|
Декабрь, 2019
2019-12-12
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
- Си гуапэу сынывохъуэхъу Урысей Федерацэм и Конституцэм и махуэмкIэ!
- Урысей правовой системэм и лъагапIэу, ди къэралым и суверенитетыр, абы и политикэ, экономикэ, социальнэ зыужьыныгъэр хъумэнымкIэ лъабжьэ быдэу Конституцэр уващ. Закон Нэхъыщхьэм фIыгъуэ мылъытэу игъэуващ цIыхур, абы и хуитыныгъэхэмрэ щхьэхуитыныгъэхэмрэ. А конституцэ хабзэм зэрытетым и щыхьэту иджыпсту къэралым пыухыкIауэ къигъэлъэгъуащ цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэныр езым и къалэн нэхъыщхьэ дыдэу къызэрилъытэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу
2019-12-12
- Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм хыхьэ хэгъэгухэм щыIэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм щылажьэхэр щызэхуашэс зэIущIэ инхэм ящыщ зыуэ щытащ Дагъыстэным и къалащхьэ Мэхъэчкъалэ дыгъэгъазэм и 5 — 6-хэм щекIуэкIа форумыр. Абы и лэжьыгъэм хэтащ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэ Матовников Александр, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Осетие Ищхъэрэ — Алание, Ингуш, Дагъыстэн республикэхэм, Ставрополь крайм я Iэтащхьэхэр, федеральнэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лIыкIуэхэр, нэгъуэщIхэри.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
ЦIыхум и хуитыныгъэхэм я дунейпсо махуэм ирихьэлIэу
2019-12-12
-
- ЦIыхум и хуитыныгъэхэм я дунейпсо махуэм ирихьэлIэу Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир 2019 гъэм дыгъэгъазэм и 10-м Кремлым щахуэзащ цIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэу Урысей Федерацэм и субъектхэм щыIэхэм. А зэIущIэм хэтащ ЦIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ Зумакулов Борис.
Зыхыхьэхэр: Хэха
Гъуазэ нэхъыщхьэ
2019-12-12
- Урысейм и Конституцэм лъабжьэшхуэ иIэщ. Къэралыр зэрыпсэуну Хабзэ Нэхъыщхьэр кърагъэщтэну хущIэкъуащ епщыкIуиянэ лIэщIыгъуэм и япэ зэхуэдитIым. 1730 гъэм джыназ Голицын Дмитрий къыхилъхьащ империем конституцэ монархие щагъэувыну. Пащтыхь гуащэ Аннэ и властыр ягъэмэщIат, ауэ а дэфтэрым къару игъуэтакъым.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2019-12-12
- УФ-м и Конституцэм и махуэм ирихьэлIэу, республикэм и къалэхэмрэ районхэмрэ щыщу зи ныбжьыр илъэс 14 ирикъуа еджакIуэ 22-м Урысей Федерацэм и цIыхум и паспортыр дыгъуасэ щратащ КъБР-м и Парламентым.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Парламентым
2019-12-12
- Къэбэрдей-Балъкъэрым хэщIыныгъэшхуэ игъуэтащ. Илъэс 96-нэм иту 2019 гъэм дыгъэгъазэм и 11-м лIащ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, республикэм и щэнхабзэм и лэжьакIуэ гъуэзэджэ, зэфIэкI зыбгъэдэлъ литератор, публицист ефэнды Джылахъстэн Къасым и къуэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Къуршхэри зэтемыщэхэжын быдапIэкъым
2019-12-12
- Бгыхэм я дунейпсо махуэр, дыгъэгъазэм и 11-р, 2003 гъэм ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм и 57-нэ сессием къыщащтащ. ИужькIи а Iуэхум щытепсэлъыхьащ 1992 гъэм зи гугъу тщIы зэгухьэныгъэм зэхиша, дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэнымрэ зегъэужьынымрэ теухуа и зэхуэсым.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2019-12-12
Нартхэм я гъукIэ цIэрыIуэ Лъэпщ. Сурэтыр СэвкIуий Хьэмид ищIащ.
Зыхыхьэхэр: Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр
Нобэрэ пщэдейрэ
2019-12-12
-
Дыгъэгъазэм и 12, махуэку
- Урысей Федерацэм и Конституцэм и махуэщ. 1993 гъэм цIыхубэ IэIэткIэ къащтащ УФ-м и Конституцэр.
- Тыркумэныр зы къэрали и Iуэху хэмыIэбэным и махуэщ
- Къыргъызстаным и лъэпкъ литературэм и махуэщ
- Къэзахъстаным и таможеннэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ
- Швейцарием и къэрал ныпым и махуэщ
- Украинэм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм я лъэсырыкIуэдзэхэм я махуэщ
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ
2019-12-12
- 1 КъБР „Мир“ канал
- Блыщхьэ, дыгъэгъазэм и 16
- 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
- 6.35 ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 75-рэ щрикъум ирихьэлIэу. «Зыри тщыгъупщакъым». Хэку зауэшхуэм хэта Абазэ Н. (адыгэбзэкIэ) (16+)
- 7.00 «Зэманымрэ гъащIэмрэ». Тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор Къэжэр Валерэ и фэеплъу (16+)
- 7.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
- 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+)
- 8.20 «ЩIэныгъэр гъуазэщ». Аушыджэр къуажэм дэт 1-нэ курыт еджапIэр (адыгэбзэкIэ) (12+)
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Нэтынхэр
2019-12-12
- ДофI догъэлъапIэ
- IэщIагъэмрэ лэжьыгъэмрэ хуэпэж
- Урысей Федерацэм щэнхабзэмкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, пщIэрэ щIыхьрэ иIэу Музыкэ къэрал театрым и хормейстер нэхъыщхьэ къулыкъум илъэс куэдкIэ пэрыта, профессор, республикэм и музыкэ гъуазджэр зэфIэувэным хэлъхьэныгъэфIхэр хуэзыщIа, КъБР-м и Парламентымрэ Правитель- ствэмрэ, республикэм и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым, ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм, Щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм я Урысей Профсоюз зэгухьэныгъэм и Комитет нэхъыщхьэм и президиумым, Украинэм и КП-м и Винницкэ обкомым я щIыхь тхылъхэр, «Музыкэ театрхэм я спектаклхэм я урысейпсо фестивалым щиIэ ехъулIэныгъэм папщIэ» дипломым и япэ нагъыщэр, «И лэжьыгъэфIым папщIэ» медалыр, фIыщIэ тхылъхэмрэ саугъэт лъапIэхэмрэ зыхуагъэфэща Бицу Юрэ ди гуапэу зыхуэдгъэзащ и гъащIэмрэ гуащIэмрэ тедгъэпсэлъыхьыну.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Юбилей
2019-12-12
- Къэралыр ахъшэм къызэгуеч, ауэ къулейсызхэм
- я сомитI зэпыхьэркъым
-
Урысейм и Правительствэм къылъыкъуэкIащ зыпэмылъа гугъуехь: абы ищIэркъым псоми къыдигъахуэурэ зэхуихьэса ахъшэшхуэр къызэригъэсэбэпыну щIыкIэр. Ноль защIэу пщыкIущ (!) пыту ягъэхъыбар. ДыщыгуфIыкI хъун хуэдэщ — апхуэдэу щыщыткIэ, дыкъулейщ, дызыхуей дгъуэту дыпсэунущ… Ауэ щхьэ ди улахуэхэр цIыкIу, гъуэгухэр, сымаджэщхэр, школхэр щхьэ зыхуей хуамыгъазэрэ? ИкIэм-икIэжым, сыт дыщIэкъулейсызыр? ЦIыхухэм ядэIэпыкъуну и чэзу хъуакъэ? А упщIэхэм жэуап ягъуэтыркъым.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Махуэку
ЗыгуэркIэ бэлэрыгъамэ…
2019-12-12
- СССР-мрэ Инджылызымрэ Гитлер иратакъым Ираныр
- ЛIэщIыгъуэ куэдкIэ Персыр (1935 гъэм Иран хъуар) дунейм щынэхъ лъэщ дыдэхэм ящыщу къекIуэкIащ. АрщхьэкIэ ЕтIуанэ дунейпсо зауэм щIидзэн ипэкIэ абы къигъэпкIыж щыIэтэкъым. Зэрыгушхуэр и щIыналъэм щIэт щIыдагъэ куэдыкIейрт. Езыр зэжьэхэуэныгъэхэр щекIуэкI Европэмрэ хы Хуэмымрэ япэIэщIэти, зыми гуэмыт (нейтралитет иIыгъ) хуэдэт. Пэжщ, иригъэкIуэкI политикэмкIэ абы Германием и дежкIэ зэрызигъазэр кIуэ пэтми нэхъ нэрылъагъу хъурт.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ТекIуэныгъэ
2019-12-12
- Хэкум и ЛIыхъужьхэм я махуэм и щIыхькIэ республикэм и полицейхэм Аруан районым хыхьэ Къэхъун къуажэм дэт курыт еджапIэ №2-м щрагъэкIуэкIащ лIыгъэм и дерс.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
ЦIыхухэм яхуозэ
2019-12-12
- Урысейм и Пенсэ фондым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщIым цIыхухэр щрагъэблагъэ махуэ хэхам теухуауэ 2019 гъэм жэпуэгъуэм и 21-м къыдигъэкIа унафэ №387-м ипкъ иткIэ Урысейм и Пенсэ фондым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и щIыналъэ IуэхущIапIэхэм цIыхухэм щахуэзэнущ сыхьэти 9-м щыщIэдзауэ сыхьэт 18 хъуху (блыщхьэм къыщыщIэдзауэ мэрем махуэр хыхьэу).
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
|