Дызэрыгушхуэ ди къуажэгъу пщащэ
2019-10-19
- Хьэвжокъуэ Людмилэ псалъэм пщIэ хуэзыщI, гупсысэ дахэхэр зиIэ усакIуэ, тхакIуэ набдзэгубдзаплъэщ. Ар къыщалъхуари щапIари Чернэ Речкэ жылагъуэрщ.
- «ГъащIэм улъэщIэмыхьэу псынщIэу макIуэ» жыхуаIэр пэжщ. Дыгъуасэ хуэдэщ Людмилэ етхуанэ классым щIэсу щезгъэджар. Абы щыгъуэми и гупсысэкIэкIи, и жанагъкIи, и IущагъкIи адрейхэм къахэщу апхуэдэт, адыгэбзэмкIэ классым диктант щезгъэтхкIи щыуагъэ хищIыхьыртэкъым.
- Людмилэ еханэ классым щIэсу арат гъатхэм теухуа и япэ усэр «Нур» сабий журналым къыщытехуам. И гупсысэр къызэриIуатэмкIэ, и псалъэухахэр зэриухуэ щIыкIэмкIэ, къигъэсэбэп IэмалхэмкIэ наIуэт абы усакIуэ нэс къызэрыхэкIынур.
- ЕджапIэ нэхъыщхьэр къызэриухрэ Людмилэ Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым щолажьэ: къэбэрдей литературэмкIэ къудамэм и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжьщ, бзэщIэныгъэмрэ литературэмрэ джынымкIэ кафедрэм и унафэщIщ. Абыхэм къищынэмыщIауэ, 2013 гъэм щегъэжьауэ ар «Iуащхьэмахуэ» журналым публицистикэмкIэ и къудамэм и редакторщ, журналым и редколлегиеми хэтщ. А илъэс дыдэм увауэ Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и институтым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ щрегъаджэ.
- И ныбжьым емылъытауэ, адыгэ литературэм, щэнхабзэм, щIэныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ Людмилэ. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ лъэпкъым, бзэм, лъагъуныгъэм теухуа усэхэр, прозэ тхыгъэхэр. Ахэр щIэх-щIэухыурэ къытохуэ ди республикэм къыщыдэкI газетхэмрэ журналхэмрэ. Илъэс 24 ныбжьым иту филологие щIэныгъэхэм я кандидат хъуауэ щытащ ар. 2012 гъэм Людмилэ къыдигъэкIащ «Бещтокъуэ Хьэбас и дунейр» зыфIища монографиер (урысыбзэкIэ), 2014 гъэм абы къыкIэлъыкIуащ «Бемырзэ Мухьэдин и усыгъэ дунейр» тхылъыр. НобэкIэ Хьэвжокъуэм Кавказ зауэмрэ ИстамыблакIуэмрэ адыгэ литературэм къыщыгъэлъэгъуэжа зэрыщыхъуар къехутэ.
- Людмилэ зыми емыщхь и хъэтIыр ноби къэсцIыхуу апхуэдэщ. И Iэм къыпыкI дэтхэнэ зы сатырми сримыгуфIэу, сримыгушхуэуи къанэркъым. Зэи сигу ихужынукъым абы «Гухэлъ налъэ» зыфIища и усэ тхылъым хъуэхъу псалъэхэр схутритхэу сэ япэу къыщызитауэ щытар.
- ЩIымахуэ щIыIэм и ужькIэ къыкъуэкIа гъатхэ дыгъэр цIыхум щытепсэкIэ псэм зэрыфIэIэфIым, зэрыфIэдахэм хуэдэущ, дэ, и къуажэгъухэм, Людмилэ къызэрытщыхъур. Ар ауэ сытми тхакIуэ, усакIуэ, литературэдж, егъэджакIуэ къудейкъым, атIэ абы и лэжьыгъэкIи, и IуэхущIафIэкIи и сэбэпынагъ цIыхум иригъэкIыу, лъэпкъым хуэщхьэпэн Iуэху илэжьу апхуэдэщ. Езыри и хьэлкIи, и щэнкIи зэкIужщ, сыт и лъэныкъуэкIи щапхъэ зытепх хъун пщащэщ.
- Зыпэрыт лэжьыгъэ мытыншым гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ къриту, лъэпкъыр игъэгуфIэу, и Iуэху ефIакIуэу, гъащIэ дахэ ирихьэкIыну дыхуохъуахъуэ Людмилэ.
- МЕДАЛЫ Зое.