути дыхьэшхэну фIэкIа сылъэтэфыртэкъым. Ауэ нанэ сытригъэгушхуэрт, си дамэхэри сшэщIыхукIэ къысщытхъурт. ЛъэтэкIэм зыхуезгъэсэныр си дежкIэ гуфIэгъуэт. Ди унагъуэр щыпсэу жыгым и зы къудамэм дыгъуасэ сытелъэтыкIри, адрей къудамэм нэс сылъэтэфащ. Нобэ нанэ къызжиIащ гъунэгъуу щыт жыг щхьэ баринэм нэс сылъэтэну. А жыгыр апхуэдизкIэ баринэщи, гъунэгъуу щыт адрей жыгхэм къудамэхэмкIэ ялъэIэсырт. Сэ сыкъэгузэващ: схузэфIэмыкIмэ-щэ? Ауэ нанэ егъэджакIуэ Iэзэ дыдэщ. Си дамэхэр зыбжанэрэ тезгъауэри, гъунэгъу жыгым и къудамэм нэс сылъэтащ. Сыту фIыIуэ-тIэ! Абдежым жыг лъэдийм иIэ ку гъуанэшхуэм гу лъыстащ — щхьэгъубжэм ещхьт ар. Сиплъэну сигу къэкIауэ зыщысшийм, нанэ и гуапэ мыхъуауэ зыщIэдэIукIащ…
- Дакъикъэ зыбжанэ дэкIа иужь абы жиIащ:
- — КъызэдаIуэт, цIыкIуэ! Мы инышхуэр жыгейщ. Зэгуэрым ар жыгыщIэ цIыкIуу щытащ, жьыбгъэм игъэкIэзыз тхьэмпэ зыбгъупщI фIэкIа пымыту. Езыри жьыбгъэ ин къепщэмэ, адэ-мыдэкIэ иригъащIэрт. Ауэ жыгейр жыгейщ. Зэман дэкIри ар инышхуэ, лъэщ щыхъум, пагагъэр къытекIуащ. Зы псэущхьи абы и деж шхыни псэупIи къыщилъыхъуэртэкъым. Зы бзу закъуи ицIыхуртэкъым. Арати, жыг пхъафэр зышх хьэпIацIэхэр къеуэсащ. Япэ щIыкIэ жыгейм абыхэм гу ялъитакъым. Ауэ хьэпIацIэхэр куэдыкIей хъури, жыгей пхъафэр щэщэным нэсащ. Абдежым жыгейм къыгурыIуэжащ и щыуагъэр — ауэ и узым и закъуэ пэлъэщынутэкъым. Нэщхъей къэхъуащ… И къудамэ баринэхэри къелъэхъшэхащ…
- Гъунэгъу жыгым жыгыуIур щыпсэурт. Ар жыгхэр гъэхъужынымкIэ Iэзэ дыдэт. КъыгурыIуащ абы жыгейр и дуней тетыкIэу щытам зэрыриукIытэжыр, бзу цIыкIухэм я жагъуэ зэрищIу щытамкIэ зэрыхущIегъуэжыр. Арати, жыгыуIур абы еIэзэу щIидзащ. Гугъут ар зыIуува IэнатIэр. ХьэпIацIэхэм и закъуэ япэлъэщыртэкъым. ЖыгыуIум къыдэIэпыкъуну адрей и ныбжьэгъу бзухэри къэлъэтащ. КIыгуугури къраджащ. ЗэгурыIуэу зэдэлажьэри, бзухэм жыгейр ягъэкъэбзащ. Абы къудамэщIэхэр къыдэжыжащ. И щхьэ баринэри лъагэу иIэтыжри, бзухэр къригъэблэгъащ и деж щигъэпсэуну. Иджы еплъ абы и ку гъуанэхэм щыпсэу бзухэм я куэдагъыр.
- Си щхьэр къэсIэтри, жыгыщхьэм сыдэплъеящ. Пэжщ… Абгъуэ инхэри цIыкIухэри зыр зым кIэщIэсу къудамэхэм фIэзт. Фэтэр куэду зэхэт чэщанэм ещхьт а жыгыр.
- — Нанэ, хэт мобы исыр? — си дамэр сшиящ ку гъуанэмкIэ.
- — Щэхуу… Абы кIэпхъ щопсэу. Иджыпсту абы шыр цIыкIу зэраншухэр иIэщ. Ар махуэ псом абыхэм якIэлъоплъ. ТIэкIу щхьэукъуахэщ иджыпсту. Зрегъэпсэху кIэпхъ анэми. А ку гъуанэр жыгыуIум и чэнджэщкIэ псэупIэ а зэрыбыным ящIащ. Щэху цIыкIуу иплъэт…
- Сиплъэмэ… сыту телъыджэ! Ку гъуанэр фэтэр дыдэм хуэдэщ. Къабзэ дыдэу зэлъыIухащ, шхын гъэтIылъыгъэхэр плIанэпэм щызэтелъщ.
- — УэI, плъэгъуа! — зысхуэшыIакъым сэ, згъэщIэгъуащ.
- А напIэзыпIэм нанэ къыскIэщIэуэри жыгей щIагъым сыкъыщIэхутащ. Сышынэнуи сыхунэсакъым, нанэ къызбгъэдэтт. Ар къызэшхыдащ: кIэпхъ шырхэр къэзгъэуш пэтащ. Сэ ар зыкIи си жагъуэ сщIакъым. ИтIанэ нанэ сригъусэмэ, сэ сышынэххэркъым: унэм тэмэму дынэсыжынущ. Зэрыхъуари аращ…
- Гуровэ Людмилэ.
- Сабиигъуэ насыпыфIэ
- Хъыбархэр
- Тхылъ щхьэпэ
- Америкэм къыщыдэкI журналхэм ящыщ зыр тхакIуэхэмрэ артистхэмрэ яхэупщIыхьащ цIыху щымыпсэу хытIыгум кIуэуэ щытамэ къыздащтэну тхылъыр зыхуэдэмкIэ. Жэуапхэр зыкIи зэщхьтэкъым: Шекспир Вильям и IэдакъэщIэкIхэр зэрыт, Свифт Джонатан и тхыгъэхэр щызэхуэхьэса…
- А упщIэмкIэ тхакIуэ Честертон Гилберт зыщыхуагъэзам жиIащ:
- — Апхуэдэ щытыкIэ укъыщихутам и деж къыпщхьэпэнур кхъухь зэращIыр зэрыт тхылъщ.
- И лъэIур хуащIащ
- «Алиса в стране чудес» таурыхъ цIэрыIуэр зэхэзылъхьар Оксфорд университетым математикэмкIэ щезыгъэджа Кэррол Льюисщ. Ар и лэжьыгъэм къыщыдэхуэм деж итхауэ щытащ щIэныгъэлIым.
- Инджылызым и пащтыхь гуащэ Викторие а таурыхъым къеджа нэужь, хуабжьу игу ирихьащ икIи Кэррол и Iэдакъэ къыщIэкIа адрей тхылъхэр икIэщIыпIэкIэ къыхуахьыну унафэ ищIащ.
- Пащтыхь гуащэм и лъэIур псынщIэ дыдэу хуагъэзэщIащ. Ауэ абы хуабжьу игъэщIэгъуащ Кэррол и адрей тхылъ псори математикэм теухуауэ къызэрыщIэкIар.
- Гугъу хэлъкъым
- Профессор Швейцер Альберт щIэныгъэ зэхуэмыдэхэмкIэ доктор диссертацэу 3 пхигъэкIат. Абы и цIыхугъэ, щIэныгъэ гъуэгум техьагъащIэ щIалэ гуэр еупщIащ:
- — Доктор лэжьыгъэу 3 пхыбгъэкIыныр дауэ пхузэфIэкIа?
- — А псори Iуэху къызэрыгуэкIщ, — жиIащ Швейцер къызыфIимыгъэIуэхуу. — ЩIэныгъэхэм я доктор ещанэу къыщIысфIащар тIу сиIэти аращ, етIуанэр щIыпхызгъэкIыфар щIэныгъэхэм я доктор цIэр зесхьэти аращ, япэр къыщIэзлэжьар щIэныгъэ степень сиIэтэкъыми аращ.
- ЖыIэгъуэхэр
- ЛIыфI зыдэс жылэ цIэрыIуэщ
- Насыпыр цIыхум куэдрэ къеуалIэркъым, къыпхуэкIуам быдэу хъумэн хуейщ.
- Быныр нэхъыбэу зыгъасэр уи псалъэркъым, блэжь Iуэхухэращ.
- ЦIыхубэм пашэу укъалъытэн щхьэкIэ, уи зэфIэкIыр къащIэн хуейщ.
- ЛIыфI зыдэс жылэ цIэрыIуэщ.
- НэгъуэщIым и щыуагъэр зылъытэфым езым и щыуагъэм хегъэщI.
- Лъэщыр езым и мыхъумыщIагъэм пэлъэщырщ.
- ГубэщIыкI Владимир.
- Фэ фщIэрэ?
- Псэлъафэхэм къарыкIыр
- Удым и удыгъэр япэ кърегъэщ.
- ЦIыхум езым и къуаншагъэр нэгъуэщIым щытрилъхьэм деж къапсэлъ хабзэщ.
- Емызэш мэшыбэ ещIэ.
- Куэд зылэжьыф цIыху гуащIафIэм ехьэлIауэ къапсэлъ хабзэщ.
- Къоджэм уигъэжеийркъым.
- Зэпымыууэ уяужь итщ, уигъэзагъэркъым, псэхупIэ къуитыркъым. ЦIыхум кIэрымыкI гупсысэ, гукъэкI, гурылъхэм теухуауэ къапсэлъ.
- Нэ илъагъу нэ ещIэж.
- Нэхъ къызэрагъэсэбэп хабзэр бын гъэсэным ехьэлIауэщ: уэ пщIэуэ илъагъурщ бынми ищIэжынур.
- Псым къудамэ теткъым.
- «IэубыдыпIэншэщ» жыхуиIэщ. Псым ущыбэлэрыгъ зэрымыхъунур кърагъэкIыу къапсэлъ.
- Удын зэхэдзэ нэхърэ Iыхьэ зэхэдзэ.
- Зым и закъуэкIэ, и къарукIэ зэфIэмыкIыну гуэрым зэгъусэу иужь щихьэм, щеувалIэм деж къапсэлъ хабзэщ.
- Е улIын е улIэн.
- Таучэл зытращIэ Iуэху шынагъуэм иIэнкIэ хъуну кIэухитIым (текIуэныгъэм е кIуэдыныгъэм) теухуауэ къапсэлъ, нэгъуэщI зыхэдэн щымыIэу къагъэуву.
- Щауэ Къэлидар.
- Шхыныгъуэхэр
- КIэртIоф пIастэ
- Бжьыныщхьэ укъэбзар тыкъыр цIыкIуурэ яупщIатэ, шыуаным ит тхъу къэплъам хакIутэри, зэIащIэурэ ныкъуэлыбжьэ ящI. Шыбжий сыр хьэжа хаудэри, хьэзыр хъуху ягъэлыбжьэ (тхъуэплъ дахэ хъуху). ИтIанэ кIэртIоф укъэбзар халъхьэ, ар щIимыгъэнапэу псывэ щIакIэ, шыгъу хадзэри шыуаныщхьэр тепIауэ, мафIэр ешэхауэ хьэзыр хъуху, псыр щIэвэщIэху, ягъавэ. КIэртIоф вар шыуаным зэрилъу бэлагъкIэ е убалъэкIэ яущэб, щабабзэ хъухукIэ. Хьэзыр хъуа кIэртIоф пIастэм бжьын гъэлыбжьар хэшыпсыхьауэ, гъуафэу, мэ гуакIуэ къыхихыу щытын хуейщ. Хуабэу тепщэчкIэ Iэнэм трагъэувэ. Дашх шатэ, кхъуей, шэ щIэмыху, шху.
- Халъхьэхэр (цIыхуитху Iыхьэ):
- кIэртIоф укъэбзауэ — грамм 1000,
- бжьыныщхьэ укъэбзауэ — грамм 200,
- тхъууэ — грамми 100,
- псывэу — грамм 400,
- шыгъуу, шыбжийуэ — узыхуейм хуэдиз.
- Нартыху хьэжыгъэ губорэ
- Нартыху хьэжыгъэр псы къэкъуалъэкIэ шыгъу е фошыгъу зыхэлъ шэкIэ япщ, тIэкIу ягъэупщIыIури, гуэдз хьэжыгъэ щIапщэ. И щхьэр трапIэри, IэфI къыщIыхьэн щхьэкIэ, щIыIапIэм сыхьэти 6-8-кIэ ягъэув. Тхьэвыр шэкIэ япщмэ, зэрыщагъэтыр сыхьэтитIщ. ИтIанэ я Iэр псы щIыIэм хащIэурэ хупцIынэм мэжаджэм нэхърэ нэхъ цIыкIуу, пIащIэу Iыхьэхэр къыхащIыкI, сантиметритI-щы я Iувагъыурэ. Тхъу зыщыхуа тебэм иралъхьэри жьэгукIэ е хьэкулъэкIэ ягъажьэ дакъикъэ 33-35-кIэ. Губорэр хьэкулъэм илъ гъущI хъарым теплъхьэури бгъажьэ хъунущ зэбгъэдзэкIыурэ. Губорэ жьар тебэм кърахыжри псы щIыIэ тIэкIу щахуэ, щIауфэри щабэ хъун щхьэкIэ щагъэтщ. ЗэмыкIуэкIыу куэдрэ щылъщ. Къалмыкъ шей, шэ, шатэ, шху дашх.
- Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ):
- нартыху хьэжыгъэу — г 400,
- гуэдз хьэжыгъэу — г 50,
- псыуэ е шэуэ — г 250-рэ,
- шыгъуу, тхъууэ — узыхуейм хуэдиз.
- Къубатий Борис.
- Гурыхуагъэ
- Акъыл телъыджэ
- Къэжэрхэм я пщу щыта Кир и дзэм хэт сэлэт псоми я цIэр ищIэрт.
- * * *
- Франджым щыщ Гаон Элия апхуэдизкIэ гурыхуэти, зэ фIэкIа къемыджауэ тхылъыр гукIэ зэригъащIэрт. Абы том 2500-рэ и гум ириубыдэфат, икIи куэдрэ мыгупсысэу, узыхуей дыдэ тхылъым и сыт хуэдэ Iыхьэми гукIэ къыпхуеджэфынут.
- * * *
- Алыдж къэрал лэжьакIуэшхуэ Фемистокл Афинхэм щыпсэу цIыху мин 20-м я цIэр зэхигъэгъуащэртэкъым.
- Псалъэзэблэдз
- ЕкIуэкIыу: 1. Анэкъилъху. 3. ЛъэныкъуэкIэ ебауэ гъэува блын е нэгъуэщI гуэр. 5. Зи лъабжьэр бжьыныщхьэм ещхь къэкIыгъэ: хужьуи щхъуэуи гъатхэм пасэ дыдэу мэгъагъэ. Языныкъуэ лIэужьыгъуэхэр яшх. 7. Адыгэ композитор цIэрыIуэ, Урысей Федерацэм и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща. 8. ЩIыхьэхум кърагъэблэгъахэр мэлажьэ щхьэх, езэш, … ямыщIэу. 9. ДжэдыкIэ … 14. Тэрч щIыналъэм хиубыдэ къуажэ. 15. Адыгэ лъэпкъ кIуэдыжа. 17. ЩыпсалъэкIэ зэIынэ. 18. Языныкъуэ псэущхьэхэм я щIыфэм хищIэ хьэпIацIэ къэзылъэтыхь. 19. … мыкъу уврэ, … къуа зигъэщхърэ? 21. Адыгейм щыщ генерал-лейтенант … Айтэч мы гъэм илъэс 70 ирокъу. 23. Ди гъунэгъум и благъэхэр хьэхэрэ … къахуеблэгъащ. 25. Зи ныбжьыр хэкIуэта цIыхухъу. 26. ФIамыщI … е пхъэ … 27. Бжэгъу кIыхь, къурагъ гъум. 32. КIуэ пэтми бжьиз зымыкIу. 34. … из хъужыркъым. 35. Былымыл, мэлыл гъэва яшхамэ, … трафыхьыж хабзэщ. 36. Нэпсейм цIэ зытрипIытIэ ахъшэ жьгъей. 37. КъэкIыгъэхэм лъапсэрыхыр къыхуэзыгъакIуэ хьэпIацIэ къэзылъэтыхь. 38. УэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, адыгэр зэуIуу щыпсэу республикищми я цIыхубэ артист.
- Къехыу: 1. Гъэмахуэкум шакъафэ гъэгъа цIыкIухэр къызыпидзэ, мэ дахэ къызыкIэрих удз. Ягъэгъури шейуэ ираф. 2. Адыгэш. 3. Языныкъуэ къэкIыгъэхэм я къыгуэж. 4. Уанэ зытемылъ шы. 6. Пшынэм и сэмэгурабгъу лъэныкъуэм тет Iэпэ. 10. Ди щIыпIэм щыIэ псыежэх. 11. ЩIым гъуэ куу щызыщI, хьэпIацIэхэр, хьэмбылухэр зи шхыныгъуэ псэущхьэ цIыкIу. 12. ШколакIуэхэм бзу … зэкIэраIулIащ. 13. КIахэр тенджыз ФIыцIэм зэреджэр. 16. Унагъуэ хадэм ирагъэувэ къуалэбзугъащтэ. 17. ХадэхэкI. 20. Фэ гъэтэджа. Е … бгырыпх. 22. ХэкIуэтауэ ящI нэмэз. 23. Хьэхуэ … — жиIэми, маршынэ щIэрыпс ди гъунэгъум къищэхуащ. 24. Зиусхьэн лъэпкъ. 25. ЗылI къытехъукIа зэшхэм зэреджэ. 28. Псым ихьыр … йопхъуэ. 29. Пщэ гъум. 30. Делэм къуэлэн и … 31. IэлъэщIым е стIолтепхъуэм я нэзым къыIублэбл. 33. Джэду лъэпкъым щыщ хьэкIэкхъуэкIэ ябгэ цIыкIу.
- Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
- Бадзэуэгъуэм и 3-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
- ЕкIуэкIыу: 7. Псыкуэд. 8. «Эмирым». 10. Фэбжь. 11. Мащэ. 12. Махъшэ. 13. Къэлэр. 15. Гъурц. 16. Сыбэч. 21. Уасэ. 22. УимыкI. 23. Ерыщ. 24. Тхьэгъуш. 25. Гъудэ. 27. Шабий. 30. Набдзэ. 31. Гупыж. 34. Мыхъур. 36. КIэнцIыгъу. 37. Угъурсыз.
- Къехыу: 1. ГупкIэ. 2. Дыгъужь. 3. ХьэлIамэ. 4. Емынэжь. 5. Гурым. 6. Амыщ. 9. Цыхъар. 13. Къэуат. 14. ЛаскIэ. 17. Бырыб. 18. Чэщей. 19. Ауз. 20. ШкIэ. 26. Дубай. 28. Къунажын. 29. Шэджагъуэ. 32. ПакIэ. 33. Жинт. 34. Мысэ. 35. Хъурзэ.