Мэршэн МэчрэIил Хьэмац и къуэр
2021-03-16
- Иджыблагъэ дунейм ехыжащ цIыху гумащIэу, лэжьакIуэшхуэу, зи IэщIагъэми гъащIэми фIыуэ хэзыщIыкIыу щыта Мэршэн МэчрэIил Хьэмац и къуэр.
- Мэршэн М. Хь. 1938 гъэм къалъхуащ. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр къиуха нэужь, Нарткъалэ консервхэр щащIу дэт заводым и комсомол зэгухьэныгъэм и секретару 1962 гъэм абы лэжьэн щIидзащ. 1964 гъэм Мэршэныр ягъэуващ КПСС-м и Нарткъалэ къалэ комитетым и инструктору.
- 1965 гъэм къыщыщIэдзауэ 1982 гъэ пщIондэ республикэм и парт, комсомол органхэм щылэжьащ: КПСС-м и Советскэ щIыналъэ комитетым цIыхухэм политикэ щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ и кабинетым и унафэщIу, ВЛКСМ-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ комитетым комсомол лэжьыгъэмкIэ и кабинетым и унафэщIу, пропагандэмрэ агитацэмкIэ къудамэм и унафэщIу, КПСС-м и Налшык къалэ комитетым и инструктору, КПСС-м Налшык къалэм щиIэ Ленинскэ райкомым пропагандэмрэ агитацэмкIэ и къудамэм и унафэщIу щытащ.
- 1982 — 1993 гъэхэм Мэршэныр и унафэщIу щытащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Совет Нэхъыщхьэм и Секретариатым и къудамэм.
- 1993 гъэм и дыгъэгъазэм къыщыщIэдзауэ 2004 гъэм и щIышылэ пщIондэ ар лэжьащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Аппаратым и унафэщIым и къуэдзэу — РеспубликэмкIэ Советым и секретариатым и Iэтащхьэу.
- МэчрэIил Хьэмац и къуэр сыт хуэдэ IэнатIэ пэрымытами, и IэщIагъэм зэрыхуэIэзэр къигъэлъагъуэрт, жэуаплыныгъэ хэлъу лэжьыгъэм бгъэдэтт.
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Аппаратым и унафэщIым и къуэдзэу, абы къыдэкIуэу РеспубликэмкIэ Советым и секретариатми и пашэу щыщытам, Мэршэн М. Хь. хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм парламентаризмэм зыщегъэужьыным. Абы сыт щыгъуи гулъытэшхуэ хуищIырт КъБР-м и Парламентым и Аппаратым и лэжьакIуэхэм я Iэзагъэм хэгъэхъуэным.
- Мэршэн М. Хь. хуагъэфэщащ «Лэжьыгъэм къызэрыхэжаныкIым папщIэ», «И лэжьыгъэфIым папщIэ» медалхэр, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм, КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым я ЩIыхь тхылъхэр.
- Лэжьыгъэ и пIалъэ зэрищIэм, къызэгъэпэщакIуэ Iэзэу зэрыщытым, жэуаплыныгъэ хэлъу сыт хуэдэ Iуэхуми зэрыбгъэдыхьэм, и щхьэми и унафэ щIэтхэми зэрахуэткIийм и фIыгъэкIэ Мэршэн М. Хь. къулыкъукIэ зыпыщIахэми жылагъуэми пщIэшхуэ къыхуащIырт.
- Мэршэн МэчрэIил Хьэмац и къуэм, цIыху псэ къабзэу, гушхуэ зыкIуэцIылъу, IэщIагъэлIIэзэу щытам, и фэеплъ нэхур игъащIэкIэ тщыгъупщэнкъым. Абы и Iыхьлыхэмрэ и благъэхэмрэдахуогузавэ.
- Къэбэрдей-Балъкъэр респбликэм и
- Парламентым и дептатхэмрэ Аппаратым и лэжьакIэхэмрэ