ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЩIэблэм  я щапхъэ

2021-07-10

  • ЦIыхухэр я теплъэкIэ зэрызэмыщхьым хуэдэу, я хьэл-щэнкIи, я IуэхущIафэкIи зэхуэдэкъым. Абы къыхэкIыу тхузэфIэкIыркъым гулъытэ лей зыбгъэдэлъ цIыху гуащIафIэхэм зэман-зэманкIэрэ я гугъу дымыщIу. Псом хуэмыдэу ар махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу зи дуней тетыкIэ укIэлъыплъыну Iэмал зыхуэбгъуэт, къэплъыхъуэми, дагъуэ гуэри щIыхуэпщIыфын щхьэусыгъуэ зыдумылъагъу цIыхуу щытмэ. Апхуэдэщ  си дежкIэ си адэ шыпхъу Феня.

  • Феня Псыгуэнсу адыгэ къуажэм дэс ШэрIужьхэ япхъущ, Балъкъызхэ я нысэщ. «Си адэр сцIыхуу щытакъым» уэрэд гуузыр зыхуауса, зи сабиигъуэр зауэмрэ абы иужь лъэхъэнэ гугъухэмрэ хиубыдахэм ящыщщ ар. А зэман бзаджэм халъхуауэ гугъу емыхьа  ди къэралышхуэм исауэ къыщIэкIынкъым, дауи. А лъэхъэнэм и гугъу щищIыжым и дежи, гъэщIэгъуэныращи, Феня нэгъуэщIхэм ятелъа гугъуе-хьхэм нэхъыбэу топсэлъыхь, езыхэр зи адэр хэкIуэдахэм ящыщ пэтми.
  • — Япэрауэ, зэрыбынитхум сэ сранэхъыщIэу дэлъхуиплI сиIэти, апхуэдэ дыдэу гугъуехь ямылей къыслъагъэIэсыртэкъым. Абы къищынэмыщIауэ, ди адэр тщхьэщымытыжми, адэшхуэфIрэ анэшхуэфIрэ диIащ, сыткIи я нэIэ къыттету, — жеIэ Феня. — Си адэшхуэ ХьэкIашэ и къуитхум ящыщу плIыр зауэм кIуати, зыщ къэзыгъэзэжар. Ди анэм и лъэныкъуэкIэ уIэбэми (ар Бэрбэчхэ япхъут), и дэлъхуиблым ящыщу щыр хуэпсэурти, абыхэми зэи гулъытэншэ дащIыртэкъым. А псом и щIыIужкIэ дэ Алыхьыр къытхуэупсат гъунэгъуфIкIэ. Ар ди къуажэ пщIэшхуэ зиIэу дэса ефэндышхуэ Барийхэ Мухьэмэдрэ абы и щхьэгъусэ, ХьэхъупащIэхэ япхъу Акълимарэ (я хьэдрыхэ фIы Тхьэм ищI) я унагъуэ дахэрт. Я бын дыдэхэм зэрахуэсакъым хуэдэу, дэри къытхущытащ, уеблэмэ куэдым я гугъэт ди анэхэр зэшыпхъуу е зэнысэгъуу. Ди зэхуакум куэбжэ цIыкIу хэлъу зы унагъуэм хуэдэу дызэдэпсэуащ дэ псори.
  • Феня зэрыжиIэмкIэ, Барийхэ я къуэхэмрэ и дэлъхухэмрэ зэныбжьхэти, зэкъуэш дыдэхэм хуэдэу къызэдэхъуащ, езыри быным я нэхъыщIэ ФатIимэт и ныбжьти, нэхъыбэм зэшыпхъу дыдэу фIэкIа къащIэртэкъым. ФатIимэтрэ абы щхьэгъусэ хуэхъуа Къэ-занш Сэфарбийрэ унагъуэ дахэу Кэнжэ къуажэм пщIэрэ щхьэрэ яIэу щопсэури, ахэр ноби зэрыщIэу къызэдогъуэгурыкIуэ.
  • Мыри гъэщIэгъуэну хэлъщ си адэ шыпхъум и хьэлхэм: зи гугъу тщIа зэманым блэкIыу балигъ гъащIэм хыхьэу унагъуэ ихьа нэужь, зыхэхуахэр нэхъыфIыжу щытауэ жеIэ. Ещхьыркъабзэщ Феня илъэс 44-кIэ щылэжьа къуажэ амбулаторэм щIэсхэм я гугъу щищIкIэ. Ар сымаджэщу щыщытам щыгъуэ къадэлэжьа нэхъыжьыфIхэм яхуэдэ щымыIауи жеIэ. Апхуэдэу, иужь-кIэ езыр зи нэхъыжьу къащIэува щIэблэм япэхъуни гъуэтыгъуейуэ ди фIэщ ещI абы.
  • Феня щхьэгъусэ хуэхъуа Балъкъыз Хьэтуи зауэ-жьым адэншэ ищIахэм ящыщт. А зы бын закъуэм фIэкIа зэдамыгъуэтами, абы и анэ ХутIэ (ари ди къуажэ Шыбзыхъуэхэ япхъут) ибг щIикъузэри, и щIалэр нэгъуэщIхэм емыхъуапсэу, зыхуей зэрыхуигъэзэным телажьэу и гъащIэр ихьащ. ИкIи ар абы къемыхъу-     лIауэ пхужыIэнутэкъым. Хьэту яхэтащ нэхъапэу ди университетым и мэкъумэш факультетыр агроном IэщIагъэр иIэу къэзыуха-хэм. Къуажэм щызэхэт, Гъуэгунокъуэм и цIэр зезыхьэ колхозым учетчикыу щыщIидзэри, жэуаплыныгъэ ин зыпылъ IэнатIэ зыбжанэм щылэжьащ, колхозым и парт комитетым и секретаруи щытащ. ЩIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ IэщIагъэлIу зэрыщытым къыхэкIыу, партым и Аруан райкомым яшэри, мэкъумэш къудамэм и унафэщIу илъэс куэдкIэ лэжьащ. Сыт хуэдэ IэнатIэ пэрымытами, Хьэту жэуаплыныгъэшхуэ хэлъу бгъэдэтащ лэжьыгъэм, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, и узыншагъэм зэман кIыхькIэ гугъу иригъэхьащ, икIи илъэс 53-рэ фIэкIа  къимыгъэщIауэ  дунейм ехыжащ. Псэужамэ, ар мы гъэм илъэс 80 ирикъунут…
  • Зэрызэдэпсэуа зэманыр мыкIыхьми, дахэт, икIи купщIафIэт Хьэтурэ Фенярэ. Къахуиухар зэрымащIэр зыхащIэрт, жыпIэну, зыгурыIуэрэ зэдэIуэжу абыхэм зэдапIащ хъыджэбзитIрэ зы щIалэрэ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, гъащIэм щытлъагъу гухэхъуэхэм ещхьыркъабзэу, нэщIэбжьэри и мащIэкъым. Хинакъым абы Хьэтурэ Фенярэ я унагъуэри. Ди къуажэ щыщ Бозийхэ Iэуесрэ Ленэрэ благъэ зэрахуэхъурэ зэман куэди дэмыкIауэ, и зэран лъэпкъ хэмылъу машинэ зэжьэхэуэм хэкIуэдащ Хьэтурэ Фенярэ я хъы-джэбз нэхъыжь ФатIимэ и щхьэгъусэ Алик. Шэч хэмылъу, ар гуауэшхуэт, щIалэр къэзылъхуам я дежкIи унагъуэм яхыхьагъащIэ нысащIэ цIыкIум и дежкIи, итIани цIыхуфэр Iувщ жы-хуаIэрати, гуауэ къытепсыхам гузэрыдзэ иримыгъэщIу ибг щIикъузэри, и анэшхуэхэм я щапхъэм тету ФатIими и щхьэр щхьэу-зыхь хуищIащ дунейм къытехьа, зи адэр зымылъэ-         гъуа ипхъу Лианэ. ФатIимэ зыхуеджа фармацевт IэщIагъэм иролажьэ Налшык дэт аптекэ нэхъыфIхэм ящыщ зым и унафэщIу. Лианэ Москва дэт Урысей правительствэм финансхэмкIэ и академиер фIы дыдэу къиухауэ, унагъуи хъужауэ, и ехъулIэныгъэхэмкIэ и анэр, анэшхуэхэр игъэгуфIэу мэпсэу.
  • КъыкIэлъыкIуэ я хъыджэбз Фатуси ди къуажэ Темыржанхэ я нысэщи, и щхьэгъусэ Хьэзритрэ абы-рэ пщIэ зиIэ унагъуэ дахэу къуажэм дэсщ, я бын пажэм и щIэблэ зэралъэгъуам игъэгушхуэрэ адрейхэми я насып къэкIуэным щIэхъуэпсхэу.
  • «Щэ уэстын хьэмэрэ щэ  я уасэу зы уэстын» жыхуиIэм хуэдэщ Хьэтурэ Фенярэ я щIалэ закъуэ Албэч. Зыхуеджа IэщIагъэм хуэпэжу ар щылэжьащ къуажэм щызэхэта колхозым, иужькIэ Аруан «Мэкъумэштехникэм» и инженер нэхъыщхьэу, и унафэщIу щытащ. Мы зэманым толэжьыхьыж бэджэнду иIыгъ         и щIы Iыхьэм. Албэчрэ и щхьэгъусэ Оксанэрэ хъыджэбзитIрэ зы щIалэрэ яIэщи, ахэращ Феня и нобэр зыгъэдахэр, пщэдейрей махуэм и гугъапIэфIхэр къезытыр.
  • Лэжьыгъэм къыпэрыкIыжу дэтIысхьэжа иужькIи, и псэ гумызагъэм къыхуидакъым Феня ауэ щысыну. Абдеж сэбэп къыхуэхъуащ щыцIыкIум и анэшхуэм зыхуригъэджауэ щыта, зэи IэщIыб имыщIа диным псэ къабзэкIэ зэрыбгъэдэтыр. Мы иужь зэманым къежьа узыфэхэм  я  зэранкIэ  цIыху Iувхэм яхэмыхьэми, «зи псэ къысщыгугъ дауэ гулъытэншэ сщIын, схузэфIэкIыху» жеIэри КъурIэн лъапIэр IэщIэлъу псапэ щIэным хуолажьэ.
  • Си тхыгъэм и пэщIэдзэм зэрыщыжысIащи, сыт хуэ-дэ Iуэхугъуэми къыхуигъуэт хэкIыпIэр бгъэщIагъуэу апхуэдэщ ди Феня и дуней тетыкIэр. Дунейм ехыжащ абы и анэри, анэ пэлъытэ хуэхъуа и гуащэри, и дэлъхухэри, ауэ гуфIэгъуи гузэвэгъуи зэпIэзэрыту щыт ди адэ шыпхъум Тхьэр къыхуэупсащи, дахэщ жьыщхьэ махуэ хъуа и нобэр, къуэрылъху-пхъурылъхуу блы иIэщ, абыхэм къащIэхъуэжахэри плIы мэхъу.
  • Мы тхыгъэм сетIысылIэн хуей щIэхъуам нэгъуэщI зы щхьэусыгъуи иIэщ. Мы гъэм илъэс 60 ирокъу Фенярэ иджыри къэс и гум имыху    и классэгъухэмрэ школыр къызэраухрэ. Яхэтщ абыхэм ди къэралышхуэм и къалащхьэ Москва щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызэзыгъэгъуэта IэщIагъэлI цIэрыIуи, полковник вагъуэхэр зи дамэтелъу къулыкъу зыщIаи, ухуэныгъэхэмкIэ инжене-ри, егъэджакIуи, бэм я узыншагъэр хъумэным хьэлэлу куэдрэ хуэлэжьа цIыху гуащIафIэхэри. Псом ящхьэжыращи, къахэкIакъым абыхэм гъащIэм увыпIэ тэмэм щызымыубыдыфа. Ди жагъуэ зэрыхъущи, щыIэщ абыхэм нобэ мыпсэужхэр,        я ахърэт Тхьэм фIы ищI.
  • Си адэ шыпхъум зи хъыбархэр къыджиIэж а цIыхухэми, езы бзылъхугъэ Iумахуэми гурэ псэкIэ сохъуэхъу я узыншагъэр мыкIуэщIу тхуэпсэуну, я бынхэм я гуфIэгъуэкIэ я щхьэр лъагэу яIэту куэдрэ дяпэ итыну!         Фэ фхуэдэхэращ къытщIэхъуэ щIэблэм щапхъэ яхуэхъур. 
  • ШЭРIУЖЬ Аслъэн.
  • Псыгуэнсу къуажэ