ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Хужь-фIыцIэ-яжьафэ

2021-07-10

  • Америкэм къыщалъхуащ икIи щыпсэуащ. Адыгэщ! Хамэ щIыпIэм къыщыхъуа щIалэщIэм зэрыадыгэр щхьэ къыфIэIуэхун хуей?! Ар лъым и къарущ. Аращ дунейм хэгуэша адыгэр дызэпызыщIэжри.

  • «ЩыIэныгъэ-ЯдыщыIэныгъэ!» Мыпхуэдэу фIищащ Бэрзэдж Чыгъэду (Зак Хакаду) Налшык и Лъэпкъ музейм щекIуэкI и гъэлъэгъуэныгъэм.
  • Пэшым дыщIобакъуэри… гуауэщхьэуэ гуэрым дыхыхьэ хуэдэщ. Су-рэтхэр фIыцIэщ-яжьафэщ-гъуабжэщ… чэтхъащ, ныкъуэсщ, улъиящ. Ауэ, щхьэ деплърэ, ди нэр къытхутемыхыу, щхьэ къыдгурыIуэрэ, щхьэ ди псэм зыхуишийрэ?! Тхыдэм дыхохьэри, пасэрейм дыIуощIэ. лэжьыгъэхэм къыщыгъэсэбэпащ щIы, фэ, пхъэ, щэкI, гъущI, жэз… — псори тIорысэщ, гъадэщIыдэм къыхэкIа хуэдэщ. ЩIыр и Хэку къигъазэри иришащ — нэгъуэщI кIэрызэгъэнтэкъым!
  • «Тхьэм и лIыкIуэ» фIищащ лэжьыгъэхэм ящыщ зым. Адыгэ къамэ тегъэбыдащ, и щхьэмкIэ «Хэку» тетхащ. Гъуэлърэ тэджу, и ныбэ из ищIу дунейм тетын хуейкъым адыгэр. ЩыIэну, зихъумэжыну, псэуну къигъэщIащ. Хэкуи къритащ, бзэи къыIурилъхьащ. «ЯдыщыIэныгъэ» лэжьыгъэм щыдолъагъу адыгэм и шыфэлIыфэ — дуней псом къыщацIыху, яфIэдахэ фащэр. ТеплъэкIэ дадыщыIэщ. Фащэр лэжьащ, пытхъахуэщ. ЩIым хэлъщ, итIани и теплъэр зэрыекIущ — хьэзырыбгъэр къыдэгъэзеящ. Гур егъэхуабэ «Анэм  и пшыналъэ» лэжьыгъэм. Мыбдеж «фIыцIэ-хужь-яжьафэ» плъыфэм нэмыщI, тхьэмбылыфэр къщыгъэ-  сэбэпащ. Анэ — шыкIэпшынэ — макъа- мэ. Мыра хъунщ щIалэр Хэкум къэзышэжар!
  • Адыгэ лъэпкъ дамыгъэхэр гъэлъэгъуэныгъэм куэду къыхощ — дамыгъэкIэ къегъэбыдэкIа хуэдэщ. IэдакъэщIэкI къэс хъыбар щхьэхуэ я гъусэу къыпщохъу. Пасэрейм нэхъри гъунэгъу ухуащI хьэпшып щхьэхуэ-хэм: афэ джанэм, къамэм, шыкIэ- пшынэм, сурэт пытхъахуэм, гъущI   Iунэ улъияхэм…
  • Зэ IуплъэгъуэкIэ мо фIыцIэ, яжьа-фэ теплъэхэм яхэмызагъэу нэм къыщIэуат зы лэжьыгъэ — «ИкIэм-икIэжым». И щIагъкIэ бжэгъу IэплIакIуэщ. Бжэгъу хъуащ, пкъы яIэщ, ауэ щIым хэтыжкъым. Сурэтым и щхьэмкIэ щхъуэкIэплъыкIэ защIэщ, уигу къиуIэн хуэдизу. Ауэ… а щхъуэкIэплъыкIэм упхоплъри, яжьафэ-фIыцIэ-хужьхэр къыпхопсыж — жыг-хэр къокI. ДыщыIэщ, добауэ, щIым дыхэтщ.
  • Лэжьыгъэхэм уаIуоплъэ цIыхуIэ емыIусарэ, зэманымрэ щIыуэпсым-рэ  я  Iэужь  хуэдэу.  Ауэ, апхуэдэу уаIуплъэн щхьэкIэ, дапхуэдиз гуащIэрэ гупсысэрэ ехьэлIэн хуейт                абы!
  • Гугъуэт  Заремэ.