|
Декабрь, 2019
2019-12-17
- Дыгъэгъазэм и 14-м Iуащхьэмахуэ лъапэ къыщызэIуахащ бгы-лыжэ къежэхыгъуэ лъэхъэнэр. Мыпхуэдэ Iуэху дахэр ирагъэкIуэкIын зэрыщIадзэрэ мы гъэм илъэс 50 ирикъуащ. «Азау» хуейм деж щрагъэкIуэкIа гуфIэгъуэ зэхыхьэм хэтащ Урысейм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэ Матовников Александррэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2019-12-17
- Дыгъэгъазэм и 14-м Налшык къалэм щекIуэкIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым я зи чэзу зэIущIэ. Абы хэтащ Тыркум, Иорданием, Израилым, Сирием, Ливаным, Абхъазым, Адыгей, Къэрэшей-Шэрджэс, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм, Ставрополь, Краснодар крайхэм щыIэ Хасэ къудамэхэм я лIыкIуэхэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Лъэпкъ Iуэху
2019-12-17
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIыхь тхылъыр
- КIыщ М. И. етыным и IуэхукIэ
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
-
- СурэтыщI гъуазджэм зегъэужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуищIам папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIыхь тхылъыр етын КIыщ Мухьэдин Исмэхьил и къуэм — «Урысейм и Художникхэм я зэгухьэныгъэ» Урысейпсо творческэ жылагъуэ организацэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм хэтым.
-
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
- Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек
- Налшык къалэ
- 2019 гъэм дыгъэгъазэм и 16-м
- №131-УГ
Зыхыхьэхэр: Указ
Мусуков Алий щыгъуазэ зищIащ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и ухуэныгъэр здынэсам
2019-12-17
- КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Геккиев Заур, республикэм щэнхабзэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Къумахуэ Мухьэдин, Бахъсэн щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Балъкъыз Артур сымэ щIыгъуу иджыблагъэ щыIащ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм икIи абыхэм зрагъэлъэгъуащ жылэм щащI ЩэнхабзэмкIэ унэм и ухуэныгъэр здынэсар. Унэр мы илъэсым и кIэм ятыну я мурадщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм
2019-12-17
- КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ Правительствэм и Унэм щахуэзащ республикэм и цIыхубэ художник КIыщ Мухьэдинрэ абы и щхьэгъусэ Дианэ Мосс Жаклинрэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Дыгъуасэ
2019-12-17
-
Дыгъэгъазэм и 17, гъубж
- Урысейм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм стратегие мыхьэнэ зиIэ я ракетэдзэхэм я махуэщ. Ракетэдзэхэр къызэгъэпэщыным теухуа унафэр СССР-м и Правительствэм 1959 гъэм дыгъэгъазэм и 17-м къыдигъэкIауэ щы-тащ, РВСН-м и махуэр ягъэлъапIэ 2006 гъэм къыщыщIэдзауэ.
- Урысейм и Къэрал фельдъегер къулыкъум и лэжьакIуэхэм я махуэщ. Къэрал документхэр IуэхущIапIэ зэхуэмыдэхэм яIэрызыгъэхьэ а къулыкъум и тхыдэр жыжьэ къыщожьэ. Урысей император Павел Езанэм къэрал унафэр 1796 гъэм и щэкIуэгъуэм IэщIыхьа нэужь ищIа япэ унафэхэм ящыщщ фельдъегер IэнатIэр къызэгъэпэщыным теухуауэ а гъэм дыгъэгъазэм и 17-м Iэ зыщIидзар.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2019-12-17
- Адыгэ Республикэм и ЛIыкIуэ IуэхущIапIэу УФ-м и Президентым деж щыIэм иджыблагъэ зэIущIэ гуапэ щекIуэкIащ. Абы ирагъэблэгъащ УФ-м и ТхакIуэхэм я союзым и унафэщIым и къуэдзэ, Адыгэ Республикэм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ, АР-м, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ тхакIуэ, УФ-м и Жылагъуэ палатэм хэт, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Нэхъыжьхэм я советым и тхьэмадэ МэшбащIэ Исхьэкъ Шумахуэ и къуэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ЗэIущIэхэр
2019-12-17
- Дыгъэгъазэм и 13-м Налшык къалэм и Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм фейдэ къегъэщIыным пымыщIа и IуэхущIапIэхэм (НКО) я ещанэ цIыхубэ зэхуэсыр. Ар иригъэкIуэкIащ КъБР-м граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ КIурашын Анзор.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2019-12-17
- 2020 ИлъэсыщIэм дызэрытехьэну махуэшхуэ пшыхьхэр щагъэхьэзыр ди республикэм и къалащхьэм. Уэрамхэр ягъэщIэращIэ, арт-бэзэрхэр къызэIуах, фIыуэ тцIыху утыкухэм псей дахэхэр щагъэув, абыхэм щрагъэкIуэкIыну зэIущIэхэм зыхуагъэхьэзыр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ХъыбарегъащIэ
2019-12-17
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм хэщIыныгъэшхуэ игъуэтащ — илъэс 86-м иту дунейм ехыжащ мэкъумэш IэнатIэм пщIэшхуэ щызиIэхэм ящыщ, мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, профессор Хъаний Мирон Хьэгуцырэ и къуэр.
- Хъаний М. Хь. КъБАССР-м хыхьэ Тэрч щIыналъэм щыщ Болэтей къуажэм дэс мэкъумэшыщIэ унагъуэм къыщалъхуащ 1934 гъэм шыщхьэуIум и 21-м.
- Курыт школ нэужьым ар щIэтIысхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и естественнэ (иджы биологие) къудамэм, ар къызэриухыу, еджапIэ нэхъыщхьэм къегъэщIылIа агробиологие гъэунэхупIэ участкэм и унафэщIу ягъэувауэ щытащ.
- БлэкIа лIэщIыгъуэм и 60 гъэхэм я пэщIэдзэм Хъаний Мирон КъБКъУ-м и аспирантурэм щIотIысхьэ, ар къеухри, «мэкъумэш щIэныгъэхэм я кандидат» щIэныгъэ дамыгъэр къихьыным хуэунэтIауэ игъэхьэзыра и лэжьыгъэр ехъулIэныгъэкIэ пхегъэкI.
- ФIыкIэ зыщыгугъ щIэныгъэлI щIалэ жаныр КъБКъУ-м и мэкъумэш факультетым щIым елэжьынымкIэ и кафедрэм и лэжьакIуэу къагъэнэж.
- ИужькIэ, республикэм и унафэщIхэм я чэнджэщкIэ, Хъаний Мирон езыр зыщыщ щIыналъэм ягъэкIуэж Къэбэрдей-Балъкъэр опытнэ станцым и унафэщIым и къуэдзэу икIи абы илъэс 16-кIэ щолажьэ.
- 1978 гъэм Хъаний М. Хь. къулыкъущIэ къратащ — ар Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIыгъэхэр узыфэхэм химие IэмалхэмкIэ щыхъумэнымкIэ и станцым и унафэщIу ягъэуващ. И лэжьыгъэм къыдэкIуэу, абы и доктор диссертацэри игъэхьэзыращ икIи ар щытхъу иIэу Киев къалэм (Украинэм и мэкъумэш академием и Аттестацэ комиссэ нэхъыщхьэм) щыпхигъэкIащ.
- Къэбэрдей-Балъкъэр агромелиоративнэ институтым (иджы КIуэкIуэ В. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университет) и япэ ректору щыта ФиIэпщэ Борис къыхуигъэлъагъуэри, Хъаний Мирон 1984 гъэм ягъэуващ мэкъумэш еджапIэщIэм щIым елэжьынымкIэ и кафедрэм и унафэщIу икIи а IэнатIэм илъэс 26-кIэ пэрытащ.
- Илъэс куэдкIэ иригъэкIуэкIа щIэныгъэ лэжьыгъэхэм я щыхьэту Хъаний Мирон къэкIыгъэхэм я жылэхэр егъэфIэкIуэным, нэхъыфIхэр къыхэхыным теухуа къэхутэныгъэ лэжьыгъэрэ методикэу 200-м щIигъу къытрыригъэдзащ, апхуэдэуи жылапхъэхэр гъэкIыным теухуа IэмалыщIэхэр щызэпкъриха тхылъ 14 къыдигъэкIащ.
- Хъанийм хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ цIыхухэр ерыскъыпхъэкIэ ирикъуу къызэгъэпэщыным теухуа, мыхьэнэшхуэ зиIэ лэжьыгъэм, апхуэдэуи мэкъумэш IэнатIэм шэщIауэ зегъэужьыным лъэпкъыр зэрыхузэфIэкIкIэ хуэщхьэпэным теухуа Iуэхухэми.
- Профессор Хъаний М. Хь. фIыщIэшхуэ щIыхуэщIыпхъэ лэжьыгъэхэм ящыщщ абы щIэм тету зызыужь мэкъумэш IэнатIэм IэщIагъэлIхэр хуэгъэхьэзырыным хуэунэтIауэ зэфIигъэкIахэр. Абы и нэIэм щIэту я кандидат диссертацэхэр цIыху 37-м, я доктор диссертацэхэр плIым пхагъэкIащ.
- Мэкъумэш щIэныгъэмрэ агропромышленнэ комплексымрэ зегъэужьыным хуищIа хэлъхьэныгъэшхуэм папщIэ Хъаний М. Хь. «Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и агроном», «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», «КъБР-м щIыхь зиIэ и агроном» цIэ лъапIэхэр къыфIащащ.
- Ар щIэныгъэмрэ гъуазджэмкIэ Петровскэ академием, ЩIэныгъэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием, пщIэшхуэ зиIэ нэгъуэщI зэгухьэныгъэхэм хэтащ.
- Хъаний Мирон Хьэгуцырэ и къуэр пэжагъ зыхэлъ, зи Iуэху еплъыкIэ зиIэж, захуагъэм и телъхьэ, Хэкум хьэлэлу хуэлажьэ цIыхуу щытащ. Абы и Iулыджыр лъагэт, Къэбэрдей-Балъкъэрми къэралым и нэгъуэщI щIыпIэхэми пщIэ къыщыхуащIырт.
- Хъаний Мирон Хьэгуцырэ и къуэм — зэманым екIуу псэуа цIыхум, хэкупсэ нэсым — и фэеплъ нэхур сыт щыгъуи ди гум илъынщ абы дэлэжьахэми, и ныбжьэгъухэми, иригъэджахэми.
- КIуэкIуэ В. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетыр.
- Дунейпсо Адыгэ Академием хэтхэр.
Зыхыхьэхэр: Хэха
Беслъэнейхэр: щIыналъэр, щэнхабзэр, бзэр
2019-12-17
- КъухьэпIэ адыгэхэр XVI лIэщIыгъуэм щегъэжьауэ Кърым хъаныгъуэм и унафэм щIэтащ. КъэралщIыб посольствэм къэбэрдейхэми беслъэнейхэми ятеухуа дэфтэр куэд щIэлъщ. Ахэр нэхъыбэу зэрытхар пасэрей уэсмэныбзэщи, тхыдэ щIэныгъэм ехьэлIа лэжьыгъэхэм къыщагъэщхьэпэркъым. Ауэ щыхъукIэ, абыхэм къыщыгъэлъэгъуащ XVI лIэщIыгъуэм адыгэхэр зэхэмызэрыхьу лъэпкъ щхьэхуэ-щхьэхуэу гуэшауэ зэрыщытар.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2019-12-17
- Дыгъэгъазэм и 14-м Иорданием и пащтыхь Абдаллэ ЕтIуанэм Адыгэ Республикэм и ЛIыщхьэ КъумпIыл Мурат зи пашэ делегацэ иригъэблэгъащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ЗэпыщIэныгъэхэр
Абхъаз театрым и лэжьыгъэщIэ
2019-12-17
- Абхъаз къэрал щIалэгъуалэ театрым мэрем кIуам Налшык къалэ щигъэлъэгъуащ Абхъазым и цIыхубэ тхакIуэ ШинкIубэ Бэгърат и «ЖылакIэ» романым къытращIыкIа спектаклыр. Ди лъэпкъ тхыдэм и напэкIуэцI гуузхэм ящыщ зыщ абхъаз тхакIуэшхуэм и романым лъабжьэ хуэхъуар. Абы етхыж лъэпкъкIэ зэджэжу щымыIэж убыххэр зэрыкIуэдыжар, ахэр иужьрей гъуэгуанэм зэрытеува щIыкIэр, адыгэ жыгышхуэм и зы къудамэр гукъутэу зэрыгуэщIыкIар.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Щэнхабзэ
ЛъэсырызекIуэхэр зыхуэсакъыжыркъым
2019-12-17
- 2018 гъэм ебгъапщэмэ, мы гъэм машинэ зыжьэхэуа лъэсырызекIуэхэм я бжыгъэр процент 31-кIэ нэхъ мащIэ хъуащ. Арами, 2019 гъэр къызэрихьэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгухэм лъэсырызекIуи 138-рэ хэту насыпыншагъэ къыщыхъуащ. Абыхэм ящыщу 117-м я узыншагъэм сэкъатышхуэ игъуэтащ, цIыху 30-р фэбжьым къелакъым.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Сыт щыгъуи зыхуей IэнатIэщ
2019-12-17
- КъБР-м щыIэ МВД-м щекIуэкIащ Урысей МВД-м СвязымкIэ и IэнатIэхэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 70 зэрырикъум теухуа зэIущIэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
|