Пащтыхь Абдаллэ ЕтIуанэм Адыгэ Республикэм и ЛIыщхьэ КъумпIыл Мурат ирегъэблагъэ
2019-12-17
- Дыгъэгъазэм и 14-м Иорданием и пащтыхь Абдаллэ ЕтIуанэм Адыгэ Республикэм и ЛIыщхьэ КъумпIыл Мурат зи пашэ делегацэ иригъэблэгъащ.
- «ЗИ ЩIЫХЬЫР лъагэ пащтыхь Абдаллэ ЕтIуанэм пащтыхьыкъуэ Хъусейн и гъусэу Урысей Федерацэм щыщ Адыгэ Республикэм и ЛIыщхьэ КъумпIыл Мурат Хъусейния хьэщIэщым щыIущIащ», — етхыж пащтыхьыгъуэм и Интернет сайтым дыгъэгъазэм и 15-м. — Пащтыхьыр КъумпIыл Мурат елъэIуащ Урысейм и Президент Путин Владимир фIэхъус гуапэ хурихыжыну. Урысеймрэ Иорданиемрэ я зэхуакум зэпыщIыныгъэ быдэ зэрыдэ- лъыр, ар кIуэ пэтми ирагъэфIэкIуэну зэрамурадыр къыщыхигъэщащ абы и псалъэм. ЗэIущIэм хэтащ пащтыхьыкъуэ Алий Хъусейн Езанэм и къуэмрэ пащтыхьыкъуэ Хьэшим Абдаллэ ЕтIуанэм и къуэмрэ. ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ Иорданиемрэ Адыгэ Республикэмрэ экономикэм, туризмэм, щIэныгъэ зэгъэгъуэтыным, инвестицэ зэIэпыхыным зэгъусэу зэрелэжьыну щIыкIэхэм.
- Иорданием щыпсэу адыгэхэр къэралым и тхы-дэм фIыкIэ фIэкIа къызэрыхэмыщым и гугъу ищIащ пащтыхь Абдаллэ ЕтIуанэм. ЗэIущIэм хэтахэщ Иорданием хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и министр Сафади Айман, пащтыхьым и чэнджэ- щэгъухэу Хьэсауни Бишер, Наср Камал сымэ. Адыгэ Республикэм и ЛIыщхьэм и гъусэт Урысейм и лIыкIуэ Десятников Глеб.
- А хъыбар дыдэм щыгъуазэ дащI АР-м и ЛIыщхьэ КъумпIыл Мурат инстаграмымрэ фейсбукымрэ щиIыгъ напэкIуэцIхэм.
- «Си дежкIи Адыгэ Республикэм икIа делегацэм дежкIи пщIэшхуэт зи щIыхьыр ин, Иорданием и пащтыхь Абдаллэ ЕтIуанэм дызэрыригъэблэгъар. Урысеймрэ Иорданиемрэ я зэхуаку куэд щIауэ зэныбжьэгъугъэм и лъэмыж щызэпрышащ. Ди къэралым и Президент Путин Владимир и къэралщIыб Iуэху зехьэкIэмрэ Иорданием и пащтыхь Абдаллэ ЕтIуанэм хамэ щIыналъэхэм зэрабгъэ- дэт щIыкIэмрэ къэралитIым я зэхущытыкIэм лъэныкъуитIми я фейдэ хэлъу зэрызиубгъуным хуэунэтIащ. Урысеймрэ Иорданиемрэ я зэпыщIэ-ныгъэхэр егъэфIэкIуэн, хамэ щIыпIэ щыпсэу адыгэхэм я Хэкужьым лъэIэсу псэун Iэмалхэр ящыгъэпсынщIэн зэрыхуейм тепсэлъыхьащ Хьэшимит пащтыхьыгъуэм и тепщэр. Сэри пащты-хьым фIыщIэ хуэсщIащ ди делегацэм пщIэшхуэ къызэрыхуащIам, зэрагъэхьэщIам, Иорданием щыпсэу адыгэхэм гулъытэ гунэс зэрыхуащIым щхьэкIэ.
- Ди дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ ди лъэпкъэгъухэм Иордание пащтыхьыгъуэр ефIэкIуэным хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуащIым, пщIэрэ щхьэрэ а къэралым зэрыщаIэм. Шэч къытесхьэркъым а псом Адыгэ Республикэмрэ Хьэшимит пащтыхьыгъуэмрэ я зэпыщIэныгъэхэр нэхъ куу, нэхъ лъэщ зэращIынум. Нобэрей зэIущIэр къызэрыдэхъулIар Иорданием щыIэ Урысей посольствэм, псом хуэмыдэу абы и лIыкIуэ Десятников Глеб и фIыщIэщ».
- «Хьэшимит пащтыхьыгъуэм адыгэ хьэрычэтыщIэхэм сащыхуэзащ, — етх адэкIэ КъумпIыл Мурат. — Иордание жылагъуэм Iуэху щызэфIэзых бизнесменхэм я гъусэу мэкъумэшым, ухуэныгъэм, туризмэм, медицинэм, щIэныгъэ егъэгъуэтынымрэ щэнхабзэмрэ зэакъылэгъуу дызэрелэжьынум дытепсэлъыхьащ. Сэри си щхьэкIэ ахэр республикэм къезгъэблэгъащ, ди зэфIэкIыр здынэсыр я нэкIэ ялъагъуу щхьэж къехъулIэнум тегушхуэн папщIэ».
- Адыгэ Республикэм и лIыкIуэхэр Iэтауэ щагъэлъэпIащ Иорданием щыIэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм. А зэIущIэм хэтащ ДАХ-м и президентым и къуэдзэ, Адыгей Хасэм и тхьэмадэ ЛIымыщэкъуэ Рэмэзан.
- ЧЭРИМ Марианнэ.