|
Октябрь, 2019
2019-10-22
- «Акъылыр мылIэжыныгъэм хуэунэтIащ» («Интеллект — стезя бессмертия») фIищащ Бейтыгъуэн Сэфарбий къыщалъхуа махуэ лъапIэм ирихьэлIэу и гъащIэ гъуэгур къызэщIиубыдэжу игъэхьэзыра тхылъыщIэм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ
2019-10-22
-
Жэпуэгъуэм и 22, гъубж
- ЩыпсалъэкIэ зэIынэ цIыхухэм я дунейпсо махуэщ
- УФ-м IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм и финанс-экономикэ IэнатIэм и махуэщ
- 1612 гъэм Минин Кузьма, Пожарский Дмитрий, Черкасский Михаил сымэ зи пашэ урысеидзэм лыхьхэр (полякхэр) Москва дахужащ.
- 1721 гъэм Урыс сенатым пащтыхьыцIэр игъэкIуэдыжри, Пётр Езанэр Урысейм и император ищIащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2019-10-22
- Лъагъуныгъэм и хьэтыркIэ… «Щихухэр иджыри мэкI»
- Къэрмокъуэ Мухьэмэд цIыху телъыджэу щытащ. Абы хэмыгъуэщэн лъэужьышхуэ къыщигъэнащ щэнхабзэм зэуэ и IэнатIитIми — лъэпкъ журналистикэми къэбэрдей литературэми. Уегупсысми, къыпхуэгъуэтыну къыщIэкIынукъым а лъэныкъуитIми езым и гъащIэм нэхъ ебэкIыу щыщытар. Еш имыIэу, гуащIэ хьэлэлкIэ гъэнщIауэ ирихьэкIа лэжьыгъэм папщIэ Къэрмокъуэм хуэфащэ пщIэшхуэ къыхуащIащ: абы къыфIащащ КъБАССР-ми РСФСР-ми щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ цIэ лъапIэхэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Юбилей
2019-10-22
- Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Хьэбэз щIыналъэм иджыблагъэ зэIущIэ щекIуэкIащ журналист, тхакIуэ, усакIуэ, зэдзэкIакIуэ Пхъэш МуIэед и фэеплъу. Псэужамэ, ар илъэс 70 ирикъунут фокIадэм и 15-м. МуIэед 2000 гъэм фокIадэм и 18-м дунейм ехыжащ, и ныбжьыр илъэс 51-рэ ирикъуа къудейуэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Юбилей
2019-10-22
- Жэпуэгъуэм и 14 — 18-хэм Налшык и Музыкэ театрым къыщызэIуахащ Дунейпсо киномкIэ «FEST-хиты» тхьэмахуэр. Фестивалыр къызэрагъэпэщащ УФ-мрэ КъБР-мрэ щэнхабзэмкIэ я министерствэхэм, республикэм и кинематографистхэм я зэгухьэныгъэр щIыгъуу.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Гъуазджэ
2019-10-22
- Дэтхэнэ IуэхущIапIэми и ехъулIэныгъэм и къежьапIэр ар къызэзыгъэпэщ, зи пщэ дэлъ унафэщIырщ. Ар сыт хуэдэ лъагапIэ тетынуми, сыт хуэдэ увыпIэ абы иIэнуми зэлъытари аращ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
|