КIуэкIуэ Казбек хэтащ Кавказ Ищхъэрэм и журналистхэм Мэхъэчкъалэ щрагъэкIуэкIа зэIущIэм
2019-12-10
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Мэхъэчкъалэ къыщызэрагъэпэща медиазэIущIэм. Абы хиубыдэу УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэ Матовников Александр, УФ-м Кавказ Ищхъэрэм и IуэхухэмкIэ и министр Чеботарёв Сергей, округым щыщ щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэр щIыналъэ, федеральнэ цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэм епсэлъащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Хэкум и ЛIыхъужьым и махуэм теухуа и хъуэхъу
2019-12-10
-
- КъБР-м и Iэтащхьэр республикэм исхэм ехъуэхъуащ Хэкум и ЛIыхъужьхэм я махуэмкIэ. Дыгъэгъазэм и 9-м псалъэ гуапэхэр хуаIэтащ ЩIыхь орденыр зратахэм, СССР-м и ЛIыхъужьхэм, Урысейм и ЛIыхъужьхэм. «Абыхэм ди лъахэгъуу куэд яхэтщ икIи ахэр я дамыгъэщ Урысейм къихьа текIуэныгъэхэм, Хэкур фIыуэ лъагъун, абы хуэпэжын, ди къэралым лъэпкъ куэду зэхэт и цIыхубэм яхуэлэжьэн зэрыхуейм», — къыщыгъэлъэгъуащ республикэм и Iэтащхьэм и хъуэхъум.
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм
Iэ тедзэгъуэр йокIуэкI
2019-12-10
- ДызыхуэкIуэ 2020 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм цIыхухэм яIэрыхьэну газетхэмрэ журналхэмрэ Iэ щыщIадз зэманыр и кIэм ноблагъэ.
- «Адыгэ псалъэ» газетыр зыIэрыхьэну хуейхэм хъыбар фыдогъащIэ: ар къевгъэхьын папщIэ Iэ щыщIэвдз хъунущ Урысей пощтым и дэтхэнэ IуэхущIапIэми.
- Мази 6-м «Адыгэ псалъэ» газетым и уасэр сом 696-рэ кIэпIейкIэ 30-рэщ.
Зыхыхьэхэр: Гу зылъытапхъэ
2019-12-10
- Налшык къалэм дэта Ленин еджапIэ къалэ цIыкIум Хэку зауэшхуэм и иужьрей илъэсым, гъатхэ пасэу щызэрыцIыхуат урыс хъыджэбз гуакIуэ Дигурко Екатеринэрэ зауэм хэта адыгэ щауэ КIэрашэ Хьэзритрэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Жыжьэ-гъунэгъу
ТхакIуэ, усакIуэ цIэрыIуэхэр дигу къагъэкIыж
2019-12-10
- Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ къэрал библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм къыщызэрагъэпэщащ «Учитель, писатель, журналист», «Поэт, влюблённый в жизнь» тхылъ гъэлъэгъуэныгъэхэр, адыгэ тхакIуэ цIэрыIуэ Къашыргъэ ХьэпащIэрэ (илъэси 105-рэ) усакIуэ, журналист, зэдзэкIакIуэ ЩоджэнцIыкIу Нурийрэ (илъэс 95-рэ) я юбилейхэм ирихьэлIэу.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Гъэлъэгъуэныгъэхэр
Гуп нэхъыщхьэм ираджэ
2019-12-10
- Дмитров къалэм дэт мылылъэ уардэунэм щекIуэкIащ дзюдомкIэ Урысейм и зэхьэзэхуэ. Абы и саугъэтхэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэ 75-м къикIа, зи ныбжьыр илъэс 18-м нэблагъэ ныбжьыщIэ 770-рэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Спорт хъыбархэр
2019-12-10
- Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ и чемпионат Мэхъэчкъалэ щекIуэкIащ. Абы къыщыхахащ 2020 гъэм и щIышылэм Новосибирск къалэм Урысейм и чемпионат щекIуэкIынум хэтынухэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Спорт хъыбархэр