ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Октябрь, 2019

Псэм ипэ – напэ

2019-10-01

  • ФокIадэм и 30-м Абхъаз Республикэм Щхьэхуитыныгъэмрэ ТекIуэныгъэмрэ я махуэр щагъэлъапIэ. Илъэс 26-кIэ узэIэбэкIыжмэ, а махуэм абхъазыдзэхэр Ингури псыежэхым Iухьэри (Куржым и гъунапкъэм), лъэмыжым деж я къэрал ныпыр щагъэуват — Хэку зауэр зэриухам и щыхьэту.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Дыгъуасэ

Шэджэм псыкъелъэхэр нэхъ дахэ дыдэхэм хабжэ

2019-10-01

  • Социальнэ сетхэр къэзыгъэсэбэпхэм иджыблагъэ яхэупщIыхьащ Урысейм и псыкъелъэ нэхъ дахэхэм, зыщыбгъэпсэхуну нэхъ гъэщIэгъуэнхэм ятеухуауэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Нобэрэ пщэдейрэ

2019-10-01

  • Жэпуэгъуэм и 1, гъубж
  • Зи ныбжь хэкIуэтахэм я дунейпсо махуэщ
  • Макъамэм и дунейпсо махуэщ
  • Лы мышхыным и дунейпсо махуэщ
  • Кофем и дунейпсо махуэщ
  • УФ-м и лъэсыдзэхэм я махуэщ
  • Азербайджаным и прокуратурэм и лэжьакIуэхэм я махуэщ
  • Китайм и лъэпкъ махуэшхуэщ. 1949 гъэм жэпуэгъуэм и 1-м къызэрагъэпэщащ Китай ЦIыхубэ Республикэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Къэбэрдей-Балъкъэрыр узыншагъэр хъумэным щегугъу щIыналъэ пашэхэм ящыщщ

2019-10-01

  • Рейтинг РИА агентствэм иубзыхуащ урысей щIыналъэхэм ящыщу узыншагъэр хъумэным цIыхухэр нэхъ щегугъухэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

«Дыжьын уэшхыр зи щхьэцым хэшхахэр»

2019-10-01

  • Хабзэ хъуауэ, жэпуэгъуэ мазэм дэнэкIи щагъэлъапIэ Зи ныбжь хэкIуэта цIыхухэм я дунейпсо махуэр. ПщIэрэ нэмысрэ сыт хуэдэ зэманми зыхуэщIыпхъэ нэхъыжьхэм гулъытэ хэха къызэралэжьым иджыри зэ дрегъэгупсыс а махуэшхуэм. ТхузэфIэкI псомкIи нэхъыжьхэм защIэдгъэкъуэным, ди псалъэ гуапэ нэхъыбэрэ зэрызэхедгъэхыным, абыхэм я гъащIэр, я псалъэ Iущыр ди дежкIэ зэрылъапIэр зыхедгъэщIэным, я гукъыдэжыр къызэрытIэтыным сыт щыгъуи дыхущIэкъун зэрыхуей гупсысэр пхышащ абы.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Мэздэгу адыгэхэм я деж

2019-10-01

  • КъБР-м Граждан, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министерствэмрэ Мэздэгу Адыгэ Хасэмрэ илъэс къэс къызэрагъэпэщ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэ напэкIуэцIхэр» щIыналъэ фестивалыр иджыблагъэ Ставрополь крайм и Курской щIыналъэм хыхьэ Русское-2 къуажэм щызэхашащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Лъэпкъ Iуэху

Мэртазэ  Ланэ и  зэфIэкI

2019-10-01

  • КъБКъУ-м ПравэмкIэ, экономикэмрэ финансхэмкIэ и институтым и студенткэ Мэртазэ Ланэ иджыблагъэ хэтащ США-м и Массачусетс штатым хыхьэ Бостон къалэм щекIуэкIа «Women2Women International Leadership Conference» дунейпсо конференцым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Тхыдэм  и  лъагъуэхэмкIэ

2019-10-01

  • Налшык къалэ дэт къэрал Лъэпкъ библиотекэм иджыблагъэ зэIущIэ гуапэ щекIуэкIащ. «Пасэрей хьэтхэм я деж къыщыщIэдзауэ нобэм къэс» тхылъ гъэлъэгъуэныгъэр теухуат адыгэм и тхыдэм и лъэхъэнэ блэкIахэм. Апхуэдэу, адыгэбзэмрэ литературэмрэ фIыуэ зылъагъу-хэм «Гум и макъ» зыфIаща я клубым Адыгэхэм я махуэшхуэм ирихьэлIэу библиотекэм къыщызэригъэпэща зэIущIэм жыджэру зыкъыщагъэлъэгъуащ ныбжьыщIэхэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

2019-10-01

  • Уаз
  • Iейм я нэхъ Iейщ бзэгу зехьэныр
  • Япэми зэрыжытIащи, гуэныхьышхуэхэр 70 мэхъури, абыхэм ящыщщ бзэгу зехьэныр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Дин Iуэху

Зи макъыр псыхьа

2019-10-01

  • Нобэ ди псэлъэгъу Шэрджэс Iэсият Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ Хьэбэз къуажэм къыщалъхуащ. Черкесск макъамэ школыр, макъамэ училищэр къыщиухащ. Дон Iус Ростов Рахманиновым и цIэр зэрихьэу дэт консерваторием щеджащ. Нобэ ар Налшык дэт  Музыкэ театрым и лэжьакIуэ пажэхэм ящыщщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Театр

Махуэшхуэм  хухэха  зэхьэзэхуэ

2019-10-01

  • Адыгэхэм я дунейпсо махуэмрэ Бахъсэн къалэм и махуэмрэ щагъэлъапэм ирихьэлIэу Бахъсэн къалэм щекIуэкIащ 2005-2006 гъэхэм къалъхуахэм самбэмкIэ я республикэпсо зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэ куэдым къикIа спортсмени 100-м щIигъу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт хъыбархэр

Зэкъуэшхэм я зэIущIэ

2019-10-01

  • «Дружба» (Мейкъуапэ) — «Спартак-Налшык» (Налшык) — 1:1 (0:1). Мейкъуапэ. «Дружба» стадион. ФокIадэм и 28-м. ЦIыху 250-рэ еплъащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол

«Лада-Гранта» автомобилхэр тыгъэ хуащI

2019-10-01

  • Ди республикэм щыщу лэжьыгъэм фэбжь хэзыха цIыхуитIым Социальнэ страхованэмкIэ фондым «Лада-Гранта» автомобилхэр тыгъэ хуищIащ. НэгъуэщI зым машинэр езым къызэрищэхужыну ахъшэр иратащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Темыркъан Юрий и цIэр зезыхьэ фестивалым щIедзэ

2019-10-01

  • Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ ЩэнхабзэмкIэ я министерствэхэм фрагъэблагъэ Симфоническэ макъамэм и VIII дунейпсо фестивалым, Темыркъан Юрий и цIэр зезыхьэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ФщIэн папщIэ