Ислъам щэнхабзэм топсэлъыхь
2019-12-07
- Иджыблагъэ Налшык щекIуэкIащ «Иджырей Урысейм ислъам щэнхабзэр зэрыщызекIуэр: и щытыкIэмрэ зиужьынымкIэ щыIэ Iэмалхэмрэ» къэралзэхуаку щIэныгъэ-практикэ конференц.
- Зэхуэсыр КъБР-м и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм къызэригъэпэщащ УФ-м и Президентым и администрацэмрэ «Ислъам щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ дэIыгъынымкIэ фондымрэ» я щIэгъэкъуэну. Абы хэтащ къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм, Кавказ Ищхъэрэм ис муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэхэм я Iэтащхьэхэр, духьэшыхэр, властым и лIыкIуэхэр, журналистхэр, IэщIагъэлIхэр.
- ЗэIущIэр къыщызэIуихым КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд къеджащ КIуэкIуэ Казбек конференцым хэтхэм зэрызахуигъазэм.
- «Конференцыр зэтепсэлъыхь Iуэхухэм мыхьэнэшхуэ яIэщ, диным ди къэралымрэ дунеймрэ щекIуэкI Iуэхухэм хуабжьу яжь щIиху зэрыхъуам къыхэкIыу, — къыщыгъэлъэгъуащ абы. — Зэманым къегъэув къэралымрэ динымрэ я зэхущытыкIэхэр ирагъэфIэкIуэну, ислъам хабзэм и мыхьэнэр къэIэтын хуейуэ, ислъамымрэ къэралымрэ нэхъ куууэ зэдэлэжьэну. Ди деж, Къэбэрдей-Балъкъэрым, илъэс куэд лъандэрэ купщIафIэу щызэдолажьэ къэрал властымрэ республикэм и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэмрэ. Иужьрейм къалэнышхуэ егъэзащIэ ди жылагъуэм и псэкупсэ зыужьыныгъэм, хэлъхьэныгъэ ин хуещI мамырыгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ гъэбыдэным».
- Конференцым щытепсэлъыхьащ Урысей империем шэрихьэт судхэр зэрыщылажьэу щыта щIыкIэм, абы ди зэманым иIэ мыхьэнэм, къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм мы Iуэхур зэрыщыгъэувам, дяпэкIэ зэфIэгъэкIын хуейхэм.
- ЖЫЛОКЪУЭ Лусанэ.