Мыщхъуэж (КIуащ) Залинэ: Си гъащIэм и етIуанэ Iыхьэу собж
2019-12-07
- Ди газетеджэхэм си гуапэу фызогъэцIыху республикэм и сабий клиникэ сымаджэщым и «Пульмонологие» къудамэм и унафэщI КIуащ Залинэ Мухьэрбий и пхъур. Ар сэбэп зыхуэхъуа адэ-анэхэр къыхуэарэзыуэ сымаджэщым Интернетым щиIэ напэкIуэцIым щатх псалъэ гуапэхэр, фIыщIэм- рэ щытхъумрэ гъунэжщ. «Дохутырым епсэлъа иужь сымаджэр нэхъыфI мыхъуамэ, ар дохутыр хъунукъым», — жиIэгъащ Бехтерев Владимир. Залинэ зэIэза сымаджэхэм, абыхэм я благъэ-Iыхьлыхэм, зыхэт гупым жаIэхэм ятепщIыхьмэ, Бехтеревым дохутыр нэсу къилъытэнухэм ар зэращыщым шэч къытепхьэжыркъым.
- КIуащ Мухьэрбий ипхъу Залинэ Дохъущыкъуей къуажэм щыщщ. Я жылэм дэт курыт еджапIэ №2-р дыщэ медалкIэ къиуха нэужькIэ, Ставрополь дэт медицинэ академием и педиатрие факультетым щIэтIысхьащ. 2012 гъэм ар къиухщ, Налшык къэкIуэжри, КъБКъУ-м и педиатрие факультетым и ординатурэм и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ. Абы зэрыщIэсым хуэдэурэ, республикэм и сабий клиникэ сымаджэщым и приемнэ къудамэм лэжьэн щыщIидзащ. Ординатурэр къэзыуха пщащэр приемнэм, сабий цIынэхэр зыщIэлъ и къудамэм дохутыру щылэжьащ. Хъыджэбзым и лэжьыгъэм зэрыхищыкIым, абы гууз-лыуз зэрыхуиIэм гу къылъетэри, сабий пульмонологием и къудамэм и унафэщI Жыгун Людмилэ и деж щылэжьэну ирегъэблагъэ. А IэнатIэм зэрыпэрыувэрэ мазибл фIэкIа мыхъуауэ, къудамэм и унафэщI къулыкъур къыхуагъэфэщауэ, абы ехъулIэу ирехьэкI.
- Щытхъу зиIэ дохутырым упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащи, къыджиIахэм ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ.
- — Медицинэр къудамэ куэду зэкIэщIокI, хэхауэ сабийхэм уадэлэжьэну узэрыхуейр къыщыбгурыIуар, абы ухуэзышар сыт?
- — Сабийхэм садэлэжьэнуи, сахэтынуи, сеплъынуи сфIэфIщ. Аращ а IэщIагъэр тынш дыдэу къыщIыхэсхар, ар сызыпэмыплъа е сызыхуэмыхьэзыр гуэру щIыщымытар.
- — Зым и дежкIи щэхукъым сабийхэм уадэлэжьэну, ахэр бгъэхъужыну зэрынэхъ гугъур. Уи лэжьыгъэм къыщыбгъэсэбэп Iэмалхэм, бгъэдыхьэкIэхэм я гугъу уэзгъэщIынут.
- — Пэжщ, сабийхэм тIэкIу нэхъ гугъущ уадэлэжьэну, ди фащэ хужьым щышынэр нэхъыбэщ. Ауэ лэжьыгъэм узэрыбгъэдыхьэмрэ абы лъагъуныгъэу хууиIэмрэ куэд елъытащ. Уи IэщIагъэр фIыуэ плъагъумэ, шыIэныгъи пхэлъынущ, бгъэдыхьэкIэхэри къэплъыхъуэнущ, сымаджэми сэбэп ухуэхъуфынущ.
- — Медицинэм псынщIэ дыдэу зеужь, махуэ къэс щIэ гуэрхэр къыхохьэ. Абы къигъэувыркъэ дохутырым и щIэныгъэм хигъэхъуэн хуейуэ?
- — Пэжщ, медицинэм щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэм уакъыкIэрыхумэ, лъэщIыхьэжыгъуейщ. IэщIагъэм декIурщ, абы зыдэзыужьырщ IэщIагъэлI хъур. Педиатрием иужькIэ, пульмонологием сыхуеджэри, а IэнатIэми сыщылэжьэну сызэрыхуитымкIэ тхылъыр 2017 гъэм къызатыжащ. Абы къыкIэлъыкIуэу, япэ категорие зиIэ дохутыр сыхъуащ. КъищынэмыщIауэ, конференцхэм щIэх-щIэхыурэ докIуэ, къалэшхуэхэм къикIа дохутыр цIэрыIуэхэм я дерсхэм додаIуэ, икIи IэщIагъэм къыщыдгъэсэбэпын куэд къыщыдощIэ.
- — Медицинэр сыт уи дежкIэ?
- — Си унагъуэм иужькIэ, си лэжьыгъэр си гъащIэм и Iыхьэ етIанэу жыпIэ хъунущ.
- — Псоми дощIэ иджырей адэ-анэхэм арэзы пхуэмыщI куэд зэрахэтыр. Апхуэдэхэм дауэ фагурыIуэрэ?
- — Псом япэрауэ, дохутырым жэуаплыныгъэ ин хэлъын хуейщ. Дэтхэнэ сабийми абы и адэ-анэми ехьэлIауэ зэман, къару къэбгъуэтыфу щытыпхъэщ. Пэжщ, цIыху псори зэхуэдэкъым. Псоми хьэл зырыз, гупсысэ, дуней еплъыкIэ щхьэхуэ диIэжщ. Сабийм и узым епхьэлIэ къарум нэхърэ нэхъыбэ абы и адэ-анэм епсэлъэным, и гукъанэм ущIэдэIуным щытебгъэкIуадэ къохъу. Ахэр дэ фIыуэ къыдгуроIуэри, дахэ защIэкIэ допсалъэ, зыдогъэтэмакъкIыхь, зи сабийр сымаджэ адэ-анэр зэрыгузавэр къэтлъытэу, куэд яхудыдочых. Дохутырыр цIыху Iэпкълъэпкъым и закъуэкъым, цIыхупсэми еIэзэфу щытыпхъэщ.
- — Залинэ, щIыбагъ быдэу уиIэ уи унагъуэм, къару къыпхэзылъхьэхэм я гугъу уэзгъэщIынут.
- — Медицинэ IэнатIэр къыщыхэсхым сыт и лъэныкъуэкIи зыкъысщIэзыгъэкъуа си адэ-анэращ сытезыгъэгушхуар, ахэр мыхъуатэмэ, нобэ сиIэ ехъулIэныгъэхэм сыхуэкIуэфынутэкъым. Сызыхэс унагъуэращи, си сабийхэр цIыкIуу лэжьэн щIэздзэжащ, ахэр пIынымкIэ си гуащэ-тхьэмадэр щIэгъэкъуэнышхуэ къысхуохъу. Иджыри зэ и цIэ къыхэзгъэщыну сыхуейт сабий пульмонологием и къудамэм и унафэщIу щыта Жыгун Людмилэ, ар куэдкIэ зыкъысщIэзыгъэкъуа цIыху псэ хьэлэлщ, дохутыр Iэзэщ.
- — Уи IэщIагъэм ехьэлIауэ сыт хуэдэ хъуэпсапIэхэр уиIэ?
- — Иджыпсту есхьэкI IэнатIэмкIэ сыарэзыщ, нэхъыбэкIи сыхъуапсэркъым, ауэ, дэтхэнэ дохутырми хуэдэу, сэ дапщэщи си хъуэпсапIэщ, узым къыхигъэзыхьу зи щхьэ къызэзыхьэлIа цIыхум (сабийм) сэбэп сыхуэхъуфыныр, схуэгъэхъужыныр, арэзы сщIыныр.
- — Залинэ, си гуапэщ укъызэрысцIыхуар, Тхьэм уригъэфIакIуэ.
- Епсэлъар Щомахуэ Залинэщ.