Хэкур зыхъумахэм я фэеплъыр ягъэлъапIэ
2021-03-16
- «Фэеплъым и жыг хадэхэр» дунейпсо акцэм зэрыхэтынум зыщыхуагъэхьэзыр Къэбэрдей-Балъкъэрым.
- 1941 — 1945 гъэхэм щыIа Хэку зауэшхуэм хахуэу хэтахэр, къэралыр фашизмэм и бжьым щызыхъумахэр зэращымыгъупщэр, лIыхъужьхэм я фэеплъым пщIэ зэрыхуащIыр къагъэлъэгъуэн мурадкIэ зэхаша Iуэху щхьэпэщ ар икIи Урысей Федерацэм и Президентым пщэрылъ зэращищIам ипкъ иткIэ ирагъэкIуэкI, Мэз хозяйствэмкIэ къэрал агентствэмрэ УФ-м ЩIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэмрэ я щIэгъэкъуэну.
- Акцэм и къызэгъэпэщакIуэр «ТекIуэныгъэм и волонтёрхэр» урысейпсо жылагъуэ зэщIэхъееныгъэмрэ ТекIуэныгъэм и дзэзешэхэм я фэеплъ фондымрэщ.
- КъБР-м ЩIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм щIыналъэ администрацэхэр щIыгъуу яубзыхунущ «Фэеплъым и жыг хадэхэр» лэжьыгъэм хыхьэу жыгыщIэхэр щыхасэну мэзхэр, къалэхэм, къуажэхэм абы хухахыну щIыпIэхэр.
- Акцэр Налшык къалэм щрагъэжьэнущ — Таманскэ дивизэм и цIэр зезыхьэ уэрамым иIэ «ТекIуэныгъэм и паркым» гъатхэпэм и 18-м сыхьэтипщIым щIадзэнурэ жыгхэр щыхасэнущ. КъызэгъэпэщакIуэхэм кIейрэ блашэу жыг 300 хуагъэхьэзыращ зэрыхасэнум. Абы хэт хъунущ хуей псори.
- 2020 гъэм, ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 75-рэ щрикъум, «Фэеплъым и жыг хадэхэр» Iуэхум ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэз фондым щыщ щIы гектар 20-м щыхасауэ щытащ жыг 60.048-рэ — республикэм икIыу Хэку зауэшхуэм хэта дэтхэнэми я зырызу.
- ДЖАТЭ Къантемыр.