ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Октябрь, 2019

КIуэкIуэ Казбек хэтащ хэкIуэда хабзэхъумэхэм ятеухуауэ ирагъэкIуэкIа Iуэхухэм

2019-10-15

  • КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ хабзэхъумэ органхэм я лэжьакIуэхэу къулыкъур щрахьэкIым хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэм теухуауэ ирагъэкIуэкIа Iуэхухэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

ЩIыхьым и шууей

2019-10-15

  • КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, РСФСР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь КIыщокъуэ Алим Пщымахуэ и къуэр къызэралъхурэ илъэси 105-рэ зэрырикъур мы махуэхэм ди республикэм Iэтауэ щагъэлъапIэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Пшыхьхэр

Шхыныгъуэхэм я фестивалым ди республикэр фIыкIэ къыщыхэщащ

2019-10-15

  • Къэрэшей-Шэрджэсым и Архъыз курортым иджыблагъэ щекIуэкIащ шхыныгъуэхэм я фестиваль хьэлэмэт. Мы щIыналъэ дахэм и хуейхэм ящыщ зым щрагъэувэкIат Къэбэрдей-Балъкъэрым, Куржым, Азербайджаным, Осетие Ищхъэрэм, Ингушым, Шэшэным, Къэрэшей-Шэрджэсым, Непалым, Чилим, Китайм, Индием, Армением я лIыкIуэхэм я шэтырхэр. ГуфIэгъуэ дауэдапщэм кърагъэблэгъа хьэщIэхэм папщIэ абыхэм щагъэхьэзырт лъэпкъ шхыныгъуэхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Нобэрэ пщэдейрэ

2019-10-15

  • Жэпуэгъуэм и 15, гъубж
  • Зи нэхэм ямылъагъухэм я дунейпсо махуэщ
  • Iэхэр тхьэщIыным и дунейпсо махуэщ. ООН-м и Сабий фондым къыхилъхьэри, а махуэр 2008 гъэм ягъэувауэ щытащ, къабзагъэм узыншагъэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэм цIыхухэм иджыри зэ гу лърагъэтэн мурадкIэ.
  • Къуажэм щыпсэу цIыхубзхэм я дунейпсо махуэщ. Дунейм цIыхуу тетым я Iыхьэ плIанэр къуажэдэс цIыхубзщ — аращ абыхэми махуэ хэха яхуэфащэу къыщIалъытар.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

«АЛЖИР» гъэрэщым   исахэм языхэз

2019-10-15

  • Къэзахъстаным и щыхьэр Нур-СулътIан къалэм (ипэкIэ Акмолинск) километр 40-кIэ фIэкIа пэмыжыжьэу «АЛЖИР» фIэщыгъэр зиIэ музей къыщызэIуахащ. Африкэм щыIэ Алжир къэралым и цIэм зи къэпсэлъыкIэкIэ техуэ а музейр зыкIи епхакъым абы — «АЛЖИР»-т зэреджэр Хэкум епцIыжахэм я щхьэгъусэхэр щаIыгъ лъэхъуэщу Акмолэ къуажэм пэгъунэгъуу щаухуам (Акмолинский лагерь жен изменников Родины). ЗэпцIыжауэ жыхуаIэ а Хэку-анэм бзылъхугъэ минхэр, я ныбжьми, къызыхэкIа лъэпкъми, я IэщIагъэми емылъытауэ, я Iуэхури зэхамыгъэкIыу лъэхъуэщым иридзащ, илъэси 5-м къыщыщIэдзауэ 10-м нэс тралъхьэри. А тутнакъэщым исахэм ящыщщ ди лъахэгъу адыгэ бзылъхугъэ — Шэрджэс (Пщыбий) Хутэ Хъанджэрий и пхъур.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Жыжьэ-гъунэгъу

Сом  1000 хагъахъуэ

2019-10-15

  • Мы Iуэхур егъэщIылIауэ щытынущ урысей мелуан 30-м щIигъум
  • 2020 гъэм щIышылэм и 1-м Урысейм пенсэхэр проценти 6,6-кIэ щыхэхъуэнущ: нэгъуэщIу жыпIэмэ, ику иту сом минкIэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Ди япэ итахэр

2019-10-15

Адыгэ макъамэтх, Адыгейм щыщ къэбэрдей щIалэ, уэрэдус цIэрыIуэ Хьэгъэудж Мыхьэмэт и IэдакъэщIэкIхэм иджыри щIэупщIэшхуэ яIэщ. Ахэр нобэми цIыхубэм яIурылъщ, уэрэджыIакIуэхэм яфIэфIу ягъэзащIэ. Мыхьэмэт 1919 гъэм хужьыдзэм IэщIэкIуэдащ. Сурэтыр Мэлбахъуэ Мадинэ ищIащ.

Зыхыхьэхэр: Хэха

2019-10-15

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и депутатхэмрэ КъБР-м и Парламентым и Аппаратым и лэжьакIуэхэмрэ КъБР-м и Парламентым ЛIыкIуэхэмкIэ и Советым и япэ, етIуанэ зэхуэсыгъуэхэм я депутату, КъБР-м и Парламентым и ещанэ зэхуэсыгъуэм и депутату щыта Мэлыхъуэ Мухьэмэд Нэхъупщ и къуэр зэрылIам къыхэкIыу абы и Iыхьлыхэмрэ и благъэхэмрэ яхуогузавэ.

Зыхыхьэхэр: Хэха

Щэху Iэджэ иIэщ пшапэ зэхэуэгъуэм

2019-10-15

  • Ацкъан  Руслан  и  сонетхэр
  • 273
  • Сэ нобэ жыжьэ сыкъокIыж,
  • сыдэмыкIарэ пэт ди пщIантIэм.
  • Сызыхэтауэ хъуар уэ пщIатэм,
  • укъыспежьэну къыщIэкIынт.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЩIэблэр   зэгъэдэIуэныр     хэкIыпIэщ

2019-10-15

  • КъБР-м ЩIалэгъуалэм дзэ-хэкупсэ гъэсэныгъэ ядегъэкIуэкIынымкIэ и Жылагъуэ советым и унафэщI, МЧС-м и ветеранхэм я зэгухьэныгъэм хэт, «Союз народовластия и труда» урысейпсо политикэ жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм дзыхь иригъэзу Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ, полковник Къуэдзокъуэ Жамболэт нобэми жыджэру мэлажьэ, и къэухьым, и щIэныгъэм зэрыхигъэхъуэным хущIэкъу зэпыту.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Дуней псом и вице-чемпион

2019-10-15

  • Катарым и къалащхьэ Дохэ мы махуэхэм щекIуэкIа атлетикэ псынщIэмкIэ дунейпсо чемпионатым аргуэру ехъулIэныгъэ ин къытхуахьащ — дыщэ медалыр нэхъапэIуэкIэ зыIэрызыгъэхьа Ласицкене (Кучинэ) Марие къыкIэлъыкIуэу цIыхухъухэр лъагапIэм щхьэпрылъынымкIэ зэпеуэм етIуанэ увыпIэр щиубыдащ Прохладнэ къалэм щыщ Акименкэ Михаил.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ФIым и пIалъэр  икIыркъым

2019-10-15

  • АукционхэмкIэ «Литфонд» унэм цIыхубэм я пащхьэ ирилъхьащ 1936 гъэм дунейм къытехьауэ щыта «Адыгэ IуэрыIуатэ» тхылъыр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Гъэм и зэманхэр

2019-10-15

Бжьыхьэ уэфI.                       Тезыхар Къарей  Элинэщ.

Зыхыхьэхэр: Хэха