Къэшэж Иннэ и гуащIэм траухуэ
2019-10-19
- Налшык къалэм Тхылъыр фIыуэ зылъагъухэм я зэгухьэныгъэм и хэщIапIэм пэгъунэгъуу къыщызэIуахащ адыгэ усакIуэ телъыджэ, зэдзэкIакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща Къэшэж Иннэ и гуащIэм теухуа арт-объект. Къэбэрдей уэрамым триухуа и усэр тхылъ теплъэ зиIэ скульптурэу абдежым щагъэуващ.
- Арт-объектыр къызэIуаха нэужь, абы тет усэм кърихьэлIахэм къахуеджащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Къумахуэ Мухьэдин.
- Лэжьыгъэр ягъэхьэзыращ скульптор цIэрыIуэ ГъущIапщэ Арсен и нэIэм щIэту. Проектыр зэдагъэзэщIащ Тхылъыр фIыуэ зылъагъухэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Шинкарёвэ Натальерэ жылагъуэ лэжьакIуэ Къарэ Ратмиррэ, Къэшэж Иннэ къызэ- ралъхурэ илъэс 75-рэ щрикъум ирихьэлIэу. Скульптурэр ягъэуващ республикэм исхэм я ахъшэ зэхэдзэр, КъБР-м Граждан зэгухьэныгъэхэмрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ институтхэм ядэлэжьэнымкIэ и министерствэм иригъэкIуэкIа зэпеуэм Тхылъыр фIыуэ зылъагъухэм я зэгухьэныгъэм къыщихьа ахъшэ саугъэтыр щIыгъуу къагъэсэбэпри.
- ТЕКIУЖЬ Заретэ.
- Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.