Iуэху нэхъыщхьэхэр
2019-12-19
- КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ ТекIуэныгъэ Иныр
- илъэс 75-рэ зэрырикъур Къэбэрдей-Балъкъэрым
- щыгъэлъэпIэнымкIэ къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр
- КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ Правительствэм и Унэм щригъэкIуэкIащ 1941 — 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм къыщахьа ТекIуэныгъэр илъэс 75-рэ зэрырикъур КъБР-м щыгъэлъэпIэнымкIэ къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэ. Абы хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м къегъэщIылIа федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Мэкъуауэ Тимур, министерствэхэм, ведомствэхэм, муниципалитетхэм, хабзэхъумэ IэнатIэхэм, жылагъуэ, ветеран зэгухьэныгъэхэм я унафэщIхэр.
Зыхыхьэхэр: Дыгъуасэ