ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ХЪАНИЙ Мирон Хьэгуцырэ и къуэр

2019-12-17

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм хэщIыныгъэшхуэ игъуэтащ — илъэс 86-м иту дунейм ехыжащ мэкъумэш IэнатIэм пщIэшхуэ щызиIэхэм ящыщ, мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, профессор Хъаний Мирон Хьэгуцырэ и къуэр.
  • Хъаний М. Хь. КъБАССР-м хыхьэ Тэрч щIыналъэм щыщ Болэтей къуажэм дэс мэкъумэшыщIэ унагъуэм къыщалъхуащ 1934 гъэм шыщхьэуIум и 21-м.
  • Курыт школ нэужьым ар щIэтIысхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и естественнэ (иджы биологие) къудамэм, ар къызэриухыу, еджапIэ нэхъыщхьэм къегъэщIылIа агробиологие гъэунэхупIэ участкэм и унафэщIу ягъэувауэ щытащ.
  • БлэкIа лIэщIыгъуэм и 60 гъэхэм я пэщIэдзэм Хъаний Мирон КъБКъУ-м и аспирантурэм щIотIысхьэ, ар къеухри, «мэкъумэш щIэныгъэхэм я кандидат» щIэныгъэ дамыгъэр къихьыным хуэунэтIауэ игъэхьэзыра и лэжьыгъэр ехъулIэныгъэкIэ пхегъэкI.
  • ФIыкIэ зыщыгугъ щIэныгъэлI щIалэ жаныр КъБКъУ-м и мэкъумэш факультетым щIым елэжьынымкIэ и кафедрэм и лэжьакIуэу къагъэнэж.
  • ИужькIэ, республикэм и унафэщIхэм я чэнджэщкIэ, Хъаний Мирон езыр зыщыщ щIыналъэм ягъэкIуэж Къэбэрдей-Балъкъэр опытнэ станцым и унафэщIым и къуэдзэу икIи абы илъэс 16-кIэ щолажьэ.
  • 1978 гъэм Хъаний М. Хь. къулыкъущIэ къратащ — ар Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIыгъэхэр узыфэхэм химие IэмалхэмкIэ щыхъумэнымкIэ и станцым и унафэщIу ягъэуващ. И лэжьыгъэм къыдэкIуэу, абы и доктор диссертацэри игъэхьэзыращ икIи ар щытхъу иIэу Киев къалэм (Украинэм и мэкъумэш академием и Аттестацэ комиссэ нэхъыщхьэм) щыпхигъэкIащ.
  • Къэбэрдей-Балъкъэр агромелиоративнэ институтым (иджы КIуэкIуэ В. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университет) и япэ ректору щыта ФиIэпщэ Борис къыхуигъэлъагъуэри, Хъаний Мирон 1984 гъэм ягъэуващ мэкъумэш еджапIэщIэм щIым елэжьынымкIэ и кафедрэм и унафэщIу икIи а IэнатIэм илъэс 26-кIэ пэрытащ.
  • Илъэс куэдкIэ иригъэкIуэкIа щIэныгъэ лэжьыгъэхэм я щыхьэту Хъаний Мирон къэкIыгъэхэм я жылэхэр егъэфIэкIуэным, нэхъыфIхэр къыхэхыным теухуа къэхутэныгъэ лэжьыгъэрэ методикэу 200-м щIигъу къытрыригъэдзащ, апхуэдэуи жылапхъэхэр гъэкIыным теухуа IэмалыщIэхэр щызэпкъриха тхылъ 14 къыдигъэкIащ.
  • Хъанийм хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ цIыхухэр ерыскъыпхъэкIэ ирикъуу къызэгъэпэщыным теухуа, мыхьэнэшхуэ зиIэ лэжьыгъэм, апхуэдэуи мэкъумэш IэнатIэм шэщIауэ зегъэужьыным лъэпкъыр зэрыхузэфIэкIкIэ хуэщхьэпэным теухуа Iуэхухэми.
  • Профессор Хъаний            М. Хь. фIыщIэшхуэ щIыхуэщIыпхъэ лэжьыгъэхэм ящыщщ абы щIэм тету зызыужь мэкъумэш IэнатIэм IэщIагъэлIхэр хуэгъэхьэзырыным хуэунэтIауэ зэфIигъэкIахэр. Абы и нэIэм щIэту я кандидат диссертацэхэр цIыху 37-м, я доктор диссертацэхэр плIым пхагъэкIащ.
  • Мэкъумэш щIэныгъэмрэ агропромышленнэ комплексымрэ зегъэужьыным хуищIа хэлъхьэныгъэшхуэм папщIэ Хъаний          М. Хь. «Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и агроном», «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», «КъБР-м щIыхь зиIэ и агроном» цIэ лъапIэхэр къыфIащащ.
  • Ар щIэныгъэмрэ гъуазджэмкIэ Петровскэ академием, ЩIэныгъэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием, пщIэшхуэ зиIэ нэгъуэщI зэгухьэныгъэхэм хэтащ.
  • Хъаний Мирон Хьэгуцырэ и къуэр пэжагъ зыхэлъ, зи Iуэху еплъыкIэ зиIэж, захуагъэм и телъхьэ, Хэкум хьэлэлу хуэлажьэ цIыхуу щытащ. Абы и Iулыджыр лъагэт, Къэбэрдей-Балъкъэрми къэралым и нэгъуэщI щIыпIэхэми пщIэ къыщыхуащIырт.
  • Хъаний Мирон Хьэгуцырэ и къуэм — зэманым екIуу псэуа цIыхум, хэкупсэ нэсым — и фэеплъ нэхур сыт щыгъуи ди гум илъынщ абы дэлэжьахэми, и ныбжьэгъухэми, иригъэджахэми.
  • КIуэкIуэ В. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетыр.
  • Дунейпсо Адыгэ Академием хэтхэр.