ФокIадэ мазэм ДАХ-м и Зэхуэсышхуэ екIуэкIынущ
2021-07-10
- Ди газетым зэрытетащи, бадзэуэгъуэм и 3-м Мейкъуапэ щекIуэкIащ Ду-нейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэм и зи чэзу зэIущIэ. Абы хэтащ Тырку, Иордание, Сирие къэралыгъуэхэм, Адыгэ, Къэрэшей-Шэрджэс, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм, Ставрополь, Краснодар щIыналъэхэм щыIэ хасэ къудамэхэм я лIыкIуэхэр.
- ЗэIущIэм ирагъэблагъэри хэтащ адыгэ лъэпкъыр зэрыгушхуэ тхакIуэ цIэрыIуэ, нэхъыжьыфI МэшбащIэ Исхьэкъ, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм ЩIыналъэ политикэмкIэ и управленэм и унафэщI Къуэжей Артём, Адыгейм лъэпкъ IуэхухэмкIэ, хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ядэлэжьэнымрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и комитетым и унафэщI Щхьэлахъуэ Аскэр, нэгъуэщIхэри.
- ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий зэIущIэр къыщызэIуихым Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат ехъуэхъуащ УФ-м «ЩIыхьым и орден» и дамыгъэ лъапIэр къызэрыхуагъэфэщамкIэ.
- Сэхъурокъуэм къыхигъэщащ КъумпIылым и Iуэху зехьэкIэмрэ лэжьыгъэ къызэгъэпэщыкIэмкIэ цIыхухэр арэзы зэрищIыр. ДАХ-м и тхьэмадэм жиIащ къуэш республикэм щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэ дахэхэм зэрыщыгуфIыкIыр, ар КъумпIылымрэ абы къыгуэт гупым-рэ я фIыщIэу къызэрилъытэр. Адыгэ Республикэм адэкIи зиужьыну, ефIэкIуэ-ну абы и Iэтащхьэм и цIэр нэхъыфIыжкIэ къраIуэну ехъуэхъуащ Сэхъурокъуэ Хьэутий бысым щIыналъэм.
- Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат зэIущIэм хэтхэм, къахуеблэ-гъа хьэщIэхэм фIэхъус псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ.
- — Дунейпсо Адыгэ Хасэр къызэрызэрагъэпэщрэ мы гъэм илъэс 30 ирокъури, а пIалъэм къриубыдэу анэдэлъхубзэр, хабзэр, щэнхабзэр хъумэным, лъэпкъыр зэкъуэгъэувэным, къыдэкIуэтей щIэблэм псэкупсэ лъапIэныгъэхэр яIэу къэгъэтэджыным теухуауэ лэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIащ.
- Ди жагъуэ зэрыхъунщи, глобализацэм и зэранкIэ лъэпкъхэм я щхьэхуэныгъэхэр мэкIуэщI. Ди япэ итахэм тхуахъума Iэужь дахэхэр дэнэ щIыпIи щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр зэпызыщIэ щхьэусыгъуэ къудейкъым, ахэращ ди лъэпкъым и зыужьыныгъэм, и пщэдеирей махуэм лъабжьэ хуэхъур. Ди адэжьхэм я пащхьэ ди пщэ къыщыдэхуэ къалэн-хэм ящыщщ къызыхэкIар ящIэжу, абы иригушхуэу, и тхыдэмрэ и щэнхабзэ беймрэ щыгъуазэу щIэблэр къэгъэтэджыныр. Къыхэзмыгъэщын слъэкIынукъым Дунейпсо Адыгэ Хасэм лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэным теухуауэ илэжьам и куэдагъыр.
- Ди къэралым гулъытэ хэха щыхуащI лъэпкъ, дин зэгурыIуэныгъэм, сэри абы телэжьэныр ди зыужьыныгъэм, къэкIуэну дахэм и лъабжьэу къызолъытэ. Быдэу си фIэщ мэхъу ди ефIэкIуэныгъэр ди къару зэрызэхэтлъхьэм, дызэрызэкъуэтым зэрелъытар, — жиIащ КъумпIылым.
- АР-м и Iэтащхьэр ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий и ныбжьыр илъэс 70 зэрырикъуамкIэ ехъуэхъу-ри, лъэпкъым хуилэжьа Iуэху щхьэпэхэм папщIэ «Адыгейм и щIыхь» дамыгъэ лъапIэр иритащ.
- Адыгейр нэхъыфIу илъагъу щIыналъэхэм зэращыщыр, абы къыхэкIыу къыхуагъэфэща дамыгъэр и дежкIэ тIэунейуэ зэрылъапIэр жиIащ ДАХ-м и тхьэмадэм. ДяпэкIи хузэфэкI къимыгъанэу лъэпкъ Iуэхур егъэфIэкIуэным зэрытелажьэнури дыщIигъужащ.
- ЗэIущIэм япэ Iуэхугъуэу щыхэплъащ Адыгэ Республикэм и Адыгэ Хасэ-Шэрджэс Парламентым 2021 гъэм зэфIиха Iуэхухэм.
- Хасэм и тхьэмадэ ЛIымыщэкъуэ Рэмэзан къыщып-салъэм къыхигъэщащ лъэпкъым дежкIэ мыхьэнэ зиIэ махуэ хэхахэр екIуу къызэрагъэпэщауэ зэрырагъэкIуэкIар. ЛIымыщэкъуэм жиIащ илъэс етIуанэ хъуауэ екIуэкI узыфэ бзаджэм и зэранкIэ, я Iуэхухэм цIыху куэд къызэрыхамышэфар и жагъуэ зэрыхъур. Абы зэIущIэм щыжиIащ щIэб-лэм анэдэлъхубзэм гу хурагъэщIын мурадкIэ, «Щыгъжьый» сабий театрым онлайн жыпхъэм иту спектакль гъэщIэгъуэнхэр утыку къызэрырихьар. Хасэм и жэрдэмкIэ адыгэбзэкIэ тхэ усакIуэ ныбжьыщIэхэм я зэпеуэ ирагъэкIуэкIащ. Адыгэ диктантым ехьэлIа дауэдапщэхэм яфIэфIу куэд зэрыхэтари абы къыхигъэщащ. Адыгэ Республикэм хамэ къэрал къикIыу къэIэпхъуэжа ди лъэпкъэгъухэм я щIэблэр анэдэлъхубзэ тхылъхэмкIэ къызэгъэпэщыныр пщэрылъ зыщащIыж. КъищынэмыщIауэ, япэ классым кIуэхэм школым папщIэ зыхуеину Iэмэпсымэхэр, портфелым деж щыщIэдзауэ, тыгъэ хуащI хабзэщи, а Iуэхум Адыгэ Хасэр жыджэру хэтщ.
- Хасэм и лIыкIуэхэр хэтащ сабий гъэсапIэ 12-м анэдэлъхубзэм хухэхауэ дерс егъэкIуэкIынымкIэ зэпеуэм.
- Курыт еджапIэхэмрэ сабий гъэсапIэхэмрэ лъэпкъ IэщIагъэхэм епха Iэужь, IэрыкI гъэщIэгъуэнхэр щызэхуэхьэса «плIанэпэ» ирагъэщIын мурадкIэ, IэпщIэлъапщIэхэм гурыIуауэ, Хасэм ирегъэгъэхьэзыр.
- Къэралым грант зэрахухиха «Адыгэ хьэщIэ гъэхьэщIэкIэм и хабзэхэр тхъумэу» проектым ипкъ иткIэ, Адыгэ Хасэм лэжьыгъэ да-хэ щIыналъэм щригъэкIуэкIащ. АбыкIэ шу зекIуэхэр, шыгъажэхэр, пасэрей адыгэ джэгукIэжьхэмкIэ зэпеуэ-хэр къызэрагъэпэщащ, а Iуэхухэм кърагъэблагъэри хэтащ къуэш республикэхэм къикIа хьэщIэхэри.
- Хасэр дэIэпыкъуащ Урысейм и ГТРК-м «Земля людей» программэ гъэщIэгъуэныр щигъэхьэзырым. Ар теухуащ ди къэралым ис лъэпкъхэм я щхьэхуэныгъэр къэгъэлъэгъуэным, ахэр гъэлъэпIэным.
- Апхуэдэуи зыщIагъэкъуащ адыгэ тхакIуэ цIэрыIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ и «Аиссе» романым тращIыкIа кинофильмыр тезыха гупым.
- Урысей Федерацэм и цIыхухэр къызэрыхатхыкIынум и регламентым зэхъуэкIыныгъэ халъхьэнымкIэ жэрдэм ящIри, ар ДАХ-м и зэIущIэм къыщащтащ. Абы ипкъ иткIэ, къэралым ис лъэпкъ лIэужьыгъуэхэр къыщраIуэкIэ «Адыгэхэр (шэрджэсхэр)» псалъитIыр хатхэнущ. ЗэхъуэкIыныгъэр псалъитI къудей фIэкI мыхъуми, абы лъэпкъым и дежкIэ иIэ мыхьэнэр зэрыиныр иджыри зэ къыхигъэщащ ЛIымыщэкъуэм.
- КъыкIэлъыкIуэу зэIущIэм щытепсэлъыхьащ ДАХ-м и Зэхуэсышхуэр зэрекIуэкIынум, ар къызэрызэрагъэпэщынум.
- ФокIадэм и 19-м екIуэкIыну траухуа а Iуэхугъуэм ирихьэлIэу Iуэхушхуэ зэфIэхын зэрыхуейм къыхэкIыу, ДАХ-м хэт дэтхэнэри абы хуэлэжьэну къыхуриджащ Сэхъурокъуэм. Хамэ къэрал щыIэ адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм къагъэкIуэнухэм я цIэ унэцIэмрэ я бжыгъэмрэ, зэIущIэм къыщыIэтыпхъэу къалъытэ Iуэхухэр ипэ иту ягъэбелджылыну яжриIащ тхьэмадэм. Зэрыхабзэу, абы кърагъэблэгъэнущ лъэп- къым къыхэкIа цIыху цIэрыIуэхэр.
- Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэр, ДАХ-р къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 30 зэрырикъур гъэлъэпIэным и IуэхукIэ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къыщыпсалъэм, КъБР-м илъэс зыбжанэ хъуауэ къыщащтауэ щагъэлъапIэ махуэщIэр КъШР-мрэ АР-мрэ къыщызэдащтэну, зэгъусэу а махуэр зэдагъэлъапIэмэ, лъэпкъым хуэщхьэпэну къызэрилъытэр къыхигъэщащ. Абы жиIар даIыгъыу зэIущIэм къыщыпсэлъащ МэшбащIэ Исхьэкъ, Сэхъурокъуэ Хьэутий, Щхьэлахъуэ Аскэр сымэ.
- -Дунейпсо Адыгэ Хасэр зэрызэхашэрэ сыдогъуэгурыкIуэ, абы и Хабзэр Къалмыкъ Юрэ и гъусэу зытхахэм сэри сахэтащ. Си щхьэкIэ си Iыхьлы-лыджанэ куэд щIэслъхьэжащ, гуауэ мымащIи слъэгъуащ, ауэ щыхъукIи, сэ сIэщIэкIахэм махуэ къэс сатегъэу сыпсэукъым. Апхуэдэщ лъэпкъым и Iуэхури. ЩIэблэм къызыхэкIам и IэфIыр ищIэн папщIэ абы и махуэфI илъагъун, иригушхуэн, и фащэ дахэр щитIагъэу джэгу зэхыхьэ щIищIын щхьэусы-гъуэ етын хуейщ. Ар республикищми зэгъусэу дгъэлъэпIэныр сфIэигъуэщ, — жиIащ МэшбащIэм.
- ДАХ-м и вице — президент Щоджэн Iэминатрэ ГъэзэщIакIуэ гупым хэт Табыщ Муратрэ хэхэс адыгэхэм папщIэ адыгэбзэмрэ урысыбзэмрэ щаджу къызэрагъэпэщ курсхэм теухуауэ къэпсэлъащ.
- Гъэ кIуам и бжьыхьэм ирагъэжьа курсхэр мазищкIэ ирагъэкIуэкIати, абы кърикIуахэмрэ и щIэупщIэр зэрыинымрэ къыхэкIыу, мы гъэми мэкъуауэгъуэ мазэм щегъэжьауэ дерсхэм па- щэну унафэ къащтащ.
- Урысыбзэмрэ адыгэбзэмрэ зэзыгъэщIэну хуей гупхэр тIууэ гуэшащ: нэхъыфIу бзэр зыщIэхэмрэ, мащIэ дыдэу зыIурымылъхэмрэ. А дерсхэм ИнтернеткIэ къыхохьэ Тыркум, США-м, Финляндием, Иорданием, Адыгейм, КъБР-м щыщ ди лъэпкъэгъухэр.
- — Къыхэгъэщыпхъэщ а дерсхэм хэтыну хуейхэм я бжыгъэм кIуэ пэтми зэрыхэхъуэр, нэгъабэ нэхърэ тIукIэ нэхъыбэщ иджырейм къыхыхьахэр. Урысыбзэр зэзыгъэщIэн къыщIэзыдзэ гу-пыр цIыху 90 мэхъу, пызыщэхэр 30-м фIокI. Курсым илъэс 14-70 ныбжьым итхэр щызэхуос. Псом хуэмыдэу гуапэщ абы щIалэгъуалэ куэду къызэрыхыхьэр. Дерсхэм я мыхьэнэр бзэр зэгъэщIэным деж щиухыркъым, атIэ нэгъуэщI къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр зэрыгъэцIыхуным, яку дэлъ зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэным куэдкIэ хуощхьэпэ. АбыкIэ адэжь щIыналъэм нэхъ пэгъунэгъу хуэхъуу къысщохъу, — яжриIащ къызэхуэсахэм Щоджэн Iэминат.
- ДАХ-м и Хасащхьэр зэIущIэм щыхэплъащ Хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэм я щIэблэр КъБР-м, АР-м, КъШР-м, Краснодар щIыналъэм хыхьэ ПсыфIыпэ къуажэм (Лазаревск) и сабий зыгъэпсэхупIэхэм мы гъэм къегъэблэгъэным ехьэлIауэ щыIэ лъэпощхьэпохэмрэ ар зэрызэфIэхыпхъэхэмрэ.
- Къэпсэлъахэм зэрыжаIамкIэ, хамэ къэрал къикIыжауэ адэжь щIыналъэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я щIэблэмрэ хэкурысхэм еймрэ зэгъусэу зыщагъэпсэхунущ абыхэм. Пандемием и зэранкIэ, хэхэсхэм я щIэблэр къашэну зэкIэ Iэмал яIэкъым.
- Сэхъурокъуэ Хьэутий къызэхуэсахэр щигъэгъуэзащ а гъэмахуэ зыгъэпсэхупIэ-хэм программэ гъэщIэгъуэн зэраIэм, абы сабийхэм я нэгу зыщрагъэужьым имызакъуэу, я щIэныгъэм, бзэ, хабзэ и лъэныкъуэкIэ ящIэм щыхагъэхъуэну Iэмал зэрагъуэтым. Абы хасэ тхьэмадэхэр захуигъазэри Iуэхур екIуу, къызыхуэтыншэу къызэрагъэпэщыну елъэIуащ.
- ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ ДАХ-м и Уставым (Хабзэм) зэхъуэкIыныгъэ халъхьэнухэм, «Международная Черкесская Ассоциация. Партнёрство адыгс-ких (черкесских) общественных организаций» тхылъыр къыдэгъэкIыным зэрыхуагъэхьэзырым, лъэпкъым и IуэхудэгъэкI нэгъуэщI Iуэхугъэхэми.
- Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэм и зэIущIэм и кIэухыр Iуэхугъуэ гуапэкIэ гъэнщIат. Абы щагъэлъэпIащ иджыблагъэ зи ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ ирикъуа нэхъыжьыфIхэу МэшбащIэ Исхьэкърэ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIы-цIэ Мухьэмэдрэ.
- Дунейпсо Адыгэ Хасэм и дамыгъэ нэхъыщхьэр хуагъэфэщащ лъэпкъым и зыужьыныгъэм хуэлажьэ, абы и Iуэхур ипэкIэ зыгъэкIуатэ, ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэу ЦIыкIущэ Аслъэн, Ачмыжь (Ацумыжь) Юсуф, Къуиижь Къаплъэн, Шыбзыхъуэ Юрэ, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист ТIэш Светланэ сымэ.
- ДАХ-м и щIыхь тхылъыр иратащ «Ислъэмей» къэрал ансамблым (АР). КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и ми- нистерствэм и ЩIыхь тхылъыр Адыгэ Хасэ-Шэрджэс Парламент жылагъуэ зэгухьэныгъэм (АР) и тхьэмадэ ЛIымыщэкъуэ Рэмэзан иратащ.
- Щомахуэ Залинэ
- Налшык — Мейкъуапэ— Налшык.