ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЩIэныгъэлI  ныбжьыщIэхэм  я  зэхуэс

2019-10-19

  • Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щызэхэтащ Урысейм и Ипщэ лъэныкъуэм и щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм я 10-нэ зэхуэсышхуэ. АбыкIэ хъыбар къыдигъэщIащ еджапIэ нэхъыщхьэм и пресс-IуэхущIапIэм.

  • Кавказ Ищхъэрэ, Ипщэ федеральнэ округхэм, Москва къалэм, апхуэдэу нэгъуэщI щIыналъэхэми къикIа аспирант, магистрант, студенти 100-м щIигъу хэтащ семинар, мастер-класс зэхуэмыдэхэм, апхуэдэу УФ-м щылажьэ щIэныгъэ программэхэм зэрыхэтыну щIыкIэхэм щIалэгъуалэр щыгъуазэ щащIа зэIущIэ-хэм.
  • НыбжьыщIэхэм гурагъэIуащ «ЩIэныгъэ» лъэпкъ проектым хэтын, щIэныгъэ-техникэ проектхэр къыхалъхьэн папщIэ ящIэн хуейхэр. Абыхэм къищынэмыщIауэ, технико-экономикэ и лъэныкъуэкIэ езыхэм я проектхэм лъабжьэ хуащI хъунухэм ятеухуа чэнджэщхэри иратащ. 
  • Спикер къалэнхэр ягъэзащIэу зэIущIэм хэтхэм епсэлъылIащ УФ-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ и министерствэм, РНФ-м, РФФИ-м, Сколковэ, Бортник и цIэр зезыхьэ фондхэм, Лъэпкъ технологие хьэрычэт IэнатIэм я IэщIагъэлIхэр. Зэхуэсым къыщыпсэлъа, КъБКъУ-м и ректор Алътуд Юрий щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм я лэжьыгъэхэм яхуэфащэ гулъытэ ягъуэтыну ехъуэхъуащ. Апхуэдэу къыхигъэщащ мыпхуэдэ зэхуэсхэр цIыхущIэ зрагъэцIыхун, я гупсысэхэмкIэ зэхъуэжэн, я щIэныгъэм хагъэхъуэн и лъэныкъуэкIэ зэрыIуэху щхьэпэр. ЕджапIэ нэхъыщхьэм и проректор Хьэшыр Светланэ зэрыжиIамкIэ, къызэгъэпэщакIуэхэр хущIэкъуащ форумым хэтхэм сэбэп яхуэхъун хуэдэу, щIэныгъэ и лъэныкъуэ псори къызэщIрагъэубыдэну.
  • — ЗэIущIэр мыхьэнэ лъагэ зиIэ Iуэхугъуищу зэхэтщ: щIэныгъэм и фестивалщ, форумыр илъэсипщI ирокъу, инновацэхэр къыщыхалъхьэ утыкущ. Сыхуейт къыхэзгъэщыну иджыпсту щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэр дызэримащIэр. Ар гъэзэкIуэжын хуей Iуэхугъуэщ. Мыпхуэдэу ухуа зэхыхьэхэр сэбэпщ щIэ гуэр зэхэпхыным и мызакъуэу, езыхэр узэрыцIыхунымкIи. Апхуэдэ зэIущIэр зы Iуэхушхуэ гуэрым лъабжьэ хуэхъункIэ хъунущ, — жиIащ КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэ политикэмкIэ и комитетым и унафэщI Емуз Нинэ.
  • Зэхуэсым и практикэ Iыхьэр жэпуэгъуэм и 11-м щегъэжьауэ и 13 хъуху щекIуэкIащ КъБКъУ-м Iуащхьэмахуэ лъапэ щиIэ егъэджэныгъэ-щIэныгъэ базэм.
  • ХЬЭРЭДУРЭ  Аллэ.