Мечиев Кязим къызэралъхурэ илъэси 160-рэ ирокъу
2019-10-19
- Нэхурэ фIыгъуэрэ, лIыгъэрэ къабзагъэрэ
- Кязим… Нэхурэ фIыгъуэрэ, лIыгъэрэ къабзагъэрэ хыболъагъуэ а цIэ кIэщIым. Абы и деж къыщыщIедзэ балъкъэрхэм я тхыбзэм.
- Мечиев Кязим 1859 гъэм Хъолам-Безенги къуэм дэс Шыкъы къуажэм, Кавказыкум къыщалъхуащ. Азие Курытым щыIэ Къэзахъстаным и Талды-Курган областым хыхьэ Тельман къуажэм 1945 гъэм дунейм щехыжащ. ЛIэщIыгъуэ зыбжанэ къызэщIэзыубыдэ балъкъэр лъэпкъым и тхыдэмрэ и гъащIэ щIэращIэмрэ изэгъащ а пIалъэ кIэщIым. Мечиевым и усэхэр бзэ куэдкIэ щызэрадзэкIащ. Лъэпкъым къытепсыхэ бэлыхьхэр абы и гум пхигъэкIырт:
- Гуауэр тезщ дунейм, гуфIэгъуэр — закъуэтIакъуэщ,
- Насып кIуапIэр сэ къысхуэгъуэтакъым.
- Бэлыхьу щыIэр си псэм тегъуэлъхьащ.
- Кязим куэд щIауэ япэщIэтт абыхэм.
- Хьэрыпми бгырысми я нэхэм
- ГухэщI нэпсхэр къыщIоувэ, зэхэгъэж ямыщIу,
- ТхьэмыщкIэ псоми сигу ящIогъу сыщеплъкIэ.
- Кязим и усэхэм я къарур мылIэжыныгъэм къыIахри псэм трагъэлажьэ, тхылъеджэм и гум хуэкIуэ гъуэгу нэхъ кIэщI дыдэм тоувэф ахэр. Хэт абы и усыгъэм псэ хэзылъхьэр, дамэ къытезыгъакIэр, мыкIуэдыжын дунейм и куэбжэхэр яхуIузыхыр? Ди дежкIэ ар щэхущ. Шэч хэлъщ ар зэгуэр къызэIутхыфынуми. ИгъащIэкIи къыпхуэмыIэтын нэщыпхъуэ гуэр ятелъынущ абы и усэхэм сыт щыгъуи.
- А усэхэм уи закъуэу уакъыбгъэдэнэху, укъоуIэбжь: «Хьэуэ, цIыхум мыпхуэдэ хуэтхынукъым». А псалъэхэр уафэм къраIущэщэхынкIи хъунущ, усакIуэм мелыIычхэр къащыдежьукIэ, е вагъуэхэм зэхалъхьэнри хэлъщ.
- Кязим, малъхъэдисым ещхьу, щIылъэм и инагъымрэ дунейм и кууагъымрэ къызэщIеубыдэ. Абы и псалъэм и мыхьэнэр къыбгурыIуэн папщIэ, зыгуэрым ухуеджэн хуейкъым. Зыгуэрым уригъасэрэ уэздыгъей мэзхэм ущIэту бгыщхьэ хьэуар жьэдэпшэу? Абы итхам укъыщеджэкIэ, жэнэт бзухэми я макъыр щымыIуж уэздыгъей мэзым щызэхыбох:
- Лъагэщ ди къуршхэр,
- Аращ бийхэр щIэкуэдыр.
- Иралъагъу къыдэузхэр,
- ЦIыхуцIэ зэрызетхьэр!
- ЩIым нэхърэ мывэр нэхъыбэщ,
- Ди ерыскъыри мащIэщ,
- ИтIани, жьэгум мафIэ дэлъщ,
- ЦIыхуцIэ зыдохьэ.
- Къыддэхуэкъым мылъкуи былыми,
- ЦIыхуи дыхуэныкъуэщ,
- Ауэ псэм псори ешэч,
- ЦIыхуцIэ зыдохьэри.
- ИремащIэ ем дызэрыпэщIэт къарур,
- Ди лъы гуащIэр къокъуалъэ,
- Бийми гугъуехьми дыщышынэркъым,
- ЦIыхуцIэ зыдохьэ дэ.
- КIыфIыгъэм хэтщ ди лъэпкъыр,
- Ди тхьэрыIуэр зэкъуэтыныгъэрщ.
- Ауэ хьэщIэм едгъэшхын диIэщ,
- Дэ цIыхуцIэ зыдохьэ.
- Лъэпкъыр зэкъуэзыгъэувэн къарум лъыхъуэ зэпытт усакIуэр, и Iэгу пхъашэр псоми ятриубгъуэу. Гуауэм иримыгъэщIыкIыу, Кязим дэтхэнэ зыми щIэгъэкъуэн хуэхъурт. Ди лъэпкъыр псэуху, Кязимрэ абы и усыгъэмрэ нэхъ къабзэ дадэхъуу декIуэкIынущ, ди цIыхугъэмрэ ди губзыгъагъэмрэ хэхъуэу, махуаем дызэрыубыдыфу икIи дыкъимыкIуэту. Псом нэхърэ нэхъыщхьэращи, Кязим ди гъусэху, зым адрейм и гукъеуэр нэхъ зыхэтщIыкIыу дыщытынущ.
- ПцIым, гужьгъэжьым, зым адрейр лажьэ имыIэу игъэкъуэншэн хьэлым я щхьэ къыщаIэта нобэрей махуэр егъэлеяуэ Кязим хуэныкъуэщ.
- «Дунейм сыт нэхъ IэфIу тетыр, уи къуажэжь къыщыпщIихьэ гуарцэмэм нэхърэ», — жызыIа усакIуэм КъуэкIыпIэм гъуэгуанэ куэд щызэпичащ. Байрон ещхьу, ещIэкъуауэурэ, ар нэсащ Мэчэми, Мэдинэми, Багдади:
- Си лъакъуэ тхьэмыщкIэхэм шы къахэсщIыкIри,
- Насып лъыхъуакIуэ сежьат, ауэ къысхуэгъуэтакъым.
- Куэдрэ къэзущыхьащ, пэжыр зыщIыпIи щыIэкъым.
- Си гужьеигъуэращ ныбжьэгъуу къысхуэнар.
- Кязим и усыгъэр зэрыщыту телъыджэщ. Ауэ гъэщIэгъуэныр сыт жыпIэмэ, лъэпкъым ишэч бэлыхьхэм я гъуджэу зэрыщытым хуэдэу, абы зэи и гукъеуэр щхьэщызыхын къилъыхъуакъым. А уIэгъэхэр псоми ялъагъун хуэдэу, утыку къищIу аращ. Нахуэу плъагъу уIэгъэр нэхъыфIу мэкIыж, пэжкъэ? И усэ къэс афIэкIа сатыр къримытхъэжыным хуэдэу итхырт. Мэчэм щыIэу, мыхъужынкIэ гузавэу сымаджэ щыхъуам, абы, уэсят папщIэу, Лыкъумэн-хьэжы мы сатырхэр къыхуигъэнауэ щытащ:
- «ТхьэмыщкIэхэм я гур нэхущ», — жызыIа Кязим
- Абыхэм гуауэу ягъэвыр зыхищIэпащ, — жыпIэнщ.
- Си нэхэм пшахъуэ пщтырыр щIэз хъуа нэужь,
- ДыщIыгъу абы, ар факъырэхэм тхьэ
- яхуелъэIуу зэрыщытари.
- ЩIэгъэкъуэн зимыIэм бийр и куэдщ, ныбжьэгъу
- и мащIэщ,
- Алыхьми щыгъупщэжащ ахэр, жыпIэнщ.
- МэжэщIалIэм и ныбэр зэчырхэми Iэятхэми
- яхуэгъэнщIынукъым,
- Си динэгъу, къыхуэлъыхъуэ лъэпкъым
- нэплъэжыгъуэ.
- Сэ хамэ щIыпIэм жыжьэу сыкъыщынэнщ,
- Хамэ уэшххэм си кхъащхьэр яуфэнщIу,
- Фэ, псэухэм, лъэпкъыр фхъумэ,
- Иджыри къалъхунущ абы къыщхьэщыжын.
- ФIыуэ дыщIызэрылъагъун, дыщIызэрыIыгъын щхьэусыгъуэ димыIэу жызыIэхэм пэжыр ялъагъуркъым. Кязим зы цIыхум адрейм пщIэ щIыхуищI псори къызэрыкI фIэщхъуныгъэр пкъырытт. Кязим хуэдэ цIыхущ лъэпкъыр лъэпкъ зыщIыжри. Абы и теплъэр уи нэгум къыщIэувэмэ — гукъанэ псори зыщыбгъэгъупщэу уэ пхуэдэр щIэбгъэлъэпIэн щхьэусыгъуэ улъыхъуэу апхуэдэщ, фIымрэ фIыгъуэмрэ зэрыщыIэм шэч къытумыхьэжу.
- Сыфхуэарэзыщ, си Iыхьлыхэ,
- ПщIэ зыхуэсщI си Iыхьлыхэ!
- Си хэкум ис лъэпкъым —
- ЩIалэгъуалэми нэхъыжьхэми.
- Тхьэм Кязим тхуиIэта тхьэлъэIухэр къытлъигъэс, си лъэпкъ Iумахуэ! Ар къэмыхъункIэ Iэмал иIэкъым, ди псэм фIыуэ илъагъухэм дахуэсакъыфу зедгъасэмэ. Кязим и псалъэр щызэхамых зэман къэхъун хуейкъым, сыту жыпIэмэ, абы «пэжым, гуащэм ещхьу, пщIэ хуищIыфу щытащ».
- ДОДУЕВ Аскэр,
- КъШР-м и цIыхубэ усакIуэ.
- Мечиев Кязим и усыгъэхэр
- Уэс къос
- Къосыр уэсыр, къос… Борэнщ.
- Бейм и дежкIэ ар зэран?
- Бейм игу уэсым иримыгъу —
- Бейм и Iэщыр лъапIэ мэхъу.
- Хэлъщ ар къауцыпIэ щабэм.
- Хуабэщ унэр, щIыIэщ щIыбыр.
- Щылъщ Iуэхуншэу махуэ кIыхьым,
- Жэщыр хъуамэ — IэфIщ и пщIыхьыр.
- ПщIантIэм жьыбгъэр къыщокъугъыр,
- Бейм имыIэ гуныкъуэгъуэ.
- КIэншэу ахъшэ ебж и фызым,
- Щоуэ, йошри, зэзэмызэ.
- И къуэр, къэкIуэжащ ефауи,
- Илъщ гъуэлъыпIэм щIэуфауэ.
- И пхъур, и щхьэр ежьри, щысщ —
- Уэркъ псэлъыхъухэм йогупсыс…
- Исхэр щIыIэ нобэ хэт?
- Исхэр лIыщIэщ, унэIутщ.
- Бейм телажьэу жэщи махуи,
- Зымылъагъухэрщ дуней нэхур.
- Дэсхэрщ зи сабий жьэгу щIыIэм,
- Шхын е щатIэгъэн ямыIэу.
- Бейм и псыхьэр псыхъуэм щогъу —
- И бын тIэкIум игу ящIогъу…
- Ещхьыркъабзэу ер я натIэщ
- Iэхъуэ-шыхъуэу губгъуэм итым.
- Бжьыр ятелъу гъащIэр зыхьхэм
- ЗылI ишхын лэжьапщIэу къахькъым.
- Тхьэусыхэ хъум къахэкI —
- Чыржын Iыхьэм занщIэу покI.
- Сыт нэгъуэщI бейм къыпыпхын —
- УтхьэмыщкIэм, лей къуихынщ.
- УтхьэмыщкIэм, дунейм тет,
- Гугъу уехьын фIэкI, узыхуит?..
- Борэнышхуэщ, уэсыр къос.
- IэпцIэлъапцIэр щIыIэм ес.
- Бейм щымыIэ игу щIэуз —
- Джэдыгу хуабэщ, ныбэизщ!
- * * *
- Ди нэмысыр, КъурIэн лъапIэу,
- Щызетхьэныр щIым дэ тфIэфIт.
- Куэду хабзэ, гущIэгъу, напэ
- Къытщагъуэту дыпсэуфт.
- Ди цIыхугъэр щхьэ, бгырысхэм,
- ЩытфIэкIуэдрэ-тIэ дунейм?
- ДещIыр зэман бзаджэм мысэ —
- Къытщыхуащ дэ Тхьэм и ней.
- ЩIалэгъуалэм пщIэ нэхъыжьхэм
- ХуамыщIыжу щIокI си нэгу.
- ЩыщагъэкIыр
- пщыжь-уэркъыжьхэр,
- Щхьэщэ хуащIурэ, си хэку.
- Зэщохьэжыр си жылэгъухэр —
- Яку IэфIыгъэ дэмылъыж.
- Ди хьэ дыдэхэр — солъагъур —
- Зыгъэшхахэм яхуолъыж.
- Ещхьщ, уи хабзэр пщыгъупщамэ,
- Андезыншэу пщIым нэмэз.
- Гугъущ кIуэ гъуэгухэр Чэбэм, Щамым,
- Гугъущ зепхьэнри уи нэмыс.
- * * *
- Фи унэмкIэ сыблокIыр
- пщэдджыжьыпэу —
- Упыхьэу уэ гущIыхьэу зэхызох.
- Сыносри, сымылъагъуу щIыр,
- къурш лъапэм —
- Уи макъым къыр къэсыхукIэ зэIэпах.
- МэгуIэ къуршыр, къытхуэгузэващэу.
- ЩымыIэ цIыху, дэр папщIэ
- зигу хэмыщI.
- Къалъытэ псоми дэ дызэхуэфащэу,
- Уи адэмрэ уи дэлъхумрэ нэмыщI.
- * * *
- КъэкIуат си кIыщым уядэр
- иджыблагъэ.
- А хьэщIэр сэркIэ зыми хуэмыдэжт.
- СелIалIэу и шым щхьэкIэ хуэсщIа
- лъахъэм
- ДыщIызгъури, си гур незгъэхьащ
- фи деж.
- Хурехъу гъущI лъахъэр угъурлы
- тхьэмадэм.
- Сигу пщтырым уэ къыпхуимурадыр
- фIыщ…
- ЛIыжь бзаджэм иш мыдаIуэр
- хуэубыдми,
- Ухуэубыдыну уэ мыхъун си фIэщ!
- * * *
- ЗыхулъэкIхэм Алыхь дыдэри
- я телъхьэщ.
- Схутемых, си лъэпкъ, сэ уи псэм
- хьэзаб телъыр.
- Тхьэ селъэIукIи, нэмэз сщIыкIи
- зы къимыкI,
- Сэ си псалъэр тхьэрыкъуэфми
- зыпхымыкI.
- * * *
- Мывэм исеижыр — ди хадэщ,
- КIыфIым хэту псэухэр — ди цIыхущ.
- ЦIыхум я нэхъыкIэр — ди тепщэщ.
- Iэщ зехуэну диIэр — жэм закъуэщ,
- Ари тхуэмыIыгъыу гугъу дохь.
- Сыту хьэлъэ дыдэ ди гъащIэр.
- * * *
- Гур уIэгъэм — мэуз, мафIэм ису.
- Лей зытехьэм — ещIэ лейр зищIысыр.
- Лъыр йожэх, чы уапIэщи, ди щIыфэм.
- Ди Тхьэ, уэ уолъагъур нобэ дгъэвыр.
- Ди Тхьэ, нобэ дгъэвыр уэ уолъагъур.
- Дэнэ щыIэ атIэ уи захуагъэр?
- ГъащIэр тхьыну ди щхьэр егухауэ?
- Гузэвэгъуэ ди натIэ къиптхар уэ?
- ЗэзыдзэкIар Бицу Анатолэщ.