ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2019-12-07

  • Адыгэ  нэщэнэхэр
  • Жэмыр  жьэгъуашхэмэ, гъэшыфIэщ
  • Ерыскъы зытелъ Iэнэм уи щIыб хуэбгъэзэну фIыкъым.
  • Ерыскъым уелъэпэуэну фIыкъым, зэ дзэкъэгъуэ нэхъ мыхъуми едзакъэ — упэIуджэжынщ, жаIэрт.
  • Жэм лъхуам ущытхъумэ, зокIуэкI.
  • Жэм лъхуэщIэпам и кIэм хъыдан плъыжь кIэращIэрт.

  • Жэмым и пэр щIым егухауэ гъуэгмэ, фIыкъым, щIыр мэхъей, жаIэрт.
  • Жэмым и шэр мафIэм пэрыпкIэмэ, жэм быдзыр зэпытхъыу жаIэрт.
  • Жэмым и нэр топым хуэдэу къижмэ, бжьэкIэрэфмэ, и кIэпкъыр и кIэбдзым фIэкIмэ, езыр лъакъуэ псыгъуэмэ, зэрыгъэшыфIэм и нэщэнэщ.
  • Жэмыр жьэгъуашхэмэ, фIыщ, гъэшыфIэщ.
  • Жэмыр зэрылъхуа бжыгъэм и зырыз зэпытхьэлыкIыпIэ и бжьакъуэм къытредзэ, жаIэрт.
  • ЗыщIыпIэ IуэхукIэ уежьамэ, унэм ущIэкIауэ къэбгъэзэж хъунукъым — уздэкIуэр къохъулIэнукъым.
  • Зыгуэр зыфIэкIуэдам кхъузанэ игъэкIэрахъуэмэ, дыгъум и щхьэр уназэ мэхъу.
  • Зыгуэрым уи нэр тебубыдауэ уеплъурэ, уи Iупсыр ебгъэхмэ, абы и щхьэр уз мэхъу, нэ тохуэ.
  •   
  • Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр
  • Кавказ бгырыс эскадроным хэт адыгэ щIалэхэм (Тыгъуэн Пщымахуэ, Тамбий Алий, Айдемыр Бэчмырзэ) я сурэтыр Чернецов Григорий ищIащ.                 Петербург, 1831 гъэ

  •  
  • ДАХ
  • Iуэху  дахэхэмкIэ гъэнщIа  илъэсхэр
  • Иджыблагъэ дунейм къытехьащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и зы лэжьэгъуэ пIалъэм кърикIуахэр щызэхуэхьэса тхылъыр — еплIанэр. Мыбы ипэ къыдэкIащ «МЧА: 1991 — 2011. Сборник документов и материалов», «Дунейпсо Адыгэ Хасэ: IуэхущIафэхэмрэ хъуэпсапIэхэмрэ (2013), «Дунейпсо Адыгэ Хасэ: ЗэхэгъэкIыпIэ илъэсищыр. 2012 — 2015» тхылъхэр.
  •  «Дунейпсо Адыгэ Хасэ: къыкIэлъыкIуэ илъэсиплIыр. 2015-2019» тхылъыщIэм, зэрыхабзэу, щызэхуэхьэсащ иужьрей зэманым ДАХ-м зэфIиха лэжьыгъэхэм, иригъэкIуэкIа зэIущIэхэм, зыхэта Iуэхугъуэхэм ятеухуа тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэр. Ар ягъэхьэзыращ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ КъАХ-м и тхьэмадэм и къуэдзэ, журналист НэщIэпыджэ Замирэрэ.
  • 1991 гъэ лъандэрэ лъэпкъым хуэлажьэ Хасэшхуэм илъэс къэс и лэжьыгъэм нэхъ зиубгъуурэ макIуэ, адыгэ щыпсэууэ къызэщIиубыдэ къэралхэр нэхъыбэ мэхъу. НобэкIэ щIыналъэ (къэрал) хасэ къудамэу ДАХ-м 16 хэтщ. Иджы япэу тхылъым ихуащ абыхэм я лэжьыгъэм теухуа тхыгъэхэри. Урысейм хиубыдэ республикэхэм щызэхэт, адыгэхэр мелуан, мин бжыгъэкIэ зэрыпхъа хамэ къэралхэм щылажьэ къудамэхэм кърагъэхьахэм нэмыщI, зи гугъу тщIы пIалъэм къриубыдэу екIуэкIа Iуэхуу гулъытэншэу зыри къэнакъым.
  • Тхылъым итщ интервью, очерк, тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэр, хъыбар зэмылIэужьыгъуэ куэд. Дуней псом щикъухьа адыгэхэр зэгъэуIуным, я адэжь лъахэм къешэлIэжыным, бзэмрэ хабзэмрэ хъумэным, зэкъуэш лъэмыжыр яухуэу, Iэмал зэриIэкIэ, нэхъ зэгъунэгъу дыхъужыным, щэнхабзэ, экономикэ, егъэджэныгъэ, щIэныгъэ, нэгъуэщI унэтIыныгъэхэмкIэ зэпыщIэныгъэхэр зэрызэращIылIэным иужь иту лажьэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, ДАХ-м хэтхэми я псалъэ, гупсысэ, IуэхущIафэ куэд къыщывгъуэтынущ тхылъыщIэм.
  • Хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэ щIэблэр Урысейм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм щегъэджэным, диаспорэм щыпсэу школакIуэхэм адыгэбзэр зэраджын тхылъхэр яхуегъэхьыным, хэхэс сабийхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщегъэгъэпсэхуным, федеральнэ къулыкъущIапIэхэм, лъэпкъ-щэнхабзэ центрхэм, щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм, къэрал IэнатIэхэм, егъэджэныгъэмкIэ IуэхущIапIэхэм жыджэру дэлэжьэныр къалэн нэхъыщхьэу зыхуэзыгъэувыж ДАХ-м абыхэм ехьэлIауэ къехъулIа псори тхылъым щызэхуэхьэсащ.
  • Нэхъ гъэщIэгъуэну иджырей къыдэкIыгъуэм ихуахэм ящыщщ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым и зи чэзу зэхуэсхэр блэкIа пIалъэм къриубыдэу Тыркум, Германием, Черкесск, Сочэ къалэм зэрыщызэхэтам, Израилым лIыкIуэ гуп зэрыщыIам теухуа тхыгъэхэр. Апхуэдэ зэхыхьэхэр зэрекIуэкIари, зэхуэзахэр зытепсэлъыхьа лъэпкъ Iуэхухэри, а псалъэмакъхэм кърикIуэжа лэжьыгъэхэри къивгъуэтэнущ мы къыдэкIыгъуэм.
  • Лъэпкъыр лъэпкъ зыщIыж, хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэу абы бгъэдэлъ адыгэбзэрщ тхылъыр къызэрыдэкIар. Ауэ дэфтэр нэхъыщхьэхэр, къэрал къулыкъущIэхэм зэрызыхуагъазэ тхыгъэхэр урысыбзэкIэ хагъэуващ. Тхылъым и жинтым тетщ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэмрэ абы и къуэдзихымрэ я сурэтхэр. КъызэIупхмэ, ДАХ-м и тхьэмадэ, экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, ЩIДАА-м и академик Сэхъурокъуэ Хьэутий и пэублэ псалъэр итщ, адэкIэ илъэс зырызым хухэха Iыхьэхэр къыкIэлъокIуэ. Ахэри дахэу зэщхьэщыхащ. Iыхьэхэм я пэщIэдзэ напэкIуэцIхэр гъэщIэрэщIащ КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI СэвкIуий Хьэмид и IэдакъэщIэкI сурэтхэмкIэ, апхуэдэуи усэхэмрэ адыгэхэм ятеухуауэ зыплъыхьакIуэхэм, щIэныгъэлIхэм, дзэзешэхэм жаIа гупсысэхэри тетщ.
  • ДАХ-м иригъэкIуэкIа лэжьыгъэхэр, тхыгъэхэм я мызакъуэу, сурэтхэмкIи къыщыгъэлъэгъуащ зи гугъу тщIы тхылъым. «Адыгэ псалъэ» газетым и сурэттех Къарей Элинэ и лэжьыгъэу 150-м щIигъу итщ мыбы. Сурэтхэм нэгум къыщIагъэувэ лъэпкъ Iуэхур зэрекIуэкIыр, абы хэлIыфIыхьхэр, щекIуэкI щIыпIэхэр. Апхуэдэу тхылъым ихуащ иужьрей лIэщIыгъуихым Урысейм, Кавказым, адыгэхэм псэемыблэжу хуэлэжьа ди лъэпкъэгъу политик, къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэхэм, тхакIуэхэм, музыкантхэм, щIэныгъэлIхэм, сурэтыщIхэм, спортсменхэм, нэгъуэщIхэми я сурэтхэр.
  • Дэхъушокъуэ Синэ.
  • Фэ фщIэрэ?
  • Псалъэхэм къарыкIыр
  • Псыхэплъэ. хъыджэбз зи ишэгъуэхэр зэхуэсырт, шынакъым псы иракIэрти, я нэр ямыгъэупIэрапIэу абы хэплъэрт, зышэну щIалэхэм я сурэтхэр къищыну жаIэрти.
  • Вагъэбдзумэ хъуэхъу. вакIуэ щыдэкIа япэ махуэм япэ вагъэбдзумэр зрагъэхьыр мыбы нэхъ гъавэ бэв къохъулIэ жыхуаIэу къуажэм дэсыр арат. ВакIуэ тхьэмадэм махъсымэ шынакъ къищтэрти, гъэр бэв хъуну, гъавэ бэв къайхъулIэну хъуахъуэрт. Абы и ужькIэ япэ вагъэбдзумэр зыхуагъэфэщам пхъэIэщэкIыр иубыдырти, вагъэбдзумэр хишырт.
  • ТхьэлъэIупэ(вакIуэихьэж тхьэлъэIу цIыкIу). Дзейм хэтхэм вэн яуха нэужь нэгъуэщI зыри къахэмыту, езым я закъуэу тхьэлъэIу ящIыжырт. Iэщ фIагъэжырти, яшхырт, махъсымэ фалъэ зырыз яубыдырти, хъуахъуэрт, махъсымэр ирафа нэужь, пщыIэбжэм деж увхэрти, фалъэхэр я щхьэмкIэ щхьэпрадзырт, пщыIащхьэмкIэ щхьэдэхуэхын хуэдэу. Абы и ужькIэ вакIуэ къурмэн ящIыну къуажэм дыхьэжхэрт.
  • Шэхэх. цIыхум и Iэпкълъэпкъым къыхэна фочышэ, шабзэшэ хуэдэхэр IэкIуэлъакIуэ дыдэу къыхэзыхыжыф яхэту щытащ адыгэ Iэзэхэм. Абыхэм шэхэхкIэ еджэрт.
  • Щыгъын гуэшыж.  цIыхур дунейм ехыжа нэужь, илъэс дэкIмэ, абы и щыгъынымрэ Iэщэ-фащэмрэ ягуэшыжу щыта адыгэ Iэзэхэм. А махуэм шыгъажэ ящIырт. Зиш къытежым лIам зэрихьэу щыта нэхъ хьэпшыпыфI дыдэр иратырт. Ди зэманми хабзэр щыIэщ, ауэ куэдкIэ зихъуэжащ.
  • ТхьэлъэIу. тхьэм елъэIун жиIэу аращ. ТхьэлъэIу щIащIыр Iуэхушхуэ гуэрым теухуауэ гущIэгъу къахуищIын папщIэ тхьэм елъэIунухэу арат. ТхьэлъэIур унагъуэ щхьэхуэхэми хьэблэр е къуажэр зэгъусэуи ящIу щытащ. Апхуэдэуи, ар гуфIэгъуэ гуэрхэми траухуэ. ЯпэщIыкIэ тыхь фIагъэжырти, итIанэ тхьэлъэIум пыщIа Iуэхугъуэ псори ирагъэкIуэкIырт.
  • Думэн Хьэсэн.
  • Сабий джэгукIэхэр
  • Мывэш
  • Джэгур щIалэ цIыкIухэрщ. Ахэр нэхъ иныхукIэ, нэхъ мывэшхуэ къащтэ. «Мывэшыр» мывэ хъурей быдэщ. ЩIалэ цIыкIуитIым Iэ лъэныкъуэкIэ яхуэдзын хуэдэу, мывэ зырыз къащтэ. Абы зым и мывэр едз (игъажэркъым), мыдрейм и мывэр абы ирегъапщэри, йоуэ. Абы щыгъуэми, техуа-темыхуа иIэкъым, нэхъ жыжьэ зэрыIулъэтыным хэту аращ. Апхуэдэу, гъуэрыгъуэу зэтэурэ, зым и мывэр адрейм ейм пэгъунэгъуу къызэтеувыIэмэ, япэм и мывэр къещтэри, IитIымкIи иIыгъыу, мыдрейм ейм зэрылъэкIкIэ йоуэ. Ар икъутэфрэ — текIуащ, имыкъутэфрэ — мобы и чэзу хъуащи, и мывэр къещтэри, йоуэ. Щеуэм деж зыгуэрым и мывэр лъеямэ, аргуэрыжьу зэтэу щIадзэ. Аргуэру зэпэгъунэгъу хъуакъэ, зым и мывэр адрейм икъутэну йоуэ. Зым и мывэр къутамэ, абы нэгъуэщI мывэ къищтэну хуитщ, ауэ зы «мывэш» фIахьэхуауэ къалъытэ. Аращи, мывэ нэхъыбэ зыкъутэфыр токIуэ.
  • «Мывэшым» къищынэмыщIауэ, мывэ пIащIэ къащтэурэ, зым ейм адрейр етэуи мэджэгу, ауэ мыбы къару лей ихьыркъым, хэт нэхъ IэфIэми къащIэу аращ.
  • МафIэдз Сэрэбий.
  • Унэгуащэхэм  папщIэ
  • Шэ, шху дэпшхреймэ…
  • Холестерин зи куэдым нартыхум къыхэщIыкIа шхыныгъуэ куэд ишхреймэ, холестериныр мащIэ ещI, Iэпкълъэпкъым хэлъ лейри къыхеху.
  • Лы цIынэм мэ къимыщтэн щхьэкIэ шэрджэсхэм фо щахуэу щытащ.
  • Мыващхъуэр къущхьэхъу кърахырт. Езы мывэр памцIэ цIыкIуу щытщ. Ар сапэкIэ ятхъунщIырт, сабэм хуэдэу къытекIар уIэгъэм трагъэщащэрти, уIэгъэр хъужырт.
  • КIэртIофым къыхэщIыкIа шхыныгъуэ куэд зышхыр пшэр мэхъу.
  • Iэщышхуэм, Iэщ цIыкIухэм ял гъэвар щашхкIэ, адыгэхэм бжьыныху шыпсым пIастэ ирагъэпщIыркъым, ирагъэпщIыр лыращ.
  • ЩIалэ къыхуалъхуамэ, фокIэ пщауэ хугу хьэжыгъэ яшхырт, щIалэр гъур мэхъу жаIэрти.
  • ХьэлIамэ кIупIинэм хуабэу шэ, шху дэщIыгъуу щIэх-щIэхыурэ пшхымэ, абы Iэпкълъэпкъыр егъэкъабзэ, напIэ зэлъахэри егъэхъуж.
  • Лъыр зи мащIэ цIыхум щынэ цIыкIу хуаукIырти, и тхьэмщIыгъур хуабэу кърахырт, тыкъыр цIыкIуу яупщIатэрти, имыгъэныщкIуу ирырагъэлъэтэхырт. Хуэмышхыу Iумпэм ищIмэ, ягъэвэпхъырт.
  •  Къубатий Борис.
  • Шхъыныгъуэхэр
  • Щэ мэжаджэ
  • Нартыху хьэжыгъэ ухуэнщIар тепщэчым иракIутэ, шыгъу зыхэлъ псы къэкъуалъэр абы хакIэурэ, хупцIынэр бэлагъкIэ япщ. И бахъэ пщтырыр ягъакIуэри, гуэдз хьэжыгъэр щIапщэ, и щхьэр трапIэри, IэфI къыщIыхьэн щхьэкIэ сыхьэти 9 — 10-кIэ щIыIапIэ ягъэув. ИтIанэ ар тхъу зыщыхуа тебэм см 4 — 5 и Iувагъыу иралъхьэ, абы мэл кIапэ гъэвэжа жьахуэ тракIутэ, хупцIынэм хагъэхьэурэ, и щхьэр джафэ ящI, шху щIыIэ щахуэ, мэжаджэр къэмычэн щхьэкIэ. Тебащхьэр трапIэри, мафIэ мыин дыдэм тету сыхьэтитI хуэдизкIэ ягъажьэ. ЖьэгукIэ е хьэкулъэкIэ ягъэжьа мэжаджэм и щхьэфэр тхъуэплъ дахэщ, мэ гуакIуэ иIэщ. Мэжаджэр щабэ ящIын щхьэкIэ, тебэм зэрилъу и щхьэр тепIауэ дакъикъэ 15 — 20-кIэ щагъэтщ. Мэжаджэ бзыгъэхэр лантIэ-лантIэу, зэпымыщIыкIыу щытын хуейщ. Шэ хуабэм докIу, шху дашх, къалмыкъ шейм драф.
  • Халъхьэхэр (цIыхуитху Iыхьэ):
  • Нартыху хьэжыгъэу — г 800
  • Псывэу — г 2000
  • КIапэ жьахуэу — г 50
  • Тебэщыхуэ тхъууэ — г 5
  • Гуэдз хьэжыгъэу — г 100
  • Шхууэ — г 20
  • Шыгъуу — узыхуейм хуэдиз.
  • Лэпс зэщIэт, мэлыл, кIэртIоф, хугу хэлъу
  • Абы щхьэкIэ нэхъ къащтэр мэлым и дзажэращ. Дзажэр зэпауд г 50 — 60 хъууэ. Псы щIыIэкIэ ятхьэщI, шыуаным иралъхьэри, псы щIыIэ щIакIэ. МафIэр ину блэуэ зэ къытрагъэкъуалъэ, тхъурымбэр къытрахыурэ. МафIэр цIыкIуу ирашэхри, шыуаныщхьэр тепIауэ ныкъуэвэфI хъуху ягъавэ, тхъурымбэр къытрахыурэ. ИтIанэ абы шыгъу, хадзэ, щимэурэ упщIэта кIэртIоф укъэбза халъхьэ, шыуаныщхьэр трапIэри, зэ къытрагъэкъуалъэ, мафIэ иным тету. МафIэр щабэ ящI, шыуаныщхьэр трапIэри, къагъавэ дакъикъипщI-пщыкIутхукIэ. ЗэIащIэурэ абы хугу лъэса хакIутэ, шыуаныщхьэр трапIэри, мафIэ щабэм тету хьэзыр хъуху ягъавэ, тхъурымбэр къытрахыурэ. Хьэнтхъупсыр пэшхьэкум къытрах, бжьын гъэлыбжьа традзэ, джэдгын траудэри, шыуаныщхьэр тепIауэ дакъикъитху-хыкIэ щагъэт, нэхъ IэфI хъун, зэхэшыпсыхьын щхьэкIэ. Пщтыру ираф, щIакхъуэ е чыржын и гъусэу.
  • Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ):
  • Мэлылу — грамм 300
  • Лыр зэрагъэвэну псыуэ — грамм 800
  • КIэртIоф укъэбзауэ — грамм 60
  • Хугуу — грамм 40
  • Шыгъуу — узыхуейм хуэдиз.
  • Бжьын гъэлыбжьа:
  • Тхъууэ е щэ дагъэу — грамм 20
  • Бжьыныщхьэ укъэбзауэ — грамм 20
  • Шыбжийуэ, джэдгыну — узыхуеймхуэдиз.
  • Псалъэзэблэдз
  • ЕкIуэкIыу:5. ХадэхэкI. 6. Къэбэрдейм и иужьрей пщы уэлий. 7. МахуэцIэ. 9. ЩоджэнцIыкIу Алий и егъэджакIуэу щыта … Нурий. 10. Нартыху … гъэвар IэфIщ. 11. Тепщэхэр зэрызекIуэу щыта шыгу зэщIэщIа. 12. … пэтрэ, илъэсым зэ мэфтрей. 14. Анэр нэм, адэр … хуэдэщ. 16. Налшык и уэрамхэм щыкуэд жыг лIэужьыгъуэ. 18. ЩтаучкIэ ягъауэ пасэрей фоч. 19. Гъунэгъу-жэрэгъухэр зэгухьэу зыгуэрым и лэжьыгъэр зэрыдагъэпсынщIэ Iуэху. 20. Жьэражьэу хьэкум илъщ. 22. Дыщэм и зы плъыфэ. 29. Шыщхьэм фIэдза къэлътмакъ, Iус илъу. 31. Нэхъыжь тIысыпIэ. 32. Гурыгъу-… 33. Совет зэманым щыIа ахъшэ жьгъей. 34. ЩIалэ цIыкIур апхуэдизкIэ дрийпсрийщи, … тесу псым йопыдж. 35. УрысыбзэкIэ тхэ адыгэ тхакIуэ Мэржэхъу … 37. … из хъужыркъым. 38. … зэхэдзэ нэхърэ — акъыл зэхэдзэ. 40. Зи гум темыхуэIа, гумахэ. 41. ЧнутIым нэгъуэщIу зэреджэ. 42. Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэу щыта.
  • Къехыу:1. Джэдкъазым, къуалэбзум ятет цы щабэ дыдэ. 2. Iуэхугъуэ екIуэкIа гуэрыр зи нэкIэ зылъэгъуа цIыху. 3. Уанэ зытемылъ шы. 4. …-щIыхуэ жысIэми, унэ ныкъуэщIыр икIэм нэзгъэсыжащ. 8. Макъамэ къызэрыкI Iэмэпсымэ. Е псы зэрыкIуэ … 12. Зэрытхэ перор зыхагъауэ ткIуаткIуэ. 13. Адыгэ композитор, уэрэдус Iэзэу щыта, Урысей Федерацэм и къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща. 14. ХьэрыпыбзэкIэ къабж нэмэзыбзэ. 15. Адыгэ бэнакIуэ, дуней псом и чемпион зыбжанэрэ хъуа. 16. Iуэху мыублэ … хэсщ. 17. АдакъэщIэрэ … пIастэрэ. 20. Зимыхьэпшып щэхуу зыгъэкIуасэ. 21. Пхъэщхьэмыщхьэ ткIыбжь хъурей цIыкIу, фIыцIафэ-къащхъуафэу. 23. Тхыдэтх, узэщIакIуэ, хьэрычэтыщIэ, Къэбэрдей цIыхубэм я тхыдэм теухуауэ 1913 гъэм тхылъ къыдэзыгъэкIа … Елбэздыкъуэ. 24. Япэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIа президент хэхыныгъэхэм зыкъыщызыгъэлъэгъуа, фи- лософие щIэныгъэхэм я доктор. 25. … техьэ тенэркъым. 26. … къэпщIауэ, щIэблэр еджапIэ пщIантIэм щызэрызохьэ. 27. Адыгэ уэрэджыIакIуэ Iэзэу щыта, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артист. 28. Хьэжыгъэм къыхэщIыкIа адыгэ шхыныгъуэ. 30. Ди гъунэгъу лIыр …-дыгъуэлIщ. 35. ЩIыпIэ хуабэхэм хьэлъэзехьэу къыщагъэсэбэп псэущхьэшхуэ. 36. Губгъуэ джэд- къаз пIащэ, лъатэу. 37. А къэралым и президентым нэхърэ аятоллар нэхъыщхьэщ. 39. Зыгуэрым и зэхуэдитI.
  • Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
  •  
  • ЩэкIуэгъуэм и 30-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
  • ЕкIуэкIыу:1. ЖыгыуIу. 4. Бжыхьым. 7. Гъудэ. 8. Мэш. 9. Гуэл. 10. ЖармыкIэ. 11. ПщIэ. 13. Топ. 17. Лы. 18. Сэшхуэ. 20. Хъуп. 23. Щыбын. 24. Балий. 27. Хьэ. 29. Борэн. 31. Гъуо. 32. Къэб. 35. Кхъуей. 36. Адэжынэ. 37. Къуий. 38. Сыдж. 39. Бжы. 40. Фонащэ. 41. Хьэлэлщ.
  • Къехыу:1. Жэмтхьэлэ. 2. Унажэ. 3. Къудамэ. 5. Жэнэт. 6. Мэлэчыпхъу. 12. ЩIэр. 14. Обь. 15. Псынабэ. 16. Уэлбанэ. 19. Шыкъыр. 21. Къыкъ. 22. Щиху. 25. Тхьэрыкъуэф. 26. Йочэнджэщ. 28. Гъуджэ. 30. Уае. 33. Бабыщ. 34. Iужажэ. 35. КхъуэIуфэ.