ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Октябрь, 2019

Къэшэж  Иннэ  и  гуащIэм траухуэ

2019-10-19

  • Налшык къалэм Тхылъыр фIыуэ зылъагъухэм я зэгухьэныгъэм  и хэщIапIэм пэгъунэгъуу къыщызэIуахащ адыгэ усакIуэ телъыджэ, зэдзэкIакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща Къэшэж Иннэ и гуащIэм теухуа арт-объект. Къэбэрдей уэрамым триухуа и усэр тхылъ теплъэ зиIэ скульптурэу абдежым щагъэуващ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

«Шынагъуэншэ  къалэ»

2019-10-19

  • Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым иджыблагъэ щекIуэкIащ УФ-м и Лъэпкъ гвардием илъэс къэс къызэригъэпэщ фестивалым и щIыналъэ Iыхьэр. Абы кърихьэлIат республикэм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм, курыт школхэм, ХьэтIохъущыкъуей къуажэ дэт кадет школым я гъэсэнхэр, «Урысейпсо цIыхубэ фронтым» и лэжьакIуэхэр, нэгъуэщIхэри.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Фестиваль

ЩIэныгъэлI  ныбжьыщIэхэм  я  зэхуэс

2019-10-19

  • Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щызэхэтащ Урысейм и Ипщэ лъэныкъуэм и щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм я 10-нэ зэхуэсышхуэ. АбыкIэ хъыбар къыдигъэщIащ еджапIэ нэхъыщхьэм и пресс-IуэхущIапIэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъуэгу къежьапIэ

Дызэрыгушхуэ  ди  къуажэгъу пщащэ

2019-10-19

  • Хьэвжокъуэ Людмилэ псалъэм пщIэ хуэзыщI, гупсысэ дахэхэр зиIэ усакIуэ, тхакIуэ набдзэгубдзаплъэщ. Ар къыщалъхуари щапIари Чернэ Речкэ жылагъуэрщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Щапхъэ

«Лэгъупыкъум  и  щэхухэр»

2019-10-19

  • КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм, КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм, СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм республикэм щыпсэухэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ фрагъэблагъэ Къанокъуэ Руслан и «Лэгъупыкъум и щэхухэр» («Тайны радуги») гъэлъэгъуэныгъэм. Выставкэр жэпуэгъуэм и 21 — 31-хэм зэхэтынущ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ХъыбарегъащIэ

Мы махуэхэм

2019-10-19

  • Жэпуэгъуэм и 19, щэбэт
  • Лицейм щеджэхэм я урысейпсо махуэщ
  • Къэзахъстаным къегъэлакIуэм и махуэр щагъэлъапIэ
  • Молдовэм и юристхэм я махуэщ
  • 1097 гъэм Мономах Владимир Урысейр пщыгъуэ-пщыгъуэу гуэшыныр къыхилъхьэри, абы арэзы дэхъуащ къэралым и пщышхуэхэм я советыр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Мечиев Кязим къызэралъхурэ илъэси 160-рэ ирокъу

2019-10-19

  • Нэхурэ  фIыгъуэрэ,  лIыгъэрэ  къабзагъэрэ
  • Кязим… Нэхурэ фIыгъуэрэ, лIыгъэрэ къабзагъэрэ хыболъагъуэ а цIэ кIэщIым. Абы и деж къыщыщIедзэ балъкъэрхэм я тхыбзэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

«Автозапчасть»-м и  зи  чэзу  лъагапIэ

2019-10-19

  • Хабзэ зэрыхъуауэ, Налшык и «Спартак» стадионым жэпуэгъуэм и 9-м щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и кубокыр къэхьыным ехьэлIа зэхьэзэхуэм и кIэух зэIущIэр. Абы щызэхуэзат Бахъсэн и «Автозапчасть»-мрэ «Тэрчымрэ».

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2019-10-19

  • Адыгэ шхыныгъуэхэр
  • Лэпс зэщIэт, мэлыл, тепхъэ и гъусэу
  • Абы щхьэкIэ мэлылыр яупщIатэ е зэпауд г 80 — 100 хъууэ. Псы щIыIэкIэ ятхьэщIри, шыуаным иралъхьэ. Абы псы щIыIэ щIакIэри, мафIэ иным тету зэ къытрагъэкъуалъэ, тхъурымбэр къытрахыурэ. МафIэр щабэ ящI, шыуаныщхьэр трапIэри, лыр ныкъуэвэфI хъуху ягъавэ, зэзэмызэ тхъурымбэр къытрахыурэ. ИтIанэ шыгъу хадзэ, зэпэплIимэ цIыкIуурэ упщIэта пхъы, шыбжий дэгу халъхьэ, шыуаныщхьэр трапIэжри, хьэзыр хъуху ягъавэ мафIэ щабэм тету. Хьэзыр хъуа лэпсым бжьын гъэлыбжьа традзэ, джэдгын хаудэри, шыуаныщхьэр тепIауэ пэшхьэкубгъум деж щагъэт дакъикъитху-хы хуэдизкIэ. Лыр лэпсым къыхахри, пIастэ дашх. Лэпс язам тепхъэ трапхъэри, пщтыру ираф.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис