ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Ноябрь, 2019

УФ-м и Президент Путин Владимир дыгъуасэ Налшык щыIащ

2019-11-30

  • Абы иригъэкIуэкIащ Лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ cоветым и зэIущIэ
  • Къэрал мыхьэнэ зиIэ Iуэхухэр
  • Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир щэкIуэгъуэм и 29-м Налшык щригъэкIуэкIащ УФ-м и Президентым деж Лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ щыIэ советым хэтхэм я зи чэзу зэIущIэр. Абы щыхэплъащ Урысей Федерацэм и Къэрал лъэпкъ политикэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм къагъэув къалэнхэмрэ Iуэхухэмрэ гъэзэщIа зэрыхъум.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Дыгъуасэ

Путин Владимир Налшык щыIущIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек

2019-11-30

  • Налшык лэжьыгъэ IуэхукIэ къызэрыкIуам хыхьэ Iуэхухэм я кIэухыу, Путин Владимир IущIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Си  ныбжьэгъуфI

2019-11-30

  • Хэкумрэ хамэ къэралхэмрэ зэпищIэу, си лъэпкъэгъухэм нэхъ гъунэгъу сахуищIу, си анэдэлъхубзэкIэ щIыпIэ жыжьэм къыщызэпсалъэу сиIэщ сэ «Адыгэ псалъэр». Истамбыл сыдэс пэтми, пщэдджыжь къэс «къысIэрохьэ» мы газетыр. АбыкIэ сэбэпышхуэщ иджырей технологие Iэмалхэр. Адыгэ газетым и сайтым зэпэщу къралъхьэ тхылъымпIэм тету къыдэкI псори, электрон къыдэкIыгъуэри удэзыхьэхщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Iэ тедзэгъуэр йокIуэкI

2019-11-30

  • ДызыхуэкIуэ 2020 гъэм  и япэ илъэс ныкъуэм цIыхухэм яIэрыхьэну газетхэмрэ журналхэмрэ Iэ щIрагъэдзу хуежьащ.
  • «Адыгэ псалъэ» газетыр зыIэрыхьэну хуейхэм хъыбар фыдогъащIэ: ар къевгъэхьын папщIэ Iэ щыщIэвдз хъунущ Урысей пощтым и дэтхэнэ IуэхущIапIэми.
  • Мази 6-м «Адыгэ псалъэ» газетым и уасэр сом 696-рэ кIэпIейкIэ 30-рэщ.
  • Ди индексыр П 5894.

Зыхыхьэхэр: Гу зылъытапхъэ

Iуащхьэмахуэ  телъ  мылыр  мэткIу

2019-11-30

  • «Европэм нэхъ лъагэ дыдэу щыIэ Iуащхьэм илъэс къэс фIокIуэд мылым и зы процент», — жеIэ КъБР-м и ВГИ-м и унафэщI Беккиев Мухътар. ЩIэныгъэхэмкIэ урысей академием географиемкIэ и институтым къызэритымкIэ, 1997 гъэм къыщыщIэдзауэ 2017 гъэ пщIондэ Iуащхьэмахуэ телъ мылым и процент 20-р ткIуащ. Ар цIыхум къыхуэмыгъэувыIэн Iуэхугъуэщ икIи 2050 гъэхэм ирихьэлIэу Iуащхьэмахуэ зыгъэдахэ мылым и зэхуэдитIыр къэвыну хуагъэфащэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Абы дегъэпIейтей

Кос  Юрий  теухуауэ

2019-11-30

  • Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм иджы дыдэ къыщыдэкIащ «Первостатейный ботаник, кругосветный путешественник и симпатяга…» тхылъыр. Ар къыдагъэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и биологие щIэныгъэм хэлъхьэныгъэфI хуэзыщIа Кос Юрий Иван и къуэр (1889 — 1961) къызэралъхурэ мы гъэм илъэси 130-рэ щрикъум ирихьэлIэу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ

Мы махуэхэм

2019-11-30

  • ЩэкIуэгъуэм и 30, щэбэт
  • Компьютерхэмрэ абыхэм илъ хъыбархэмрэ хъумэным и дунейпсо махуэщ
  • Унагъуэ псэущхьэхэм я дунейпсо махуэщ
  • Химие Iэщэ къызэрагъэсэбэпам и зэранкIэ хэкIуэдахэр ягу къыщагъэкIыж махуэщ
  • 1609 гъэм Галилей Галилео Мазэм и щхьэфэм и япэ картэр зэхигъэуващ.
  • 1571 гъэм Къэбэрдей пщы уэлий Идар Темрыкъуэ (Марие и адэр) дунейм ехыжащ.
  • 1794 гъэм урыс дзэзешэ цIэрыIуэ Суворов Александр генерал-фельдмаршал цIэр къыфIащащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ

2019-11-30

  • 1 КъБР „Мир“ канал
  • Блыщхьэ, дыгъэгъазэм и 2
  • 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 6.35 «Дыщэ бжьамий». Кулиев Къайсынрэ Мечиев Кязимрэ (16+)
  • 6.55 «Ди тхылъэщым» (адыгэбзэкIэ) (12+)
  • 7.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Нэтынхэр

Ислъамым и нур

2019-11-30

  • Уаз
  • ЗыкъызыфIэщIыжахэр жыхьэнмэ гъуэгум  ирокIуэ
  • Япэми зэрыжытIащи, гуэныхьышхуэхэр блыщI мэхъури, абыхэм ящыщ зыщ пагэныр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Дин Iуэху

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2019-11-30

  • Лъэпкъ шхыныгъуэхэр
  • Ху жэмыкуэ
  • Шатэр псы щIыIэ зрагъэжыхьа шыуаным иракIэ, мафIэм трагъэувэри зэIащIэурэ дакъикъи 5-6-кIэ къагъавэ, цIыкIу-цIыкIуу зэпыупщIа кхъуей цIынэ халъхьэ, аргуэру къагъэкъуалъэ, кхъуейр зэпыш хъуху е ткIуху. ИтIанэ шатэ гъэвам, бэлагъкIэ зэIащIэурэ, ху хьэжыгъэ ухуэнщIа хаудэ, дакъикъэ 15-20-кIэ ягъажьэ, мафIэр цIыкIуу, и щхьэр тепIауэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис

Гурэ  гурэ  лъагъуэ  зэхуаIэщ

2019-11-29

  • Тхыдэм нэхъ жыжьэ дыкIуэцIрыплъыжми, и нэхъ гъунэгъуу дыкъэIэбэжми, дэ долъагъу урысхэмрэ адыгэхэмрэ сыт щыгъуи быдэу зэпыщIауэ, зэдэIэпыкъуу, зэрыщIэу зэрыщытар. Абы и щапхъэхэр куэдщ, ауэ дэ иджыпсту нэхъ хэхауэ зи гугъу тщIынур ахэр щызэкъуэува лъэхъэнэрщ. КъыщыщIэддзэнщ епщыкIуханэ лIэщIыгъуэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Обозревателым и псалъэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Кавказым и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм и унафэщIым

2019-11-29

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Налшык щыхуэзащ лэжьыгъэ IуэхукIэ республикэм къэкIуа, Кавказым и муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и Iэтащхьэ Пашазаде Алыхьшыкур. ЗэIущIэм хэтащ Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэм и къуэдзэ Стариков Сергей, Азербайджан Республикэм и Президентым и дэIэпыкъуэгъу Гасанов Алий, КъБР-м и муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и тхьэмадэ Дзасэжь Хьэзрэталий сымэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Iэ тедзэгъуэр йокIуэкI

2019-11-29

  • ДызыхуэкIуэ 2020 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм цIыхухэм яIэрыхьэну газетхэмрэ журналхэмрэ Iэ щIрагъэдзу хуежьащ.
  • «Адыгэ псалъэ» газетыр зыIэрыхьэну хуейхэм хъыбар фыдогъащIэ: ар къевгъэхьын папщIэ Iэ щыщIэвдз хъунущ Урысей пощтым и дэтхэнэ IуэхущIапIэми.
  • Мази 6-м «Адыгэ псалъэ» газетым и уасэр сом 696-рэ кIэпIейкIэ 30-рэщ.
  • Ди индексыр П 5894.
  •  

Зыхыхьэхэр: Гу зылъытапхъэ

Примаков Е. М. и цIэр зезыхьэ фондыр ди интернатхэм къадоIэпыкъу

2019-11-29

  • Сабийхэм ядэIэпыкъунымкIэ Примаков Е. Н. и цIэр зезыхьэ фондым къиутIыпщащ Нартан къуажэмрэ Приближнэ станицэмрэ дэт интернат еджапIэхэр техническэ IэмэпсымэхэмкIэ къызэгъэпэщыным текIуэдэну ахъшэр. Апхуэдэ унафэ къащтащ Урысей Федерацэм и Сату-промышленнэ палатэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Сату-промышленнэ палатэм зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм тету.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

«Ажалыр щащэр  къыджеIэ!»

2019-11-29

  •  «Ажалыр щащэр къыджеIэ!» урысейпсо Iуэхум, IэнатIэ зэхуэмыдэхэм зэдрагъэкIуэкI «Урысейм и сабийхэр-2019» лэжьыгъэм и етIуанэ Iыхьэхэм хиубыдэу, республикэ МВД-м и лэжьакIуэхэр яхуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр сату-технологие колледжым щеджэхэм. «СтIол хъурей» зэIущIэм щытепсэлъы-хьащ афияным зэраныгъэу къишэм, балигъ мыхъуахэр хабзэм ебэкъуэныр, ахэр щIэпхъаджагъэхэм хашэныр къэмыгъэхъуным ехьэлIауэ ящIапхъэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Абы дегъэпIейтей

« Раньше