ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Июль, 2021

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Урысеймрэ Белоруссиемрэ хыхьэ щIыналъэхэм я Зэхуэсышхуэм

2021-07-03

  • Урысеймрэ Белоруссиемрэ хыхьэ щIыналъэхэм я Зэхуэсышхуэм ипкъ иткIэ бадзэуэгъуэм и 1-м, видеоконференц IэмалкIэ зэпащIэри, зэхэтащ къэралитIым я унафэщIхэр къыщыпсэлъа кIэух зэIущIэ зыубгъуар. Зэхыхьэр зытеухуауэ щытар дуней псор бжыгъэм тещIыхьа Iуэху къызэгъэпэщыкIэм щыхуэкIуэ мы лъэхъэнэм Урысеймрэ Белоруссиемрэ щIэныгъэ-техникэ IэнатIэм щызэдэлэжьэнырщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Налшык и етхуанэ хьэблэм къыщызэрагъэпэщынущ цIыхухэм зыщагъэпсэху хъуну щIыпIэ

2021-07-03

  • «Налшык къалэм и етхуанэ хьэблэм щыпсэухэм мызэ-мытIэу къаIэтащ щхъуантIагъэхэр щыхэса зыгъэпсэхупIэ цIыкIу яIэн зэрыхуейм теухуа Iуэхур. Къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Ахъуэхъу Таймураз сщIыгъуу  ар къэтплъыхьащ. ЩIыпIэр къыхэтхащ. Пэж дыдэу, хьэблэм Iуву цIыхухэр щызэхэсщ, мыбы иIэн хуейщ рекреацэ инфраструктурэ. Муниципалитетыр яужь ихьащ проектыр зэхэлъхьэным», — КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Инстаграмым щиIэ напэкIуэцIым апхуэдэ хъыбар щызэбгригъэхащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

«Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ Жыласэ Заурбэч

2021-07-03

  • КъБР-м и Правительствэм 2021 гъэм мэкъуауэгъуэм и 30-м къыдигъэкIа Унафэ №264-рп-м ипкъ иткIэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэу ягъэуващ Жыласэ Заурбэч Щэлэуат и къуэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Дыщэ медалрэ цIэ лъапIэрэ

2021-07-03

  • Германием хыхьэ Дортмунд къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ щIалэщIэхэм я Европэпсо зэхьэзэхуэ. Абы фIы дыдэу зыкъыщигъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Къылшыкъуэ Ислъам.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъыбар гуапэ

Пасэрей  IэщIагъэм и  иджырей  IукIэ

2021-07-03

  • Сэралъп Мадинэ и Арт-центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ ятIагъуэм хьэкъущыкъу, хьэпшып гъэщIэгъуэнхэр къыхэзыщIыкI, абы цIыхухэр хуезыгъасэхэу ХьэцIыкIу Миланэ, Газаевэ Разият (дыщэкI IэщIагъэми хуэIэзэщ), Шаваевэ Эллэ, НакIэ Инессэ сымэ «ГъэнщIыныгъэ» зыфIаща я IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъэлъэгъуэныгъэхэр

Лэжьыгъэм и пIалъэкIэ зохъуажэ

2021-07-03

  • Тырку Республикэм и дохутырхэр COVID-19-м зэрыпэщIэтым, абыхэм я лэжьыгъэм и пIалъэ зрагъэщIэну а къэралым щыIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Узыншагъэ

Шапсыгъ щIыпIэцIэхэр

2021-07-03

  • Гъуэнытх
  • Хы ФIыцIэ Iуфэм егъэщIылIа ПсыфIыпэ (Лазаревск) къалэ цIыкIум километр 19-кIэ (мэзылъэ IуащхьэхэмкIэ) пыIудза Тхьэгъэпщ адыгэ къуажэм къыпэгъунэгъу шытххэм ящыщ зыщ. Лъахэджхэм я нэхъыбэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, псалъэр IыхьитIу: «гъуэны»-рэ «тхы»-уэ зэхэтщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ХэщIыныгъэхэр яIэу  къызэхуосыж

2021-07-03

  • Мазэ иримыкъу фIэкIа замыгъэпсэхуауэ къызэхуэсыжащ «Спартак-Налшыкым» и футболистхэр. Абыхэм зыхуэгъэхьэзырын щIадзащ 2021 — 2022 гъэхэм Урысей Федерацэм топджэгумкIэ и етIуанэ дивизионым щекIуэкIыну зэхьэзэхуэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол

Накъыгъэм и 18-м ди газетым тета «Вагъуэудз» адыгэ псалъэзэблэдзым и жэуапхэр

2021-07-03

  • ЕкIуэкIыу: 10. Малъхъэнэгъу. 12. Шылэхъар. 13.Тхьэрыкъуэф. 4. Блэгъу.15. ТехьэпщIэ. 17. Жэщтеуэ. 19. Къупхъэ. 22. Ныбжьэгъу. 23. Чыржын. 24. БгъузэIуэ. 25. Шэрджэс. 29. Къумырыс. 30. Тхъуэбзащхъуэ. 33. Щхьэмыж. 37. Унэ. 38. Сэрмахуэ. 39. Гын. 41. ЖыIэщIэ. 42.Тхьэджэн. 43. Саугъэт. 46. Мэшыкъуэ. 48. ПсыпцIэ. 49. Из. 50. Да. 51. Вагъуэудз. 52. ХьэпцIий. 56. Емызэш. 60. Яжьащхъуэ. 62. Аскъалэ. 64. Джэш. 65. Мыхъумыбз. 66. Дэп. 67. Жыхафэ. 68. Блащхъуэжьей. 72. Къыргъыз. 74. Бынунэ. 75. Псэхугъуэ. 76. Брамтэ. 77. Ашэмэз. 81. Джатэ. 82. Дэрбзэр. 84.Iэнэмыв. 86.Иныжь. 89.Бзугъащтэ. 90.IункIыбзэ. 91. АлэрыбгъущI.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

КъБР-м и ТВ

2021-07-03

  • 1 КъБР „Мир“ канал
  • Блыщхьэ, бадзэуэгъуэм и 5
  • 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 6.30 «ЕхъулIэныгъэ» (адыгэбзэкIэ) (12+)
  • 7.05 «Нартхэм я хъугъуэфIыгъуэ» (12+)
  • 7.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+)
  • 8.20 УсакIуэ Моттаевэ Светланэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Нэтынхэр

IуэрыIуатэ — дыщэ пхъуантэ

2021-07-03

  • Гъэсэпэтхыдэхэр
  • Адэм  и  уэсят
  • ЗэлIзэфыз псэурт, зы къуэ яIэу. Анэр щIэх дунейм ехыжащ. ЛIыми, фызым и дунейр щихъуэжым, къуэм IэщIагъэ иритащ, щхьэхрэ шынэрэ имыщIэу игъэсащ.
  • Жьы хъууэ лIыжьым и лIэгъуэр къыщысым, и къуэм жриIащ:
  •  — Си лIэгъуэ хъуащ, IэщIагъэ уиIэщ, шынэ жыхуаIэр пщIэркъым, псэу, дунейм цIыху хуэдэу тет. Ауэ удэхуэхрэ тхьэмыщкIэ дыдэ ухъумэ, мыпхуэдэ къуажэм дэс си ныбжьэгъум деж кIуэ. Абы къыбжиIэнщ адэкIэ пщIэн хуейр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2021-07-03

  • Фи лъэIукIэ
  • Иджыблагъэ редакцэм къэпсэлъащ «Адыгэ псалъэм» куэд щIауэ и щIэджыкIакIуэ, Нарткъалэ щыщ Тохъу Мухьэмэд. НэхъыжьыфIым зыкъытхуигъазэрт ПащIэ Ахьмэд игъэзащIэ «Анэ» уэрэдым и псалъэхэмрэ и хъыбарымрэ газетым къытеддзэну. «УэрэдыфIыр зэи жьы хъуркъым, купщIэ хэлърэ псалъэхэмрэ макъамэмрэ зэщIэжьыуэмэ, ар гум псэхугъуэ езытщ. ГъащIэ зиIэхэм ящыщщ «Анэ» уэрэдыр. Адыгэхэм я гуфIэгъуэ Iэнэхэм сытым дежи щыIурт цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа уэрэдхэр. Апхуэдэу зэныбжьэгъухэр дыщызэхыхьэ гуфIэгъуэ зэхуэсхэм мы уэрэдри щыжытIэну дыхуейт», — жиIащ Мухьэмэд.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис