ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Захуагъэмрэ пэжымрэ я телъхьэ

2021-03-16

  • «Захуагъэм тет Урысей» («Справедливая Россия») партым псори зыщIэхъуэпс, ауэ нобэр къыздэсым зрамыгъэхъулIэф Iуэхушхуэ зэфIигъэкIащ. Абы иджыри партитI зыгуигъэхьащ: «Пэжым и телъхьэу» («За правду») партымрэ «Урысей хэкупсэхэмрэ» («Патриоты России») цIэр зезыхьэмрэ. Иджы езым зэреджэми зихъуэжащ: «Захуагъэм тет Урысей — хэкупсэхэр пэжым щIобэн».

  • ЗэгухьэныгъэщIэм и съезд иджыблагъэ екIуэкIам КъБР-м къыбгъэдэкIыу хэлэжьыхьахэщ республикэм и Парламентым «Захуагъэм тет Урысейм» и фракцэу хэтым и унафэщI Кебеков Владимир, КъБР-м и Парламентым УхуэныгъэмкIэ, ЖКХ-мрэ ТЭК-мкIэ и комитетым и унафэщI Токъу Руслан, Шэрэдж районым партым и Iуэхухэр щызезыгъакIуэ Башиев Екъуб сымэ.       Ди упщIэхэмкIэ Токъу Руслан зыхуэдгъэзащ.
  • Миронов Сергей «Захуагъэм тет Урысей» партым и бгъэхэIу лъапIэр Кебеков Владимир ирет.

  • Токъу Русланрэ Къэрал Думэм и депутат Хованская Галинэрэ.

  • — Сытым щыгъуэ зэгухьэным теухуа унафэр къыщащтар?
  • — Дызэрызэгухьэрэ куэд щIакъым. Къыдгухьа партитIым я унафэщIхэм «сопредседатель» къулыкъур иратауэ зэдолажьэ. Дэ шэч къытетхьэркъым Къэрал Думэм щылэжьэнухэр хахын и пэ къихуэу апхуэдэ лъэбакъуэ Iущ зычыфахэм я акъылэгъухэр нэхъыбэ зэрыхъунуми езы зэгухьэныгъэм и къарум зэрыхэхъуэнуми. Иужьрей зэхуэсым утыку къыщрахьащ зэгухьэныгъэщIэр зытетыну мардэхэр къыщыгъэлъэгъуа Манифестыр.
  •  — Сыт хуэдэ Iуэху щхьэпэ къыдэкIуэну ущыгугърэ Миронов Сергей и «Захуагъэм тет Урысейр», Прилепин Захар и «Пэжым и телъхьэу» партыр, Семигин Геннадий и «Урысейхэкупсэхэр» зэрызэгухьам?
  • — Сэ а Iуэхум фIыкIэ сыщогугъ. Япэрауэ, партищым къызэдащта Манифестым IупщIу къыщыгъэлъэгъуащ къалэн зыщащIыжхэр икIи абы псоми зэдэарэзыуэ Iэ щIадзащ. Абы ихуащ пэжым, хэку фIылъагъуныгъэм, захуагъэм тегъэщIапIэ хуэхъу мардэ 12. Дэ пщэрылъ зыщыдощIыж илъэс 15 ирикъуа «Захуагъэм тет Урысейм» къехъулIа лэжьэкIэм мыдрей парт щIалитIым я къару жыджэрхэр           гъусэ хуэтщIу, тхьэмыщкIагъи зэхуэмыдэныгъи узыщримыхьэлIэ къэрал духуэну. Ар, шэч хэмылъу, тхыдэм къыхэнэну унафэщ. Иджы «сэмэгухэмрэ» хэкупсэхэмрэ зы зэрыхъуам и фIыгъэкIэ, хэкур зыхуэныкъуэ жэрдэмхэр акъыл нэхъ хэлъу къаIэтыфынущ. Партым и съездым къищта унафэм къыщыхэгъэщащ: социалист парту зыкъэзылъытэж мы зэгухьэныгъэр сыт и лъэныкъуэкIи цIыхум    и хуитыныгъэр ихъумэным хущIэкъунущ. Къэрал Думэм тIысыпIэ нэхъыбэ къыщыIэрыхьэн папщIэ, партым и мурадщ мэлыжьыхьыр имыух щIыкIэ лэжьыгъэр щIигъэхуэбжьэну.
  •  — Сыт хуэдэ тегъэщIапIэхэр игъэнэхъапэрэ фи зэгухьэныгъэм?
  • — Мурад пажэу дэ зыхуэдгъэувыжыр апхуэдиз зэхуэмыдэныгъэ цIыхубэ зэхуа-кум щымыIэнырщ, тхьэмыщкIэхэмрэ къулейхэмрэ егъэлеяуэ зэщхьэщыкIыу щымытынырщ. ЦIыхум и лэжьыгъэм хуэфэщэн пщIэ, абы къикIыр — зыхуей игъуэту зыгъэпсэун улахуэ хуэдгъэувынырщ.
  • ЕтIуанэ плъапIэр — сабий зэрыс унагъуэхэм защIэгъэкъуэнырщ. Япэ игъэщыпхъэхэм язу къыдолъытэ бын зыгъуэта анэм илъэсищ пщIондэ сабийм зэрыкIэлъыплъ ахъшэ къратыныр. «Анэм и мылъкур» нэхъ тыншу къэбгъэщхьэпэну Iэмал щыIэн хуейщ, псалъэм папщIэ, а ахъшэмкIэ машинэ къищэхуну хуиту икIи хузэфIэкIыу, сабийр узыншагъэ и лъэныкъуэкIэ зыхуэныкъуэхэр къыхущIэкIыу, къинэмыщIхэр.
  • Апхуэдэ дыдэу дэ ди мурадщ алиментхэм я Iуэхум зэхъуэкIыныгъэ хэтлъхьэну. Нэхъ щхьэтечу жыпIэмэ, и закъуэу сабийм кIэлъыплъ адэм е анэм и быныр зыхуей хуигъэзэн щхьэкIэ, зыми хуэмыныкъуэу щытын хуейщ. Гулъытэ яхуэщIыпхъэщ сабий куэд зэрыс унагъуэхэ-ми. Абыхэм нэхъ пуду унэ къахуэщэхуу е яухуэфу щIын хуейщ. Абы щхьэкIэ хэхъуэ темылъу щIыхуэ иратыныр хабзэкIэ къащтапхъэщ.
  • ЗэхъуэкIыныгъэ хэтлъхьэну ди мурадщ пенсэм и Iуэхуми. Ди партым и еплъыкIэр зытетам къытенащ: япэм зэрыщытам ещхьу, бзылъхугъэхэр илъэс 55-м, цIыхухъухэр илъэс 60-м пенсэм кIуэуэ щIыжын хуейщ.
  • КъыщынэмыщIауэ, пенсэм кIуэну щыхуит ныбжьыр къыхуегъэIэбыхыпхъэщ сабиитху е нэхъыбэ зиIэхэм, зи Iэпкълъэпкъыр къызыдэмыбзхэм, гугъуехь лей зыпылъ IэнатIэ Iутахэм. Партым захуагъэу къелъытэ «Пенсионнэ фонд» жыхуаIэ IуэхущIапIэр ягъэкIуэдыжу абы и къалэнхэр налог IуэхущIапIэм и пщэрылъ ящIыныр. Апхуэдэу ящIмэ, а фондым текIуадэ мылъкумрэ абы щылажьэхэм яIыгъ ухуэныгъэ ехьэжьахэмрэ нэхъ мыхьэнэ зиIэ Iуэхум хуаутIыпщыфы-    нущ.
  • Ди партым и мурадщ медицинэм мылъку нэхъыбэ хуиутIыпщыныр. Къэралым пыгъэщхьэхукIын хуейуэ къыдолъытэ уней страховой IуэхущIапIэхэри. Урысейм и кIуэцIкIэ дохутыр IэщIагъэ зиIэ псоми зы улахуэ щыхуагъэувын хуейщ. Нобэ дохутырхэм я процент 85-м, сабий дохутырхэм я процент 90-м я улахуэр къазэремэщIэкIым къыхэкIыу, IэнатIитI-щы здахьын хуей мэхъу, ар къемызэгъщ.
  • Хущхъуэхэм я гугъу пщIымэ, абыхэм я уасэр пхуэмыIуэтэну лъагэщ. Унафэ къэщтэн хуейщ цIыхум къыхэхъуэм и проценти 10-м нэхърэ нэхъыбэ уасэ абыхэм хуагъэувыныр ямыдэу. Хущхъуэм и уасэр а мардэм зыгуэркIэ фIэкIмэ, ар къэралым кърырещэху.
  • Иджыри гу зылъытапхъэ Iуэху. Ар Урысейм зыхуей хуэза щIэныгъэфI щызэбгъэгъуэтыфу зэрыщытыпхъэрщ. Дэ доукъуэудий Урысейм и кIуэцIкIэ егъэджакIуэхэм ират улахуэр мардэ пыухыкIам тегъэувэн, ЕГЭ-р ягъэкIуэдыжын, е къэзымыгъэщхьэпэнум имыту ящIын хуейуэ. IэщIагъэ зэгъэгъуэтыкIэ Iэмалхэм зегъэубгъун хуейщ, абыхэм ухурагъэсэн папщIэ щIэныгъэлIхэмрэ егъэджакIуэфIхэмрэ къебгъэблагъэ хъууэ унафэщIэхэр къащтапхъэщ. IэщIагъэ щызрагъэгъуэт еджапIэ къэзыухахэр IэнатIэ увынымкIэ къэралыр дэIэпыкъун хуейщ, Совет Союзым зэрыщыщытам хуэдэу. Сытми, узытепсэлъыхьыфынур куэдщ, ауэ, сэ сызэреплъымкIэ, Iуэху зэфIэхыкIэ узыншэ къигъэлъагъуэу, партыр и плъапIэм хуокIуэ. Ар цIыхухэми къагурыIуауэ, акъылэгъу къыддохъу.
  • — Зи гугъу пщIы партым КъБР-м щиIэ къудамэм и лIыкIуэхэр дауэ хэлэ-        жьыхьрэ?
  • — Партым и унафэщIхэм сыт щыгъуи пщIэ лей къыхуащI Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ и лIыкIуэхэм. Кебеков Владимир ди къудамэм и унафэщIу зэрагъэуврэ, Iуэхур и пIэ икIауэ, лэжьыгъэ щхьэпэхэр зэфIегъэкI. Кебековыр иджыблагъэ хагъэхьащ партищ зэгухьам и советым, абы и дамыгъэ нэхъ лъапIэу къалъытэ «Захуагъэм тет Урысей» партым и бгъэхэIу лъапIэр къратащ. Партыр къызэрыунэхурэ апхуэдэ тыгъэ зратар цIыхуитху къудейщ.
  • Епсэлъар Чэрим  Марианнэщ.