ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2019-10-19

  • Адыгэ шхыныгъуэхэр
  • Лэпс зэщIэт, мэлыл, тепхъэ и гъусэу
  • Абы щхьэкIэ мэлылыр яупщIатэ е зэпауд г 80 — 100 хъууэ. Псы щIыIэкIэ ятхьэщIри, шыуаным иралъхьэ. Абы псы щIыIэ щIакIэри, мафIэ иным тету зэ къытрагъэкъуалъэ, тхъурымбэр къытрахыурэ. МафIэр щабэ ящI, шыуаныщхьэр трапIэри, лыр ныкъуэвэфI хъуху ягъавэ, зэзэмызэ тхъурымбэр къытрахыурэ. ИтIанэ шыгъу хадзэ, зэпэплIимэ цIыкIуурэ упщIэта пхъы, шыбжий дэгу халъхьэ, шыуаныщхьэр трапIэжри, хьэзыр хъуху ягъавэ мафIэ щабэм тету. Хьэзыр хъуа лэпсым бжьын гъэлыбжьа традзэ, джэдгын хаудэри, шыуаныщхьэр тепIауэ пэшхьэкубгъум деж щагъэт дакъикъитху-хы хуэдизкIэ. Лыр лэпсым къыхахри, пIастэ дашх. Лэпс язам тепхъэ трапхъэри, пщтыру ираф.

  • Тепхъэ зэращIыр:
  • Гуэдз  хьэжыгъэ ухуэнщIам и кур къратхъури, абы шыгъу зыхэгъэткIухьа псы хуабэ, джэдыкIэ уда иракIэ, тхьэвыр быдэу япщ. Тхьэв пщам и щхьэм хьэжыгъэ траудэри, дакъикъэ тIощI-тIощIрэ тхукIэ щагъэт ар нэхъ щабэ хъун щхьэкIэ. Гуэдз хьэжыгъэ зытеуда Iэнэм хьэзыр хъуа тхьэвыр тралъхьэри, хупхъэкIэ яху, и Iувагъыр см 1 — 1,5-рэ хъууэ. А тхьэв хуам тыкъыр цIыкIуу къыпачурэ IэкIэ хъурей цIыкIу, щIыдэ цIыкIу хуэдизурэ, ягъэджэрэз, я Iэм дагъэ щахуэурэ. Лэкъум зэрагъажьэм хуэдэу тхъуэплъ хъуху ягъажьэ. ЧымчыркIэ къыхахыжурэ, шынакъым иракIутэ.
  • Лэпс зэщIэтым халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ):
  • Мэлылу — г 600
  • Лыр зэрагъэвэну псыуэ — г 1200-рэ
  • Пхъы укъэбзауэ — г 75-рэ
  • Шыбжий дэгуу — г 100
  • Шыгъуу — узыхуейм хуэдиз
  • Тепхъэр къызыхащIыкIыр:
  • Гуэдз хьэжыгъэу — г 500
  • ДжэдыкIэу — 2
  • Псыуэ — г 100
  • Шыгъуу — узыхуейм хуэдиз
  • Бжьын гъэлыбжьам халъхьэр:
  • Бжьыныщхьэу — г 80
  • Тхъууэ — г 100
  • Шыбжий сыр хьэжауэ — узыхуейм хуэдиз.
  • ШатэкIэ гъэжьа джэдыщIэ
  • ДжэдыщIэр ятхьэщIри, Iыхьэ-Iыхьэурэ зэпкърах, яшыу, зэIащIэри, дакъикъи 5 — 10-кIэ щагъэт. Тебэм тхъу иралъхьэ, тIэкIу къагъэплъри, абы халъхьэ бжьыныщхьэ, цIыкIу-цIыкIуурэ упщIэтауэ бжьыныху, ахэр зэIащIэурэ ягъэлыбжьэ. Тхъуэплъ хъууэ зэрыхуежьэу, шыбжий плъыжь сыр хьэжа хагъэщащэ, зэIащIэри, джэдыл зэпкърыха гъэгъущар абы халъхьэ, тебащхьэр трапIэжри, зэзэмызэ зэрагъэдзэкIыурэ, тхъуэплъ дахэ хъуху ягъажьэ. Абы и ужькIэ джэдылыр щIимыгъэнапэу шатэ Iув щIакIэри, зэ зэIащIэ, и щхьэр трапIэжри, мафIэ цIыкIум тету хьэзыр хъуху ягъэбэкхъ. Хьэзыр зэрыхъуу, хьэкум къытрахыж, джэдгын трагъэщащэри, и щхьэр тепIауэ тIэкIу щагъэт. Хьэзыр хъуа ерыскъым шатэр щIэмывэщIауэ, тхъур къытежэбзыкIыу щытщ. Хуабжьу къэуат зыщIэлъ шхыныгъуэщ. ПIастэ хуабэ дашх.
  • Халъхьэхэр (цIыхуищ Iыхьэ):
  • ДжэдыщIэу — г 1000
  • Тхъууэ — г 100
  • Бжьыныщхьэу — г 100
  • Бжьыныхуу — г 50
  • Шатэу — г 300
  • Шыгъуу, шыбжийуэ, джэдгыну — узыхуейм хуэдиз.
  • Къубатий  Борис.
  • Нарт Тхьэгъэлэдж. Сурэтыр Бырсыр Абдулыхь ищIащ.

  • Тхыдэ
  • Емыдж
  • Пасэрей тхыдэми IуэрыIуатэми щыгъунэжщ амазонкэкIэ зэджэ цIыхубз зауэшыхэм я хъыбар. Адыгэхэр абыхэм емыджкIэ еджэу щытащ.
  • Пасэрей тхакIуэхэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, амазонкэхэр Тэн (Дон) Iуфэ Iусащ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, пасэрей адыгэ лъэпкъхэм, псалъэм папщIэ, мэуэтхэм, я лъахэм исащ. Тхыдэм ихъумащ ТыргъэтауэкIэ зэджэ мэуэт гуащэм и цIи, и хъыбари. Тыргъэтауэ синд пащтыхь Джэгъэтей и щхьэгъусэт. Боспор пащтыхь Сатир Синд къэралыр зыIэщIилъхьэн мурад ищIащ, абы и жыIэм едаIуэри, синд пащтыхьым — Джэгъэтей — мэуэтыпхъур иригъэкIыжащ. Тыргъэтауэ мэуэтхэм яхыхьэжри, дзэ зэригъэпэщащ, боспор пащтыхьымрэ синд пащтыхьымрэ ятеуэри, тIуми я дзэхэр зэхикъутащ. Сатир дунейм ехыжыху, Тыргъэтауэ зауэр игъэувыIакъым. Сатир, иужькIэ пащтыхь хъуа Горгипп екIужри, Iэщэр игъэтIылъащ, къэралитIми, Синдикэмрэ Боспорымрэ, я лъабжьэр тIасхъэ ищIауэ… Аращ тхыдэр щыхьэт зытехъуэр.
  • Нарт эпосми куэдрэ ущрохьэлIэ цIыхубз зауэшыхэм я хъыбар: зауэлI фащэкIэ хуэпауэ, чынтыр зи ныкъуэкъуэгъу нартхэм ядозауэ ахэр, уеблэмэ шу пашэ хъуауэ долъагъу. Ар щыхьэт тохъуэ пасэрей тхакIуэхэм зи гугъу ящI амазонкэхэм я хъыбархэр зэрымылъабжьэншэм: нарт эпосми нэгъуэщI пасэрей адыгэ IуэрыIуатэхэми щыгъунэжщ абыхэм я хъыбар. Ар дэнэ къэна, илъэсищэм щIигъукIэ екIуэкIа Кавказ  зауэм и тхыдэми ихъумащ цIыхухъу зауэлIхэм ядэшэса, уеблэмэ шу пашэ хъуа цIыхубз хахуэхэм я цIэ.
  • Къартул Хьисэ.
  • Хьэшыр Чылар теухуа тхылъыщIэ
  • «Япэу Iуащхьэмахуэ дэкIар: зэрыщытамрэ къагупсысамрэ» («Первовосходитель на Эльбрус: факты и вымысел») — аращ фIищар Налшык дэт «Принт-Центр» IуэхущIапIэм Хьэшыр Аскэр къщыдигъэкIа тхылъыщIэм.
  • «СИ ГУАПЭУ щыгъуазэ фызощI «Япэу Iуащхьэмахуэ дэкIар: зэрыщытамрэ къагупсысамрэ» тхылъыр къыдэкIауэ тыкуэнхэм къызэрыщIалъхьэмкIэ, — зыкъыщытхуегъазэ Хьэшыр Аскэр хъыбарыщIэм теухуа теплъэгъуэ кIэщIым. — Абы къыщыгъэлъэгъуащ Эммануэль кърихьэжьа экспедицэм мураду иIамрэ ар зэрекIуэкIа щIыкIэмрэ. Тхылъым и япэ Iыхьэм Iуащхьэмахуэ зекIуэм хэтахэм я гукъэкIыжхэмрэ а экспедицэм епха архив дэфтэрхэмрэ ихуащ. ЕтIуанэ Iыхьэм нэгъуэщI бгъэдыхьэкIэ зиIэхэм я лэжьыгъэхэми я гугъу щыдощI, абыхэм я пэжыпIэр зэрызэхэгъэкIыпхъэри Iуэхум щыщу. Дызытепсэлъыхьыр къызыфIэIуэху псоми яхуэгъэзащ тхылъыр. Урысейм и альпинизмэм къежьапIэ хуэхъуа а Iуэху щхьэпэ дыдэм и тхыдэр зэзыгъэщIэну хуей дэтхэнэ зыми хуэщхьэпэнущ ар».
  • ЗэрыгурыIуэгъуэщи, тхылъыр  дунейм къытехьэным щхьэусыгъуэ хуэхъуар япэу Iуащхьэмахуэ дэкIа адыгэ щIалэ Хьэшыр Чылар къызыхэкIа лъэпкъым иризэдауэр куэд зэрыхъуарщ. Губзыгъэу Iуэхум бгъэдыхьа Аскэр генерал Эммануэль и экспедицэм, 1829 гъэм екIуэкIам, теухуауэ щыIэ дэфтэрыжьи дэфтэрыщIи зэхуихьэсыжри, псори зэуIуу зы тхылъым иригъэзэгъащ. Абы нэхъыфIи пхуэщIэну къыщIэкIынкъым. Кавказ лъэпкъ псоми ягъэлъапIэ Iуащхьэмахуэ ехьэлIа тхыдэ къудамэ екIум лъэпкъхэр щIызэпэщIэувэжын щхьэусыгъуэ къыхэмыгъэкIынращ къохъулIэным я нэхъыфIыр.
  • «Дунейпсо тхыдэм щапхъэ мащIэкъым хэтыр пэжым и пIэкIэ пцIыр, къагупсысар, абы и пIэ ирагъэувар, зы лъэпкъыр адрейм нэхърэ нэхъ лъагэу къагъэлъэгъуэн папщIэ зэблэша къэхъукъащIэхэр утыку къыщрахьауэ, — щыжеIэ Хьэшыр Аскэр тхылъым и пэублэм. — Куэд дыдэрэ къэхъуащ апхуэдэ Iуэхугъуэхэр лъыгъажэм, зауэм, мыхъумыщIагъэхэм хуэкIуэуи. И чэзу къэса хуэдэу щытт тхыдэм дерс къыхэтхыфу зедгъэсэну, итIани Iущ дыхъуркъым».
  • Аскэр къимыкIуэту ятопсэлъыхь цIыхухэр гъэщхьэрыуэным хэлъхьэныгъэ нэхъ ин дыдэ хуэзыщIа цIыхухэм, псалъэм папщIэ, апхуэдэ мурад мыщхьэ-пэм тхылъ псо тезыухуэфа Мизиев Исмэхьил. «Тхылъым къыщыхьа тхыгъэхэм наIуэу уагъэлъагъу Iуэхум хэзымыщIыкI тхылъеджэм и зэхэщIыкIыр теIущIыкIыпIэ ищIу, щыхьэт тегъэщIапIэ имыIэххэу, Мизиевым къэбэрдей щIалэ Хьэшыр Чылар и пIэм езым къигупсыса къэрэшей Хачиров Хьисэ Мусэ и къуэр зэрыригъэува щIыкIэр. Дэфтэр къихьхэм я цIэр пэжу къриIуэу, ауэ щыхъукIэ, гу зылъытапхъэ пычыгъуэхэр щIихъумэурэ, уеблэмэ, мызэ-мытIэу зэрихъуэкIыурэ, абы тхыдэджу щымыт, хуэгъэфэщэныгъэ къудейм тещIыхьа Симонов Евгений и IэдакъэщIэкIри зэблеш, тхыдэ дэфтэру щымыт тхыгъэхэр щыхьэт нэпцIу къегъэув».
  • УрысыбзэкIэ, франджыбзэкIэ, куржыбзэкIэ, нэмыцэбзэкIэ къыдэкIа дэфтэрхэм уащрохьэлIэ тхылъым. Абы ихуащ экспедицэм япэу тепсэлъы-хьа газетыжьхэм я сурэтхэри, нэхъ кIасэу абы и гугъу зыщIа щIэныгъэлIхэм я тхыгъэхэри, тхылъеджэм зыхуейр къабыл ищIыну хуиту. Акъыл зиIэм къыгурыIуапхъэщ цIыху цIыкIум къехъулIа дэтхэнэ зы Iуэхушхуэри, — псалъэм папщIэ, бгым дэкIыныр, — ущIызэкъуэувэн щхьэусыгъуэу къэбгъэщхьэпэным и псапэр куэдкIэ зэ-рынэхъ иныр, нэгъуэщI бгъэдыхьэкIэм Хьэшыр Чылари ар къызыхэкIа лъэпкъри зэримыгъэлъапIэр.
  • «ЦIыхухэр гъэбэлэрыгъыным лей нэхъыбэж хилъхьащ хьэж зыщIа, Къэрэшей лъэпкъым и конгрессым и унафэщI Халкечев Къады. Аращ 2001 гъэм Мизиевым и «Iуащхьэмахуэ телъ лъэужьхэр» тхылъыр къыдэзыгъэкIар. Къагупсыса Хачиров Хьисэ и цIэр цIыхубэм хэгъэIуэнымкIэ дэIэпыкъуэгъу нэхъыщхьэ хъуари аращ, — дыкъыщоджэ кIэух псалъэм. — Ди нэкIэ долъагъу зи гугъу тщIы цIыхухэм, «я лъэпкъым и зыужьыныгъэм щIэбэгыу» фэ зытрагъауэу, пщIэм зэрыщIэнэцIымрэ утыкум зэрыхуэпабгъэмрэ къыхэкIыу пцIым гъуэгу зэрыратар».
  • «ЖыпIэм щыхьэт техъуэнкIэ щIэмыгъэбыдауэ зыгуэр бгъэкъуэншэным нэхърэ нэхъыкIэ гъуэтыгъуейщ, — еух Хьэшыр Аскэр и псалъэр. — Дыщогугъ зи гугъу тщIы Iуэхугъуэр илъэс 200 щрикъукIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрми Къэрэшей-Шэрджэсми, зимычэзу Iэуэлъауэ къыщымыхъуу, махуэшхуэр республикитIми яхуэфащэу екIуу ягъэлъэпIэну».
  • НапэкIуэцI 658-рэ ирикъу тхылъым тхыдэм пщIэ хуэзыщI дэтхэнэ  зыри щыгуфIыкIынущ,  къызэрыдэкIар урысыбзэщ. Тхылъым и лъэтеувэм ирихьэлIэну хуейхэм хъыбар ирагъащIэ  ар жэпуэгъуэм и 27-м  сыхьэт 15-м  зэрекIуэкIынумкIэ.(Налшык, ГКЗ).
  • ЧЭРИМ Марианнэ.
  • ФщIэуэ пIэрэ?
  • Шым ехьэлIа псалъэхэр
  • Адыгэм и цIэр дунейм къызэрыщацIыхухэм ящыщщ адыгэшыр. Ар ди лъэпкъым ижь-ижьыж лъандэрэ ныбжьэгъуфI пэлъытэу къыдогъуэгурыкIуэ. Шыхэр я лъэпкъкIи, я ныбжькIи зэщхьэщокI, дэтхэнэми езым и цIэ иIэжу. Ди гуапэщ абы фыщыдгъэгъуэзэну.
  • Абыкъу — адыгэ шы лъэпкъыфI.
  • Алъп — къаруушхуэ, жагъэшхуэ зиIэ, Нарт пшыналъэхэм хэтщ.
  • Дунажын — илъэсиплI зи ныбжь шыбз.
  • Дунан — илъэсиплI зы ныбжь хакIуэ.
  • Жэрыщты — адыгэш лъэпкъ.
  • Хуарэ — адыгэш къабзэ.
  • Шагъдий — адыгэшхэм я нэхъыфI.
  • Къунажын — илъэсищым ит шыбз мыгъасэ.
  • Щолэхъу — адыгэш нэхъыфIхэм ящыщщ.
  • Хъыбар
  • Ажэшу
  • Нысэр къызэрашэрэ зэманыфIи дэкIат, ауэ и гуащэмрэ тхьэмадэмрэ абы зэреджэн цIэ иджыри къагупсысатэкъым. Фызыжьыр лIыжьым ехъурджауэрт:
  • — А сымыгъуэ, ди напэр токI, иджыри къэс нысэм цIэ фIэдбгъэщакъым!
  • Ауэ лIыжьыр гузавэртэкъым:
  • — Уэ, нэуэжь, абы щхьэкIэ умыгузавэ. Тхьэ соIуэ, абы езым цIэ зыфIищыжынумэ.
  • Апхуэдэурэ, аргуэру зэман дэкIауэ, махуэм пщIантIэм зыри дэмысу (лIыжьыр жыг хадэм щыIэбэрти, жыг лъабжьэм щIэтIысхьауэ жьы къабзэкIэ бауэрт, къэкIыгъэхэм къахэплъмэ, пщIантIэр илъагъуу), нысэм и закъуэ къыдэнат. А унагъуэм яIэт зы ажэ бзаджэжь. Ар нысэм иджыри щIагъуэу къесатэкъыми, пщIантIэм Iэбэну къыщыдыхьэм, ажэжьыр пырхъуэм дэсти, къелъэри, нысэм къыщыхьащ. Нысэри и къару къигъэгугъэу къыщIэкIынти, зыкъиплъыхьщ-зыниплъыхьри, зыри Iэгъуэу щимылъагъум, ажэжьым и бжьакъуитIыр къиубыдри, шым хуэдэу шэсащ. Ажэжьым сыт хуэдэу зимыудами, нысэр къыхуедзыхакъым. Ар зылъэгъуа лIыжьым апхуэдизкIэ фIэтелъыджэ хъуати, зыхуэмыубыду къэдыхьэшхащ. Нысэм ар зэрызэхихыу ажэжьым къолъэжри, щIолъэдэж. Ауэ кIасэ хъуат — езым цIэ зыфIищыжагъэххэт.
  • Фызыжьыр къыщыдыхьэжым:
  • — Ыхьы-ы, фызыжь! Уи нысэ цIыкIум и цIэм ухуэгузавэрти, мис, сэ зэрыжысIа дыдэм хуэдэу, Тхьэ соIуэ, цIэ хъарзынэ зыфIищыжакIэ, цIэ хъарзынэ! — жеIэ лIыжьым.
  • Фызыжьыр ней-нейуэ къоплъри:
  • — Сыт иджы, лIыжь джаур, нысэ цIыкIум къыхуэбгъуэтар? — жи.
  • — Тхьэр си щыхьэтщ, зы мастэкIэ си сэбэпи си ягъи хэмылъ!  Езыр  мо   ажэжьым  шэсри, пщIантIэм щышыуеящи, иджы цIэуэ Ажэшу фIыдощ! — жиIэри, лIыжьыр аргуэру къэдыхьэшхащ, илъэгъуар и нэгу къыщIыхьэжри.
  • Ар и къытенэкIэу, нысэм Ажэшу цIэр къыхуэнэри, псэуху зэрихьащ.
  • Зытхыжар  Шэрджэс  Алийщ.
  • ГушыIэхэр
  • Емысыфхэр-щэ?
  • Зы беижь гуэрым и пщIантIэм псыгуэн щригъэщIырти, ухуакIуэхэм захуигъазэри жиIащ:
  • — И инагъкIэ зэхуэдизу псыгуэнищ дэфщIыхь пщIантIэм. Зым псы хуабэ ивгъахъуэ, адрейм псы щIыIэ ивгъахъуэ, ещанэр нэщIу щывгъэт.
  • — Псы хуабэрэ щIыIэрэ зэрытынухэр къыдгуроIуэ, ауэ зыри зэрымытымкIэ сыт пщIэнур? — жаIэри, ухуакIуэхэр щIэупщIащ.
  • Беижьым:
  • — Си хьэщIэхэм псым емысыф къахэкIмэ-щэ?
  • СынэкIуэнукъым
  • ЩIалэ цIыкIур курыт еджапIэм къикIыжри, къыщIыхьэжауэ и адэ-анэм захуегъазэ:
  • — Мамэ, папэ, пщэдей ди адэ-анэхэр тщIыгъуу дыкIуэн хуейуэ къыджаIащ, школыр зыхуей хуагъэзэжынущи, къывэчэнджэщыну.
  • — Сэ сынэкIуэнукъым, — жи адэм.
  • — Сыт щхьэкIэ? — къэуIэбжьащ щIалэ цIыкIур.
  • — Абы нэхърэ нэхъыфIщ гъэмахуэм Мысырым дыкIуэрэ зэрыунагъуэу зыдгъэпсэхумэ…
  • Псалъэзэблэдз
  • ЕкIуэкIыу:3. Кавказым щыщ лъэпкъышхуэ. 5. Уи бзэ зымыщIэ, нэгъуэщI лъэпкъым щыщ цIыху. 9. ЩIалэм и щхьэц  Iувыр хуэм-хуэмурэ … хъуащ. 10. ПхъащIэ Iэмэпсымэ. 11. Псалъэ дахэм … гъуэмбым къреш. 14. Iэщ кIуэцIфэцIым къыхэщIыкIа адыгэ шхыныгъуэ. 15. Сымаджэ хьэлъэр хъужати, … хуащIыжащ. 17. Хэку зауэшхуэм лIыгъэ щызезыхьа адыгэ усакIуэ. 19. Республикэм е къэралым я къалэ нэхъыщхьэм зэреджэ цIэ. 20. Дзэ къулыкъум дэкI и къуэрылъхум лIыжьыр йоущие: «ЛIы хуэдэлIу щыт, … жегъэIэ!». 21. Iэпслъэпсым щыщ. 22. Зэпымыууэ уэс зытелъ бгы лъагэ. 23. Литературэ тхыгъэ. 26. … цIыкIу бжьакъуэшхуэ. 27. Къэбэрдей усакIуэ. 29. Уеплъмэ — …, уеджэмэ — дэгу. 30. Шылэ гъуэжьым и фэр зи теплъэ. 31. Яхуэмылажьэ бжьэхъушхуэ. 33. Дэлъхум и щхьэгъусэ. 35. Жэм лъакъуэ … иукIрэ? 36. Ефэндыхэм я нэхъыщхьэ, хеящIэ. 40. Гъэм и зэман. 41. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и ректору щыта … Борис.
  • Къехыу:1. УэрэджыIакIуэ, уэрэдус цIэрыIуэ Тхьэбысым … 2. Уэс зытемылъ щIы щхьэфэ тещтыкIа. 3. Зауэ зэманым бийм я лъэныкъуэ хъуа цIыху. 4. Узыдэмыхьэ къуэладжэ … дэзщ. 6. Купкъ зэрылъ пхъэщхьэмыщхьэ цIыкIу, плъыжь-фIыцIафэу. 7. Лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ тхыдэ жьэрыIуатэ. 8. Гу шэрхъым и зы Iыхьэ. 12. Нарт хъыбархэм къызэрыхэщымкIэ, Iэщхэм я тхьэ. 13. … псэумэ, пыIэ щыщIэркъым. 16. Налшык и уэрамхэм щыкуэд къуалэбзу. 18. Бгы задэ щыгу, нэпкъ шынагъуэ. 20. Куэсэ … умыщI. 24. Уэрэдыжь, хъыбарыжь, псалъэжь куэд зэхуэзыхьэсыжа уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ. 25. ГъавэгъэкIыу щыта, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь … Ахьмэд. 27. … махуэми, машинэ къутар зэзгъэпцIыжащ. 28. Течыгъуей, Iуэхур хуэм дыдэу фIэкIа зымылэжь. 32. Нало Заур школым щыщIэсам зригъэгъуэта IэщIагъэ. 34. Лъагэу зэтекIута гуэр. 37. Теунэ Хьэчим, Сокъур Мусэрбий, ХьэкIуащэ Андрей, Къэжэр Пётр сымэ я къуажэ. 38. ГъэшхэкI. 39. ЦIыхубз щыгъын.
  • Зэхэзылъхьар  Мыз   Ахьмэдщ.
  • Жэпуэгъуэм и  12-м ди газетым
  • тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
  • ЕкIуэкIыу:1. Монако. 5. Бжьэдыгъу. 9. Пут. 10. Андэгурэ. 13. Хуарэ. 14. Нэгъуд. 15. Гъудэ. 16. Бгы. 17. Щхьэм. 21. Хьэпс. 23. Еру. 24. Хъер. 25. Джэд. 26. Без. 27. ГупкIэ. 30. Сэмб. 32. Къру. 33. Япэ. 34. Щимэ. 37. Псым. 39. Дыхьэрэн. 41. Ауз. 42. Гъэмахуэ. 43. Нэбзий.
  • Къехыу:1. Мыщэхупщ. 2. Ныбэр. 3. Куба. 4. Дурэш. 6. Жьауэ. 7. Дапхъэ. 8. Гъуанэдэс. 11. Надэ. 12. Ригэ. 18. Хьэрып. 19. Махъшэ. 20. Аргъуей. 21. Хьэдис. 22. Пэжым. 27. Гуащэгъагъ. 28. Куржы. 29. IупщIэ. 31. Бумэзей. 35. Мэрем. 36. Хьэиуэ. 38. Сагъыз. 39. Дэлъху. 40. Ныджэ.