КIуэкIуэ К. В. иригъэкIуэкIащ лъэпкъ проектхэр гъэзэщIа зэрыхъум теухуа зэIущIэ
2019-12-07
- КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек республикэм и Правительствэм и УнафэщIхэмрэ абы хэтхэмрэ я зэIущIэ иригъэкIуэкIащ лъэпкъ проектхэр гъэзэщIа зэрыхъур къэпщытэным теухуауэ.
- Абы зэрыщыжаIамкIэ, лъэпкъ проектхэм япкъ иткIэ яубзыхуа щIыналъэ лэжьыгъэхэм хиубыдэу дыгъэгъазэм и 1-м ирихьэлIэу хьэзыр ящIащ зи ныбжьыр илъэси 3-м фIэмыкIа сабийхэм папщIэ яслъэу 18. Апхуэдэу Аушыджэр къуажэм футбол джэгупIэ, ХьэтIохъущыкъуей къуажэм стадион, Саратовскэ хуторым фельдшер-акушер пункт къыщызэIуахащ, Сэрмакъ къуажэм псы зрикIуэ бжьамийхэр щаукъуэдиящ. Апхуэдэ дыдэу «Псы къабзэ» щIыналъэ проектым ипкъ иткIэ ирафын псыкIэ къызэрагъэпэщащ Белоглинскэ, Дальнэ къуажэхэр. Узыншагъэр хъумэнымкIэ, егъэджэныгъэмкIэ, спортымкIэ, щэнхабзэмкIэ IуэхущIапIэу 123-м папщIэ зыхуеину транспортыр, Iэмэпсымэхэр къащэхуащ. Къалэхэм щыIэ пщIантIэу 145-рэ, цIыху куэд щызэхуэс щIыпIэу 28-рэ зэIузэпэщ ящIащ.
- ЗэIущIэм апхуэдэу щыхэплъащ Iуащхьэмахуэ лъапэ туризмэмкIэ и IуэхущIапIэхэр цIыху нэхъыбэ дыдэ къыщекIуалIэ щIымахуэ лъэхъэнэм зэрыхуагъэхьэзырам, социальнэ мыхьэнэ зиIэ ухуэныгъэхэр къызэрызэIуахым, гъуэгу хозяйствэм и щытыкIэм.
- Къызэхуэсахэм я пащхьэм докладхэр щащIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков А. ТI., КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Говоров С. А., КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуныжь М. А., КъБР-м Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр ДыщэкI А. З., КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Рахаев Б. М., КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ ЩоджэнцIыкIу М. Л.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.