КIуэкIуэ Казбек КъБР-м и цIыхубэ художник КIыщ Мухьэдин хуэзащ
2019-12-17
- КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ Правительствэм и Унэм щахуэзащ республикэм и цIыхубэ художник КIыщ Мухьэдинрэ абы и щхьэгъусэ Дианэ Мосс Жаклинрэ.
- Республикэм и Iэтащхьэм жиIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуазджэм зегъэужьыным КIыщ Мухьэдин куэд зэрыхищIыхьар икIи абы и ныбжьыр илъэс 80-м зэрынэсамкIэ ехъуэхъури, КъБР-м и ЩIыхь тхылъыр иритащ. «Уэ уи творчествэр къупхъэ хузам иткъым. Сэ быдэу си фIэщ мэхъу уи зэфIэкIым и хэкIыпIэр ди деж, укъыщалъхуа Хэкум къызэрыщежьэр. Уи зэфIэкIым дэ дрогушхуэ икIи нэхъыбэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым укъэкIуэжмэ ди гуапэщ», — къигъэлъэгъуащ абы.
- Республикэм и УнафэщIыр КIыщ Мухьэдин ехъуэхъуащ узыншагъэ быдэ, ефIэкIуэныгъэ иIэну, творческэ ехъулIэныгъэщIэхэр къихьыну.
- ЗэIущIэм апхуэдэу къыщаIэтащ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я пщIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщыIэтыным, щIалэгъуалэр абыхэм ящIэпIыкIыным пыщIа Iуэхухэр. КъБР-м и цIыхубэ художникым республикэм и Iэтащхьэр щыгъуазэ ищIащ езым и творческэ мурадхэм, зэман гъунэгъум къриубыдэу къызэригъэпэщыну гъэлъэгъуэныгъэхэм.
- ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Къумахуэ Мухьэдин, «Урысейм и Художникхэм я союз» зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм и тхьэмадэ Темыркъан Геннадий сымэ.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
- Правительствэмрэ
- я пресс-IуэхущIапIэ.