ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ К. В. щыIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм коронавирус узым зыщемыгъэубгъунымкIэ оперативнэ штабым и хъыбарегъащIэ центрым

2020-03-28

  • КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щыIащ республикэм и щIыналъэм коронавирус уз зэрыцIалэм зыщемыгъэубгъунымкIэ оперативнэ штабым и хъыбарегъащIэ центрым. IэщIагъэ зэмылIэужьыгъуэхэр яIэу мыбы щылажьэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэм ящыщу телефонкIэ къэпсалъэхэм жэуапхэр ират. Къэпсалъэхэр дэIэпыкъуныгъэ щхьэхуэхэм щIолъэIу, узыр зэмыгъэуэлIэнымкIэ карантин лэжьыгъэм хиубыдэхэм щIоупщIэ, апхуэдэу мы уз зэрыцIалэр нэхъыбэу иджыпсту здэщыIэ къэралхэм къикIыжахэм ятеухуа хъыбархэр къат.

  • ЩIыналъэм и унафэщIым къыхигъэщхьэхукIащ Iуэхум и щытыкIэм иджыпсту псори ткIийуэ зэрыкIэлъыплъыр. Узым пэщIэтынымкIэ зи чэзу Iуэхухэр и зэманым зэфIагъэкIащ, къапщтэмэ, къалэ сымаджэщым уз зэрыцIалэхэмкIэ и къудамэмрэ етIуанэ къалэ сымаджэщымрэ мы узыфэр зэуалIэхэр щIагъэгъуэлъхьэну хьэзырщ.
  • КъБР-м и Iэтащхьэм апхуэдэу жиIащ коронавирусым земыгъэубгъунымкIэ оперативнэ штаб гъатхэпэм и 12-м къызэрызэрагъэпэщар, Iуэхум и пэжыпIэр къыщыгъэлъэгъуа хъыбархэр зыхуэхьэсынымкIэ хъыбарегъащIэ центр къызэрызэIуахар.
  • «Иджыпсту мыхьэнэ хэха иIэщ бзыщI лъэпкъ хэмылъу информацэ тэмэмыр ирикъуу зыхуэфащэ органхэм яIэрыгъэхьэным, — жиIащ КIуэкIуэ Казбек. — Властым и органхэм коронавирусым республикэм зыщемыгъэубгъунымкIэ зыхуэфащэ Iуэху псори зэфIагъэкI. Мы узыфэмкIэ яцIэлахэм, сымаджэ хъуахэм ядэIэпыкъуным хуэунэтIауэ медицинэ IуэхущIапIэхэм я лэжьыгъэр къызэрагъэпэщ Узыншагъэр хъумэнымкIэ министерствэм, Роспотребнадзорым. Нобэм ирихьэлIэу Iуэхум и щытыкIэр: ди жагъуэ зэрыхъущи, мы узыфэр зыпкърытхэм цIыхуитI къахэхъуащ, цIыху 27-рэ стационархэм щIагъэгъуэлъхьащ дохутырхэр якIэлъыплъын папщIэ, апхуэдэу карантиным и хабзэхэм тету я унэхэм щыIэ цIыху 689-м якIэлъоплъ. Сэ Iэ щIэздзащ цIыху куэд зыхэт Iуэхухэр гъэмэщIэнымкIэ адэкIи зэфIэгъэкIын хуей лэжьыгъэхэм ятеухуа указым, ар КъБР-м и Iэтащхьэм и официальнэ сайтым, цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм къытрадзащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу нэхъыжьхэм захуэзгъэзэну сыхуейщ: фи унагъуэхэм фахэсу унэм фIыщIэс, цIыху куэд щызэхыхьэ щIыпIэхэм Iэмал зэриIэкIэ защывдзей. Фэ фыдэхуэхауэ, фащыгъупщэжауэ къыфщымыхъун папщIэ республикэм и унафэщIхэмрэ волонтёрхэмрэ Iэмал зэриIэкIэ зыкъыфщIагъэкъуэнущ. Апхуэдэу республикэм ис псори нэхъ зыхуэсакъыжыну къыхузоджэ. Иджыпсту зэхыхьэшхуэхэр къызэрызэвмыгъэпэщыным фыхущIэкъу, унэм нэхъыбэрэ фис. Ар сэбэп хъунущ вирусым земыгъэубгъунымкIэ».
  • КIуэкIуэ К. В. хэхауэ фIыщIэ яхуищIащ медицинэ IуэхущIапIэхэм, Роспотребнадзорым я лэжьакIуэхэу, къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм къулыкъу щызыщIэхэу коронавирусым земыгъэубгъунымкIэ япэ сатырхэм хэтхэм икIи республикэм щыпсэухэм я шынагъуэншагъэр къызэзыгъэпэщхэм. Урысей Федерацэм и цIыхухэм защыхуигъэзам, къэралым и Президентым къигъэува къалэнхэм я гугъу щищIым, КъБР-м и Iэтащхьэм къыхигъэщхьэхукIащ, иджыпсту екIуэкI Iуэхухэм ехьэлIауэ къапщтэмэ, цIыхухэм защIэгъэкъуэнымкIэ абыхэм къыпхуэмылъытэным хуэдиз мыхьэнэ зэраIэр.
  • «Коронавирусым земыгъэубгъуным хуэунэтIауэ иджыпсту зэфIагъэкIхэр Iуэхум и япэ Iыхьэу аращ. ЕтIуанэращи — Президентым нэгъэсауэ къыгуроIуэ коронавирусым зэрызиубгъум къыхэкIыу экономикэр зэрехуэхынур икIи абы иубзыхуащ цIыхухэр, псэуныгъэм пыщIауэ къэралым щыIэ IуэхущIапIэхэр дэIыгъынымкIэ зэфIэгъэкIыпхъэхэр. Дэ нобэ зыхуэфащэ IэнатIэхэм я пщэ итлъхьащ УФ-м и Президентым къигъэува къалэнхэр икIэщIыпIэкIэ зэфIэгъэкIынымкIэ сэбэп хъуну хабзэ мардэхэр ягъэхьэзырыну», — жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
  • КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
  • Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.