ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Октябрь, 2019

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Т. Б. Европэм и Советым щIыпIэ, щIыналъэ властхэмкIэ и конгрессым и лэжьыгъэм хэтщ

2019-10-31

  • Страсбург къалэм къыщызэIуахащ­ ­Европэм и Советым щIыпIэ, щIыналъэ властхэмкIэ и конгрессым и 37-нэ пленар зэIущIэр. Урысей Федерацэм икIа официальнэ лIыкIуэхэм ящIыгъуу абы хэтщ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI ­Егоровэ Татьянэ.

  • Сессиер зытеухуар автономиемкIэ шэ­сы­пIэхэмрэ Европэм щIыналъэ унафэр зэрыщызэрагъакIуэмрэщ. ЗэIущIэм щы­теп­сэ­лъыхьынущ щIыналъэ политикэм, налогхэр къызэрабжым, зэпIэзэрыт зыу­жьы­­ныгъэм и мурадхэр зэрыпхагъэкIым, демократиер гъэбыдэнымкIэ IуэхущIапIэхэр ­зэ­рылажьэм пыщIа къалэн зэ­мы­лIэу­жьыгъуэхэм.
  • Апхуэдэу зыхэплъэнухэм ящыщщ Урысей Федерацэм щIыпIэ, щIыналъэ демократиер зэрыщызэтеувэр икIи абы ипкъ ­иткIэ къащтэнущ Европэм и Советым щIы­пIэ, щIыналъэ властхэмкIэ и конгрессым и чэнджэщхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2019 гъэм жэпуэгъуэм и 30-м къыдигъэкIа Указ №92-УГ-мкIэ къищтащ

2019-10-31

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал властым и гъэзэщIакIуэ органхэм я зэхэлъыкIэр
  1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэр.
  2. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ми­нистерствэхэр:
  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Узын­­шагъэр хъумэнымкIэ и министерствэр
  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIым­рэ мылъкумрэ я IуэхухэмкIэ и министерствэр
  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Щэн­хабзэмкIэ и министерствэр
  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэ­лэ­жьэ­нымрэ лъэпкъхэм я IуэхухэмкIэ и министерствэр

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЩIэныгъэмрэ техникэмкIэ КъБР-м и Къэрал саугъэтыр 2019-2021 гъэхэм къэхьыным теухуауэ

2019-10-31

  • КъБР-м и Iэтащхьэм и деж ЩIэныгъэмрэ техникэмкIэ КъБР-м и къэрал сау­гъэтхэмкIэ щыIэ советым хъыбар фегъащIэ Къэ­бэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал саугъэтхэр къэ­хьынымкIэ конкурс лэ­жьыгъэхэр къыIихын зэ­ры­щIидзэм теухуауэ.
  • Дэтхэнэри сом зы ме­луан хъууэ саугъэту тIу ятынущ щIэныгъэмрэ техникэм­рэ я лъэныкъуэкIэ. Саугъэтхэр ­хуагъэфэщэнущ гуманитар, естественнэ, техникэ щIэ­ныгъэхэм зегъэу­жьы­ным­кIэ иджырей ехъулIэныгъэхэм къакIэрымыху икIи Къэбэрдей-Балъкъэр Респуб­ликэм и социально-экономикэ зыужьыныгъэмкIэ сэбэп хъу лэжьыгъэхэм; ­Ресурсхэр къыдэзыгъахуэ, экологие и лъэныкъуэкIэ ­къабзэу щыт технологиехэр, техникэр, иджырей мате­риал­хэр, машинэхэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ зэрызэхалъ­хьэм икIи къызэрагъэ­сэ­бэ­пым папщIэ, ап­хуэдэу щIэ­ны­гъэмрэ техникэмрэ я ехъу­­лIэныгъэхэр къа­гъэ­с­э­бэ­пурэ, производствэм зэфIэкIышхуэ къызэрыщагъэлъэгъуам папщIэ.
  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIэныгъэмрэ техникэмкIэ и къэрал саугъэтхэр къэхьынымкIэ кандидатхэм я документхэмрэ ма­териалхэмрэ къызэрыIах ­щIы­­кIэр тетщ КъБР-м ЦIы­хухэр егъэджэнымкIэ, щI­э­ны­­гъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм Интернетым щиIэ www.edu.kbr.ru сайтымрэ Къэбэрдей-­Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и www.pravitelstvokbr.ru порталым­рэ.
  • Ягъэува хабзэм тету ягъэ­хьэ­зыра документхэмрэ тхыгъэхэмрэ 2019 гъэм щэкIуэгъуэм и 18-м сыхьэт 18-м нэсыху езы авторхэм е абыхэм дзыхь зыхуащIа цIы­ху­хэм къыщыIахынущ КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэ­ныгъэмрэ щIалэгъуа­лэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм мы адресымкIэ: 360000, Налшык къалэ, КIыщокъуэм и уэрам, 43, пэш 305-рэ. Телефоныр: 42-07-79.

Зыхыхьэхэр: Хэха

Нобэрэ пщэдейрэ

2019-10-31

  • Жэпуэгъуэм и 31,
  • махуэку
  • Экономием и дунейпсо махуэщ
  • Къалэхэм я дунейпсо махуэщ
  • Тенджыз ФIыцIэм и дунейпсо махуэщ
  • Гимнастикэм и урысейпсо махуэщ
  • Урысейм щыIэ СИЗО-хэмрэ тутнакъэщхэмрэ я лэжьакIуэхэм я махуэщ
  • Урысейм щылажьэ Iэ­пэтэрмэш зэдзэкIакIуэм и махуэщ

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Кавказ Ищхъэрэм и гъуазджэр Мэзкуу щагъэлъагъуэ

2019-10-31

  • Мэзкуу дэт «Artplay» IуэхущIапIэм и хьэщIэ­щы­шхуэм жэпуэгъуэм и 25-м щегъэжьауэ и 31 пщIондэ щекIуэкIащ Кавказым щыщ гъуазджэрыла­жьэ­хэм я IэдакъэщIэкIхэр ­утыку къыщрахьэ гъэлъэгъуэныгъэ телъыджэ: ­«Биеннале современного искусства Кавказа». Ар зэрекIуэкIамрэ абы хэтахэмрэ къыдегъэцIыху езым и цIэр зезыхьэ альбомым.

  • «Кавказым и иджырей ­гъуазджэр» Президент Фондым и унафэщI Астемыр ­Заирэ щыгъуазэ дещI Iуэхур кърахьэжьа зэрыхъуа щIы­кIэмрэ абы и щхьэусыгъуэ­хэмрэ: «Мы гъэлъэгъуэныгъэр едгъэкIуэкIыну мурад щIэтщIар Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу, лъэпкъ щхьэхуэхэм къыхэкIа сурэтыщIхэм, су­рэт­теххэм, цIыху IэпэIэсэхэм я IэдакъэщIэкIхэр къэрал утыкушхуэм кърахьэну Iэмал яIэн щхьэкIэщ. Зи гугъу тщIыр а лэжьыгъэхэр Кавказ Ищхъэрэм теухуауэ зэры­щытракъым, абы щыпсэу, щылажьэ, дунейпсо гъуазджэм дэгъуэгурыкIуэну Iэзагърэ зэфIэкIрэ зиIэ цIыху гъэщIэгъуэнхэм я IэдакъэщIэкIхэм дуней псор щыгъуазэу щытын зэрыхуейрщ, Урысейм щылажьэ адрей ­гъуазджэрылажьэхэм къа­кIэрымыхуу».

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Хьэшыр Чылар теухуа пэжыр

2019-10-31

  • Налшык дэт Къэрал ­концерт гъэлъэгъуапIэм «лъэтеувэ» щыхуащIащ Хьэшыр Аскэр къыдигъэкIа, «Первовосходи­тель на Эльбрус: Факты и вымысел» зыфIища тхылъым. Ар теухуащ ­Iуащхьэмахуэ япэу дэкIа адыгэлI Хьэшыр Чылар. Тхылъым щызэхуэхьэсащ Хьэшырым теухуауэ щыIэ дэфтэрхэр. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди гъунэгъу лъэпкъхэм яхэтщ Iуа­щхьэмахуэ и щыгум япэу ихьар мыадыгэу къы­щIезыгъэдзыну зыфIэфI­хэр. Ауэ абыхэм апхуэдэ лъабжьэ зэрамыIэм мы тхылъыр и щыхьэтщ.

  • ЗэIущIэр къызэIуихащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мамырыгъэрэ лъэпкъ зэгурыIуэныгъэрэ щыIэн папщIэ» жылагъуэ комитетым и унафэщI ГуэбэщIыкI Жантемыр. Абы къыхигъэщащ тхылъыр къыдэзыгъэкIа Хьэшыр Аскэр лэжьыгъэшхуэ зэригъэзэщIар, зи фейдэ къэзылъыхъуэу тхыдэр къизытхыкIыжыну хэтхэм «зэрахьэхэм» мы лэжьыгъэр жэуап нэс зэ­рыхуэхъуар.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ДыщэкI Эртан:Ди ехъулIэныгъэхэм я хэкIыпIэр Хэкум худиIэ пыщIэныгъэхэрщ

2019-10-31

  • Тыншкъым хамэщIым адыгагъэр щыпхъумэну, анэдэлъхубзэр щыпIурылъыну, хабзэр щызепхьэну. Апхуэдэу щытми, Европэм щыпсэу адыгэхэм зэрахузэфIэкIкIэ яхъумэ «адыгэщ» жезыгъэIэ нэ­щэнэ нэхъыщхьэхэр.
  • XVII — XVIII лIэщIы­гъуэхэм екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэм зэбгрипхъа ди лъэпкъэ­гъухэр Европэм и къэрал зыбжанэм щопсэу. Нэхъыбэр зэрысыр Германиерщ. КъуэкIыпIэ Гъунэ­гъум ис адыгэхэм къатепщIыкIауэ аращ европей адыгэхэр, илъэс 30 — 40 ипэкIэ лэжьыгъэ, псэукIэ тынш къалъыхъуэу а къэралхэм Iэп­хъуауэ.
  • Европэм щыпсэу адыгэ­хэм я щэнхабзэ федера­цэми Дунейпсо Адыгэ Хасэми я лэжьыгъэм жыджэру хэт, федерацэм и зэгу­хьэныгъэм и тхьэмадэ ДыщэкI Эртан Тыркум къыщыхъуащ. Абы университетыр къыщиухащ, инженеруи лэжьащ. 2000 гъэм Германием Iэпхъуащ икIи куэд дэмыкIыу щэнхабзэ федерацэм хы­хьащ, абы щызэрахьэ адыгэ Iуэхухэм хэлэжьы­хьыну. Ауэрэ федерацэм и гъэзэщIакIуэ гупым хэтыну дзыхь къы­хуащIащ икIи тхьэмадэм и къуэдзэу илъэсихкIэ лэ­жьащ. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и исполкомым 2016 гъэм къыхагъэхьащ Европэм щыIэ Хасэхэм я лIы­кIуэу, иужь­кIэ, 2017 гъэм и мэлыжьы­хьым, федерацэм и тхьэмадэу хахащ.
  • Европэм щыпсэу адыгэ­хэм я щэнхабзэ федерацэм и IуэхущIафэхэр зы­хуэдэм, абы иужьрей илъэсхэм зэрызиужьам, адыгэ Iуэхум теухуауэ иIэ гупсысэхэмкIэ и гуапэу къыддэгуэшащ ДыщэкI Эртан:

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

1779 гъэм Къэбэрдейм щекIуэкIа мазибл зауэр

2019-10-31

  • Нэщхъеягъуэм теухуауэ щыIэ тхыдэ лэжьыгъэхэр
  • IуэрыIуатэм «Мазибл зауэ» цIэмкIэ къыхэна лъэпкъ нэщхъея­гъуэр 2019 гъэм жэпуэгъуэм и 10-м (махуэгъэпсыжьымкIэ — фокIадэм и 29-м) илъэс 240-рэ ирикъуащ. ИлъэсищэкIэ екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэм и кIуэцIкIэ къэбэрдейхэм я хэкур зэрахъумэжа тхыдэм хиубыдэ пэтрэ, 1779 гъэм къэхъуахэр къэзыгъэлъагъуэ лэжьыгъэхэр нобэр къыздэсым адыгэ тхыдэ щIэныгъэм хэткъым. ЩыIэр Сокъур Валерэ «Мазибл ­зауэ» зыфIища, адыгэбзэкIэ дунейм къытехьа тхыгъэ закъуэрщ, ари, ­КъБР-м епха тхыдэ лэжьыгъэхэм къы­щагъэщхьэпэн хуэдэу, иджыри къэс урысыбзэкIэ зэ­ра­дзэкIакъым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Венэ и кIэрыхубжьэрыху гъэсыпIэр

2019-10-31

  • Австрием и къалащхьэр цIыхум и тыншыпIэм тещIыхьа щIыпIэхэм язщ, тхыдэ, щэнхабзэ фэеплъхэмкIи бейщи, дуней псор плъакIуэ къыхуокIуэ жы­хуаIэм хуэдэщ. Венэ и опе­рэм, Ратушэм, музейхэм, нэгъуэщIхэми иджы къахэхъуащ кIэрыхубжьэ­рыхур щагъэс Шпиттелау заводыр. Ар къалэку ды­дэм итщ, мэ гуэр ищIын дэнэ къэна, зыхуэпхьынур къыпхуэмыщIэ теплъэ дахэ иIэу, яхузэфIэкIам зэрыригушхуэр IупщIу, хьэщIэ лъапIэхэми зыплъыхьакIуэ къакIуэхэми ирагъэлъагъуу.

КIэрыхубжьэрыхур щызэхуахьэс бункерым и щхьэм жыгхэр къыщокI.

  • «Ущыпсэуну нэхъ тынш дыдэ къалэ» цIэр иджы епщIанэрейуэ зыхуагъэфэща Венэ илъэс миным ­щIигъу ныбжь иIэми, жьыри ­хуэхъумащ, щIэуэ щаухуэри дуней псом щафIэгъэщIэгъуэну дахэщ.
  • Дэтхэнэ къалэми къуажэми хуэдэу, Венэ дагъуэшхуэу иIащ Шпиттелау заводыр. 1987 гъэм накъыгъэм и 15-м ар мафIэм исат, кIэрыхубжьэрыхур езырезыру къызэщIэнэри. ЦIыхухэм «уэху» жаIэжат, ауэ узыхуэмеижу унэм къыщIэпхыр здэпхьын уиIэн хуейтэкъэ?

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЩэкIуэгъуэм екIуэкIыну зэIущIэхэр

2019-10-31

  • Урысей Федерацэм и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гуп
  • ЕпщыкIуханэ джэгугъуэ
  • ЩэкIуэгъуэм и 3
  • (тхьэмахуэ)
  • «Мэшыкъуэ-КМВ» (Псыхуабэ) — «Урожай» (Краснодар)
  • «Мэхъэчкъалэ» (Мэхъэчкъалэ) — «Дружба» (Мейкъуапэ)
  • «Волгарь» (Астрахань) — «Биолог-Новокубанск» (Прогресс)
  • «Динамо-Ставрополь» (Ставрополь) — «Спартак-Владикавказ» (Владикавказ)
  • «Интер» (Черкесск) — «Анжи» (Мэхъэчкъалэ)
  • «Алания» (Владикавказ) — «Спартак-Налшык» (Налшык)
  • «Черноморец» (Новороссийск) — «Легион Динамо» (Мэхъэчкъалэ)
  • «Краснодар-3» (Краснодар) — СКА (Дон Iус Ростов)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол