Жылагъуэмрэ къэралымрэ зэдэлэжьэн папщIэ
2019-12-17
- Дыгъэгъазэм и 13-м Налшык къалэм и Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм фейдэ къегъэщIыным пымыщIа и IуэхущIапIэхэм (НКО) я ещанэ цIыхубэ зэхуэсыр. Ар иригъэкIуэкIащ КъБР-м граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ КIурашын Анзор.
- ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуныжь МуIэед, КъБР-м и Парламентым ЩэнхабзэмкIэ, жылагъуэ IуэхущIапIэхэм зегъэужьынымрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и комитетым и унафэщI Пащты Борис, ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ комитетым и унафэщI Емуз Нинэ, ЦIыхубэ хозяйствэмрэ къэрал IэнатIэмкIэ УФ-м и Президентым епхауэ лажьэ Урысей академием Кавказ Ищхъэрэм щиIэ институтым и унафэщI Лъыс Азэмэт, республикэм и къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэхэр.
- КIурашын Анзор зэIущIэр къыщызэIуихым къыхигъэщащ 2019 гъэм яIа ехъулIэныгъэхэр къызэщIакъуэжыну, фейдэ къегъэщIыным пымыщIа IуэхущIапIэхэр мы зэманым зыIууэ гугъуехьхэм, жылагъуэмрэ къэрал къулыкъущIапIэхэмрэ зэрызэдэлажьэм зегъэужьынымкIэ зэфIэгъэкIыпхъэхэм тепсэлъыхьыну зэрамурадыр.
- Къуныжь МуIэед жиIащ республикэм щыIэ НКО-хэм я лэжьыгъэм нобэ жылагъуэм дежкIэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэ куэд къызэрызэщIрагъэубыдэр.
- — Жылагъуэ IуэхущIапIэхэмрэ къэрал къулыкъущIапIэхэмрэ дызэдэлажьэмэ, лъэныкъуитIми ди зэхуэдэ къалэныр нэхъ тыншу тхуэгъэзэщIэну къызолъытэ. Зи гугъу сщIыр цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэнырщ, — къыхигъэщащ абы. — Нобэрей зэхуэсым кърихьэлIащ НКО, жылагъуэ зэгухьэныгъэ 200-м щIигъум я лIыкIуэхэр. Шэч къытесхьэркъым зэIущIэм IуэхуфIхэр къызэрыдэкIуэнум.
- Пащты Борис къыщыпсалъэм къыхигъэщащ иужьрей зэманым НКО-хэр къэрал программэхэм ехъулIэныгъэ яIэу зэрыхэтыр. «Дыхуейт жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ къэрал къулыкъущIапIэхэмрэ щхьэж хузэфIэкI, и пщэ дэлъ IуэхухэмкIэ зэдэIэпыкъуу зэдэлэжьэну. Къэбгъэлъагъуэмэ, диIэщ апхуэдэ зэдэлэжьэкIэм и щапхъэ. Ауэ, сызэреплъымкIэ, мыбы хьэрычэтыщIэхэри къыхэшэн хуейщ», — жиIащ Пащтым.
- КIурашын Анзор жиIащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэмрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ зэращыдэлажьэм и IуэхукIэ» къэрал программэр республикэм зэрыщагъэзащIэр.
- Абы къызэрыхигъэщамкIэ, мы зэманым щIыналъэм щолажьэ жылагъуэ IуэхущIапIэу 912-рэ. КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министерствэм къызэрипщытамкIэ, 332-рэ щыIэщ республикэм и районхэмрэ къалэ округхэмрэ. Налшык къалэм апхуэдэ IуэхущIапIэу 126-рэ щрагъэтхащ.
- — 2017 гъэм еплъытмэ, мы гъэм республикэ бюджетым къыхэкIыу НКО-хэм зэрадэIэпыкъум хэхъуащ процент 17-кIэ. 2018 гъэм жылагъуэ IуэхущIапIэ 34-м я проектхэр ягъэзэщIэн папщIэ ахъшэкIэ зыщIагъэкъуащ, 2019 гъэм — IуэхущIапIэ 39-м, — къыхигъэщащ КIурашыным. — Иужьрей илъэсым ягъэзэщIа проект 41-м псоми зэхэту субсидиеу республикэм яритар сом мелуан 19-рэ мин 690-рэ мэхъу. Къыхэгъэщыпхъэщ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм, Налшык къалэм, Лэскэн, Шэрэдж, Шэджэм щIыналъэхэм я щIыпIэ администрацэхэм субсидие ятын зэрыщIадзар. А Iуэхур щызэтраублэ Тэрч щIыналъэми. 2016 гъэр дигу къэдгъэкIыжмэ, апхуэдэ зэфIэкIхэр зиIар Налшык къалэм и закъуэщ.
- КIурашыным жиIащ зи унафэщI министерствэм ит субсидием 2016 гъэм лъандэрэ процент 27-м нэблагъэкIэ зэрыхэхъуар. Президент саугъэтхэр къэхьынымкIэ зэхьэзэхуэхэм республикэм щиIэ ехъулIэныгъэхэм я гугъу щищIым, абы жиIащ 2019 гъэм жылагъуэ зэгухьэныгъэу 7 абы зэрыщытекIуар, псоми зэхэту сом мелуан 15-м нэблагъэ къызэрахьар. КъищынэмыщIауэ, 2020 гъэм и мазаем наIуэ къэхъунущ апхуэдэ зэхьэзэхуэм и ещанэ Iыхьэм республикэм игъэхьа проект 30-м ящыщу сыт хуэдиз пхыкIынуми. КIурашыным жиIащ министерствэр НКО-хэм проектхэр щагъэхьэзыркIи ахэр щагъэзащIэкIи дэIэпыкъуэгъу зэрахуэхъур.
- КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и унафэщI Берд Хьэзрэталий тепсэлъыхьащ жылагъуэ лэжьакIуэхэм нэхъыбэу я нэIэ зытрагъэт Iуэхухэм. Псалъэм папщIэ, 2019 гъэм ахэр кIэлъыплъащ республикэм фэтэр куэду зэхэт и унэхэр зэрызэрагъэпэщыж щIыкIэм, зи узыншагъэм сэкъат иIэ ныбжьыщIэхэр зэрырагъаджэм, кIэрыхубжьэрыхухэр зэрыдашым халъхьа зэхъуэкIыныгъэхэр зэрагъэзащIэм, зэфIэкI зиIэ щIалэгъуалэм зэрадэлажьэм, нэгъуэщI куэдми.
- Зэхуэсым къыщаIэта Iуэхухэм ящыщт Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщытхьрэ илъэс 75-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ НКО-хэм ирагъэкIуэкIыну лэжьыгъэр, щIалэгъуалэр хэкупсэу къэгъэтэджыным ехьэлIауэ абыхэм яхузэфIэкIыр.
- ЗэIущIэм и кIэм фIыщIэ, щIыхь тхылъхэмрэ саугъэтхэмрэ иратащ республикэм и жылагъуэ лэжьакIуэ нэхъ жыджэрхэм.
- БАГЪЭТЫР Луизэ.