|
Декабрь, 2019
2019-12-07
- КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек республикэм и Правительствэм и УнафэщIхэмрэ абы хэтхэмрэ я зэIущIэ иригъэкIуэкIащ лъэпкъ проектхэр гъэзэщIа зэрыхъур къэпщытэным теухуауэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм
2019-12-07
- Иджыблагъэ Налшык щекIуэкIащ «Иджырей Урысейм ислъам щэнхабзэр зэрыщызекIуэр: и щытыкIэмрэ зиужьынымкIэ щыIэ Iэмалхэмрэ» къэралзэхуаку щIэныгъэ-практикэ конференц.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Дин Iуэху
2019-12-07
-
ДызыхуэкIуэ 2020 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм цIыхухэм яIэрыхьэну газетхэмрэ журналхэмрэ Iэ щIрагъэдзу хуежьащ.
- «Адыгэ псалъэ» газетыр зыIэрыхьэну хуейхэм хъыбар фыдогъащIэ: ар къевгъэхьын папщIэ Iэ щыщIэвдз хъунущ Урысей пощтым и дэтхэнэ IуэхущIапIэми.
- Мази 6-м «Адыгэ псалъэ» газетым и уасэр сом 696-рэ кIэпIейкIэ 30-рэщ.
- ДииндексырП 5894.
Зыхыхьэхэр: Гу зылъытапхъэ
2019-12-07
- Дыгъэгъазэм и 9-р Хэкум и ЛIыхъужьхэм я махуэщ
- Зи гугъу тщIы махуэшхуэр УФ-м и Къэрал Думэм къыщищтар 2007 гъэм щIышылэм и 26-рщ. Абы и унафэм къыщыгъэлъэгъуат: «Дэ ди япэ итахэм я фэеплъыр дгъэлъапIэ къудейкъым, атIэ Совет Союзым и ЛIыхъужьхэу, Урысей Федерацэм и ЛIыхъужьхэу, Георгий Щихъым и орденымрэ ЩIыхь орденымрэ зыхуагъэфэщахэу мы зэманым псэухэми я пщIэр къыдоIэт». 2007 гъэм мазаем и 28-м Президент Путин Владимир Iэ тридза иужь, Федеральнэ законым къару игъуэтащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Обозревателым и псалъэ
«Шэджэм псынэ»
2019-12-07
- Апхуэдэ фIэщыгъэ иIащ Шэджэм къалэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм иджыблагъэ щекIуэкIа, КIыщ Мухьэдин и щIыхькIэ къызэрагъэпэща хэгъэгу фестиваль-конкурсыр зэрызэхуащIыж концертым. Къызэхуэсахэр япэщIыкIэ ирагъэплъащ «Си лэжьыгъэр. КIыщ Мухьэдин» документальнэ фильм кIэщIым. ИужькIэ абыхэм Iэмал яIащ сурэтыщI гъуэзэджэм и IэдакъэщIэкIхэр видеокIэ зрагъэлъагъуну.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ
2019-12-07
- ЩыIэщ цIыху, ар нэгъуэщIхэм къебгъэцIыхун щхьэкIэ псалъэ лей ущыхуэмыныкъуэ. Апхуэдэр цIэрыIуэ мэхъу езым игъэлъэгъуа щапхъэкIэ, и IуэхущIафэ дахэкIэ, и дуней тетыкIэ екIукIэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу
2019-12-07
-
Дыгъэгъазэм и 7, щэбэт
-
ЦIыхухэр къызэрырашэкI авиацэм и дунейпсо махуэщ. 1944 гъэм дыгъэгъазэм и 7-м Чикагэ (США) Iэ щытрадзащ цIыхухэр къызэрырашэкI кхъухьлъатэхэм я лэжьэкIэр зыубзыху конвенцэм.
- Урысейм и Дзэ-Хьэрш Къарухэм я инженер-авиацэ къулыкъум и лэжьакIуэхэм я махуэщ
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Iуэху еплъыкIэ, Хэха
2019-12-07
- Федеральнэ телевиденэм нэхъ щIэупщIэ щызиIэу къалъытэ «Голос» шоум и еянэ зэпеуэм хэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ, «Гоголь центр» театрым и артисткэ Мамрэш Светланэрэ уэрэджыIакIуэ Бэрбэч Аскэррэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хъыбар гуапэ
2019-12-07
- Дыгъуасэ хъыбар гуауэ къытIэрыхьащ. Дунейм ехыжащ Щэуей Мидэ Лъостэнащ и пхъур.
- Тхыдэтх, зэдзэкIакIуэ, УФ-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм хэт, «Дети войны» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ къудамэм и унафэщI, «Эстафета памяти» Iуэхур зи жэрдэм, зауэм, зауэ нэужь зэман гугъухэм халъхуа сабийхэм ятеухуауэ тхылъ къыдэзыгъэкIа, адыгэ хабзэр сабийхэм зэребгъэдж хъуну щIыкIэр зыубзыхуа (ар егъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ институтым къищтауэ щытащ сабийхэр щрагъаджэ, щагъасэ IуэхущIапIэхэм къагъэсэбэп хъуну), жылагъуэ лэжьыгъэкIэ жыджэру, гудзакъэ иIэу, цIыхуфIу дунейм тета Мидэ и унагъуэмрэ и Iыхьлыхэмрэ дахуощыгъуэ.
-
- КъБР-м Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институт,
- Дунейпсо Адыгэ Хасэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэ,
- «Адыгэ псалъэ» газет, «Iуащхьэмахуэ» журнал,
- КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэ.
Зыхыхьэхэр: Хэха
2019-12-07
- «КъБР-Медиа» къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм, КъБР-м и Журналистхэм я союзым, «Къэбэрдей-Балъкъэр» телекомпанием, «Адыгэ псалъэ», «Кабардино-Балкарская правда», «Заман», «Горянка», «Советская молодежь» газетхэм, «Литературная Кабардино-Балкария», «Iуащхьэмахуэ», «Минги Тау», «Солнышко», «Нур», «Нюр» журналхэм я редакцэхэм, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм, «КъБР-инфо» хъыбарегъащIэ агентствэм, «Тетраграф» ООО-м я лэжьакIуэхэр ТекIужь Заретэ Анатолий и пхъум хуогузавэ абы и адэ ТекIужь Анатолий ТIушэ и къуэр зэрылIам къыхэкIыу.
Зыхыхьэхэр: Хэха
Шыдыгъу
2019-12-07
- Журт Биберд
- Детектив повесть
- (КIэухыр. ПэщIэдзэр №№138, 139, 140, 144, 145-хэм итщ).
-
XIV
- Мылицэм къыщIэкIыжри, Езид занщIэу кIуащ Дианэ зыщIэт аптекэр зыхэт унэм. Абы щыпсэурт Езид и къуажэгъу, и цIыхугъэ цIыхубз. Пэжу, ар Къэрэжан и унэм зэи щыIатэкъым, ауэ щIэупщIэнкъэ, щIэупщIэмэ, къыжраIэнщ.
- ПщIантIэм джэгуу сабий зыбжанэ дэтт, адэIуэкIэ, тетIысхьэпIэ кIыхьми фыз зыщыплI тест, сэхуран яIунщIрэ уэршэру. Мис абыхэм ящыщ зым къригъэлъэгъуащ Къэрэжан и фэтэрыр икIи къыжриIащ:
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2019-12-07
- Ди газетеджэхэм си гуапэу фызогъэцIыху республикэм и сабий клиникэ сымаджэщым и «Пульмонологие» къудамэм и унафэщI КIуащ Залинэ Мухьэрбий и пхъур. Ар сэбэп зыхуэхъуа адэ-анэхэр къыхуэарэзыуэ сымаджэщым Интернетым щиIэ напэкIуэцIым щатх псалъэ гуапэхэр, фIыщIэм- рэ щытхъумрэ гъунэжщ. «Дохутырым епсэлъа иужь сымаджэр нэхъыфI мыхъуамэ, ар дохутыр хъунукъым», — жиIэгъащ Бехтерев Владимир. Залинэ зэIэза сымаджэхэм, абыхэм я благъэ-Iыхьлыхэм, зыхэт гупым жаIэхэм ятепщIыхьмэ, Бехтеревым дохутыр нэсу къилъытэнухэм ар зэращыщым шэч къытепхьэжыркъым.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Ди псэлъэгъухэр
2019-12-07
- Адыгэ нэщэнэхэр
- Жэмыр жьэгъуашхэмэ, гъэшыфIэщ
- Ерыскъы зытелъ Iэнэм уи щIыб хуэбгъэзэну фIыкъым.
- Ерыскъым уелъэпэуэну фIыкъым, зэ дзэкъэгъуэ нэхъ мыхъуми едзакъэ — упэIуджэжынщ, жаIэрт.
- Жэм лъхуам ущытхъумэ, зокIуэкI.
- Жэм лъхуэщIэпам и кIэм хъыдан плъыжь кIэращIэрт.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис
|