ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Декабрь, 2019

2019-12-14

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Тарифхэмрэ псэупIэ IэнатIэм кIэлъыплъынымкIэ и къэрал комитетым и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэм и IуэхукIэ
  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
  1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Конституцэм и 81-нэ статьям и «б» пунктым ипкъ иткIэ Тарифхэмрэ псэупIэ IэнатIэм кIэлъыплъынымкIэ и къэрал комитетым и унафэщIым и къалэнхэр игъэзэщIэну гъэувын Мэкъуашэ Алим Ажджэрий и къуэр.
  2. Мы Указым къару егъуэт абы Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.
  •                   Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
  •                   и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек
  • Налшык къалэ
  • 2019 гъэм дыгъэгъазэм и 12-м
  • №124-УГ
  •  

Зыхыхьэхэр: Указ

2019-12-14

  • Зыгъэпсэхугъуэ махуэр гъэIэпхъуэным и IуэхукIэ
  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
  • ЛэжьакIуэхэм зыгъэпсэхугъуэ махуэхэмрэ щымылажьэ махуэшхуэхэмрэ нэхъ тэмэму къагъэсэбэпын мурадкIэ унафэ сощI:
  1. 2019 гъэм и дыгъэгъазэм и 28 щэбэт зыгъэпсэхугъуэ махуэр 2019 гъэм и дыгъэгъазэм и 31 гъубж махуэм гъэIэпхъуэн Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал къулыкъухэр зыIыгъхэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал граждан къулыкъущIэхэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал органхэм я нэгъуэщI лэжьакIуэхэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал органхэм я унафэм щIэт IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм папщIэ.
  2. ЩIыпIэ самоуправленэмкIэ органхэм чэнджэщ етын 2019 гъэм и дыгъэгъазэм и 28 щэбэт зыгъэпсэхугъуэ махуэр 2019 гъэм и дыгъэгъазэм и 31 гъубж махуэм ягъэIэпхъуэну муниципальнэ къулыкъу зыIыгъхэм, щIыпIэ самоуправленэмкIэ органхэм я нэгъуэщI лэжьакIуэхэм, щIыпIэ самоуправленэмкIэ органхэм я унафэм щIэт IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм папщIэ.
  •  
  •  Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
  •  и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек
  • Налшык къалэ
  • 2019 гъэм дыгъэгъазэм и 13-м
  • №125-УГ

Зыхыхьэхэр: Указ

ДАХ-м и лэжьыгъэр нэхъыфIу 100-м хабжэ

2019-12-14

  • Иджыблагъэ Сочэ щекIуэкIащ Доброволецхэм я дунейпсо зэхуэс. Абы къэрали 120-м къикIа цIыху 6500-рэ хэтащ, ахэр волонтёр зэщIэхъееныгъэхэм, фейдэ къызыпэкIуэ лэжьыгъэм пымыщIа зэгухьэныгъэхэм, псапащIэ фондхэм я лIыкIуэхэт.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым республикэм и школакIуэхэм паспортхэр ярет

2019-12-14

  • УФ-м и Конституцэм и махуэм республикэм и Премьер-министр Мусуков Алий КъБР-м и Правительствэм и Унэм паспортхэр щаритащ еджэным, спортым къыщыхэжаныкI, олимпиадэ, конкурс зэмылIэужьыгъуэхэм щытекIуа, кадет зэщIэхъееныгъэм щыпашэ школакIуэхэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

ИлъэсыщIэ псейхэм зыкърах

2019-12-14

  • Абхъазым и утыкум махуитIкIэ псей IэрыщI лъагэр щызэпкъралъхьащ. Псори пэплъэрт мы гъэм абы фIалъхьэну цIуугъэнэхэр зыхуэдэм. Гъэ кIуар, зэрыфщIэжщи, «ретро» лъэхъэнэм ейт. Ещанэ махуэм щэхур нахуэ къэхъуащ — «Коммунхоз»-м и лэжьакIуэхэм иджыри зэ къызыкъуахыжащ куэдым я сабиигъуэр я нэгу къыщIэзыгъэхьэж сурэт теплъэгъуэ зэкIэрыщIахэр, кIэнфетышхуэхэр, хадэхэкIхэр, гуащэхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Школхэмрэ  медицинэм  и  IэнатIэхэмрэ  папщIэ  автомашинэхэр

2019-12-14

  • Къэралым и автопромым дэIэпыкъунымкIэ программэм хиубыдэу 2019 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и школхэмрэ сымаджэщхэмрэ автобус мыину, медицинэ дэIэпыкъуныгъэ псынщIэм папщIэ автомашинэу пщIы бжыгъэхэр къаIэрыхьащ. Ахэр щIыналъэм и районхэмрэ къалэхэмрэ трагуэшащ, къет ТАСС-м и корреспондентым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

«Iуащхьэмахуэ»  зыгъэпсэхупIэм  и  зэфIэкI

2019-12-14

  • УФ-м ТуризмэмкIэ и федеральнэ агентствэм (Ростуризм) къызэрыщалъытэмкIэ, ди къэралым и бгы-лыжэ зыгъэпсэхупIэ нэхъыфIхэм «Iуащхьэмахуэ» курортыр ящыщщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Джарым Аслъэн и гукъэкIыжхэр

2019-12-14

  • ЩэкIуэгъуэм и 7-м Адыгэ Республикэм Iэтауэ щагъэлъэпIащ щIыналъэм и япэ президент, экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, СССР-м спортымкIэ (самбэ) и мастер Джарым Аслъэн и ныбжьыр илъэс 80 зэрырикъуар. Пшы-хьым кърихьэлIа дэтхэнэ зы хьэщIэми тхьэмадэм тыгъэ хуищIащ нэхъыжьыфIыр и гъащIэ гъуэгум щриплъэж, нобэ ди щIэджыкIакIуэхэм едгъэцIыху тхылъыр: «Лъагагъэр зэрызыхэпщIэр: спорт, политикэ, гъащIэ» («Чувство верха: спорт, политика, жизнь»).

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ

Урысейм и Президентым Кавказ лъэпкъхэм  зэрызахуигъэза Къыхуеджэныгъэ

2019-12-14

  • 1994 гъэм накъыгъэм екIуэкIа, республикэхэм я унафэщIхэм я Зэхуэ-сым сыкъыщыщыпсалъэм, хэхэс диаспорэхэр бжыгъэкIэ зэпэплъытмэ, хамэ къэралхэм щыпсэу цIыху бжыгъэ нэхъыбэ дыдэ зиIэ урысхэм адыгэхэр къазэрыкIэлъыкIуэр жысIащ. Ар республикэ тепщэхэм икъукIэ ягъэщIэгъуащ. Си псалъэм къыщыхэзгъэщащ шэрджэс хэхэсхэр Кав-каз Ищхъэрэм ит республикищым — Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым, Къэбэрдей-Балъкъэрым — къызэщIэубыдауэ адыгэу исым нэхърэ плIыкIэ зэрынэхъыбэр. Иджы мис, XXI лIэщIыгъуэр йокIуэкI, ауэ нобэр къыздэсым ар зымыщIэ куэд Урысейм щыпсэухэм яхэтщ, нэхъ гъэщIэгъуэныжращи — къэрал къулыкъущIэхэ- ри абы щыгъуазэкъым. Дэ псори дыадыгэщ, — къагурызгъэIуащ къызэдаIуэхэм, — лъэпкъым и къудамэ щхьэхуэхэм дыхыхьэу, диалект зэтемыхуэкIэ дыпсалъэу аркъудейщ. Иужьрей къэпщытэныгъэм ипкъ иткIэ зи цIэ къисIуа республикэхэм адыгэу мин 720-рэ хуэдиз щыпсэумэ, гъунапкъэ адрыщIым мелуани 4 — 5, иджы къызэрабжымкIэ — мелуани 8-м нэблагъэ ди лъэпкъэгъуу щопсэу. Ар Ельцин Бориси, республикэхэм я тепщэхэми яфIэгъэщIэгъуэн хъуащ, псом хуэмыдэу абы къигъэуIэбжьар Шаймиев Минтимерщ, абы хэхэс тэтэрхэр, урысхэм уакъыфIэкIмэ, нэхъыбэ и гугъэт. А псори хэIущIыIу дымыщIу хъунутэкъым, сыту жыпIэмэ, а зэманым КъБР-мрэ КъШР-мрэ я лIыщхьэхэу КIуэкIуэ Валерэрэ Хубиев Владимиррэ, сэри саригъусэу ди Iэ зыщIэддза, «Адыгэ лъэпкъым Урысейм и Президентым зэрызыхуигъазэ Къыхуеджэныгъэ» дгъэхьэзырырт. Кавказ зауэр иухыу адыгэхэр Тыркум зэрыIэпхъуэрэ илъэси 130-рэ щрикъу махуэр къэблэгъати, а Къыхуеджэныгъэр Зэхуэсым утыку къыщидмыхьэу хъунутэкъым. Япэ дунейпсо зауэр иухыу, Уэсмэн къэралыгъуэр зэпкърыхуа нэужь, адыгэхэр Тырку империем хыхьэу щыта, иужькIэ къэрал зэмылIэужьыгъуэу зэпкърылъэлъа щIыналъэхэм къыщыхутат.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

КхъуэIуфэ Хьэчим Хьэбас и къуэр

2019-12-14

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэм хэщIыныгъэшхуэ игъуэтащ — илъэс 80-м иту дунейм ехыжащ тхакIуэ-публицист, документальнэ прозэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщ зы, Урысей Федерацэм и ТхакIуэхэмрэ Журналистхэмрэ я зэгухьэныгъэхэм хэта, Урысей Федерацэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ КхъуэIуфэ Хьэчим Хьэбас и къуэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

«Дуней псор зылъэхъа бэджыхъым детхьэлэ»

2019-12-14

  • КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэр, КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэр, ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэр я дэIэпыкъуэгъуу ирагъэкIуэкI «Дуней псор зылъэхъа бэджыхъым детхьэлэ» республикэпсо зэпеуэр иджыблагъэ щызэхэтащ Тэрч щIыналъэм хыхьэ Инарыкъуей къуажэм дэт курыт еджапIэм. КъыжыIапхъэщ проектым ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ щыIэ къэрал агентствэм къызэригъэпэща зэпеуэм и гулъыти зэригъуэтар.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Зэпеуэхэр

Мы махуэхэм

2019-12-14

  • Дыгъэгъазэм и 14, щэбэт
  • Чернобыль АЭС-м къыщыхъуа аварием и лъэужьхэр зыгъэкIуэдыжахэр щагъэлъапIэ махуэщ
  • Академик Сахаров Андрей и фэеплъ махуэщ. Совет физик, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, Нобель саугъэтым и лауреат Сахаров Андрей 1989 гъэм дунейм ехыжащ.
  • 1542 гъэм Шотландие пащты- хьыгъуэм и унафэщIу ягъэувауэ щытащ Стюарт Марие. Абы и гъащIэр гъэщIэгъуэныщэу къызэрекIуэкIар зыфIэтелъыджэу щытар и лъэхъэнэгъухэм я закъуэкъым. Ноби абы теухуа тхылъхэр къыдокI, фильмхэр трах.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

 Адыгэхабзэр и лъабжьэу

2019-12-14

  • Егъэджэныгъэм къыщагъэсэбэп иджырей Iэмалхэр утыку къыщрахьэ республикэ семинархэр мы махуэхэм курыт еджапIэхэм щокIуэкI. Апхуэдэу Къэрэгъэш къуажэм дэт 2-нэ курыт школым къыщызэрагъэпэщащ адыгэхэм я псэкупсэ лъапIэныгъэхэр, щэнхабзэ-тхыдэ хъугъуэфIыгъуэхэр, адыгэ хабзэр гъэсэныгъэмрэ зыужьыныгъэмрэ къызэрыщагъэсэбэпым, ахэр зи лъабжьэ цIыху хэтыкIэмрэ шыIэныгъэмрэ ныбжьыщIэхэм зэрыбгъэдалъхьэм теухуа дерс зэIухахэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Лъэпкъ Iуэху

ЩIэныгъэлI  цIэрыIуэм   и  лъагапIэщIэр

2019-12-14

  • Ди лъэпкъыр зэрыгушхуэ икIи зэрыпагэ адыгэ щIэныгъэлIхэм куэдрэ гулъытэ лъагэ щагъуэт къэралпсо, дунейпсо утыкухэм. Апхуэдэу, иджыблагъэ зи хъыбарыфI зэхэтхахэм ящыщщ инженер-механик Iэзэ, физик цIэрыIуэ, техникэ щIэныгъэхэм я доктор Щоджэн Юрэ Хьэсэн и къуэр. ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием (РАН) иджыблагъэ щекIуэкIа зэхуэс иным Щоджэныр зэдэарэзыуэ щыхахащ РАН-м и член-корреспонденту. Ари и щыхьэтщ адыгэ IэщIагъэлI щыпкъэм бгъэдэлъ щIэныгъэ куумрэ зэфIэкI лъагэмрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2019-12-14

  • Дзыгъуэ  хахуэхэр
  • Псысэ
  • Хьэблэ дзыгъуэр зэхэтIысхьэри зэчэнджэщыжащ:
  • — Дзыгъуэ быныр дызэтоунахъуэ, абы фIэкIмэ, лъапсэкIуэдыр къытхуэкIуэнущ. Нэгей и къуэ Лъэпщагъуэ къыдэуэсащи, махуэ къэс зы дзыгъуэ тхеуд. Ди лъакъуиплIыр зэтедзауэ дыщыс хъунукъым афIэкIа. Зыгуэр дывгъащIэ, зыгуэр къэдвгъэгупсыс.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис